Къэзахъстаныр зыгъэбжьыфIа адыгэхэр

Я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуэныр къалъыхъуэу 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм ди республикэм и футболист, тренер зыбжанэ Къэзахъстаным къыщыхутащ. Абыхэм я цIэр фIыкIэ къыханащ а къэралыгъуэм и тхыдэм. Къапщтэмэ, илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Къэзахъстаным и тренер нэхъыфIу къалъытащ Къумыкъу Виктор, футболист икIи гъуащхьауэ нэхъ лъэщ хъуащ ЛIыхъугу Арсен. А къэралым и щIыхьыр дунейпсо утыкум щахъумащ я командэ къыхэхам ирагъэблэгъахэу ЛIыхъугу Арсен, Узденов Роман, Джатэрывэ Къазбэч сымэ, нэгъуэщIхэми. Къэзахъстаным и гуп къыхэхар илъэс зыбжанэкIэ игъэсащ ди лъахэгъу Красножан Юрэ, абы и дэIэпыкъуэгъуу щытащ Къумыкъу Виктор. Нобэ я гугъу фхуэтщIынщ а къэралыгъуэр топджэгумкIэ зыгъэбжьыфIа адыгэ щIалэхэм.

Чемпионхэм я лигэм и «куэбжэр» къызэIузыха ЛIыхъугу Арсен
ЛIыхъугу Арсен яхэмытамэ, Къэзахъстаным и командэ нэхъыфIхэу «Астана»-мрэ (нэхъапэм - «Женис») «Кайрат»-мрэ я ехъулIэныгъэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэнут. ЖыпIэну ирикъунщ ди лъэпкъэ­гъур а къэралым и чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ 2001, 2004 гъэхэм зэрыхъуар. ЯпэщIыкIэ Астана и «Женис»-м хэту Арсен и хьэрхуэрэ­гъухэм топ 30 яхудигъэкIащ (ахуэдиз нэхъапэм зыми ­къехъулIатэкъым), иужькIэ «Кайрат»-м хыхьэри, абыи 22-рэ къыщыхэжаныкIащ.
ЛIыхъугу Арсен 1976 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м Урыху къуажэм къыщалъхуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым хэт Бахъсэн и «Автозапчасть»-м, и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий иримыкъуауэ, джэгун щригъэжьащ. ИужькIэ Налшык и «Спартак»-мрэ Нарткъалэ и «Нартымрэ» 1997-1999 гъэхэм щыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэIущIэ 61-рэ иригъэкIуэкIащ икIи топ 13 дигъэкIащ. 2000 гъэм лигэ нэхъыщхьэм щыджэгу Новгород Ищхъэрэ и «Локомотив»-м ирагъэблэ­гъащ икIи къыщыхэжаныкIыну хузэфIэкIащ.
Топ джэгуным адэкIэ Къэзахъстаным щыпищащ. 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ абы зэрыщыIа илъэсихым къриубыдэу зэфIэкI лъагэ иIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ «Есиль»-м, «Кайрат»-м, «Аста­на»-м. Иужьым и щIыхьыр ихъумэу 2007 гъэм Европэм и Чемпионхэм я лигэм къыщыхэжаныкIащ. Ар апхуэдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэпеуэм щыджэгуу адыгэ щIалэхэм япэу дагъэкIа топщ.
Алма-Ата и «Кайрат»-м хэту ЛIыхъугу Арсен Къэзахъстаным и чемпион 2004 гъэм хъуащ, а къэралым и кубокыр тIэунейрэ (2002, 2003 гъэхэм) зыIэригъэхьащ. Адыгэ щIалэм и щхьэзакъуэ ­ехъулIэныгъэхэри мащIэкъым. Къапщтэмэ, Астана и «Женис»-м хэту топ 30 зэхьэзэхуэм щыдигъэкIа 2001 гъэм ЛIыхъугу Арсен «Къэзахъстаным и футболист нэхъыфI» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
2004 гъэм Къэзахъстаным и командэ къыхэхам ираджэри, абы и щIыхьыр ихъумэу зы зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Топджэгум щыхэта иужь илъэсым (2008 гъэм) Узбекистаным Iэпхъуэри, «Бухара» командэр игъэбжьыфIащ.
Къэралым и тренер нэхъыфI
Къумыкъу Виктор

Ди лъахэгъу Къумыкъу Виктор, нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, Караганда и «Шахтёр»-р Къэзахъстаным щынэхъ лъэщ дыдэ ищIащ икIи Европэм и Чемпионхэм я лигэмрэ УЕФА-м и кубокымрэ ехъулIэныгъэкIэ щигъэджэгуащ. КъищынэмыщIауэ, Азие Курытым и командэ куэдым я тренер нэхъыщхьэу щытащ икIи лъагапIэщIэхэр къаригъэщтащ. 2011 - 2013 гъэхэм Къэзахъстаным и тренер нэхъыфIу къалъытащ, а къэралым и командэ къыхэхар зыгъэсахэм яхэтащ.
Къумыкъу Виктор 1963 гъэм Налшык къыщалъхуащ икIи и гъащIэ псокIэ IэщIагъэ хуэхъуну топджэгум зыщыхуигъэсари япэ лъэбакъуэхэр щыхичари аращ. ЗэфIэкI лъагэ зиIэ гъуащхьэтет щIалэм пасэу гу къылъатащ икIи 1982 гъэм Волгоград и «Ротор»-м ирагъэблэгъащ. А лъэхъэнэм Совет Союзым и япэ лигэм ар щыджэгуащ.
Илъэситху дэкIри Налшык и «Спартак»-м хагъэхьащ. АрщхьэкIэ мыгувэу фэбжь хьэлъэ игъуэтри, къыхэкIыжащ. Абы щыгъуэми Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр IэщIыб ищIакъым. Зэман дэкIри, 1996-1998 гъэхэм и тренер нэхъыщхьэу къигъэзэжащ. Къумыкъум и унафэм щIэту налшыкдэсхэм зэIущIи 193-рэ ирагъэкIуэкIащ.
ФIыуэ илъагъуа IэщIагъэм ирилэжьэфын папщIэ Къумыкъур 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Азие Курытым Iэпхъуащ. Семипалатинск и «Ели­май»-м, Какшетау и «Есиль»-м, Кызыл-Орда и «Кай­сар»-м и тренер нэхъыщхьэу щытащ. ЗэIущIэхэм ящыщ зым Виктор и гъэсэнхэм судьям хуабжьу лей ­къащыкIэлъызэрихьэти, гупыр джэгупIэ губ­гъуэм ­къришыжащ. Ар, дауи, къыхуагъэгъуакъым икIи, и къулыкъум трагъэкIри, пIалъэ гуэркIэ Къэзахъс­таным щылэжьэну хуимыту къыхуагъэуващ.
ИлъэситIкIэ зы команди игъэсакъым Къумыкъум. Абы щыгъуэми Iэмал игъуэтащ гупсэхуу и щIэныгъэм хигъэхъуэну, адрейхэм Iуэхур зэрыщызэтраублэм кIэлъыплъыну. Ар дапхуэдэу къехъулIами къигъэлъэгъуащ Узбекистаным зэрыщыIа къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм. Къапщтэмэ, зэи къэмыхъуауэ, абы и унафэм щIэту «Машал»-мрэ «Насаф»-мрэ медалхэр зыхуагъэфащэ увыпIэхэр я къэралым къыщахьащ, кубокым и финалым щыджэгуащ, Азием и Чемпионхэм я лигэм хэтащ.
Къумыкъу Виктор Узбекистаным щиIа ехъулIэныгъэхэм гу щылъамытэу къэнакъым нэхъапэм щылэжьа Къэзахъстанми. Караганда щIыналъэм и аким (Iэтащхьэ) Ахметов Серик ар 2010 гъэм и кIэухым иригъэблэгъащ икIи зыхуеину псори хуи­щIэну къигъэгугъащ, я «Шахтёр» командэр къэралым и чемпион ищIрэ дунейпсо утыку иришэфмэ.
