Марем пшыхь

Фэ фщIэрэ?

Пащтыхьыгъуэр - ди лъэхъэнэм

XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм языныкъуэ пащтыхьыгъуэхэр зэхэкъутэжащ, адрейхэм я хуитыныгъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ. Ауэ щыхъукIи, иджыри къыздэсым къэрал щыIэщ пащтыхьхэмрэ пащтыхь гуащэхэмрэ унафэ  щаIэщIэлъу.

Диктаторхэр

Къэралхэм зауэ къыщыхъуурэ языныкъуэ пащтыхьыгъуэхэр кIуэдыжауэ щытащ. Ауэ абыхэм я пIэ къиувахэр пащтыхьхэм къазэрыщхьэщыкI щIагъуэ щыIэтэкъым.
Цзэдун Мао (1893-1976) Китайм и коммунистхэм я Iэтащхьэу щытащ. Абы къэрал унафэр къыщыIэрыхьа лъэхъэнэр ирихьэлIащ иужьрей дыдэ китай пащтыхьыр традза нэужь къэхъуа зэщIэхъееныгъэшхуэм. Зэман дэкIри, абы хузэфIэкIащ къэрал унафэр зэрыщыту и IэмыщIэм ирилъхьэн.
Абы и политикэ еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ зэрыт, дэни щыцIэрыIуэ «Тхылъ плъыжь цIыкIухэр» Китайм щыпсэу дэтхэнэ зы цIыхуми къыздрихьэкIырт.
Цзэдун Мао пщIэ хэха хуащIырт. Абы и сурэт зытет зы тхылъымпIэ кIапи хыфIадзэртэкъым. Газетхэм сытым дежи къытехуэрти, ар ихъумэн хуейуэ дэтхэнэми и къалэнт. Уеблэмэ, унагъуэхэм газетхэр здахьын ямыщIэжу, унэм щIэз щыхъуа зэмани щыIащ.

Къэралхэм я президентхэмрэ Iэтащхьэхэмрэ

Языныкъуэ къэралхэм унафэ щызыщIыр пащтыхьхэракъым, атIэ цIыхубэм хаха Iэтащхьэхэрщ. Апхуэдэ къэралхэм республикэкIэ йоджэ, я унафэщIхэр - Президентщ. Пэжщ, пащтыхьхэр яIэту, пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам хуэдэу хаIэтыкI президентхэри щыIащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Кеннеди Джон (1917 - 1963) США-м и Президент нэхъ цIэрыIуэу щытащ. Абырэ и щхьэгъусэ Жаклинрэ псоми щапхъэ зытрах унагъуэт. Кеннеди президент къулыкъум щыпэрыта лъэхъэнэм Унэ хужьым (США-м и президентхэм я резиденцэ) КамелоткIэ еджэрт - пащтыхь цIэрыIуэ Артур и хэщIапIэм ирагъэщхьу.
1964 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м Кеннеди Джон Даллас щаукIауэ щытащ. А щIэпхъаджагъэм дуней псор игъэнэщхъеят.

Иджырей пащтыхь

Елизаветэ ЕтIуанэр, Великобританиемрэ нэгъуэщI къэрал 15-мрэ я пащтыхь гуащэр, иджырей конституционнэ монархыу ялъытэ. Къэралым и Iуэху зехьэкIэм зы къалэни щигъэзащIэркъым абы. Политикэ Iуэхухэр зэфIэзыхыр парламентырщ.
Кърахьэжьа Iуэхум теухуа хъыбархэмрэ чэнджэщхэмрэ Министрхэм я кабинетым къабгъэдэкIыу пащтыхь гуащэм къыIэрагъэхьэрэ абыхэм щыгъуазэ зищIу аращ. Апхуэдэуи зы политикэ партми хэткъым.
Парламентым хабзэ гуэр къыщищтэм деж Пащтыхь гуащэр хоплъэри, и Iэ щIедз, абы арэзы зэрытехъуэр къигъэлъагъуэу.
Елизаветэ ЕтIуанэм и къалэнхэр нэгъуэщIщ - гуфIэгъуэ Iуэхухэм, зэIущIэшхуэхэм яхыхьэнырщ, псалъэм папщIэ, парламент сессиер къызэIухыныр зи пщэрылъыр аращ. Апхуэдэуи пащтыхьыгъуэм IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я Iэтащхьэр Елизаветэ ЕтIуанэрщ.
Пащтыхь унагъуэм исхэр щIэх-щIэхыурэ хамэ къэралхэм макIуэ. Ахэр хуабжьу сэбэп мэхъу Великобританиемрэ адрей къэралхэмрэ зэхущытыкIэфI я зэхуаку дэлъынымкIэ, сату Iуэхум зиужьынымкIэ. ПсапащIэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкI Iуэхухэм жыджэру хэтщ Елизаветэ ЕтIуанэр икIи абы и нэIэ зытетхэр нэхъ зыхуей хуозэ.
Пащтыхь гуащэм Великобританием и зыужьыныгъэм хэлIыфIыхьхэр сытым дежи егъэпажэ. Абыхэм ящыщ дамыгъэ нэхъыщхьэ дыдэр лIыхъусэжь цIэр яфIэщынырщ.
НэщIэпыджэ  Замирэ.

Фигу къыдогъэкIыж

Хъуэхъу-сэламхэр

Адыгэ хъуэхъу-сэламхэр зыбжанэу зэтегъэпщIыкIащ. Хъуэхъу-сэламыр цlыхур зэлэжьу зыпэрыт IэнатIэм теухуащ. Сэлам хъуэхъур зытыр бгъэдыхьарщ, къеIызыхыy жэуапыр зытыжыр лэжьыгъэ зыщIэу IэнатIэм пэрытырщ. Абы къыхэкlыу адыгэм лэжьыгъэ бжыгъэм тещIыхьа тыкlэ зэхуэмыдэхэри иlащ.
Зыбгъэдыхьар вэуэ ирихьэлlамэ:
- Бов апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «увэм къытекlэр бэв Тхьэм ищI!» - жыхуиlэщ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит, фIыкlэ пшхыжыну! - къыжреlэж.
Зыбгъэдыхьар мэкъу еуэу, гуэдз е мэш къихыу, нартыху къыдичу ирихьэлlамэ:
- Шхуошх апщий! - жреlэ. Абы къикIыр - «еншэу ушх!» - жиIэу аращ.
- Еншэу пшхын Тхьэм къуит! - къыжреIэж. Зыгуэр къищэхуу ирихьэлlамэ:
- Хъер пхухъу е угъурлы тхьэм пхуищI! - жреlэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Зэхъуэхъуар нэхъыжьмэ, «жьыщхьэ махуэ ухъу!»- жеIэри дыщlегъу.
Е ехъуэхъур нэхъыщIэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жеlэри дыщlегъу. Зыгуэр ищэу ирихьэлlамэ:
- Уасафlэ тхьэм пхуищl! - жреlэ. Ари ехъуэхъуам и ныбжь елъытакlэ къохъуэхъуж.
Зыбгъэдыхьар Iэщыхъуэу е Iэщ щаlыгъ уэтэру щытмэ:
- Бохъу апщий! - жреlэ. Абы къикlыр - «уи Iэщыр Тхьэм пхуигъэбагъуэ, куэд Тхьэм пхуищI, - жыхуиlэщ. - Куэд хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж. Зыбгъэдыхьар Iуэуэ хьэмым тетмэ:
- Хьэмбов апщий! - жеlэ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Iэщ гуэр иукlыу е зэlихыу ирихьэлIэмэ:
- ФIыкlэ фышх е фIыкlэ Тхьэм фигъэшх! - жреlэ.
- ФIыкlэ пшхын Тхьэм къуит! Еблагъэ, ди ныш хьэзырщ! - къыжреlэж.
Гуп уэршэрым ябгъэдыхьэмэ:
- Уэршэр фlохъу апщий! - яжреlэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, къеблагъэ, удгъэуэршэрынщ! - къыжраlэж.
Пщэдджыжьым зэрихьэлlамэ:
- Пщэдджыжь фlохъу апщий! - жреlэ.
- ПщэдджыжьыфI Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Махуэу зэрихьэлlамэ:
- Уи махуэ фlы ухъу! -жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Пщыхьэщхьэу зэрихьэлlамэ:
- Пщыхьэщхьэ фlохъу апщий! - жреIэ.
- Пщыхьэщхьэфl Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Илъэсыщlэр къихьауэ щызэхуэзэкlэ:
- Етlанэгъэм фIыкlэ унэс, илъэсыщlэр угъурлы Тхьэм пхуищI! - жаlэри зохъуэхъухэр.
ПщlыхьэпIэ зылъэгъуам пщэдджыжьым гунэщIу и пщlыхьэпIэр иlуатэркъым.
Пщlыхьэпlэ слъэгъуащ,- жиIэмэ,
- Хъер ухъу, уи пщIыхьэпlэр! - жраIэ. ЩакIуэу губгъуэм итым ирихьэлIамэ:
- Хьэкъуэж апщий! - жраIэ.
- Си хьэм къуэжар Тхьэм къуит,- къыжреIэж. КъищэкIуаIауэ кърихьэлIамэ, зыдегъэгуашэр.
IуэхуншитI зэрихьэлIамэ, нэхъыщIэм: - Уи махуэ фIы ухъу! - жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Гуп уэршэрым яблэкI лIы гъуэгурыкIуэм:
- Сэлам алейкум! - яжреIэ. «Сэламым» къикIыр «Къайгъэншэу, мамыру фыпсэу!» жыхуиlэщ, езыр хьэрып псалъэщ.
- Уахьэлекум сэлам! - къыжраlэж. «Уэри мамыру Тхьэм уигъэпсэу» жыхуаIэщ.
Пщыхьэщхьэм гъунэгъум е хамэ унагъуэ щIэсауэ къыщыщIэкIыжкIэ:
- НэхулъэфI фыкъикI! - яжреIэ.
- Уэри укъикI, жьыщхьэ махуэ ухъу е насыпыфIэ ухъу! - жраIэ и ныбжьым елъытауэ.

Чэнджэщхэр

Лэпс IэфI фыхуеймэ…

Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм - къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж пкъыгъуэхэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.

*    *    *
ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж, къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри мэхъуж.
*    *    *
Лыр нарзаныпскIэ бгъавэмэ нэхъ щIэхыу мавэ икIи лэпс IэфI къыщIовыкI.
*    *    *
Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз.
*    *    *
Къурмэн ятохуэ: бжэным - мазих нэужьым, мэлым - мазибл нэужьым, Iэщышхуэм - илъэсым щIигъуамэ.
*    *    *
ПIастэ зэрызэпагъэжа сэр занщIэу лъэщIыжын хуейщ, арыншамэ кIэрогъуэри, гъэкъэбзэжыгъуей мэхъу.

*    *    *
Хьэлыуэр щаубэкIэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуащхьэр тоуцIыныкI.

*    *    *
Мэжаджэр щагъажьэкIэ къэмычэн щхьэкIэ и щIыIум шху щахуэ.

*    *    *
Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым. Шыгъум хьэдзэхэр зэрегъалъэ, вэгъуей ещI, IэфIи хъуркъым.

*    *    *
 Хьэцыбанэр къыщащыпыр жэп теха иужькIэщ.

Къубатий  Борис.

 

ГъэщIэгъуэнщ

Къалэдэсхэм я бжыгъэр

Ватиканым, Монакэм, Наурум, Сингапурым цIыхуу щыпсэум я проценти 100-р къалэдэсщ. Бельгием процент 97-рэ, Андоррэм - 95-рэ, Исландием, Катарым - 92-рэ, Бахрейным, Израилым, Уругвайм - 91-рэ ахэр щохъу. И цIыхухэм я процент 80-м щIигъур къалэхэм щыпсэу къэралхэр блы мэхъу. Къалэдэсхэр щынэхъ мащIэ дыдэр Бутанырщ - проценти 7 къудейщ, Руандэмрэ Бурундиемрэ - 8-щ, Непалым - 11-щ, Угандэм - 13-щ. Къалэдэсхэр щохъу: США-м - процент 76,2-рэ, Урысей Федерацэм - 73,1-рэ. УФ-м и республикэхэу Адыгейм - 53-рэ, Дагъыстэным - 41,5-рэ, Ингушым - 32,4-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - 60,1-рэ, Къалмыкъым - 39,7-рэ, Осетие Ищхъэрэм - 68,9-рэ, Шэшэным - 33,6-рэ.

*    *    *
Франджы актрисэ цIэрыIуэ Бернар Сарэ илъэс 70 ныбжьым иту илъэс 13 фIэкIа мыхъу Джульеттэ и ролыр игъэзэщIат икIи абы зыми шэч хуищIатэкъым - сценэм итыр лъагъуныгъэм итхьэкъуа пщащэ цIыкIуу фIэкIа зыми къащыхъуатэкъым.

*    *    *
Фэ фщIэрэ Норвегие тенджызым зы жэщ-махуэм къриубыдэу хуабэу МВт мелуан 80 хьэуам зэрыхиутIыпщхьэр? Дунейм хыуэ тетым зы жэщ-махуэм хуабэу МВт мелард 30 хаутIыпщхьэ. Ар Дыгъэм ЩIым хуабэу къритым и процент 20-м нос.

*    *    *
Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорнт, 54-р эсминецт, 212-р псыщIагърыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. КъищынэмыщIауэ, ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.

Дохъушокъуэ  Синэ.

 

Псысэ

ТхьэкIумэкIыхь шынэкъэрабгъэ

Псей жыгым и лъэдийм кIэрыгъэщIауэ жей Мыщэр гъы макъым къигъэушащ. Ар едэIуапэри - ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур зэщыджэрт.
- Сыту сынасыпыншэ сэ! Сыту сытхьэмыщкIэ сэ! Сэр фIэкIа яшхын щхьэ ямыгъуэтрэ къашыргъэми, дыгъужьми, бажэми. Сэри абыхэм сащошынэри къызэрыслъагъуу зызогъэпщкIу. Апхуэдизу щхьэ сышынэкъэрабгъэ? - зиухыжыпэрт псэущхьэ цIыкIум.
Мыщэжьым ар фIэгуэныхь хъуауэ едэхэщIэну зыщиIэтым, Iэуэлъауэм игъэщта ТхьэкIумэкIыхьыр, щIэцIывэжащ.
Мыщэжьыр тэлайкIэ абы кIэлъыплъа иужь, и щхьэр игъэсысщ, и жьэпкъым етIэхъури пыгуфIыкIыу ежьэжащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ къэуша Къанжэм хуейм и курыкупсэм ит ашыкышхуэм занщIэу гу лъитащ. Псом япэ псори зэзыгъэщIэну зыфIэфI Къанжэм ар гъунэгъуу щызэпиплъыхьым, къилъэгъуащ «Нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэ псэущхьэм ейщ» жиIэу зэрытетхар.
- Уэ-хьэ-хьэхь! Сызэрытеун къэзгъуэтащ. Бажэм дежкIэ секIуэкIынщи згъэбэмпIэнщ, - жиIэри ежьащ.
Бажэр щхьэукъуауэ Iуащхьэм тести, Къанжэм къигъэщтащ:
- Бажэ цIыкIу, хэт нэхъ лъэщ дыдэу мы мэзым щIэсыр? - жери.
- Емынэм уимыхькIэ уэ бзу кIакIэрейр, сыкъэбгъэщтащ! Ар сыт упщIэкIэ делэ! Сэращ нэхъ лъэщ дыдэр! Ар япэрауэ. ЕтIуанэрауэ. Iэмалищэрэ зырэ зыщIэ Бажэжьым къилъхуахэм сащыщщи, сэр нэхърэ нэхъ Iэмалшыи мы мэзым щIэскъым.
- НтIэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэр хэт? - увыIэрткъым Къанжэр.
- Си жейр степхуащ, Къанжэ. Уи цыр сымыщ щIыкIэ зыIуегъэх! - губжьащ Бажэр.
- Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэнэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, - жиIэри Къанжэм Дыгъужьым дежкIэ игъэзащ.
Дыгъужьыр мэжалIэрти гукъыдэжыншэу Къанжэм къыIущIащ:
- Сигу ирихьын хъыбар къысхуумыхьамэ, къызжиIакъым жумыIэж, зыц къыптезнэнкъым. ИIэ, къипхъ…
- Зы упщIэ закъуэ сиIэу арат, Дыгъужьыжь, - зыхуигъэцIыкIуащ абы Къанжэм. - Хэту пIэрэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэу мы мэзым щIэс псэущхьэр?
- Арат иджы къысхуумыгъэфащэу къэнэжар! Сэра шынэкъэрабгъэкIэ узэщыр! ЗыIуегъэх, узыIурызмыдзэ щIыкIэ.
- Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэнэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, - жиIэри Къанжэр лъэтэжащ адрей псэущхьэхэм хъыбар яригъэщIэну.
Шэджагъуэнэужьым мэзым псэущхьэу щIэсыр хуейм деж щызэхуэсауэ ашыкым щхьэкIэ зодауэ, зэрофыщI. Шынэкъэрабгъэу зыми зимыумысыжми дэтхэнэми ашыкыр езым ейуэ тхьэ иIуэрт.
Дыгъужьым лъэщыгъэкIэ ашыкыщхьэр яфIытричри и гурыIупсыр къажэу ашыкым щиплъэм:
- Хэт нэхъ шынэкъэрабгъэу фхэтыр? - жиIэу гъуахъуэу Мыщэр къипщащ.
Псэущхьэхэр щтэри псори щхьэж и занщIэу мэзым щIэлъэдэжащ, ТхьэкIумэкIыхь закъуэм фIэкI къэмынэу.
- Уэ ущIэпхъуэжакъыми-тIэ? - зыхуигъэзащ абы Мыщэм.
- Сэ, зиусхьэн Мыщэ, псом нэхърэ сынэхъ шынэкъэрабгъэщ, - жиIащ абы и макъыр кIэзызу.
- Уэра нэхъ шынэкъэрабгъэр? Зыплъыхьыт-тIэ! Дэнэ щыIэ Дыгъужьри Бажэри? Ахэр псори къысщышынэри щIэпхъуэжащ. Уэ зы закъуэращ си пащхьэм къинар. ТхьэкIумэкIыхь цIыкIу, умышынэу, ущIэмыпхъуэжу пэжыр жыпIащи уэр нэхърэ нэхъ лIыхъужь мы мэзым щIэскъым. Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ.
А тIур зэбгъэдэту къэзылъэгъуа псэущхьэхэм Мыщэр зи ныбжьэгъу ТхьэкIумэкIыхьым и Iей абы иужькIэ зэрахуэжакъым.
Мэлей  ФатIимэ.

Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр