Коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ

Коррупцэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм теухуа семинар иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн районым и щIыналъэ администрацэм. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Бахъсэн районым и прокурор Бэшорэ Аслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым конституцэ, административнэ правэмкIэ и кафедрэм и доцент Исхьэкъ  Аслъэн, район администрацэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэмкIэ, спортымкIэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм я депутатхэр.
Семинарыр къыщызэIуихым Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ  Iэхъуэбэч Анзор къызэхуэсахэр къыхуриджащ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы Iуэхум зэIухауэ, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу тепсэлъыхьыну.
Коррупцэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр зэблэзыгъэкI хабзэ  мардэхэр зэрызэтеувам зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ районым и прокурор  Бэшорэ  Аслъэн. Коррупцэр зищIысыр, абы и лIэужьыгъуэхэр зыхуэдэр, а хабзэншагъэм къэралым и социальнэ, политикэ лъабжьэхэр зэрыщIиудыр, демократие зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрилъахъэр IупщIу къигъэлъэгъуащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Исхьэкъ Аслъэн.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщхьэхукIащ коррупцэм пыщIа хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъуным хабзэхъумэ органхэри цIыхубэри зэгурыIуэу  телэжьэн зэрыхуейр.

 

Чылар Аринэ.
Поделиться: