ЛыцIыкIулыбжьэБылымыл е танэл лыпцIэр ятхьэщIри, ягъэгъущыж. Грамми 8 - 10 хъууэ зэпаупщI, шыуаным иралъхьэ, шыгъу хадзэ, псы щIыIэ щIакIэ, и щхьэр тепIауэ, мафIэ мыиным тету псыр щIэвэщIэху ягъавэ. Лыр щабэ мыхъуауэ псыр щIэващIэмэ, псывэ тIэкIу щIакIэри, хьэзыр хъуху мафIэм трагъэт. Псыр щIэвэщIа нэужь, лым тхъу халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 10 - 12-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ бжьыныщхьэ упщIэта, шыбжий сыр хьэжа халъхьэ. А псори зэIащIэурэ дакъикъи 8 - 10-кIэ мафIэ цIыкIукIэ ягъажьэ, итIанэ псывэ тIэкIу щIакIэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъэ 1 - 2-кIэ ягъэбэкхъ. Хьэзыр хъуа лыр пщтыру Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ и гъусэу яшх. ЩIакхъуи, мырамыси, чыржыни докIу. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 18:33 →
«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
|