Курыт зэфIэкI фIэкIа Къэзахъстаным щызимыIэу щыта Караганда и «Шахтёр»-р нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа икIи зи тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор зэман кIэщIым къриубыдэу пашэ ищIащ. Зэи къэмыхъуауэ, 2011 гъэм ар къэралым и чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсми а ехъулIэныгъэ иным къытригъэзэжащ. Арати, адыгэ щIалэм и гъэсэнхэм европэпсо утыку ихьэну Iэмал ягъуэтащ (Къэзахъстаныр Европэм и Футбол Зэгухьэныгъэм (УЕФА-м) хэтщ). 2012 гъэм Чемпионхэм я лигэм хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм фIэкIыфакъым. ЗакъригъэщIащ апхуэдэ Iэзагъ иджыри зэрабгъэдэмылъым.
 КъыкIэлъыкIуа илъэсым щIэзыдза зэхьэзэхуэм «Шахтёр»-м и цIэр фIыкIэ Европэм щыжригъэIащ. Чемпионхэм я лигэм и гуп зэпеуэхэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэхэм абы япэу хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Белоруссием и БАТЭ командэм илъэситI ипэкIэ псори зэригъэплъыжауэ щытащ, Мюнхен и «Бавария»-р и стадионым щыхигъащIэри. ГурыIуэгъуэт ар ныкъуэкъуэгъу лъэщу зэрыщытыр. АрщхьэкIэ Къумыкъум и гъэсэнхэр абы къигъэдзыхакъым икIи Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах и етIуанэ Iыхьэм хыхьэ зэIущIитIми БАТЭ-р бжыгъэ зэщхькIэ, 1:0-у, щыхигъащIэри адэкIэ кIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу «Шахтёр»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Баку и «Нефтчи»-м ефIэкIа Албанием и «Скендербеу» командэр. Ари ирагъэкIуэтэкIри, Къумыкъум и гъэсэнхэр Шотландием и «Селтик»-м пэщIэхуащ. Абы щытекIуэр Чемпионхэм я лигэм и гуп зэхьэзэхуэм кIуэнут икIи ягъуэтыну пщIэмрэ щIыхьымрэ къищынэмыщIауэ, доллар мелуанхэр къахэхъуэнут.
 Караганда щекIуэкIа япэ зэIущIэр «Шахтёр»-м 2:0-у къызэрихьар псоми яфIэтелъыджэт. Куэдым къащыхъуат таурыхъым хэту. АрщхьэкIэ тхьэмахуэ дэкIри, щIылъэм къеувэхыжащ - «Селтик»-м Глазго игъэзэжа иужькIэ Къэзахъстаным икIахэр 3:0-у хигъэщIэжри, адэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ «Шахтёр»-р европэпсо утыку абы щхьэкIэ икIакъым. УЕФА-м и кубокым щIэбэнурэ абы ехъулIэныгъэ зыбжанэ а илъэсым зыIэригъэхьащ. А псори иджыри къэс Къэзахъстаным зэи щамылъэгъуа Iуэхугъуэ инт.
Дауи, Къумыкъу Виктор и пщIэр абыхэм лъагэу­ яIэтащ. Къэзахъстаным футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм хэт командэхэм я капитанхэм, тренер нэхъыщхьэхэм, IэщIагъэлIхэм, ветеранхэм, журналистхэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм 2011, 2012, 2013 гъэхэм Илъэсым и тренер нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ, зи унафэм щIэту а лъэхъэнэм къэралым и чемпион тIэунейрэ хъууэ европэпсо утыку лъэ быдэкIэ ихьа Караганда и «Шахтёр»-м и пашэ Къумыкъу Виктор.
«Азием Iэмал къызитащ си зэфIэкIыр здынэсыр къэзгъэлъэгъуэну. Абы къыхэкIыу ар фIыуэ солъагъу», - щыжиIащ Къумыкъум и интервьюхэм ящыщ зым. Иджы и чэзущ щалъхуа щIыпIэми къыхуэщхьэпэну – тренер IэщIагъэм и дежкIэ абы и ныбжьым иджыпсту и фIыгъуэ дыдэщ.
Дунейпсо чемпион хъунухэм
япэщIэта Джатэрывэ Къазбэч
Налшык и «Спартак»-м 2007 гъэм къыхагъэхьэхукIэ Джатэрывэ Къазбэч и хъыбар зэхэтхакъым. Адрей ди щIалэщIэ куэдхэми яхуэдэу, Къэбэрдей-Балъ­къэрым футболым зыщыхуигъэса иужькIэ, ар и насып лъыхъуэу хамэ щIыпIэхэм къыщыщIи­дзащ икIи ящыгъупщэжащ. Гу щылъатар зыхэт Шахты къа­лэм и «Буревестник-ЮРГУС» командэмрэ дыдейхэмрэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зэдрагъэкIуэкIыущ. Налшыкдэсхэм я хьэрхуэрэгъухэм хуабжьу къахэжаныкI азиат теплъэ зиIэ щIалэм щыщIэупщIэм ар ди лъахэм къыщалъхуауэ икIи топджэгум зыщыхуигъэсауэ къыщIэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къазбэч къыщыхутащ премьер-лигэм а зэманым уей-уей щыжезыгъэIа Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу Джатэрывэр джэгупIэ губгъуэм япэу къыщихьар 2007 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 30-ращ. Владивосток къикIа «Луч»-м драгъэкIуэкI зэIущIэр иухыным дакъикъитI иIэжу абы Мэшыкъуэ Аслъэн ирагъэхъуэжащ. А зэман кIэщIыр щIыхухахар премьер-лигэм и IэфIыр мащIэу нэхъ мыхъуми зыIуигъэхуэн, абы щекIуэкI бэнэныгъэр зыхищIэн папщIэщ.
А илъэсым Къазбэч къэралым и чемпионатым джэгугъуитхурэ кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм зэIущIищрэ щригъэкIуэкIащ. Нэхъы­бэу зыхэтар «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупращ. Абы зыкъызэрыщигъэлъэгъуа джэгугъуэ 24-м топищ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ.
КъыкIэлъыкIуэ 2008 гъэм щыщIэдзауэ гъуащхьэхъумэныкъуэ Джатэрывэ Къазбэч «Спартак-Налшыкым» и пашэхэм ящыщ зы хъуащ. Абы джэгукIэфI къигъэлъагъуэрт икIи и цIэр фIыкIэ Iуат. 2009 гъэм мэкъуауэгъуэм и 14-м ди командэм и тхыдэм хыхьа Iуэхугъуэ Налшык и «Спартак» стадионым къыщыхъуащ: премьер-лигэм зэрыхэтрэ топи 100-р ди командэм я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. Абы кърихьэлIа цIыху минхэм ар дэрэжэгъуэ лей ящыхъуащ ди лъахэгъу Джатэрывэ Къазбэч къызэрехъулIам къыхэкIыу.
Адыгэ щIалэм и ехъулIэныгъэхэм хуабжьу дыщыгуфIыкIырт. Нэрылъагъут абы къэкIуэну дахэ  зэриIэр. Езыми къыгурыIуэрт нэхъыбэж зэрыхуэфащэр икIи 2010 гъэм Къэзахъстаным ФутболымкIэ и федерацэм я къэралым и гуп къыхэхам хыхьэну зыкъыщыхуагъазэм, арэзы хъуащ. Ар куэд зыпэмыплъа Iуэхугъуэт икIи абы теухуауэ дыщеупщIым къыджиIат:
- Сэ къэралым и командэ къыхэхам сыхэту сыджэгуну сыхуейщ, - къыхигъэщат Къазбэч. – Урысейм апхуэдэ Iэмал щызиIэнукъым, къэзахъхэр абыкIэ къызолъэIу. Арати, сэ къыхэсхащ си Iэзагъым хуэныкъуэ къэралыгъуэм сызэрыригъэблэгъар. «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэми лъэбакъуэ тэмэм счауэ къалъытащ.
Пэж дыдэуи, зыкъигъэлъэгъуэн папщIэ Джатэрывэм и дежкIэ ар хэкIыпIэфIт. А зэманым щыIа хабзэхэм япкъ иткIэ дэтхэнэ футболистри сыт хуэдэ къэралми и командэ къыхэхам хыхьэну хуитт, нэгъуэщIым нэхъапэм хэмытамэ. Арати, гражданствэ тIууащIэ (Урысей Федерацэм ейм дэщIыгъуу Къэзахъстаным ейри) хузэрагъэпэщри, и Iуэхухэр тэмэму хузэфIагъэкIащ.
Зи цIыху хъуа къэралыщIэм и щIыхьыр ихъумэну Джатэрывэ Къазбэч Iэмал игъуэтащ 2010 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 7-м. Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ Къэзахъстаным и командэ къыхэхам япэ дыдэу хэту Австрием пэщIэтащ. ИужькIэ джэгугъуэ зыбжанэми зыкъыщигъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу гукъинэж хъуащ 2013 гъэм Германием и командэ къыхэхам зэрыдэджэгуар. Адыгэ щIалэр яхуэфэщэну япэщIэтащ илъэс дэкIмэ дунейпсо чемпион Бразилием щыхъуну нэмыцэ футболист гъуэзэджэхэу Клозе, Нойер, Мюллер, Ройс сымэ, нэгъуэщIхэми. А зы закъуэм щхьэкIэ Къэзахъстаным и командэ къыхэхам хыхьами ирикъунт.
2010 гъэр иухыхукIэщ Джатэрывэр «Спартак-Налшыкым» зэрыхэтыжар. ЗэрыщыIа илъэсиплIым псори зэхэту зэIущIэ 83-рэ щригъэкIуэкIарэ 3-м къыщыхэжаныкIауэ абы гупыр ибгынащ, пасэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр икIати.
Куэдым яфIэгъэщIэгъуэну ар хыхьащ япэ дивизионым щыджэгу Сочэ и «Жемчужина»-м. АрщхьэкIэ щыуауэ къыщIэкIащ – мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу а гупыр зэхьэзэхуэм къыхагъэкIыжащ, мылъкукIэ зэрыпэмылъэщыр и щхьэусыгъуэу. Мыгувэу Владикавказ и «Алания»-м къащтащ. Абы дэщIыгъуу а илъэсым япэ дивизионым щытекIуэри, премьер-лигэм щыджэгуну хуитыныгъэ къихьащ. Къэралым и гуп нэхъыщхьэм зэрыхыхьэу владикавказдэсхэм нэгъуэщI футболист зыбжанэ кърагъэблэгъащ икIи Къазбэч хуэмурэ лей къэхъуащ. 2012 гъэм «Алания»-м хэту чемпионатым джэгугъуитIрэ кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэм зы зэIущIэрэ фIэкIа щыхамыгъэтым, гупым къыхэкIыжащ.  
 Абы иужькIэ иунэтIащ зи щIыхьыр дунейпсо утыкум щихъумэ Къэзахъстаным. Ар гуфIэжу къащтащ Алма-Ата и «Кайрат»-м. КъыкIэлъыкIуэу Шымкент и «Ордабасы»-м, Кызыл-Орда и «Кайсар»-м, Павлодар и «Иртыш»-м къыщыщIидзащ. Мы гъэм и пэщIэдзэм Актау и «Каспий»-м хыхьащ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ЛIыхъу Арсен

 

 

 

Къумыкъу Виктор

 

 

 

 

Джатэрывэ Къазбэч

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: