«Москва-Дамаск» фильмыр къатыж

«Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалымкIэ бадзэуэгъуэм и 12-м къатыжащ «Москва-Дамаск» арт-марафоным къытращIыкIа фильмыр. Ар теухуащ сурэт щIынымкIэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» X дунейпсо фестиваль-зэпеуэм пашэ щыхъуахэм я лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса, бгъэIэпхъуэ хъу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэм. Абы хагъэхьащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэчрэ Урысейм и МОСХ-м хэт, УФ-м и Правительствэм щэнхабзэмкIэ и саугъэтыр 2012 гъэм зыхуагъэфэща художник-модельер ТIажь Альбинэрэ я сурэт гъэщIэгъуэнхэр, «Урысейм и сабийхэр я телъхьэщ Сирием мамырыгъэ щызэфIэувэжыным» къыхуеджэныгъэм щIэт лэжьыгъэхэр.

«Москва-Дамаск» арт-марафоныр къызэрагъэпэщащ ТIажь Альбинэ и фондым и жэрдэмкIэ, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэт къэрал IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу. Абы и япэ Iыхьэм хыхьэу выставкэр щагъэлъэгъуащ «Москва - Мэздэгу - Псыхуабэ - Черкесск - Мейкъуапэ - Севастополь - Алушта «Артек» МЦД - Агуй - Шапсыгъ - Сыхъум (Абхъаз Республикэ) - Налшык щIыналъэхэм (псори зэхэту километр мини 5 зи кIыхьагъ гъуэгуанэ къызэпачащ).
КъызэгъэпэщакIуэхэм марафоным щытекIуахэмрэ и лауреат хъуахэмрэ я егъэджакIуэхэр щIыгъуу иратащ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. «Москва-Дамаск» арт-марафоным и хьэщIэхэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ фIэхъускIэ зыхуагъэзащ Сирие Хьэрып Республикэм къулыкъу щызыщIа зауэлIхэм, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм. БгъэIэпхъуэ хъу художественнэ выставкэм зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ КИФЩI-м, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм, Кърым Республикэм, Севастополь къалэм, Абхъаз Республикэм я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ Интернет сайтхэмрэ.
«Москва-Дамаск» арт-марафон фильмым елэжьащ тележурналист Бжьахъуэ Лёлэ, оператор Габоев Эльдар, монтажёр Индар Линэ (Сирие-КъБР) сымэ.
 

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: