ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

МафIэм имыс, псым имытхьэлэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал Кузнецов Георгий и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щыгъуазэ хъуа дэтхэнэми игъэщIэгъуапэу жиIэнщ: «Мы цIыхум имыгъэунэхуауэ сыт щыIэ?! МафIэ къыщIэнэри - исакъым. Хым щIэтIысыкIыу хуежьэри - итхьэлакъым. Биишэри зыбжанэрэ къылъэIэсат - къелащ. АтIэ аракъэ «насыпыфIэщ» жыхуаIэжыр...»
Зауэ нэужьым Георгий и Iуэхур дэкIуэтеящ. Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэу (академиеу) тIу къиухри, къэралым и дзэ Iэтащхьэхэм ящыщ зы хъуащ - щытхъу зыхужаIэ, пщIэ зыхуащI къулыкъущIэшхуэщ. Дауи, насыпыфIэу щытын хуейщ апхуэдэр!
Езым ар щызэхихкIэ, къущхьэмышх мыхъу зышхым хуэдэу, и нэкIур золъэ, гукъеуэ-гукъэкIыж хьэлъэ гуэрхэм зэщIаубыдэ. Хэт ищIэн иджыпсту абы и нэгум къыщIэувэжхэр?.. Зауэм хэкIуэда и ныбжьэгъуфIра?
МафIэ зыщIэнауэ ехуэх кхъухьлъатэм, езыр дэмыIэпыкъуфу, ирисхьара? Е бомбэхэмкIэ зэтракъута совет къуажэм Iисраф щыхъуа лIыжь-фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ и нэгум къыщIэувэжа? Зэманым хузэфIэкIакъым зауэм къиша къулейсызыгъэхэр абы и гум иригъэхужын, теплъэгъуэ шынагъуэхэр и нэгум щIигъэкIуэдыкIыжын.
ИтIани, генералым и нэгум щIэхыу зызэлъыIуехыж. Ар топсэлъыхь Хэку зауэшхуэр ди совет цIыхухэм я дежкIэ гъэунэхуныгъэ ину зэрыщытам, тхыдэм къыщымыхъуауэ цIыху мелуанхэм лIыгъэшхуэ зэрызэрахьам, ди щIалэгъуалэм абы дерс къыхегъэхыным иIэ мыхьэнэм. НэщхъыфIэ къэхъужауэ Георгий топсэлъыхь дуней псом фIэтелъыджэу ди къэралым зауэ нэужьым игъуэта зыужьыныгъэшхуэхэм. Игу къегъэкIыж зауэм и пэ лъэхъэнэр, Налшык къалэ зэрыщыпсэуар. И caбиигъуэмрэ и щIалэгъуэмрэ щигъэкIуа щIыпIэр абы зэи щыгъупщэркъым.
Школыр къыщаухым зэныбжьэгъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хъуэпсапIэ нэху куэд яIэт я гъащIэр зэраухуэнум теухуауэ, насып дахэкIэ я къэкIуэнум псори щыгугъырт... Ауэ а псори фашистхэм къызэпауд... Илъэс пщыкIуийм иту и Хэкур ихъумэжыну Налшык яфIыдэкIат Георгий…
Генералым и нэгур аргуэру зэхоуэ... Асыхьэтым зыхыбощIэ зауэр зыгъэунэхуахэр насыпыфIэ-насыпыншэкIэ зэхэбгъэкIыну зэрымытыншыр, насыпыр гурыфIыгъуэ защIэу зэрызэхэмылъыр, ар цIыхупсэхэр къезыхуэкI, махуэ къэс зыхуэпабгъэ къару лъэщу зэрыщытыр.
Кхъухьлъатэзехуэу ирагъаджэри, Кузнецов Георгий 1943 гъэм и жэпуэгъуэ мазэу зауэм Iухьащ. ЯпэщIыкIэ тенджыз ФIыцIэм, иужькIэ Балтикэ тенджызым я уэгум щызэуащ.
… Мы къэтIуэтэжынур Георгий тенджыз ФIыцIэм щхьэщыту къэхъуащ. Бий кхъухьым бомбэкIэ зыбжанэрэ еуэри, ар мафIэу зэщIигъэнащ, лъагэу зиIэтыжуи хуежьащ. «Иджы хъунщ», - жиIэу зыкъигъэзэну щыхуежьэм, къыхэщтыкIащ: нэмыцэ дамыгъэ зытет зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэ псынщIэр, уафэхъуэпскIым хуэдэу, я бгъумкIэ къыщыбгъэдохьэ, езым и «бомбэзешэр» нэхъ хуэмщ, нэхъ мыкIуэмытэщ... Зы тэлай дэкIыжмэ, биишэхэр къытелъэлъэнурэ, хым хэхуэнущ. Сыт ищIэнур? ПсынщIэу зригъэхуэхыу щIедзэ. Бий кхъухьлъатэр абы щхьэпролъэт, ищхьэмкIэ къыщоцырхъ жыпIэну. Георгий зиIэтыжу хуожьэ... Нэхъри зигъэлъахъшэу бийм IэщIэкIыфынут, ауэ и щхьэм трилъхьэркъым.
А дакъикъэ кIэщIым Iэджэ игъэващ Георгий, Iэджэ гупсыси и щхьэм щызэблэуащ. «Гъэзэжын хуейщ, псэууэ гъэзэжын хуейщ, мы пщIэр зыми къыпxyигъэдэxэнvкъым… Зыкъегъэл!.. Зыкъeгъэл!.. Зыкъегъэл!..» - а псалъэхэр, зыгуэ­рым къыжриIэ хуэдэ, и тхьэкIумэхэм къи­Iуэрт... А псалъэхэр къызэрыIум хуэдэуи, и нэгум къыфIыщIыхьэрт бийр, и дзэхэр къыIуигъэпсауэ, къыщыдыхьэшхыу. Ди уафэми дримыгъэтыжыну, ди щIылъэми дытримыгъэтыжыну къэкIуа бийм зыфIигъэпщкIунуи?.. Хьэуэ! Мес, езыри зыкъигъэзауэ къыхуокIуэ... «А уэ узэрысым хуэдэ сисащэрэт, бетэмал!» - игу къокI Георгий, бийр и щIыбым къыфIыдыхьэу хуежьэу аргуэру зыщригъэхуэхкIэ. Иджы, бийм зэрыпэмылъэщым игъэгубжьауэ, нэхъ лъахъшэж зещI, тенджызым хэхуэным нэсауэ... Зызэтреубыдэж. ХэкIуадэу щытми, бийр зэ и гупэ къищIыну, ауэ щIэмыпхъуэжыну ерыщ йокIуэ. ИкIи, IулъэтыкIыж хуэдэурэ, зеIэт. Уэгу лъащIэм ихьауэ зыкъегъазэри, гу лъетэ фашист кхъухьлъатэзехуэм аргуэру къызэрыхуиунэтIар. Иджы абы ищIэнум щыгъуазэщи, Iэмал хуокIуэ. МащIэу зегъэлъахъшэ, кIэщIу къыдрегъэзеижри, гъунэгъу къэхъуа нэмыцэ кхъухьлъатэм накIуэпакIуэу хуеунэтI. ТIуми ярыт пулемётхэр мэлъалъэ, хьитI зэрауштам хуэдэу, «мэбанэ»... Ди кхъухьлъатэм зигъэлъэхъшэну зи гугъа нэмыцэм нэхъ ищIагъкIэ и шэхэр еутIыпщ...
