ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

 

Зы илъэс закъуэ

Дунейр уэфIт. Темрыкъу хы къуэпсым къыхиху акъужь гуапэр псэми йодэхащIэ, абы полкым и ныпыр дохуарзэ. Кхъухьлъатэзехуэхэр сатыру иувыкIахэу а ныпым и пащхьэм итщ, я унафэщIхэм жаIэм йодаIуэри. Бийм зы мэскъалкIэ зэрыхудамычыхынум, ар уэгуми щIылъэми зэрыщыхагъэщIэнум теухуа псалъэмакъщ екIуэкIыр. ЗауэлIхэр щытщ, я нэгухэр зэхэуфауэ, гужьгъэжьыр я нэхэм къыщIихыу.
УнафэщIхэм я ужькIэ псалъэ къещтэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан. Полк псор умэзэхауэ йодаIуэ и адэм къигъэхьауэ иджыпсту ар къызэджэ тхыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым фашистхэм щызэрахьэ залымыгъэм теухуауэ гур зыгъэуз псалъэхэр зэрытым. Абы пищэу Ахьмэдхъан жеIэ: «Фашистхэм яукIащ си шыпхъуитI - ФатIимэтрэ Абчарэрэ, си къуэш Шэмэул. Абыхэм яукIащ совет цIыху минхэр. ИкIи си псэр пытыху, си гур къеуэху хейуэ кIуэдахэм ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ».
Адыгэ щIалэр хуэпэжащ ищIа тхьэрыIуэм. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан папщIэ ятхырт: «Ар зэи гужьейртэкъым. Кхъухьлъатэр фIыуэ зэрызэрихуэм къыдэкIуэу, абы и хьэлым щызэхуэхьэсат тегушхуэныгъэри, фашистхэм яхуиIэ нэмыплъри, телъыджэ дыдэхэр езыгъэщIэф лIыгъэшхуэри. Ахьмэдхъан ябгэу бийм ебгъэрыкIуэрт, абы кIуапIи жапIи иритыртэкъым. НапIэдэхьеигъуэт зыхуейр гъэщIэгъуэн гуэр къигупсысын папщIэ. Ар еплъыртэкъым бийр зэрыхъу бжыгъэм».
Зауэм зэрыIухьэрэ куэдыщи дэмыкIауэ, Ахьмэдхъан и гъусэ зауэлIхэм хэкум къатхащ:
«Фронт псом Къанкъуэщыр къыщацIыху. Дзэ Iэтащхьэхэр абы къыхуэупсащ Бэракъ Плъыжь орденымкIэ».
Зауэм Iухьа нэужь еру щхьэкIэ, Ахьмэдхъан и ныбжьэгъухэм щахэтым деж щабэт, бзэ IэфI Iурылът, дэтхэнэми и гукъеуэ, и дзыхь кърагъэзырт, и хьэл-щэн дахэмкIэ цIыхухэр зыщIишэрт. И унагъуэм теухуауэ хъыбар мыщхьэпэ къызыIэрыхьам абы къриIуэтылIэрти, и гур нэхъ зэгъэжырт, сыту жыпIэмэ апхуэдэхэм деж адыгэ щIалэм ныбжьэгъум жриIэни зэречэнджэщыни къигъуэтыфырт.
… «Мессершмиттым» зэребгъэрыкIуэ ди кхъухьлъатэхэр ялъэхъэн я гугъащ, ауэ къикIа щыIэкъым. Ди «Як»-хэр бомбэзехьэхэмкIэ яфIэкIуэри, абыхэм уэр хузэхаублати, радиоаппаратым бгъэдэсу мыдэкIэ щIым щыIэ унафэщIыр къэпIейтеяуэ хьэуам хэтхэм йоджэ: «Напэ фиIэщ! Еуэ уэ, шэмэдж! Пыгъэщ, Къанкъуэщ!» УафэхъуэпскIым хуэдэу псынщIащэу йокIуэкI зэхэуэр. Бий мафIэм иса къуажэм я жыг хадэ зэщIэгъэгъахэмкIэ йо-хуэх «Юнкерс»-у тIу. Ещанэм егъэкIэрэхъуэжри, уафэ лъащIэм йохьэж. Ар еху «Як»-м. «Юнкерс»-м ехуэх нэпцI зещI, зэм зегъэхуэм, зэми кIэщIу къегъэкIэрахъуэри, адэ-мыдэкIэ зыщIедз.
«Нэхъ лъагэу!» - къоIу ар зыхум и макъыр. Зауэм дихьэха Къанкъуэщ Ахьмэдхъан щыгъупщат зэрыпсалъэ Iэмэпсымэр игъэувыIэжын икIи щIым тетхэм зэхах абы и псалъэхэр: «ЛъыщIэжым фыIэщIэкIыу щIыми зыщывгъэпщкIуфынкъым, уафэми фыщыбзэхынкъым. Адыгэм жеIэ: «Зилъ зыщIэжым и бийр хьэдрыхи къыщигъуэтынщ».
Мес ар, лъыщIэжым ирихужьар, мото­ритI зэрыт и кхъухьлъатэ щхъуантIэ-гъуэжьыфэмкIэ щтапIэ ихьэжауэ къуршыщхьэм щызолъатэ. Абы ищIэркъым леймыгъэгъур и ужь зэритыр, ауэ ерыщу къызэребгъэрыкIуэмкIэ, ерууэ и къыкIэлъыкIуэкIэмкIэ, и «Як»-р Iэзэу зэ­ригъэIурыщIэмкIэ икIи пулемётыр къызэреуэ щIыкIэмкIэ къыгурыIуэу хуожьэ и ажалыр и ужь зэритыр, гузэвэгъуэри къыкIэщIозэрыхь…
Къанкъуэщым иригулIа фашист кхъухьлъатэр гъуахъуэу, Iугъуэмрэ гъуэзымрэ зэщIищтауэ бгы гуэрым жьэхоуэри, зэхощащэ. «Як»-м, бгым жьэхэуэным иIэж щымыIэу, зыдредзеижри уэгу щхъуантIэм къохутэж. Зэ зыкъегъэзэж, и бийм къыщыщIар зрегъэлъагъури, адрей совет кхъухьлъатэхэм яхоувэж.
ПлIыщIрэ етIуанэ гвардие авиаполкым и унафэщI Грабарец Иван етх: «Командир къэмылэнджэжщ, кхъухьлъатэзехуэ Iэзэщ. Нэмыцэ «къашыргъэхэм» екIурабгъу къахуегъуэтыф. Хьэуа зауэм и Iэмалхэр ещIэ, лIыгъи зэфIэкIи къыщегъэлъагъуэ. И закъуэ кхъухьлъати 8, гъусэ иIэу щы къриудыхащ, нэгъуэщIитхуи зэхикъутащ».
Куэд дэмыкIыу Къанкъуэщ Ахьмэдхъан ТIалэ и къуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь ящI. А унафэр дунейм къытохьэ 1943 гъэм фокIадэм и 2-м.
Зы илъэс закъуэщ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан зауэм зэрыхэтар. А зэман кIэщIым абы нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирет. 1943 гъэм Къанкъуэщым и кхъухьлъатэр Керчь деж къыщраудыхащ. Ауэ абы и щIыхьым, и пщIэм бийм зыри хуещIакъым.

ЛIЫГЪЭ ЩIАПIЭ

1944 гъэм ди дзэхэм Таллин къащтащ. АпхуэдизкIэ псынщIэу къащтати, нэмыцэ псори хунэсатэкъым абы дэIэпхъукIыжыну. Фашист зыкъомым егъэзыпIэхэм зыщагъэпщкIуат.
Офицер Иуан Хьэсэн къалэн къыщащI Фин хы къуэпсым и ныджэр щIищыкIыну. И ротэм щыщ зауэлI зыбжанэ зыщIегъури, ар а щIыпIэм макIуэ.
Абдежыр къуршылъэт, мывэ джей инхэр щыкуэдт. «Мыбдежым ущыбэлэрыгъ хъунукъым, - яжриIащ и гъусэхэм Хьэсэн. - Гъуанэдэууэ бийр дэнэкIи къиукIыфынущ».
Асыхьэтым Иуаным къелъагъу епхауэ псы Iуфэм Iут кхъуафэжьейр. Абы лIыжь гуэр зиудыгъуауэ ист.
«Ухэт? Мыбдеж щыпщIэри сыт?» - лIыжьым йоупщIхэр.
Эстон тхьэмадэм къахуиIуэтащ шынагъэкIэ кхъуафэжьейм ираубыдауэ зэрисыр. Абы нэмыцэ генерал гуэрым унафэ къыхуищIат жэщ зэрыхъуу езыри и гъусэхэри хы къуэпсым зэпришу, Финляндием ишэн хуейуэ… ЩIэпхъуэжыну зи мурад генералым щIыгъут сэлэтипщI. Абыхэм зыщагъэпщкIуат хы Iуфэм пэгъунэгъу мэзым.
«Дауэ сщIымэ нэхъыфI? - йогупсыс Иуаныр. - Дэ абыхэм я зэхуэдитI дыхъуркъым. Къалэм згъэзэжу зауэлI гуп къызыщIызгъун?» ИтIани щIогъуэж: «ЛIыгъэр бжыгъэкIэ къалъытэркъым - зэкъуэхуауэ датеуэнщ».
Фашистхэм зыщагъэпщкIуа пхъэ унэ цIыкIум щэхуу йокIуалIэ. ЩIыхьэпIэм деж зы къэрэгъул щытти, «цIутI» жрагъэIакъым. Ар Iэуэлъауэншэу Iуахри, унэм щIэсхэм ятоуэ.
Зэхэуэ гуащIэм бий зауэлI зыбжанэ хокIуадэ, къэнахэр - генералыр я пашэу - гъэр къащI.
Абы и пэкIи Хьэсэн лIыгъэншэу щытакъым. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр СССР-м къыщытеуа махуэм щегъэжьауэ абы Iэщэр игъэтIылъатэкъым. Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуа щIалэр псэзэпылъхьэпIэ мызэ-мытIэу ихуащ, гузэвэгъуэ зыбжанэми къелащ. Абы игу илъ зэпытт адыгэ напэр ихъумэн зэрыхуейр, и нэгу щIэкIыртэкъым и адэ-анэр, и Iыхьлыхэр, и Къэбэрдейр. Арат и къарур хуэдипщIкIэ щIэбагъуэр, бий илъэгъуамэ, гужьгъэжькIэ и гур щIэятэр…
Иуан Хьэсэн яхэтащ Ленинград зыхъумахэм, Прибалтикэр хуит къэзыщIыжахэм. Ар Европэм и щIыпIэ куэдми щызэуащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэри къратауэ Германием нэсащ.
1945 гъэ, гъатхэпэ мазэ. Ди дзэхэр Берлин гъунэгъу хуэхъуат. Ауэ иджыри бийм и къару илът. «Зы совет зауэлI Одер къызэпрыдгъэкIынкъым», - жаIэу нэмыцэхэм а псым и адрыщI ныджэм зыщагъэбыдэ. Ауэ жыIэзыфIэщхэм я мурадыр къайхъулIакъым.
Жэщ гуэрым Иуаным и ротэр щэхуу Одер и адрыщI ныджэм зэпрокI. Япэ ищахэм псы Iуфэм зыщагъэбыдэ.
Нэху щыху увыIакъым зауэлIхэр - зыдэсыну щIытIхэр къатIащ, я Iэщэхэр бийм хуагъэпсащ. Фашист быдапIэхэр гъунэгъут, я къэрэгъулхэр зэрызэпсалъэр зэхэпхырт. Абыхэм я зэпсэлъэкIэмкIэ къапщIэрт совет зауэлI гуп псым зэпрыкIауэ зэрапэтIысыр пщIыхьэпIэу зэрамылъагъур.
Пшагъуэ телъу нэху щащ. Ар фIыт нэхущым щIадзэу псым къызэпрыкIыну ди дзэхэм я дежкIэ.
Арати, нэху зэрыщу, Иуаным и гупым бийм еуэн щIедзэ. АрщхьэкIэ къарухэр зэхуэдэтэкъым. «ФыкъызыхэкIа псым фыхэтхуэжынщи, федгъэтхьэлэнщ», - жыхуаIэу нэмыцэхэр къобгъэрыкIуэ, ди зауэлIхэм яIыгъ щIы кIапэм, уэ къехым хуэдэу, шэр къытрагъэлъалъэ. Ауэ Иуаным и ротэм бийм худичыхыркъыми, зэхэуэр нэхъри гуащIэ мэхъу. Шэхэр мэфий, щIыр дэзджызджу гранатэхэмрэ топышэхэмрэ къоуэ. Фашисту яукIыр куэд мэхъу, ауэ совет зауэлIхэри хокIуадэ. ИтIани дыдейхэр псым къызэпрыкIыху зыIыгъын хуейт. ИкIи заIыгъащ.
Абы хэту ди дзэхэр псы Iуфэм къыщитIысыкIыу хуежьати, Иуаным зыкъеIэтри, маджэ: «Ей, маржэ хъужыхэнхэ, нобэ хуэдэ зы махуэщ Хэкум дэ Iэщэ къыщIыдитар… ЯпэкIэ!»
Командирыр япэ иту ди зауэлIхэм ебгъэрыкIуэн щIадзэ. Бийм зыхуэIыгъакъым - икIуэтащ.
А пщэдджыжьым Хьэсэн и ротэм фашисту щэм нэс зэтриукIащ. Псом ящхьэрати, ди дзэр псым зэпрыкIыныр къызэригъэпэщащ.
ШэджагъуэхуэкIуэу ротэр нэмыцэ къуажэ гуэрым дыхьащ. ЗауэлIхэр езэшат, зэхэуфIеяхэт. Ауэ ахэр хунэсакъым загъэпсэхунуи загъэкъэбзэнуи… ЛъэныкъуэкIэ къызэрыкъуэхауэ къуажэм къыхуэкIуэрт IэщэкIэ зэщIэузэда езырызекIуэ машинэхэр, ахэм яужь итыжт нэмыцэ лъэсыдзэр.
Иуаным псынщIэу зыпещIэ полкым и унафэщIым, Iуэхур зытетыр жреIэ икIи йолъэIу пщэдджыжьым щызэуа щIыпIэмкIэ икIуэтыжыну хуит къищIыну.
- Апхуэдэу щхьэ нэхъ къапщтэрэ? - къоупщI полковникыр.
- Къуажэм дыкъыдэнэмэ, нэщанэуапIэ дыхъунущ, дикIуэтмэ, зыхъумэжыпIэхэр диIэщ.
- Арамэ, хъунщ… ГъэзащIэ.
Ротэр, пщэдджыжьым щызэуа щIыпIэмкIэ йокIуэтыжри, бийм потIыс. Хъуреягъыр иращэкIыу езырызекIуэ машинэхэр къоблагъэ. Иуаным унафэ ещI: «Къэсыпа нэужькIэщ абыхэм дащеуэнур. Абдежым ахэр идубыдэнщ».
Мис, япэ итыр езым хуэзанщIэ къохъу. Зджызджу къыщхьэщокIуатэ жырым къыхэщIыкIа машинэжьыр, дэтхэнэ танкым нэхъри мынэхъ тIасхъэр. Гъунэгъу дыдэу зыбгъэдегъэхьэри, Хьэсэн абы гранатэр иреутIыпщ. Ауэ а зэ еутIыпщыгъуэмкIэ машинэм тета топыр хуэкъута къудейщ. И лъэгур и тIасхъапIэщи, и щIагъым щIэхуэу зэреуэнум зыхуещI. Машинэр къыщхьэщыхьэ щыхъум, Иуаным абы иреутIыпщ етIуанэ гранатэр. Езыми псынщIэу щIытIым зыдедзэж. Щыблэу къэIуащ уэ макъыр, щIыр игъэзджызджу. ЗэщIэфиежу адэ-мыдэкIэ зэбгролъеикI жыр къутахуэхэр.
… А псори напIэдэхьеигъуэм къэхъуа Iуэхущ. Абы къыкIэлъокIуэ етIуанэ тэлайр - етIуанэ машинэри къыщигъэуар. Куэд дэмыкIыу ещанэми мафIэ Iэмбатэу зыкърегъэIэт; еплIанэри, и лъэгур щIеудри, зепщыпщэу ныджэм къытренэ.
Зы зэман къызэплъэкIмэ, командирым елъагъу и гъусэ зауэлIхэр зыдэс щIытIхэм я щIыбагъ къыдыхьауэ машинэшхуитIым япэ взводыр Iисраф къызэращIыр. Абыхэм ягъэщтащи, сэлэтхэр къыщолъэт, къыщылъэтхэр нэмыцэхэм пулемёткIэ щIагъэлъэлъ.
- Фи гупэр, фи гупэр яхуэвгъазэ, - мэгуо Хьэсэн икIи а лъэныкъуэмкIэ зреч.
«Феуэ нэлатыр зытехуэнхэм», - мэятэ ар, и зауэлIхэм закъригъэщIэжу. Иуаным и гранатэр едзри, машинэхэм ящыщ зыр къегъауэ. ЕтIуанэми гранатэр иреутIыпщ. НэгъуэщI ар зыми хунэсыжакъым. Гъунэгъуу къыщыуа шэм и лъэр щIеуд.
Хьэсэн зыкъищIэжащ уIэгъэщым щIэлъу. Зигъэхъеину хуежьащ - лъэкIакъым. ЗыкъиIэбэрэбыхьу щIедзэ. Йоплъ и лъакъуэхэр зэрыхуэгъэхъейм. Зыр егъэхъеиф… ИкIи зэуэ къыхощтыкI: «Адрейр пытыжкъым!» ГущIыхьэ пщтырыр и тэмакъым къыщIоувэ: «ЕI, бетэмал, си щIалэгъуэ дахэти… Си лъакъуэр спымытыжу дауэ сыпсэуну?»
Абы хэту дохутырым и макъ щабэр къызэхех: «Уи гур умыухыж, лIыхъужь! Псэууэ укъызэрынам щыгуфIыкI!»
 Илъэс тIощIрэ блым уиту ныкъуэдыкъуэ ухъуныр гукъеуэшхуэщ. Ауэ Иуан Хьэсэн и нэгум щIэкIат укIыгъэ Iэджэ, и ныбжьэгъу куэди хамэ щIыпIэхэм щыщIилъхьэжати, зауэм хиха фэбжьыр и щхьэ закъуэ насыпыншагъэу зэрыщымытыр къыгурыIуэрт.
1945 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Иуан Хьэсэн къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Газетым тету а унафэм къыщеджам ар иджыри сымаджэщым къыщIатхыкIыжатэкъым.
«И бын нэхъыфI дыдэхэм зэрахуэупсэмкIэ Хэкур къысхуэупсащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, а пщIэшхуэм хуэфащэу дяпэкIи лэжьэни псэуни-хуейщ», - жиIэу фIы зэрищIэнум ар щIэхъуэпсырт.
А гъэ дыдэм абы Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Хьэсэн цIыхухэм фIыуэ къалъагъурт, сыту жыпIэмэ абыхэм я Iуэху зэрыдэкIынт ар сыт щыгъуи зыщIэкъур. Республикэм и унафэщIхэм яхэту щылэжьам абы IуэхуфI куэд зэфIигъэкIырт.
1972 гъэм Иуан Хьэсэн ТIалиб и къуэр дунейм ехыжащ. Езыр къытхэмытыжми, лъэужьыфI къэзыгъэна адыгэлI нэсыр и лъэпкъэгъухэм тщыгъупщэркъым. Зыщалъхуа Дэхъушыкъуейм щагъэуващ абы и фэеплъ сын. А къуажэм и зы уэрамми и курыт еджапIэми Иуаным и цIэр зэрахьэ.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться: