Дунейм щыхъыбархэр

 

Иджы Iэщэ гъэтIылъыгъэхэр къыщоуэ

Красноярск крайм и мэз гектар пщIы бжыгъэхэм мафIэсым зыщиубгъуу щIыналъэм щыпсэухэр зыхэта гузэвэгъуэм иджыри зы къахухэхъуащ. Ачинск къалэм пэмыжыжьэу Iэщэ щахъумэ гъэтIылъыпIэм мафIэс къыщыхъури, абы щIэлъхэр къауэу хуежьащ. Езы къалэми, Ачинскэ, Назаровскэ щIыналъэхэми къызэрымыкIуэ щытыкIэм и хабзэхэр щагъэуващ.
«ЩытыкIэр гугъущ, ауэ угужьеин хуэдэу шынагъуэкъым. Ар ди нэIэм щIэтщ», - жиIащ Красноярск крайм и унафэщI Усс Александр. Апхуэдэу щытми, къэхъукъащIэм и зэран зэкIа цIыху 12 сымаджэщхэм яшащ, къалэхэм къыдашащ цIыху мин 16,5-рэ. Ахэр пIалъэкIэ щыпсэуну щIыпIэ 38-м ягъэIэпхъуащ. КъызэратамкIэ, мафIэсыр ягъэункIыфIащ, ауэ щIыпIэм иджыри зэрыщымышынагъуэншэм къыхэкIыу цIыхухэм я псэупIэхэм ягъэзэжу хуадэркъым.
«Къэхъуам и щхьэусыгъуэр дзэ частым къулыкъу щезыхьэкIахэм я мысакъыныгъэрщ, Iэщэхэр хъумэным теухуауэ щыIэ хабзэхэр къызэрызэпаударщ, - жиIащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, армэм и генерал Булгаков Дмитрий. - Нэхъ тэмэму псори наIуэ щыхъунур хабзэхъумэхэмрэ прокуратурэмрэ Iуэхур зэхагъэкIа нэужьщ».
Генералым зэрыжиIамкIэ, гъэтIылъыпIэм щIэлът зи калибрхэр миллиметри 125-рэ, 152-рэ хъу Iэщэу мин 40 хуэдиз. МафIэсыр гъэункIыфIыным яужь итщ Ил-76 кхъухьлъати 10-рэ ветролётхэмрэ.

Елизаветэ ЕтIуанэм фэтэриплI Москва щиIэщ

Уи фIэщ мыхъуным хуэдизу гъэщIэгъуэн куэд къыщохъу дунейм. ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм иджыблагъэ хэIущIыIу ящIащ Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм фэтэриплI Москва зэрыщиIэр. Фэтэрхэм я щхьэгъубжэхэр КремлымкIэ, Москва псымкIэ, Хьисэ и члисэмкIэ гъэзащ. Гъунэгъуу иIэхэри къэралым щынэхъ тхьэмыщкIэхэм ящыщу пхужыIэнкъым - мелардырыбжэ Дерипаскэ Олегрэ министру щыта Абызов Михаилрэщ.

Метр зэбгъузэнатIи 184-рэ, 187-рэ, 189-рэ, 320-рэ хъу фэтэрхэр пащтыхь гуащэм и цIэкIэ щIыщытым и щхьэусыгъуэр щызэхагъэкIым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, а мылъкур Канадэм и правительствэм ейщ.
«Канадэр конституцэ монархие ухуэкIэр зи хабзэ къэралщ икIи абы и унафэр зыIэщIэлъыр зи щIыхьыр ин пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэрщ. Абы къыхэкIыуи а фэтэрхэр зейри арауэ идогъэтх», - щыжаIащ Канадэм и посольствэу ди къэралым щыIэм.
КъыбгурыIуэ зэрыхъунумкIэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 900-м нэблагъэ хъу псэупIэхэм, сом мелуан 540-рэ зи уасэм, щIэсхэр посольствэм и лэжьакIуэхэрауэ къыщIэкIынущ - езы Елизаветэ ЕтIуанэр абыхэм зэи щIыхьакъым. Ар зэ закъуэ Урысейм къэкIуауэ аращ - ар къыщыхъуар 1994 гъэрщ. Дэфтэрхэр щыхьэт зытехъуэращи, фэтэрхэр къыщащэхуар щыр 2002 гъэрщ, зыр 2003 гъэрщ.

Нобэ

♦Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм связь хэхамрэ хъыбарегъащIэхэмкIэ и IэнатIэм и махуэщ
♦Китайм щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр

♦1646 гъэм Къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ адыгэпщ Черкасский Муцалрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурадин-Джэрий и лагерым теуэри, хьэбэсабэу зэтракъутащ.
♦1803 гъэм «Надежда», «Нева» кхъухьхэр, капитан-лейтенантхэу Крузенштерн Иванрэ Лисянский Юрийрэ зи унафэщIхэр, дунейр къызэхакIухьыну ежьащ. А зекIуэр илъэсищкIэ екIуэкIащ.
♦1833 гъэм Черепанов зэадэзэкъуэхэу Ефимрэ Миронрэ Урысейм япэ дыдэу мафIэгу щащIащ, гъущI гъуэгууи километри 3,5-рэ щаухуащ.
♦1858 гъэм инджылыз пащтыхь гуащэ Викторие Оттавэ къалэр Канадэм и щыхьэру къэлъытэным теухуа унафэ ищIащ.
♦1941 гъэм дзэ кхъухьлъатэзехуэ Талалихин Виктор Москва пэмыжыжьэу уэгум жэщым щекIуэкI зауэм хэту япэу таран жыхуаIэм хуэдэу ебгъэрыкIуащ бийм. Езым и кхъухьлъатэмкIэ нэмыцэм ейм жьэхэуэри, ар къриудыхащ Талалихиным. ПсэзэпылъхьэпIэм щихуэми лIыгъэшхуэ къызыкъуэкIа, щапхъэ къэзыгъэлъэгъуа Виктор Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащауэ щытащ
♦1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ.
♦1987 гъэм Америкэм щыщ, псы есынымкIэ цIэрыIуэ хъуа Кокс Линн уи фIэщ мыхъун хахуагъэрэ тегушхуэныгъэрэ къыкъуэкIащ. Градусих фIэкIа зи мыхуабагъ псым щесурэ, США-м къыщыщIидзэри, Урысейм къэсащ а цIыхубз хахуэр. Кокс зэпиупщIащ метр 4160-рэ зи кIыхьагъ Берингов псыдэжыпIэр - Аляскэ штатым хыхьэ Диомид ЦIыкIу хытIыгум къыщежьэри, Урысейм и Диомидышхуэ хытIыгум нэсу хым къызэпрысыкIыфащ.
♦2008 гъэм Куржыр Осетие Ипщэм и къалащхьэ Цхинвал къалэм топкIэ еуэу хуежьащ.
♦1947 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, СССР-м, Украинэм, Молдавием я цIыхубэ артисткэ Ротару Софие.
♦1954 гъэм къалъхуащ футболист, тренер цIэрыIуэ, СССР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ, 1980 гъэм Москва щекIуэкIа ХХII гъэмахуэ Олимп Джэгухэм къэралым и командэ къыхэхам хэту жэз медаль къыщызыхьа, УФ-м и Къэрал Думэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Газзаев Валерий.
♦1960 гъэм къалъхуащ США щыщ киноактёр цIэрыIуэ Духовны Дэвид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адыгэр вакъэ лъэныкъуэу шхэркъым, шхэурэ уэрэд жиIэркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