НапIэдэхьеигъуэ хуэдиз зэманщ а псори къызэрыхъур - зэпежьа кхъухьлъатитIыр, шитI зэпежьам хуэдэу, псынщIащэу гъунэгъу зэхуэхъурт. ЩIакIуэ кIапэ зэдытехьа цIыхуитIым я кIэрахъуэхэр зэдагъэуакIэт. А тIур зэхуихьырт гужьгъэжьым, бампIэм, ажалым, ерыщагъ бзаджэм. ИкIи тIуми я гугъэр гъащIэм хахыж хъунут, ауэ... Иужьрей напIэзыпIэм бий кхъухьлъатэм… лъэныкъуэкIэ триIуэнтIащ. А тэлайм абы, и кIыхьагъ псомкIи кIуэцIрихыу, шэхэр телъэлъащ. Гъунэгъу дыдэ къыщыхъуам Георгий Iуплъат бийм и нэкIум... Шэхум хуэдэу хужь хъуат а нэкIур, нэ щхъуантIэ цIыкIухэри гужьеят, щтэIэщтаблэт... Георгий хуиту бэуэжащ: бий кхъухьлъатэр, Iугъуэм зэщIищтауэ, тенджызымкIэ ехуэхырт...
Ар кхъухьлъатэзехуэ щIалэм япэу къриудыха бий кхъухьлъатэт. ИужькIэ Георгий куэдрэ щыгуфIыкIыжащ абы щыгъуэ кIэбгъу зэрызимыщIыжам. Бийм пикIуэтауэ щытами, и щхьэм хуигъэгъужынутэкъым. ИужькIи зы бжьизкIэ бийм худимычыхыу зэуащ Кузнецовыр.
... Генералым и къулыкъущIапIэр зэи цIыхуншэ хъуркъым: абы зэIущIэхэр щрегъэкIуэкI, Iуэху зиIэхэм щахуозэ, телефон зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ псалъэурэ, унафэ гуэрхэр щещI, дзэхэм я еджэныгъэхэр зэрекIуэкIынухэр щеубзыху. Iэджэ Iуэхум полъэщ, жырым хуэдэу, зауэм ипсыхьа а цIыхур. И ныбжькIэ мыщIалэжми (уIэгъэжьхэми зыкърагъащIэ), ар сыт щыгъуи зэщIэкъуащ, уардэу зиIыгъщ. БлэкIамкIэ зыкъипщытэжурэ, цIыхур къэкIуэнум егупсысын зэрыхуейм и гъуазэщ. «КхъухьлъатэщIэхэр иджырей зэманым къигъэув къалэнхэм пэлъэщыфын хуэдэу дауэ къэгъэсэбэпа хъуну? Зауэ екIуэкIам дызыхуигъэсахэр нобэрей махуэм къыхэхъукIахэм дауэ едгъэщIэфыну? Зауэ къэхъу хъужыкъуэмэ, зыгуэрхэм дахущыщIэу къыщIэмыкIыжыну пIэрэ?» - жиIэу, сыт хуэдэ Iуэхуми гумызагъэу хущыту абы къулыкъу хуещIэ фIыуэ илъагъу и Хэкум. Къэрал унафэщIхэри абы хуэарэзыщ. Хьэуа Къарухэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм къыпэкIуэу псом япэ абы къыфIащауэ щытащ «СССР-м и кхъухьлъатэзехуэ нэхъ Iэзэ» цIэ лъапIэр.
Пэжщ, иджыпсту кхъухьлъатэхэр езым зэригъэкIуэжыркъым. Апхуэдэ хущIыхьэгъуи узыншагъи абы иIэжкъым, ауэ Георгий фIыуэ щыгъуазэщ дэтхэнэ кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэщIэри зыхуэдэм, абы уздынихьэсыфынум, ар IэщэкIэ зэрызэщIэузэдам, а Iэщэхэри зыхуэдэм. Дауи, ар фIы дыдэу щы­гъуазэщ езыхэм «зызэрагъэлIыфIу» щыта кхъухь­лъатэхэмрэ иджы щыIэхэмрэ шурэ лъэсрэ зэразэхуакум. ИтIани, гуапэу игу къокIыж зауэр щIидзэу куэдыщэ дэмыкIыу къэунэхуауэ щыта ди кхъухьлъатэхэр бийм ейхэм ефIэкIыу зэрыщытар. Ауэ абы къикIыркъым ди зауэлIхэм зауэр тыншу къахьэхуауэ, бийр тIасхъэу щытауэ. ХэщIыныгъэшхуэ ягъуэтущ, Iэджэ бэлыхьи ятелъущ цIыхухэри къэралри а зауэм зэрыщытекIуар…
Зэгуэрым зы кхъухьлъатэ гуп хъууэ бийм и гущIыIу ихьауэ фашист лъэсыдзэр Iисраф зэтращIэрт. ХамэщI къикIауэ ди лъахэр зыутэхэр щысхьырабгъу хуамыIэу зэтраукIэрт. А махуэм танк, машинэ, топ куэди зэтракъутащ. Ди лъэсыдзэми Iэмал иратащ ебгъэрыкIуэну. А Iуэхум здыхэтым, гу лъамытэу бий кхъухьлъатэхэр къызэрыкъуэхащ. Зэхэуэм щIадзащ. ЗэрыдаIуэ IэмэпсымэхэмкIэ зэуэ и ныбжьэгъу гуэрым и макъ къызэхех: «Георгий, уи щIыбагъым «Мессерыр» ныдохьэ».
И кIэм къыпытIысхьам IэщIэкIын мурадкIэ, абы лъэныкъуэкIэ зыщIедз, ауэ кIасэ хъуат. Удын хьэлъэ гуэрым и кхъухьлъатэр хыфIедзэри, ар топышэкIэ къызэракъутар къыгуроIуэ. И нэкIуми лъы хуабэр къызэрежэхыр зыхещIэ, итIани, мыгужьейуэ, лъэныкъуабэ хъуа и кхъухьлъатэм занщIэ зыкърегъэщIыжри, зэхэуэм хыхьэжыну хуожьэ. АрщхьэкIэ дагъэгъэсыныр зэрытыр къызэщIэнауэ къыщIокIри, кхъухьлъатэ кIуэцIым Iугъуэмрэ мафIэмрэ къолыдэ. Сенычылъэ къэлыдам хуэдэщ и кхъухьлъатэр, иджыпсту сахуэщ къыхэнэжынур. Елъэн хуейщ. Бжэм къоIэри, къикIыпIэр зэIуех. МафIэ бзийр къыдолыдейри и парашютми езыми къащIонэ. Къызэрелъэнур мафIэм есыж. Сыт къыхуэнэжыр? ХэкIыпIэ зимыIэ Iэмалыншагъэщ... Хэт ищIэрэ, кхъухьлъатэр хьэуам къыщымыуэ щIыкIэ, и насып кърихьэкIрэ хуэгъэтIысамэ, къелынкIи хъунт. ИгъэтIысынуми, бийхэр щытепщэ щIыпIэщ иджыпсту ар зыхуэзанщIэр. НтIэ сыт и Iэмал? ЩIым гъунэгъу къыхуохъу - бийм иIыгъ щIым. ЗанщIэу яубыдынущ. Тхьэм ар жимыIэкIэ, мы мафIэм хисхьэми нэхъыфIщ, гъэр хъу нэхърэ...
 А псэзэпылъхьэпIэ дакъикъэми Георгий гужьеякъым - кхъухьлъатэр къызэрыуэнур, зэрыхэкIуэдэнур ищIэу зыхуэIыгъащ... И нэкIур, и Iэхэр мафIэм илыпщIу хуежьарэ и щыгъынри къызэщIэнауэ, итIани зыхуэIыгъащ. Тегъэхуэпауэ дакъикъэхэмрэ жыжьагъымрэ зэпилъытурэ, абы дыдейхэм гъунэгъу закъыхуищIыжырт. ИкIи плъэмэ илъагъуу ди дзэ тIысыпIэхэм ящхьэщокIуатэ. Абыхэм я деж нэсыным зымащIэ фIэкIа имыIэжу, кхъухьлъатэр егъэтIысыф…
МафIэ къызыщIэна кхъухьлъатэм къижауэ цIыхуитI къазэрыхуэжэр зылъэгъуа ди совет зауэлIхэм зыкъыщащIэжар ахэр къабгъэдэлъэда нэужьщ. Асыхьэтым тхьэкIумэIупсыр иричу зыгуэр къэуащ. ЗэплъэкIмэ, ялъагъу: цIыхуитIыр къызэретIысэхар Iугъуэрэ гъуэзу уэгум дрехуеиж. «ФыкъэнэкIафIэщ, сыту фыкъэнэкIафIэ», жаIэурэ лъэсыдзэм щыщ щIалэхэм кхъухьлъатэзехуэмрэ абы щIыгъуа радистымрэ мафIэм ис я щыгъынхэр къыщатхъ, уIэгъэпхрэ хущхъуэ гуэрхэмрэ зыIыгъ цIыхубз щхьэцыгъуэр къагъэсри, кърагъэIэзэ... «Аращ «зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щыIэкъым» щIыжаIар, - погуфIыкI генералыр. - ДяпщэкIэ къыщыс къэралхэр мэдауэ зауэ нэужьым дунейм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр ягу иримыхьу, «ЩIырэ псыкIэ фыкъыдэдыгъуащ», - жаIэу. Iэщэри ягъэдалъэ… Дауи, мащIэ дыдэу фIэкIа абыхэм ялъэIэсакъым ЕтIуанэ дунейпсо зауэр. Ар дэ къызэрытлъэIэсам хуэдэу ялъэIэсамэ, си Iуэхут замыущэхутэмэ. АтIэ мы дунейм дэ дыкъызэмылауэ сыт щыIэ?»
ТэлайкIэ щыму щысщ генералыр, итIанэ и псалъэм пещэ: «Емынэм къелар хъумбэлейм ехьыж» жыхуаIэр зэгуэрым къысщыщI пэтащ. Зауэри и кIэм нэблэгъат а лъэхъэнэм… Арати, бий кхъухьхэм датеуауэ, тенджызым сыкъыщраудыхри, псым сыхохуэ. Сыкъыщехуэхым парашюткIэ сыкъелъэ хъунут, ауэ зэIынэри бжэр къысхуIукIатэкъым…Зи щIэр щIэуда кхъухьлъатэр куэдрэ псы щIыIум тетынт? Сэ ар, тезгъэлъэтыкI хуэдэурэ, тенджызым тезгъэтIысхьати, занщIэу щIилъэфакъым. Иджы хуэмурэ щIотIысыкI, сэ къикIыпIэм сыкъозауэ. Псы щIагъ дызэрыхъуу, бжэр мэхъей, ауэ псым къытрикъузэ хъуащи, плъэкIмэ - Iух. Къарууэ сиIэр зэхуэсхьэсри, зэ сыкъекъуащ. Си къупщхьэ зэрытыпIэхэр зэрылъэлъыным нэсауэ аргуэру сыкъекъуащ... Тенджыз абрагъуэм сыщIипIытIэну кабинэр къыстрикъузэу къысщыхъурт... Ещанэм сыкъыпэлъэщащ. СыкъыIэщIэкIащ ныкъуэзэIух сщIа бжэмкIэ... Арат си гугъэр. АрщхьэкIэ кабинэр щызэхуищIыжым си кIэрахъуэр адэкIэ къанэри, ар зыпыщIа фэ тхьэмпэ цIыкIухэр диубыдащи, кхъухьлъатэм сыздрелъэфэх. ЖьыIурыхьэгъуэм гур щIохъуэпсри, сыкъызэгуэудыным сынэсащ. Зы тэлайкIэ псыр къызжьэдэуэнущ. ЗезундэкIыу щIэздзащ. Зэ силъащ япэкIэ... ЕтIуанэу сыщилъым, фэр зэпычащ. Хуит сыхъуауэ сыкъыдосеиж. Сыкъыдосеиж нэху здэщыIэмкIэ, дыгъэмкIэ, хьэуамкIэ... Ауэ гъуни нэзи ямыIэжыххэм хуэдэт псы къатхэм, зэи дуней нэху сымылъагъужыным хуэдэт, си гур зэгуэудыным нэсат, лъыр си щхьэм къыдэуеяуэ, тхьэкIумэхэр вурт…
Сытми сыкъэсыжащ нэху здэщыIэм, хьэуа здэщыIэм... Уэху! Сыту фIы хуиту убауэу мы дунейм утетыну!.. Псы шыугъэр фIыуэ къызжьэдэуауэ тенджыз щхьэфэм сыкъыщысам, къаруи сиIэжтэкъым, псэи схэмытыжым хуэдэт. ЗысщIэжуи къыщIэкIынтэкъым, апхуэдизкIэ сыундэрэщхъуати. Ауэ дыкъыщехуэхым парашюткIэ къелъауэ хьэфэ гъэпщар и кхъуафэжьейуэ псым тета Стрижок - абырэ сэрэ зауэ куэд дыздыIутащ - сыкъригъэлащ».
Кузнецов аргуэру хэгупсысыхьащ. Дауи, тыншкъым а псори псэкIэ щIэрыщIэу бгъэвыжыну? «СокIуэд» щыжыпIэ дакъикъэм укъелыныр зыхуэдэр зымыгъэунэхуам ищIэнукъым. Ар хъунт езыр-езыру укъелтэмэ. ГъащIэм укъыщIэбэнурэ, хьэзабыр птелъурэ мащэм уезылъэфэх къару шынагъуэм уIэщIэкIыныр - ар текIуэныгъэшхуэщ. Ар псэм зезыгъэузэщI, гур хэзыгъахъуэ текIуэныгъэщ. Ар цIыхум щыгъупщэжыркъым... Кузнецов Георгий апхуэдэ гукъэкIыжхэр и куэдщ...
А лъэхъэнэм дзэм къыщыдагъэкIыу щыта газетхэм ящыщ зым, «Балтикэм и кхъухьлъатэзехуэ» газетым, Кузнецов Георгий теухуа тхыгъэхэр къыщыбгъуэтынущ. Абыхэм ящыщ зыр мыпхуэдэу къыщIидзэрт: «...Уэгур зыхъумэ зениткэхэм я мафIэ гуащIэм пхрыкIхэри, ди бомбэзехьэхэр бий кхъухьхэм ящхьэщыхьащ икIи абыхэм ятехуэу бомбэхэр ирадзыхащ. А зэхэуэм къыхэжаныкIащ лейтенант нэхъыжь Кузнецовыр - бомбэкIэ еуэурэ, тонн миниплI зэрыхуэ кхъухьыр щIезыгъэлъэфар».
А газет дыдэм и нэгъуэщI къыдэкIыгъуэм укъыщоджэ: «Гвардием и капитан Кузнецовымрэ гвардием и лейтенант Красовскэмрэ дрырагъэхуеящ бийм и топ зыбжанэ, автомашинэ 50, гу зэщIэщIа 19, зэтраукIащ фашист 250-рэ».
Абы и ужькIи Георгий нэхъ ехъулIэныгъэшхуэ къехь. 1944 гъэм фокIадэм и 21-м абы щIрегъэлъафэ тонн мини 8 зэрыхуэ хьэлъэзешэ кхъухь абрагъуэр.
Зэ еуэгъуэкIэ ар псым хущIэгъэтIысыкIакъым, зыбжанэрэ ебгъэрыкIуащ... Кхъухьым ит уэгухъумэ пулемётхэм шэр къыхудрагъэлъэлъейрт, кърагъэпсыхын мурадкIэ. Ауэ езым Iэзагъышхуэ хэлъу кхъухьлъатэр уэгум «щигъэджэгуурэ», шэхэри зылъимыгъэIэсу, и мурадыр зригъэхъулIащ. И ныбжьэгъухэми, и унафэщIхэми къалъытащ Кузнецовым батэр игъэшауэ. Абы щыгъуэ зэрихьа лIыгъэхэри, нэхъапэхэм хахуэу зэрызэуари гулъытэншэу къэнакъым. 1945 гъэм и гъатхэпэ мазэм Кузнецов Георгий Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIри, Дыщэ Вагъуэри и бгъэм къыхалъхьащ. Абы и пэкIи, и ужькIи Георгий дамыгъэ лъапIэ куэд къратащ. Абыхэм яхэтщ Ленин ордену тIу, Бэракъ Плъыжь орденыр, Александр Невскэм и цIэкIэ щыIэр.
 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: