Жэман Iэминэрэ Памук Орхьанрэ

ЛитературэмкIэ Нобель саугъэтыр зыхуагъэфэща, зи тхыгъэхэр бзэ тхущIым щIигъукIэ зэрадзэкIа тырку тхакIуэ цIэрыIуэ Памук Орхьан и «Рыжеволосая женщина» романыр 2017 гъэм япэу урысыбзэкIэ къыдэкIащ. Толстой Лев и лэжьыгъэхэм Памук зэрыдахьэхыр къалъытэри, и щIэблэм ар Москва ирагъэблэгъащ икIи Лениным и цIэр зезыхьэ къэрал библиотекэм абы и тхылъым и лъэтеувэ пшыхь щращIэкIащ. ЗэIущIэ гъэщIэгъуэным зригъэхьэлIащ режиссёр, киноактрисэ, композитор, драматург, сценарист Жэман Iэминэ.

- Зи тхыгъэхэм дуней псом щIэупщIэшхуэ щызиIэ Памук зэIущIэм щыжиIащ Толстой Лев и лэжьыгъэхэм пасэу зэрыдахьэхар, абыхэм яжь къызэрыщIихуар икIи тхыдэ роман итхынымкIэ ахэр щапхъэ къызэрыхуэхъуар, гъащIэм Толстойм и нэкIэ еплъ зэрыхъуар, - къыддогуашэ Iэминэ. - Памук и Iэр зыщIэлъ и тхылъыр тыгъэ къызэрысхуищIар гуапэ сщыхъуащ. Сызэрыадыгэр абы къыщищIам хуабжьу гуфIащ икIи занщIэу къызжиIащ езыри зэрыадыгэр. ТхакIуэр Урысейм зыбжанэрэ щыIащ, ауэ Кавказым зэкIэ къэкIуакъым.
А зэIущIэм Памук Орхьан щагъэпэжащ икIи щратыжащ Толстой Лев и цIэкIэ щыIэ музейм 2003 гъэм къыхилъхьа «Ясная поляна» литературэ саугъэтыр. КъэпщытакIуэхэм а саугъэтыр хуагъэфащэ классикэ, иджырей урыс литературэм я хабзэхэр зи тхыгъэхэм щызэхэзыухуанэ урыс тхакIуэхэм. 2015 гъэм щыщIэдзауэ а премием иIэщ «Хамэ къэрал литературэ» унэтIыныгъэр. Аращ Памук Орхьан зэрагъэлъэпIари.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: