Хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэ

Ахъшэм нэсатэмэ

 Зы абэзэхэ хьэщIапIэ ежьащ. Гъуэгу здытетым, хъунщIакIуэхэм ярихьэлIащ, Узун-Яйла нэблэгъауэ.  Абыхэм къаувыхьри:
- Епсыхи, уи шыр къыдэт! - жаIащ.
Епсыхри, шыр яритащ.
- Уи щIакIуэри къыдэт!
ЩIакIуэри яритащ.
- Уи цейри къыдэт!
Цейри яритащ.
- Уи Iэщэри къыдэт!
Iэщэри яритащ.
- Си ахъшэми фыхуей? - жиIащ абэзэхэм.
- Ахъшэм и хъер улъагъу, дэ дызыхуейр къытIэрыхьащ, - жари хъунщIакIуэхэм кIэбгъу защIыжащ.
Джанэ-гъуэншэдж фIэкIа щыгъыжтэкъыми, абэзэхэм и унэ игъэзэжащ - хьэщIапIэ дауэ кIуэнт?
- ЛIо къэхъуар? - къеупщIащ зыхыхьэжар.
- ХъунщIакIуэ срихьэлIэри сахъунщIащ: шыми, цейми, Iэщэми, щIакIуэми сыпагъэкIащ.
- Ахъшэр дауэ хъуа?
- Iуэхур ахъшэм нэсатэмэ, уэлэхьи, лъы згъэжэн хуей хъуну къыщIэкIынтэм! - жиIащ абэзэхэм.

Абэзэхэмрэ шапсыгъхэмрэ

  Зы шапсыгъ шууэ гъуэгу тетти, гъуэгум зы абэзэхэ щыхуэзащ. Абэзэхэр лъэст. Сэлам зэраха нэужь, абэзэхэр шапсыгъым щIэнэкIащ:
- Мы узытесыр сыт псэущхьэ, си къуэш?- жери.
- Шыщ. Плъагъуркъэ? - жиIащ шапсыгъым.
- Мыр шыуи?
- Шыщ.
- Мыр-щэ? - жери абэзэхэр лъэрыгъым теIэбащ.
- Ар лъэрыгъщ.
- Лъэрыгъщ жоIэ? ГъэщIэгъуэни... Мыри сыт? - уанэм теIэбащ абэзэхэр.
- Уанэщ.
- Уанэ дэгъуи... Мыр-щэ? - джэрыщIэм еIусащ абэзэхэр.
- ДжэрыщIэщ.
- Ари гъэщIэгъуэни... Мыри сыт? - жери абэзэхэм шхуэмылакIэр иубыдащ.
- ШхуэмылакIэщ. Шыр къыжьэдэпкъуэнумэ, шхуэмылакIэм къекъу, - жиIащ шапсыгъым.
- Хьэлэмэти ари... Ярэби, сыхэзэгъэнкIэ хъуну мы шым? Уи лъэрыгъри, уи уанэри, уи джэрыщIэри, уи нахъутэри дэгъуэщ, езы шыри апхуэдэмэ, уехъулIащ. Сышэсрэ сеплъмэ, сыт къэхъун, си къуэш?
- Зыри къэхъункъым, шэс, - жиIащ шапсыгъым.
- Шым сыщыужащи, сыгъэшэсыт.
- Сыт хэлъ абы,- жиIащ шапсыгъым, шхуэмылакIэмрэ лъэрыгъыпсымрэ иубыдри. - ШхуэмылакIэр убыди, лъакъуэ сэмэгумкIэ лъэрыгъым иувэ, лъакъуэ ижьыр пIэтмэ, уанэ къуапэр убыд, уанэгум зибдзэмэ, аракъэ зэрыхъур!
- Деплъынти, - жери, елIалIэ зищIурэ, абэзэхэм уанэгум зригъэзэгъащ. - ЩIопщри къэшийт, си къуэш!
 ЩIопщыр зыIэригъэхьа нэужь, абэзэхэр шым хэуэри, зричащ.
- УщIихьэнщ, къыжьэдэкъуэ! - кIэлъыджащ шапсыгъыр абэзэхэм. - ШхуэмылакIэм и мыхьэнэр бжесIати!
 Ар зэхихыжакъым абэзэхэм: шапсыгъыр, и жьэр ущIауэ гъуэгум къытринэри, макIуэ-мэлъей!

Къэбэрдеймрэ хьэтыкъуеймрэ

 Хьэтыкъуей гъуэгурыкIуэ къэбэрдей щIалэм ирихьэлIащ. Зы мывэшхуэ хъурейуэ къекIухьри, къэбэрдейр гъуэгущхьэIум тетщ, зыгуэрхэр къибжурэ.
 - Мы мывэжьыр хъурейуэ щхьэ къэпкIухьрэ? Хэт уезыхулIар? - игъэщIэгъуащ хьэтыкъуейм.
- Мыр мывэжькъым, мыр ауэ сытми мывэ! - жиIащ къэбэрдейм. - Мы мывэр хъурейуэ къэпкIухьурэ Тхьэм уелъэIумэ, узыхуейр къыпхуещIэ.
 Хьэтыкъуейр шути, епсыхащ.
 - ШхуэмылакIэр убыдыт, къуэш. Сэри селъэIунущ Тхьэм.
 ШхуэмылакIэр къэбэрдейм IэщIилъхьэри, хьэтыкъуейм мывэр хъурейуэ къикIухьу щIидзащ. Къэбэрдейм уанэгум зригъэзэгъащ.
 - Сыт пщIэнур? - къэщтащ хьэтыкъуейр.
 - Тхьэм шы щхьэкIэ селъэIуати, сызэрелъэIуар къысхуищIащ, - жери къэбэрдейр макIуэ-мэлъей.
 Хьэтыкъуейр шым хэкIыжащ.

Хьэм иримыхужьатэмэ

  Зы абэзэхэ мэжджытымкIэ блэкIырт.
- Мор мэжджытым къивмыгъэхьэ, - жаIащ мэжджытым щIэс шапсыгъхэм. - Ар мэжджытым къихьэмэ, жэнэтым и бжэм Iуувэнщи, дэ дригъэхьэнкъым.
 Уэрамым хьэ дэлъти, абэзэхэм жьэхэпхъуащ. Хьэр къыщыжьэхэпхъуэм, абэзэхэр гужьейри мэжджытым щIэлъэдащ.
- Фэри хьэм фыкърихужьа? - жиIащ абэзэхэм, шапсыгъхэм яхэплъэри.
«Хьэм иримыхужьатэмэ, абэзэхэр мэжджытым ихьэнутэкъым» псэлъафэр абы къыдежьащ.

Гуэрэф

ЗылI гуэрэф къытекIати, тхьэмахуэ хъуауэ дунейм къытехьэртэкъым.
- Си ныбжьэгъужьым зыдигъуэр сыт, дунейкъытехьэ иIэкъым, сыкIуэнщи, сыщIэупщIэнщ, - жери лIым и зы ныбжьэгъу къежьащ.
Щхьэгъубжэм къыдэплъри, и ныбжьэгъур пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ лIым.
- ПIэм сыхэзыубыдар гуэрэфщ жесIэмэ, си ныбжьэгъум ауан сыкъищIынщ, - жери лIым и зы нэр щипхащ.
 Ныбжьэгъур къыщIыхьэри:
 - Щхьэ ухэлъ, сыт къоуэлIар? - къыхуэгузэващ лIым.
- ВыщIэр къызэпыджри, си нэр ирищIащ - ар уфIэмащIэ? - тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ лIым.
 - Уи нэр выщIэм ирищIа щхьэкIэ ухэлъ хъурэ? - жиIащ щIэупщIакIуэ къыхуэкIуа ныбжьэгъум. - Гуэрэф къытекIамэ, ара хъунщ дунейм къыщIытемыхьэр жысIэри, сыбгъэгузэващ.

Уи шыр адакъэхъущ, уи сэшхуэм удз ехъу

  Зы пщащэ псэлъыхъу и куэдт. Хэт къылъыхъуми, дзы къахуигъуэтурэ, къригъэкIуэтырт. И Iэщэ-фащэкIэ зызэригъэпэщри, зы щIалэжь ежьащ:
 - Сэ дзы къысфIищыфынкъым! - жери.
 И сэшхуэр гуэлэлурэ хъун кIырым пхыкIри, щIалэжьыр пщащэм деж Iухьащ.
 - Псоми дзы къахубогъуэт. Сэ сыт къысхуэбгъуэтын? - жиIащ щIалэжьым.
 Пщащэр щIалэжьым къеплъащ: шы ныбэф тесщ, и сэшхуэм удз ихъуащ.
 - Уи шыр адакъэхъущ, уи сэшхуэм удз ехъу, - жиIащ пщащэм. - Нэджыхъуэхэ уащыщ хъунщ.
 - Сызыщыщыр къэпщIакIэ тхьэ соIуэ! - жери щIалэжьым къыIуигъэзыкIыжащ.

ЛIыкIуэ щIалэ

Гъунэгъу къуажэм я мэлыхъуэр къафIихьащ Сэлэчэрий и къуэм. Нэхъыжь ягъакIуэри, къаритыжакъым мэлыхъуэр. Тхьэмадэ ягъакIуэри, къаритыжакъым – зыри хэзэгъакъым Сэлэчэрий и къуэм. Зыри щыхэмызагъэм, зы щIалэщIэ къэуващ:
- Сэ сывгъакIуэ Сэлэчэрий и къуэм деж, мэлыхъуэр къеIысхыжынщ, - жери.
- Ди нэхъыжьи ди нэхъ щIали зыхэмызэгъам уэ дауэ ухэзэгъэн? - ядакъым жылэм.
- СывгъакIуэ, сыхэзэгъэнщ, - икIуэтыжакъым щIалIэщIэр. ЩимыкIуэтыжым:
- КIуэ, зэрыхъу тлъагъунщ, - щIалэщIэр яутIыпщащ.
Сэлэчэрий и къуэм деж кIуэри, щIалэщIэр елъэIуащ:
- Ди мэлыхъуэр къызэтыж, - жери.
- Уэстыжынукъым, - къыжриIащ Сэлэчэрий и къуэм.
- Къызэтыж, Сэлэчэрий и къуэ, - тригъэчыныхьащ щIалэщIэм.
- Уэстыжынукъым, жысIакъэ! – къыщIэкIиящ Сэлэчэрий и къуэр.
- УщIегъуэжынщ. Къызэтыж.
- Хьэмэ къилъхуа, дапщэрэ бжесIэн хуей зэрозмытыжынур, - нэхъри къыщIэгубжьащ щIалэщIэм Сэлэчэрий и къуэр.
- Адрей уи мыхъумыщIагъэ псоми хуэдэщ мыри, - жиIэри щIалэщIэр ежьэжащ.
Заулрэ щысри, щIалэм лъригъэжьащ Сэлэчэрий и къуэм:
- Къевгъэгъазэ, - жери.
ЩIалэщIэм къигъэзэжащ.
- КъызжепIам къибгъэкIар сыт? – еупщIащ Сэлэчэрий и къуэр щIалэщIэм.
- Узыщыхьэн хуейм ущыхьакъым, уздэкуэшын хуейм укуэшакъым, къэпшэн хуейр къэпшакъым.
Ар щыжиIэм, мэлыхъуэр къритыжри, щIалэр къиутIыпщыжащ Сэлэчэрий и къуэм, псалъи къыпидзыжакъым.
ЛIы хей иукIри, Сэлэчэрий и къуэр щтапIэ ихьэжауэ хэхэст, хуэмыфащэ псэжь къишауэ абы бгъэдэсти, аращ щIалэщIэм ирихъуэнар.

Нысэмрэ пщыпхъумрэ

Нысэм и пщыпхъу пщащэм псэлъыхъу къыхуепсыхынути, пщащэм жиIащ:
- Псэлъыхъур къэсмэ, «си пщыпхъуфI!» жыIи, къызэджэ. - «Сыт сызэрыфIыр?» жысIэмэ, «дэнрэ бзэнкIэ уфIщ» жыIэ - ар зэхегъэх псэлъыхъум.
Псэлъыхъур къэсри, еблэгъащ.
- А си пщыпхъуфI! - жери джащ нысэр.
Пщащэр къихьащ.
- Сыт сызэрыфIыр, си нысэ? - гуфIащ пщащэр.
- Шхэнрэ жеинкIэ уфIщ, - жиIащ нысэм, псэлъыхъум зэхихыу.

ЩIакIуибл ещIыф

Хьэкум хьэлыгъуибл иридзэри, нысэр псыхьэ кIуащ. Нысэр къэтыху, хьэлыгъуиблыр жьащ. Хьэкум кърихыжри, блыри пщыпхъум ишхащ. Нысэр къыдыхьэжмэ - хьэлыгъуиблыр хьэкум илъыжкъым.
- Блыри сэ сшхащ, - жиIащ пщыпхъум.
- Блыри дауэ пшха? - игъэщIэгъуащ нысэм. - Блыри дауэ?
Ар здигъэщIагъуэм, плъэри, нысэм зы шу къилъэгъуащ. Шур къэблагъэри, къэувыIащ.
- Сыт зи гугъу пщIыр, ди шыпхъу? Сыт бгъэщIагъуэр? - къеупщIащ шур.
- Си пщыпхъум зы махуэм щIакIуибл ещIыф - аращ згъэщIагъуэр, - жиIащ нысэм.
- Пщыпхъу IэпэIэсэ уиIи! - жери шур ежьэжащ, зэхихар игъэщIагъуэурэ.

Хэт шыр зыхуэфащэр?

Зы азыгъэ (абхъаз) гъуэгу здытетым лъэпагуэ (тырку) шууэ кърихьэлIащ. Шыр лъэпагуэм къыIэщIигъэкIын мурад ищIащ азыгъэм.
- Си ныбжьэгъур шы бэлыхь утеси! - жери лъэпагуэм и шым щытхъуащ азыгъэр.
- УиIамэ, уэри утесынт, - зигъэщIэгъуащ лъэпагуэм. - Шэджагъуэ нэмэз сщIынущ, шыр схуэIыгъ, - къепсыхащ лъэпагуэр.
- Шы дэгъуэщ, - жиIащ азыгъэм, шхуэмылакIэр иубыдри. - Жэр?
- Жэрщ, - жиIащ лъэпагуэм, щIопщри къишиящ. - Мыри схуэIыгъ, нэмэз сщIыху.
ЩIопщыр къыщыIэрыхьэм, шым зридзри, азыгъэр макIуэ-мэлъей!
Лъэпагуэр тхьэусыхэри, азыгъэр хеящIэм иритащ.
- Фи шы тесыкIэ сывгъэлъагъу, - къажриIащ хеящIэм лъэпагуэмрэ азыгъэмрэ.
ТIури гъуэрыгъуэурэ шэсурэ я шы тесыкIэр хеящIэм ирагъэлъэгъуащ: шым зыщритIэм, лъэпагуэр шыпхэмкIэ къыпыщэтащ, азыгъэм шыр иригъэлъри игъэджэгуащ.
- Мы шы дэгъуэм и напэр тепх хъунукъым: шыр зыхуэфащэм Iэрыхьащ, - жери хеящIэм шыр азыгъэм къритащ.

Поделиться: