Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэрКурыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм - шу тIощIым - ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ». КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид. Инал Нэху АДЫГЭ тхыдэми IуэрыIуатэми щыцIэрыIуэщ Инал. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, ар Мысырым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мамлюкхэм ящыщщ, Мысырым 1453 - 1461 гъэхэм щыпащтыхьащ, хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зы къэралыгъуэ иухуэн хузэфIэкIащ. Беслъэн ПцIапцIэ ИНАЛ и къуэрылъху Жанхъуэт и къуэщ, щыпсэуар ХVI лIэщIыгъуэм и кIэухырщ, ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм хуозэ. Пщы уэлийуэ щытащ. ЗэрылIышхуэм щхьэкIэ «ПцIапцIэ» дзыр теIукIащ. Тэрч и хэхуэжыпIэм дзэ ишэурэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм зригъэубгъуащ, и дзэр Астрахъани Дербенти щынишэс къэхъуащ - абыхэм я лъахэр иубыдын папщIэ. Къэбэрдейм къихьэ сатуущIэ гъуэгухэр шынагъуэншэ хъуауэ щытащ абы иужькIэ. Щолэхъу ТАЛЪОСТЭНХЭ я лъэпкъым щыщщ, Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ зэрыхъуным щIэкъу зэпытащ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуащ, Идар Къамбулэтрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщышхуэ (пщы уэлий) хъуащ. Урыс пащтыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъуащ - ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ, и IуэхущIафэм тепщIыхьмэ. И лIыгъэм, и зекIуэхэм папщIэ Щолэхъу «пщы щэджащэ» цIэр теIукIащ. «Щолэхъу- кIэ» зэджэ шы лъэпкъыр зи Iэужьыр а пщы цIэрыIуэрщ. Адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми я тхыдэми я IуэрыIуатэми щыгъунэжщ пщы щэджащэ Щолэхъу и хъыбархэр. Пасэрей адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ: Щэджащэуэ ди Щолэхъужь, Джатэрэ лIыгъэкIэ Щолэхъу Къэбэрдейм къыхуихьа пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ хуэдиз ди хэкум зэи иIэжакъым абы иужькIэ. Идар ИНАРМЭС и къуэщ, Инал и къуэм и къуэрылъхущ. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъу гуащэщ - Хъымыщ Елджэр ипхъущ. Идар и адэр щылIэм, сабийр здихьыжри, гуащэр Бжьэдыгъум кIуэжащ - и дыщым. Абы къыщыхъуащ Идар. Балигъ хъуа нэужь, Идар къэбэрдеипщхэм къеныкъуэкъу хъуащ. КIахэ адыгэхэм щыщ дзэ къришажьэри, Къэбэрдейм къытеуащ - Жанхъуэтхэрэ Минбулэтхэрэ къезэуащ. ДзитIыр Къызбрун деж щызэгурыIуэжащ, Идар Къэбэрдейм и кум щIы щратащ (абы ИдарейкIэ еджэ хъуащ), пщы нэхъыжьи ящIащ. Темрыкъуэ ТЕМРЫКЪУЭКIЭ еджэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, и цIэ дыдэр КIэмыргуокъуэщ (КIэмыргуейм и къуэ). Сабийуэ и анэм и дыщым (КIэмыргуейм) здишэжати, арагъэнущ абы и цIэр къызыхэкIар. Хуарэжь гущэм и дзэпкъыр къуапэти, Мамсырыкъуэ ТЕМРЫКЪУЭ и къуэ нэхъыжьщ. Мэзкуу кIуауэ, 1565 гъэм, урыс пащтыхьым елъэIуауэ щытащ Къэбэрдейм къыдигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Кърым хъаным и дзэм Ахупс деж къэбэрдейхэр щезэуам абыхэм яхэтащ Темрыкъуи абы и къуитIри - Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ тэтэрхэм гъэр ящIащ (иужькIэ къащэхужащ). 1583 гъэм Мамсырыкъуэ и шухэмрэ къэзакъхэмрэ Дербент къыблэкIа тыркудзэр зэхакъутащ. Джылахъстэн Адэлджэрий ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэпкъым щыщ Тэтэрхъан и къуэ нэхъыжьщ. Дарьял псыхъуэр IэщIэлъащ, абы дэкI гъуэгум щызекIуэхэм теплъэкъукIакъым. Бгырысхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ, абыхэм Iуэхутхьэбзэ мащIэ яхуищIа-къым. Жанхъуэт Талъостэн ЩЫПСЭУАР ХV лIэщIыгъуэм и кIэмрэ ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэмрэщ. Талъостэнейр къызэзыгъэпэщар аращ, абы IэщIэлъащ Дарьял псыхъуэмрэ Тэрч псым и IуфитIымрэ. Жамырзэ Алъхъэс ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэп къым щыщщ, а лъэпкъыр къызытехъукIа Минболэт Джылахъстэн и къуэрылъхущ, лIакъуэлIэш лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ, Астрахъанрэ Куржымрэ зэпызыщIэ гъуэгум щытепщэ зэпытащ. И шыпхъур Кахетием и пащтыхь Александр и щхьэгъусащ, абы и хьэтыркIэ Куржым пщIэшхуэ щиIащ, куржы лIыкIуэхэр Урысейм щыкIуэкIи урыс лIыкIуэхэр Куржым щыкIуэкIи ядэIэпыкъуащ, и нэIэ ятригъэт зэпытащ. Дзыхь нэхъ зригъэзыр Иранырати, абы и шахыр малъхъэ ищIауэ щытащ. Жамырзэ Алъхъэс хэмытауэ зы Iуэхушхуи щызэфIахакъым а зэманым Кавказ Ищхъэрэм - апхуэдэ фIэлIыкI иIащ а пщым. Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ ЩОДЖЭНЫКЪУЭ Алыджыкъуэ ХVII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм бжьыпэр щызыIыгъа пщыхэм ящыщщ. И адэ къуэшыр, Къазий, дунейм ехыжа нэужь, Алыджыкъуэ лъэпкъ унафэр илъэс плIыщIкIэ IэщIэлъащ. ПщыIэпщокъуэ ХVI ЛIЭЩIЫГЪУЭМ и кум щегъэжьауэ Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу зэпытащ, Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдын мурад ищIауэ. Идар Темрыкъуэ хэкум ирихун хузэфIэкIащ - 1563 гъэм. Темрыкъуэ Астрахъан зыщигъэпщкIуащ. Урыс пащтыхьыр (Грозный Иван) и щыкъу адэм къыдэIэпыкъуащ - фочауэ 500-рэ къэзакъ шу 500-рэ къритащ. Ар къигъэсэбэпри, Темрыкъуэ ПщыIэпщокъуэ ебгъэрыкIуащ. ПщыIэпщокъуэ икIуэтакъым, зызэщIиузэдащ, дзэшхуэ игъэшэсри, Идарейр зэтрикъутащ. Къазий ЗИ ПЩIЭР лъагэ дыдэ пщыуэ щытащ. ПщыIэпщокъуэ и къуэщ. Ар хэмытауэ е хэмыIэбауэ Къэбэрдейм зы Iуэхуи къыщыхъуакъым. И адэр лIа нэужь, Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу пщыхэм я пашэ хъуащ. Темрыкъуэ и къуэхэр, Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ, езыгъэукIар аращ - 1600, 1601 гъэхэм. Идархэ ялъ зэращIэжынум шэч къытрихьэртэкъыми, Беслъэнейм Iэпхъуэри, абы илъэсищкIэ щыпсэуащ. Къэбэрдейм къигъэзэжа нэужь, Идархэ екIужащ. Урыс пащтыхьым дзей зыхуищIауэ игъэIуа щхьэкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхум псэуху зы хами къыхигъэIэбакъым. Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ Нэгъуеишхуэм я хъанымрэ къращIылIа зауэм (Къулъкъужын зауэм) 1615 гъэм хэкIуэдащ. Сэнджэлей КЪАНКЪЫЛЫШ Сэнджэлей и къуэ нэхъыщIэщ. 1642 гъэм Мэзкуу Iэпхъуэри, урысей лIыщхьэхэм ящыщ хъуащ, къулыкъушхуэ куэд дзыхь хуащIащ, боярин цIэр къыфIащащ. Урысей пащтыхьыр щежьэм деж къэрал унафэр къызыхуигъанэр Сэнджэлейт. Черкасский Григорий - апхуэдэцIэкIэщ урысей тхыдэм къызэрыхэнар. Къэбэрдейм иришри фочыщIэ зыбжанэ Мэзкуу дигъэтIысхьащ, урыс щIалэхэр а IэщIагъэм хуригъэджэн щхьэкIэ. Къанкъылыш Сэнджэлей ИДАР Темрыкъуэ и шынэхъыщIэ Жылэгъут и къуэрылъхущ. Каспий тенджыз Iуфэм Iут Тэрч къалэ дэсащ, Идархэ къару ямыIэж хъуа нэужь. Адыгэ къуажэ зыбжани къригъэтIысэкIащ - Тэрч къалэ, Шэрджэс жылагъуэкIэ зэджэри абдеж зыгъэтIысар Сэнджэлейщ. ХьэтIохъущыкъуэ КЪЭБЭРДЕЙМ бжьыпэр щиубыдыху, зы махуи епсыхакъым. И адэшхуэ ПщыIэпщокъуэрэ и адэ Къазийрэ зыщIэкъуа Iуэхур зэригъэкIуэтэнырщ зи ужь итар. И адэ къуэшым и къуэ Алыджыкъуэ гъусэ хуэхъури, Идархэ дигуащ, бжьыпэр езым иубыдащ, Тэрч къалэ дэс урыс дзэпщхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъу адыгэпщхэмрэ бэуапIэ яритакъым, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я дзэм ахэр зэхакъутэн яхузэфIэкIащ. Зыкъаужьыжа нэужь, я бийхэр къалъихъащ ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэ, Балъкъ деж зауэ гуащIэ щаублащ, абы щытекIуар ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэщ.
Черкасский Муцал и къуэ Къасболэт
Къетыкъуэ Аслъэнбэч
Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ
Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ
ХьэтIэхъщыкъуэ
Джылахъстэн Адэлджэрий и шыпхъу Русудан
Инармэс и къуэ Идар
Идар Темрыкъуэ
Инал Нэху
Поделиться:
Читать также:
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
16.04.2024 - 17:52 →
Де Марикур Леон
|