НАРТЫЖЬ УЭРЭДМы уэрэдыжьыр пасэрей дыдэхэм ящыщщ, къэбэрдейхэм фIэкIа адрей адыгэ лъэпкъхэм яIэкъым. 1. Си джатэжьурэ, уой, дуней, хьэщхьэрыIуэдзэмэ, Ежьу: Уо! 2. Псы ежэхмэ, уой, дуней, сызэпрыплъмэ, 3. Кхъухь фIыцIэжьхэурэ, уой, дуней, къызэпрахумэ, 4. Дзэ фIыцIэжьурэ, уой, дуней, къызэпришмэ, 5. Дзэр зезышэурэ, уой, дуней, ди ТIотIрэши, 6. ХъымыщыкъуэкIэ, уой, дуней, ди Батэрэзи 7. Уор, и пащIэри, уой, дуней, хуэжэрумиблти, 8. Хьэдрыхэмэ, уой, дуней, лъыхэр щIаушэ, 9. ЩIы фIыцIэжьри, уой, дуней, къызэгуэстхъынут, 10. Албэч и къуэри, уой, дуней, си пэбг имыкIи,
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
16.02.2024 - 12:58 →
Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар
|