Хъыбар нэпцIым зыщыфхъумэПенсэ фондым къет Урысейм и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм щыгъуазэ фещI пенсэхэр, социальнэ е компенсацэ ахъшэр СНИЛС-м и номерымкIэ ирату соцсетхэмрэ смс-мессенджерхэмрэ, хэхауэ Instagram-м къралъхььэ хъыбархэр зэрымыпэжым. Апхуэдэ ахъшэхэр ятыныр законым къыщыгъэлъэгъуакъым. А хъыбархэр пцIы зэфэзэщщ икIи хабзэхъумэхэм зэхагъэкIыпхъэщ. Пенсэ фондым я пенсэр къызэрибжыжам теухуа хъыбар телефон зэпыщIэныгъэмкIэ цIыхухэм яригъащIэркъым. Сакъыныгъэр зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэу зыкъыфхуагъазэмэ, Iэпэдэгъэлэл фымыщIу УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм хъыбар евгъащIэ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 17:30 →
Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща академикхэр
24.04.2024 - 16:32 →
Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ
24.04.2024 - 14:28 →
«Дунейр къызэхэкIухьи, уи унэжь екIуэлIэж»
24.04.2024 - 14:27 →
ЩIыналъэм зиужь зэпытщ
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
|