Тхьэм и унэ

Сыжажэ Ахьмэд Хьэжпагуэ и къуэр 1928 гъэм къалъхуащ. 1941 гъэм 5-нэ классыр къиухащ. Абы и иужькIэ колхозым щы­лэ­жьащ. Дзэ къулыкъу нэу­жьым Тырныауз комбинатым кIуэри, илъэс 22-кIэ шахтэм щIэтащ, 1990 гъэ лъандэрэ къуажапщэ жэ­мыхьэтым и ефэндыуэ лэжьащ. 1994 гъэм хьэ­жыщI щы­Iащ.

Ди Тхьэшхуэм и пащхьэ напэ къабзэкIэ ихьэжыну зи мурад дэтхэнэ муслъымэнми хуэдэу, сэри хьэкъыпIэкIэ спхыкIащ уи дин пIыгъыжыным нэхъ лъа­пIэ зэрыщымыIэр. Сы­зэры­сабийрэ хьэрэмагъым зыщызодзей, Алыхьым и нэмыплъ къызэрызмы­хьы­ным яужь ситщ. КъурIэным си нэ къыхуикIырти, абы сыкъеджэфу сригъэсащ си анэ шыпхъу Щоджэн Чау­сэр. КуэдкIэ къыздэIэпы­къуащ си щхьэгъусэм и адэ, ди къуажэ ефэндыш­хуэу дэса Щоджэн ХъуатIэ, шах­тэм къыздыщIэта къур­IэнIыхьлы ГъукIакъуэ Хьэгуцырэ сымэ.
ФIыщIэшхуэ яхузощI дин Iуэхухэм ятеухуа куэдым щыгъуазэ сызыщIа Iэпщэ ­Гъузер, Шорэ Чашиф, Щоджэн Чазим сымэ. Я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI!
ЦIыхухэм я губгъэн къыу­мыхьу улэжьэныр тыншкъым. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къалэн егъэзащIэ ефэндым. Нэщхъеягъуэ зи­Iэм и пщIантIэм дэтын ­хуейщ ар махуэр щыуаеми щыжьэражьэми, емыкIу къри­мыгъэхьу, дунейм ехы­жам и псэр имыгъэгузавэу.
Зэрихьэ диным зигу хуэкъабзэм и гур сыткIи къабзэщ. Зы дини щыIэу сэ сщIэркъым, фэсэдыгъэм укъыхуриджэу. «Уэ уджаурщ  умуслъымэнщ» жыпIэу дин зэхэгъэж пщIы хъунукъым. Диныр зэпэбубыду узэныкъуэкъуныр гуэныхьышхуэ зыпылъщ.
Муслъымэн дин хабзэхэр зэрысхузэфIэкIкIэ тэмэму згъэзэщIэну иужь ситми, сэ сыщIэхъуэпсырт хьэ­жыщI сыкIуэну, Чэбэ мэжджытым и блыным хэт мывэ лъапIэр си нэкIэ зэзгъэлъагъуну. Тхьэм я псапэм къахупищэ, си щIалэхэм гъуэ­гупщIэр, гъуэгу тхылъ­хэр схузэрагъэпэщри, ари къызэхъулIащ, ауэ абы иужькIэ сэ фIыуэ къызгуры­Iуащ, Мэчэ нэс умыкIуэми, псапэ зэрыпхуэщIэнур. ЦIы­ху­­хэм зыгуэркIэ за-щIэбгъакъуэмэ, зыщыгу­фIы­кIын гуэр яхуэпщIэмэ, тхьэмыщкIэм удэIэпыкъу­мэ, псапэ хэкIыпIэщIэщ ахэр.
Сэ мурад сщIат мэжджыт сухуэну. Псом япэу ­    а Iуэхум сыщытеп­сэлъы­хьащ­ ди унагъуэм. Си щхьэгъусэми, си щIалэхэу Хъусени, Хьэсэни, Чэмали, Толи, Артури си мурадыр къызда­Iыгъащ, яхузэфIэкI псом­кIи къыздэIэпыкъуну сы­къа­гъэгугъащ. Ар щызэхахым, къуажэдэсхэми я ­гуапэ хъуащ.
Мылъку гуэр зыбгъэдэ­лъым зыкъытщIигъэ­къуащ, IэщIагъэ зиIэхэр, къа­рукIэ зыгуэр зыхузэ­фIэкI­хэр ди щIыхьэхухэм къы­хы­хьащ. Арати, къуа­жапщэм и уэрам нэхъыщ­хьэм къы­теуващ зи мухьэ­рэбыр дыгъэм пэлыд, тIууэ зэтет унэ хужьышхуэ. Сэ сыхуейт абы и ухуэныгъэм мылъку­кIэ, къарукIэ хэлIы­фIы­хьа­хэм я цIэ къисIуэну. Абыхэм ящыщщ Соблыр Руслан, Джэдгъэф Марян, Щомахуэ Хьэрэбий, Къуэ­дзокъуэхэ Хьэсенрэ Iэуес­рэ, Шэт Руслан, АбытIэ Мусэ, Жы­лау Барэ, ЛIизэм Барэсбий, Согуэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зэрагъэплъ батарее 21-рэ пщIэншэу тхуигъэуващ Къумыкъу Хъусен Алий и къуэм.­ Пэшхэр хьэкъыншэу шту­катур тхуищIащ Къу­мыкъу Хъусен Хьэмид и ­къуэм.
Си щIалэ Хъусен сом ­мин щэ ныкъуэ къызитри, мэжджытым и кIуэцIыр къредгъэщIыкIащ.
Тхьэм и унэр ухуэным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми я псапэр минкIэ Алыхьым яхуигъэбагъуэ!
Къуажэ щыхъукIэ, Iуэху Iэджи дэлъщ. ФIым къы­дэкIуэу, мыхъумыщIи щып­лъагъунущ. Куэд щIауэ сигу къоуэ къуажэм кIуэцIрыкI кIэнауэм цIыху куэд зэры­хэкIуадэр. Псы нэпкъыр за­дэщ, цIэнтхъуэрыгъуэщи, у­бэлэрыгъамэ, бетэмалщ абы ухэкIуэдэныр. Ар зэры­шынагъуэр къалъытэри, ­гъущI пкIэлъей цIыкIухэр бе­тоныбгъум хагъэуват, ауэ­ ахэр жьы хъури, хэхуэжащ. Къэнахэри къуей­щIей­хэм хатхъыжащ. Иужь­кIэ бетон бжыхьыр цIы­ху зекIуа­пIэ­хэм Iуагъэуват, арщ­хьэкIэ ахэри  гущIэгъу зыхэмы­лъхэм якъутащ. Гужьеигъуэ ихуам дежкIэ сэбэ­пыш­хуэ хъунут, гъущI пкIэлъей цIыкIухэр хагъэувэжамэ е гъущI кIапсэ епхъуапIэ гуэр­хэр ящIамэ.
Щхьэж и диным пщIэ хуи­щIу, ирилажьэу, ирипсэууэ, нэхъыфI-нэхъыкIэкIэ зэхимыдзу, бэIутIэIуншэу, узын­шэу Тхьэм цIыху псори ды­зэ­дигъэпсэу, мурадыфI ди­Iэу, ди хъуэпсапIэхэр къы­дэхъулIэу.

 

Сыжажэ Ахьмэд-хьэжы.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу