Топджэгу цIэрыIуэм и щIыхькIэ

Налшык и «Сабий стадионым» щекIуэкIащ СССР-м спортымкIэ и мастер, Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа, абы и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта ТыIэщ Хьэсэнбий и фэеплъ футбол зэхьэзэхуэ.

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ ФутболымкIэ Олимп резервым и спорт школымрэ (унафэщIыр Чэрим Олегщ) ТыIэщым и къуэхэу Русланрэ (1989-1991 гъэхэм Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэу щытащ) Аслъэнрэ дэщIыгъуу къызэригъэпэща фэеплъ зэхьэзэхуэм команди 6 хэтащ.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм нэхъ лъэщхэр щызэхэкIащ. Япэ увыпIэр яубыдащ Гъубж Вячеслав и гъэсэнхэм («Спартак-Налшык»). ЕтIуанэ хъуащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ ФутболымкIэ Олимп резервым и спорт школымрэ (тренерыр Гергоков ТIахьирщ). Прохладнэ и СДЮСШОР-м и футболист ныбжьыщIэхэр ещанэщ (тренерыр Вехов Александрщ).
Фэеплъ зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым къызэгъэпэщакIуэхэмрэ хэтахэмрэ фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ Налшык спортым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Уянаев Владимир, СССР-м спортымкIэ и мастер, гъуащхьэтету щыта, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу лэжьа Биджий Хьэсэнбий.
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ хьэщIэ лъапIэхэм тыгъэ хуащIащ кубокхэр, медалхэр, грамотэхэр.

 

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Накъыгъэм и 27-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 16 пщIондэ Бахъсэн щIыналъэм и топджэгу губгъуэхэм щекIуэкIащ «Хьэфэ топ» футболымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм и республикэ Iыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ. Зэпеуэм хэтащ 2004-2009 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэ командэхэр.

2004-2005 гъэхэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ Прохладнэ къалэм и гупым. Шэджэм куейм и футболист ныбжьыщIэхэр етIуанэщ. Бахъсэн районым и командэр ещанэ хъуащ.
2006-2007 гъэхэм къалъхуа топджэгу щIалэщIэхэм я деж япэ увыпIэр щызыIэрагъэхьащ бахъсэндэсхэм. Шэджэм куейр етIуанэщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и командэр.
Гуп нэхъыщIэ дыдэхэм я деж (2008-2009 гъэхэм къалъхуахэр) нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ Бахъсэн районым и футболистхэр. Бахъсэн къалэм и командэм дыжьын медалыр къылъысащ. Май куейм и гупыр ещанэщ.

Мини-футбол

Полковникым  и фэеплъу

Хабзэ зэрыхъуауэ, Бахъсэн щIыналъэм щекIуэкIащ 2011 гъэм хэкIуэда полицэм и полковник Сыжажэ МуIэед и фэеплъу мини-футболымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ республикэм и команди 6.

Зэхыхьэр къыщызэIуихым зэхьэзэхуэм хэтхэм захуигъэзащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор: «Нобэрей зэхуэсыр спорт зэхыхьэ закъуэкъым, атIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу щыта ди лъэпкъэгъу хахуэр ди нэгу къыщыщIэдгъэхьэж махуэщ. Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытщ цIыхухэм яку мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ къы­дэлъхьэныр, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ пэщIэтыныр. ЗэпэщIэтыныгъэ дахэ, удэзыхьэх къэвгъэлъэгъуэну сынывохъуэхъу!»
Псалъэ гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ МуIэед и адэ Сыжажэ Iэуес: «ФIыщIэ яхузощI зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм. ИкъукIэ си гуапэщ апхуэдиз илъэс хъуауэ си щIалэм и фэеплъыр зэрыфхъумэм папщIэ».
Мини-футболымкIэ зэхьэзэхуэм пашэ­ныгъэр щиубыдащ Вольнэ Аул и командэм. ЕтIуанэ хъуащ Налшык и «Эталон»-р. РОВД-м и гуп къыхэхар ещанэщ.
КъищынэмыщIауэ, фэеплъ зэхьэзэхуэм и саугъэт щхьэхуэхэр иратащ: «Спортым и ветеран» - Тут Анатолий, «Гъуащхьэхъумэ нэхъыфI» - Молэ Владимир, «Гъуащхьауэ нэхъыфI» - Хьэмгъуокъу Олег, «Гъуащхьэтет нэхъыфI» - Унэж Алим, «Футболист нэхъыфI» - Гуртуев Владимир, «Гъуащхьэхъумэныгъуэ нэхъыфI» - Куржы Мурат.

 

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: