Жырым хуэдэ

Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэм и гъащIэр ещхьт вагъуэижым - махуэ 257-кIэщ ар Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар. Дэф­тэрхэм яхъумащ абы сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным ар зэрыхэлIыфIыхьар...

Совет Союзым и ЛIы­хъужь Къардэн Къэбард теухуауэ щыIэ тхылъ­хэр мащIэщ. Ауэ абыхэм Аушыджэр щыщ адыгэлIыр ­къахощ Хэкум и бын пэжу, шынэ зымыщIэ танкисту, ныбжьэгъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу. Апхуэдэу ар щыдолъагъу, къэбгъэлъагъуэмэ, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Гарин Фабиян и тхылъым, 1963 гъэм Москва къыщыдэкIам, «Танкым телъ удз гъэгъахэр» зыфIищам. Абы къыхэтхащ мы пычыгъуэ цIыкIур.
* * *
- Ныбжьэгъу Къардэн, уэ нэхъыфIу зыкъэдгъэцIыхут, - жиIащ Боровицкэм.
ЩIым щыс сэлэтхэм къахэтэджыкIащ щIалэ къуэгъу, зи нэкIур дыгъэм къамылыфэу ижьар. Нэрылъагъут ар зэрыпIейтейр. КIэщI дыдэуи къиIуэтащ Кавказ къуршыжьхэм я лъапэм къызэрыщалъхуар, мэлыхъуэу зэрылэжьар, къалэшхуэ илъагъуну, еджэну зэрыщIэ­хъуэпсар.
- СыноупщIыну сыхуейт, - къэIуащ Кульдин и макъыр. - Уи сыт Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуа Къардэн Къубатий?
- Си къуэшщ, - жиIащ щэхуу Къэбард.
Сэлэтхэр нэ гуапэкIэ еплъащ я ныбжьэгъум. Комбатым жиIэнIауэ хэтащ. Ауэ а напIэзыпIэм макъ лъагэкIэ зыгуэр къэджащ:
- ПсынщIэу фи машинэхэм фитIысхьэж!
Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу зауэм и мафIэр щIэрыщIэу къызэщIэнащ... Танкищэхэр, кхъухьлъатищэхэр, топищэхэр зэщIэгъуахъуэрт. МафIэм исырт машинэхэр, псэупIэ унэхэр, шыгу зэщIэщIахэр, цIыху куэд. Пшагъуэмрэ Iугъуэмрэ зэхэтым ярейуэ, зэуапIэр кIыфI хъуат, шэ зэмыфэгъу зелъатэхэр къыхэлыдыкIыу... Бийр зы километркIи къэкIуэтэфакъым. ИхъуреягъкIэ щып­лъагъурт нэмыцэ сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я хьэдэхэр, мафIэ бзийр зыщхьэщыт танкхэр...
Къардэн Къэбард егупсысырт бийм ебгъэрыкIуэу, я быдапIэр зэрызэпхитхъыным, адрей танкхэм гъуэгу ­зэ­рахуищIыным. Машинэр зыгъакIуэр старшина Трохинт.    Къардэным и танкым и ужь итт Дегтярёв, Бондарь сымэ зи унафэщIхэри... Бийм ди танкхэр здикIыну и гугъэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэти, абыкIэ зыщагъэбыдат, фIыуи загъэхьэзырат. Ар къыгурыIуэри, Трохиным унафэ ­хуищIащ шоссем текIыу губгъуэ гъуэгумкIэ игъэшыну. Дегтярёв, Бондарь сыми къащIащ Къардэныр зыхущIэкъур. Ди танкхэр, лъэгумкIэ яунэтIри, къуажэм дэмыхьэу, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ екIуэкIащ, зыкъагъазэри, къызэдилъащ.
- Гъуэжькуийм хуэдэу, - кIиящ Къэбард, Трохиным зы­хуи­гъазэри, - бийм дытоуэри, хьэбэсабэ дощI!
Къуажэм къызэрыдэхутэу къалъэгъуащ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ загъэзауэ танкищ щыту. Къардэныр еуэри, зым Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщыуващ. Дегтярёв игъэсащ етIуанэрей танкыр. Ещанэм зыкъигъэзэну хэтащ, ауэ хунэсакъым. Абыи техуащ Къэбард и топышэр.
Абдежым лъэныкъуэкIэ къыкъуэкIащ «Фердинанд» зыбжанэ. Къардэным и танкым къытелъэлъащ топышэр. Матюшкиныр уIэгъэ хьэлъэ хъуат, ауэ абы хузэфIэкIащ топыр иузэдыну. Къэбард и Iэр къиIэтри, къыхэщэIукIащ - лъыпсыр къыпыжырт...
- Къызэт бронебойнэр! - еджащ ар Матюшкиным.
Ауэ абы зыкъигъэхъеижыфыртэкъым. И къару псори зыхилъхьэри, топышэр къищтащ, ерагъыу топыр иузэдри, нэмыцэ танкым еуащ. Матюшкиным иужькIэ джэлащ Зайцевыр. Трохиным, адэ-мыдэкIэ зригъэгъазэурэ, гъуа­нэу блы зиIэ хъуа танкыр япэкIэ игъакIуэрт. Къардэным, къару телъыджэ гуэрхэр къыхыхьэжауэ, топыр иузэдурэ игъауэрт.
Еянэрей топышэр къыщытехуэм, Къэбард и нэхэр щыункIыфIыкIащ, псэкIэ зыхищIащ и гур удыным зэгуиудауэ лъыр уэру зэрыщIэжыр... А напIэзыпIэм къызэхихащ Бочковскэм и танкхэри къызэрысар, фашистхэр зэ­рикIуэтыр...
Бийм зэуэныр щигъэтри, гъэру зыкъитащ. Къуа­жэдэсхэр гъуанэпщIанэ хъуа совет танкым деж щызэхуэсащ. УкIыгъэ хъуа сэлэтиплIыр къыщрахым, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуэгащ...
Мыгувэу ди танкхэр япэкIэ кIуэтащ. Бийр икIуэтыжырт...

 

Тхыгъэр ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд игъэхьэзыращ.
Поделиться: