ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

АДЫГЕЙ ЛIЫХЪУЖЬХЭР

Япэ дыдэ

Илъэс тIощIрэ зым хыхьа къудейт Андырхъуей Хъусен зауэр къыщыхъея махуэм. Дзэм ираджауэ къулыкъу ищIэрт абы, 733-нэ фочауэ полкым и 2-нэ ротэм и политрук IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ. Зыри пэплъатэкъым зауэм, хьэщэхурыпхъуэм зэрихабзэу, фашистхэр, я псалъэм епцIыжри, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 22-м ди къэралым къытеуащ. Мейкъуапэ пэмыжыжьэ абэзэхэ къуажэм, Хьэкурынэхьэблэ, къыщалъхуа абэзэхэ щIалэри пэплъакъым зауэм. Абы и нэгу щIэтыр зыщалъхуа къуажэрт, и Iыхьлыхэрт, зыдеджа и ныбжьэгъухэрт - дзэ къулыкъур зэфIэкIмэ, яхыхьэжынут абыхэм, и хэкум игъэзэжынурэ, зыми пимыщI IэщIагъэм ирилэжьэнут: ар усакIуэщ, и усэхэр щIэх-щIэхыурэ традзэ Адыгейм къыщыдэкI газетхэм...
Хунэсакъым абы: зауэ гущIэгъуншэм и мафIэ лыгъэр къыщылыдащ къэрал гъунапкъэм, нэмыцэ фашистхэр, хьэщхьэрыIуэ хъуауэ, хэкум къиужьгъащ.
Андырхъуей Хъусен зыхэт 136-нэ дивизэр 1941 гъэм фокIадэм и 20-м Ростов и Iэшэлъашэм Iэпхъуащ. Абы щыгъуэ дон губгъуэхэм зауэ гуащIэ щекIуэкIырт, Кавказым къыхуеIэ бийр къатезэрыгуауэ. Дивизэр нэмыцэхэм япэуващ фокIадэм и 29-м: ахэр зэтригъэувыIащ, зэхикъутэри иригъэкIуэтыжащ. А махуэм ди зауэлIхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щытепсэлъыхьым, абы и командирым и псалъэм къыхэщащ политрук Андырхъуей Борэжь и къуэ Хъусен цIэр - бийм удынышхуэ езыдза зауэлI хахуэхэм ящыщт ар.
Ипщэ фронтым и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат: цIыхурэ IэщэкIэ къебэкI бийр къебгъэрыкIуэ зэпытти, Дзэ Плъыжьыр къикIуэтырт, бийм хэщIыныгъэшхуэ иратурэ. Нэмыцэхэм яубыд къалэхэр, къуажэхэр зэтрагъасхьэрт, лажьэ зимыIэ цIыхухэр зэтраукIэрт.
733-нэ фочауэ полкри къикIуэтын хуей хъуащ, зэщIэкIуэри, полкым Нагольнэ псым и Iуфэм зыщигъэбыдащ. ЕтIуанэ фочауэ ротэм Дьяковэ къуажэм и Iэшэлъашэм зыщигъэбыдащ, псым телъ лъэмыжым пэмыжыжьэу. Андырхъуей Хъусен и ротэм къалэн къыщащIащ: бийр псым къызэпрывмыгъэкI. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ, зэрыжаIэщи, «щIым зыщIэвэн» хуейт: бжьыхьэ щIыIэри зыхамыщIэжу, ротэм и зауэлIхэм окопэхэмрэ щIытIхэмрэ ятIащ, топхэр, лагъым зэрадз Iэщэхэр лъэмыж дакъэм щыхасащ.
ЖэщкIи махуэкIи къахэкIыртэкъым Андырхъуей Хъусен ротэм и зауэлIхэм: ягу фIы яхуищIырт, лIыгъэ яхэлъын зэрыхуейр, я адэ-анэхэр, я шыпхъухэр, я щхьэгъусэхэр я щIыб къызэрыдэтыр ягу къигъэкIыжырт. Псоми ягъэщIагъуэрт: «Дапщэщ ди политрукыр щышхэри щыжейри - жэщ-ми махуэми етIысэхыркъым».
Батальоным и комиссарым ириджащ политрукыр.
- Зауэ гуащIэ къытпоплъэ, - къыжриIащ абы. - Уи ротэм къылъыса IэнатIэр нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ - бийм къаруушхуэ къиунэтIынкIэ хъунущ абыкIэ: лъэмыжым къимыкIмэ, нэмыцэ танкхэм нэгъуэщI кIуапIэ ягъуэтынукъым, ар зэраубыдынум и ужь итынущи, фатемыплъэкъукI, танкхэр къаутIыпщмэ, лъэмыжыр къэвгъауэ, псым ахэр къызэпрывгъэкI хъунукъым...
Ар жыIэгъуафIэщ: зы танк къызэпрывгъэкI хъунукъым... Политрукми ещIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр - ротэм къылъыса IэнатIэм куэд зэрелъытар: нэмыцэхэр абдеж щызэтраIыгъэху, дивизэр здикIуэта щIыпIэм изэгъэнущ, зигъэбыдэнурэ бийм къыпэувынущ...
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, пшэр зэкIэщIихури, бжьыхьэ дыгъэм и бзий махэр Дьяковэ къыдэпсащ. Къуажэм щхьэщытщ уэнжакъхэм къриху Iугъуэ сырыхур. Хъусен и нэгу къыщIыхьэжащ езыр къыщыхъуа жылэр - Хьэкурынэхьэблэ. И нэгу къыщIэуващ къуажэм къыдина и анэр, и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр, фIыуэ илъагъу пщащэ дахэр... Сыт я дуней абыхэм иджыпсту, сыт ягъахъэрэ? Дауи, псоми я гур здэщыIэр зауэрщ, аращ я щхьэм илъ зэпытыр. ЯлъэIэсынкIэ хъуну абыхэми зауэ гущIэгъуншэр? Хьэуэ, ар къэмыхъун щхьэкIэ, Хъусен зэблэн щыIэкъым, и псэр итын хуей хъуми, къызэфIэнэнукъым...
Нэмыцэхэр къызэрехьэжьащ, топышэр зыкъомрэ къытракIута нэужь, мацIэм хуэдэщи, къызэрохь, танкхэм зыкъуадзэурэ. Шэр, лагъымыр къытолъалъэ Хъусен и ротэм - ротэм и нэхъыбэр укIыгъэ хъуащ, ауэ бийр лъэмыжым кърагъэкIакъым. Нэмыцэхэм ар щахузэфIэкIам ротэм къыхэнэжа щыIэтэкъым: хэт уIэгъэщ, хэт укIыгъэщ. УIэгъэ хъуащ Хъусени: и блэгъукIэр шэм икъутащ.
Пшапэр зэхэуауэ, нэмыцэхэр псым къызэпрыкIри, Хъусен къаувыхьащ. ПулемёткIэ яхэуэурэ, политрукым япэ къища фашистхэр зэтриукIащ. Андырхъуейм шэр къыIэщIэухащ, нэмыцэхэр етIуанэу къебгъэрыкIуащ. Зы гранатэ закъуэ къыхуэнэжати, ар къищтэри, Хъусен къызэфIэуващ.
- Урыс, зыкъэт! - зэхихащ абы.
- Урысхэм затыркъым! - ар жери, гранатэр яжьэхидзащ политрукым къытегуплIа фашистхэм.
Апхуэдэу итащ Андырхъуей Хъусен и гъащIэр. Илъэс тIощIрэ зырэт зауэлI хахуэм и ныбжьыр...
Адыгэ щIалэм зэрихьа лIыгъэм и хъыбар фронт псом щыIуащ, ар щапхъэ яхуэхъуащ хэкум и хъумакIуэ зауэлI куэдым. Хъусен зыхэта полкым и комиссар Шемяков Борис зауэлIхэм я пащхьэм мыпхуэдэ псалъэ щыжиIауэ щытащ: «Ди полкым и Бэракъ плъыжьым и пщIэр лъагэ зыдэхъуа лIыхъужьхэм дрогушхуэ дэ. Уэрэд хуаусынущ политрук Андырхъуей Хъусен зэрихьа лIыгъэм. Адыгейм щыщщ а лIыхъужьыр. Гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу Хэкурщ абы и гъащIэр зыщIитар. Бийм пикIуэтакъым ар, уIэгъэ хьэлъэ хъуарэ пэт, лъы ткIуэпс къыщIэмынэжыху, Iэщэр игъэтIылъакъым. Андырхъуейм и псэр зыщIита Хэкум зэи щыгъупщэнкъым лIыхъужьым и цIэр».
Дьяковэ къуажэм деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Андырхъуей Хъусен Борэжь и къуэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Адыгэ щIалэрщ СССР-м и тхакIуэхэм щыщу а цIэ лъапIэр япэ дыдэ зыфIащар.
Дивизэми пщIэшхуэ хуищIащ адыгэ лIыхъужьым: абы и цIэкIэ зы снайпер фоч хахри, фочым мыпхуэдэ тхыгъэ традзащ: «Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен и цIэкIэ». А фочыр зыхуагъэфэщэнур Андырхъуей Хъусен хуэдэу хахуэу зауэ, лIыгъэ зыгъэлъагъуэ зауэлIхэрт.
Сталинград деж зауэ гуащIэ щекIуэкIырт абы щыгъуэ. Индыл Iуфэ щызауэрт Андырхъуей Хъусен зыхэта дивизэри. Абы щыщ фочауэ шэрыуэхэр - снайперхэр зэхуашэсащ дивизэм и унафэщIхэм. «Дэ, Сталинград и хъумакIуэхэм, къэрал псор къыткIэлъоплъ иджыпсту икIи къытщогугъ, - жиIащ дивизэм и унафэщIым. - Бийм зы лъэбакъуэкIэ дыпикIуэт хъунукъым, къалэр фашистхэм едмыгъэубыдын щхьэкIэ, ди псэ деб-лэжынукъым. АбыкIэ щапхъэ зытетх хъун зауэлI хахуэ куэдым я цIэ къипIуэфынущ. Псом япэ зи цIэ къиIуапхъэр политрук Андырхъуей Хъусенщ».
Адыгэ щIалэ хахуэм и цIэкIэ хаха снайпер фочыр а махуэм иратащ фочауэ шэрыуэхэм ящыщ зым - Ильин Николай Яков и къуэм. Андырхъуей Хъусен и цIэр зытраIуа фочыр щратым, абы жиIащ: «Си тхьэлъанэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен хуэфащэу сыкъыщIэкIынкIэ. Си къаруми си гъащIэми себлэнкъым, фашистхэр ди Хэкум игъэкъэбзыкIа хъун папщIэ».
А псалъэр игъэпэжащ фочауэ хахуэм. Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочыр кърата нэужь, етIуанэ махуэм Ильин фашистибгъу IуипIащ, къыкIэлъыкIуэ махуэм - аргуэру фашист пщыкIубл. Сталинград деж щызауэурэ, махуэ пщыкIузым фашист 95-рэ иукIащ.
Сталинград фронтым цIэрыIуэ щыхъуащ Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочым иризауэ снайпер шэрыуэ Ильин Николай. 1942 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу абы зэтриукIа фашистхэм я бжыгъэр 216-м нэсащ, 1943 гъэм и пэщIэдзэм а бжыгъэр 300-м щIигъуат. Снайпер хахуэм ита псалъэр игъэпэжащ: зы махуи игъэхьэулеякъым абы Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочыр.
Бийр Сталинград деж щызэхакъутэри, Донской фронтым и зауэлIхэр ебгъэрыкIуащ. Зауэ гуащIэ куэдым лIыгъэ щызэрахьащ Андырхъуей Хъусен зыхэта фочауэ дивизэм. Ар щызэуащ Орел, Белгород къалэхэм, ахэри, нэгъуэщI къалэ куэди фашистхэм къаIэщIэзыхыжа зауэлI хахуэхэм япэ итащ. Абы щыгъуэ Ильин Николай Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащакIэт. Андырхъуей Хъусен и цIэр зыфIаща фочымкIэ фашист 494-рэ иукIауэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Ильин Николай 1943 гъэм и гъэмахуэ мазэм зауэм хэкIуэдащ.
Фашист 494-рэ хэзыгъэщIа фочым тратхащ Ильин Н.Я. и цIэри. Снайпер хахуэр щыщIалъхьа махуэм фочыр IэщIалъхьащ фочауэ шэрыуэхэм ящыщ зым - Гордиенкэ Афанасий. «Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ я цIэкIэ» - апхуэдэ тхыгъэ тетт Гордиенкэ IэщIалъхьа фочым. ЗауэлIхэм я пащхьэ иувэри, абыи псалъэ итащ:
- Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ, ди Хэкум и хуитыныгъэм папщIэ схузэфIэкI сщIэнщ, си гъащIэм себлэжынкъым, фашистхэм сащысхьынкъым.
 Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ я фэеплъ фочымкIэ Гордиенкэ Афанасий Ефим и къуэм фашист 424-рэ хигъэщIащ.
Фашист миным щIигъу зэтраукIащ Ильинрэ Гордиенкэрэ Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочымкIэ. Зауэм и мафIэ лыгъэм къелащ лIыхъужьхэм я фоч цIэрыIуэр: нобэ ар щахъумэ Урысей Армэм и Музей Нэхъыщхьэм.

Шууей

Ацумыжь Айдэмыр хы Iуфэм Iус ШахэкIей шапсыгъ къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ.
Бийр Кавказ Ищхъэрэм къэблэгъауэ, Псыжь щыпсэухэм шуудзэ корпус къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хыхьащ Ацумыжь Айдэмыри.
Шапсыгъ щIалэр зыхэт шуудзэм Кавказым къиужьгъа бийм хэщIыныгъэшхуэ иратащ 1942 гъэм и гъэмахуэм. Абы щыгъуэ Айдэмыр къратащ «Хэку зауэ» орденым и япэ нагъыщэр.
Новкус-Артезиан къуажэм деж (Псыжь губгъуэ) зауэ гуащIэ щекIуэкIащ 1942 гъэм. Абдежми лIыгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ адыгэлIым: ар зыхэт батареем нэмыцэ танк, топ куэд икъутащ, фашист куэди зэтриукIащ. А зауэ гуащIэм хэкIуэдащ езы Айдэмыри. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр абы 1943 гъэм къыфIащащ.
ЛIыхъужьым и цIэр фIащащ ар къыщалъхуа шапсыгъ къуажэм дэт еджапIэм, фэеплъи щыхуагъэуващ ШахэкIей.

 

 

 

 

Лъостэнхьэблэ - Эльбэ

Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий Адыгейм щыщ Лъостэнхьэблэ 1919 гъэм къыщалъхуащ, абы щызэхэт колхозым щылэжьащ.
1940 гъэм дзэм ираджащ, Хэку зауэшхуэм и япэ махуэм щыщIэдзауэ фронтым Iутащ. Миномёт батареем хэту лейтенант нэхъыжь Бжьыхьэкъуэм зауэ гъуэгуанэ кIыхь зэпичащ. 1941 гъэм Москва бийм щызыхъума зауэлI хахуэхэм яхэтащ Бжьыхьэкъуэр. Ар Харьков, Полтавэ, Смоленск къалэхэм деж щызэуащ, Одер псым япэ зэпрыкIахэм ящыщщ, Эльбэ псым дежи лIыгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ. Зауэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий «Бэракъ Плъыжь», «Хэку зауэ», «Вагъуэ Плъыжь» орденхэр, медаль зыбжанэ къратащ.
Одеррэ Эльбэрэ деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1968 гъэ пщIондэ дзэм къулыкъу щищIащ абы, полковник цIэр зэрихьэу. 1991 гъэм Бжьыхьэкъуэ Къымчэрий дунейм ехыжащ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: