Мазихым кърикIуахэм ироплъэж

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и коллегием и зэIущIэм 2019 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжащ, етIуанэ илъэс ныкъуэм гу нэхъ зылъытапхъэхэр щаубзыхуащ.

УФСИН-м и унафэщI Лыхь Аслъэн зи тхьэмадэу екIуэкIа зэIущIэм хэтащ Управленэм и къулыкъущIэхэр, къудамэхэм я унафэщIхэр. Ар къызэIуихри IуэхущIапIэм и унафэщIым къыхигъэщащ 2019 гъэм и япэ мазихым я къалэнхэмрэ пщэрылъхэмрэ гъэзэщIэным хуэунэтIа лэжьыгъэм зэрыпащар.
Дызэрыт илъэсым мэкъуауэгъуэм и 30-м ирихьэлIэу мыбы щаIыгъащ следствэ ирагъэкIуэкIыну яубыдами ягъэтIысами зэхэту цIыху 1936-рэ. Республикэм тезырхэр щапшыныж и IуэхущIапIэхэм хуит ямыщI хьэпшыпхэр дамыхьэным теухуа лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ икIи абы кърикIуэу къытрахащ наркотикхэкIыу грамми 190-рэ, абыхэм ещхь нэгъуэщI пкъыгъуэхэу грамм 820-рэ, жып телефон 295-рэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ тезырыр щапшыныж щIыпIэхэмрэ Налшык къалэм щыIэ следственнэ изоляторымрэ хъумэныр къызэрызэгъэпэщам.
Гулъытэ хэха хуащIащ УФСИН-м и IуэхущIапIэхэр лэжьакIуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, щIэуэ къахыхьахэр гъэсэным теухуауэ яхузэфэкIымрэ а лъэныкъуэмкIэ нэмыщIысауэ щыIэмрэ.
Тезырыр щапшыныж щIыпIэхэм я унафэщIхэм ящыщхэр къэпсэлъа иужь яубзыхуащ гугъуехь зыпыщIа Iуэхухэр, ахэр зэфIэхынымкIэ хэкIыпIэхэр.
Я лэжьыгъэм кърикIуахэр къызэщIакъуэжри, зэIущIэм щаубзыхуащ къапэщыт къалэнхэр. Абыхэм ящыщщ IуэхущIапIэхэм мамыру я къалэныр ягъэзэщIэныр, УИС-м и IэнатIэхэр нэщIысауэ хъумэныр, ягъэтIысахэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIыныр, лэжьакIуэхэм шэч зыхуащIхэм, ягъэкъуаншэхэмрэ ягъэтIысахэмрэ къулыкъум хэмыхьэ зэпыщIэныгъэ яIэныр къэмыгъэхъуныр, тутнакъэщхэм къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ зэрырагъэкIым зегъэубгъуныр.
ЗэIущIэр щекIуэкIым Управленэм и унафэщIым лэжьакIуэхэм гу лъаригъэтащ зриплъэж пIалъэм зыхунэмысахэмрэ ныкъусаныгъэхэмрэ.
 Лыхь Аслъэн и псалъэм къыхигъэщащ мазихым кърикIуахэмкIэ зэрыарэзыр икIи я лэжьакIуэхэм фIыщэ яхуищIащ я къалэнхэр жэуаплыныгъэ хэлъу икIи хьэлэлу зэрырахьэкIым папщIэ.

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: