ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Хэкум и бын пэж

Мэзкуу зыхъумэжхэм ягу къэкIыртэкъым зымащIэкIи бийм худачыхыну. Ахэр лIэн-къэнэну пэщIэуват езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, Iэщэ лъэщкIи зэщIэузэда биидзэм. ИгъащIэм къэмыхъуа лIы­хъужьыгъэхэр зэрахьэрт, нэгъуэщI Iэмал щамыIэжым деж лагъымхэр ябгхэм щIапхэрэ танкхэм щIэгъуалъхьэу, я бгъэмкIэ дзотхэр зэхуащIу... АтIэ фашистхэм я гугъащ махуэ бжыгъэкIэ Мэзкуу къащтэну, дуней псом зэхахыу ар ягъэхъыбарат...
Гитлер и унафэр ягъэзащIэу, Германием и дзэ Iэтащхьэхэр зыщысхьыжыртэкъым, зы дзэм адрейр кIэлъыкIуэу Мэзкуу къраутIыпщырт. Мис апхуэдэ пыIэзэфIэхь зэману Мэзкуу деж зауэм щыIухьащ ди хэкуэгъу Иллазаров Исай.
 … Зылъэгъуахэм ящIэж 1941 гъэм и щIымахуэр уаеу зэрыщытар. ЩIыIэр градус 50-м щынэс щыIащ, ауэ абы щхьэкIэ зауэ гуащIэхэр зэпыуакъым… Исай зыхэхуа ротэм уэздыгъей мэзым и лъапэм деж зыщигъэбыдат. Япэу зауэм Iухьэ дэтхэнэми хуэдэу, Иллазароври гузавэрт: «Дауэ сыкъыщIэкIыну пIэрэ? ЕмыкIу къэзмыхьащэрэт», - жиIэу. Нэхущым деж къилъэгъуащ абы уэс Iув зытелъ губгъуэшхуэм къыщыхъея бийхэр: танкхэр зэбгъурыту къакIуэрт, лъэсыдзэр абыхэм я ужь итыжт. ЯпэщIыкIэ топышэхэм фиин щIадзащ, итIанэ Iуэхум хыхьащ пулемётхэр, автоматхэр, фочхэр... Шэ зэщIэфием, лагъым къэуэжхэм уэсыр ядэткIурт, щIыр дэгызырт. Ди топхэм танк зыбжанэ якъутащ, итIани, фашистхэм къебгъэрыкIуэн щагъэтыртэкъым, хьэдэ лъэмыж зэрызэтехъуэри кърадзэртэкъым. Сыт хуэдиз фашист зэтраукIат а махуэм! Езым и фочыпэми зы бий ихьакIэт. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу бийр икIуэтыжащ... Исай уэсым хэст пщIэнтIэпсыр зрикъуэкIыу, хуабжьу зэрешар зыхищIэу. «КъызэрыщIэкIымкIэ, зауэм уIутыныр лэжьыгъэ хьэлъэщ», - егупсысащ ар, зыкъиIэтыжурэ.
Дыгъэгъазэм Иллазаровыр уIэгъэ хъури зауэм къыIуашащ. УIэгъэщым здыщIэлъым абы щIипщытыкIыжырт къигъэщIа илъэсхэр, и псэукIар. АтIэ абы и ныбжьыр илъэс тIощIым зэрыщхьэдэхрэ куэд щIакъым. Илъэгъуаишхуи щыIэкъым, итIани IэфIу игу къигъэкIыжын иIэт: школыр, комсомолыр, егъэджакIуэхэр, дунеяплъэ ежьа пионерхэм мафIэшхуэ зэщIагъэстрэ и хъуреягъым къыщыфэу, щыджэгухэу зэрыщытар.
 «Нэхъ пасэу балигъ сыхъуащэрэт», - жиIэу къэхъуащ. 1934 гъэм ебланэ классыр къиухри вакъэ щащI фабрикэм лэжьэн щыщIидзащ, комсомолым абы щыхыхьащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Исай шоферу щIакхъуэ гъэжьапIэм щолажьэ. Илъэс пщыкIуийм иту фыз къешэ. Надярэ абырэ зы бын зэдагъуэтауэ зауэр къэхъеящ.
 И анэмрэ и щхьэгъусэмрэ кърагъэжьащ. И анэм ерагъкIэ зиIыгът. «Гъуэгу махуэ, си щIалэ, уи щхьэр хъумэ», - жиIэу зригъэзэкIыурэ и нэпсхэр щIилъэщIыкIырт. Сабийр зи Iэблэм тес Надя и нэпсхэр игъэпщкIуртэкъым. «Ди щIалэ цIыкIум и хьэтыркIэ зыхуэсакъыж... Зыхуэсакъыж». Иджыри къэс а псалъэхэр и тхьэкIумэм итщ, и щхьэгъусэм и макъыр щыгъупщэркъым... ИтIанэ ар щыгъуазэт Надя бын етIуанэм зэрыпэплъэм. Абыи иригузавэрт. «Аргуэру зы къахэхъуамэ, дауэ я Iуэху ехъулIэрэ?» - жиIэу. Ауэ унэм къикIыу япэ письмор къыIэрыхьа нэужь и гур зэгъэжащ. Зэнысэзэгуащэм къатхырт абы етIуанэ щIалэ цIыкIур къызэрыхуалъхуар, Владимир зэрыфIащар, къэралыр къазэрыдэIэпыкъур.
 Езыми письмокIэ яхуиIуэхуащ Москва зыхъумэхэм зэрахэтыр, бийр куэд мыщIэу зэрызэхакъутэнур. «Мы кIуэцIрыхун фашистхэм зэ датевгъакIуэ, итIанэ нэзгъэзэжынщи, дефIакIуэу дыпсэунщ», - апхуэдэу иухырт и тхыгъэр...
 Узыншэ зэрыхъужу ар зауэм Iухьэжащ. Москва деж щикIуэтыжа бийм иджыри и къару илът, иджыри зауэр къихьэхун и гугъэт. Зы къали, зы къуажи, зы псы зэпрыкIыпIи къигъанэртэкъым лъы имыгъажэу. Ауэ зи Iэщэми зи цIыхуми хэхъуэ советыдзэр абы къыхузэтегъэувыIакъым. ЕбгъэрыкIуэхэм яхэту Иллазаровми зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэр километр миным щIигъукIэ икIуащ, зэуащ, лIыгъэ къигъэлъагъуэу. Бийм щысхь хуиIакъым. Белоруссием щызауэу Исай и бгъэм къыхалъхьащ ЩIыхь орденым и ещанэ нагъыщэр.
 ... Витебск лъэныкъуэмкIэ ди дзэр ямыгъэкIуэну фашистхэм зыхъумэжыпIэ лъэщхэр яухуат. Бийм нэхъ зыщигъэпхъашэ щIыпIэ гуэр къищтэну сержант Иллазаровыр зыхэт ротэм къалэн къыщащI. А щIыпIэм ебгъэрыкIуэну ротэр йожьэ. Ауэ фашистхэр зыдэс щIытIхэм нэсыным къэнэжа щымыIэу, топхэмрэ пулемётхэмкIэ бийр къахэуэу щIедзэ. Ди ­зауэлIхэм щIым зыхаубгъуэ. Ротэм и командирыр ­къаукIащ, Iуэхур хэплъэгъуэ мэхъу. Я щхьэр кърамыгъэIэту бийм шэр къатрегъэлъалъэ. Исай и щхьэр къыдрехьейри зеплъыхь... Зы дакъикъэ дэкIыжмэ, псори Iисраф зэрыхъупэнур къыгуроIуэ. «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ», - жеIэри зыкъеIэт.
 272-нэ гвардие полкым и командир, подполковник Пешков зэритхыжамкIэ, а зауэр мыпхуэдэу екIуэкIащ:
 «… Мыхьэнэшхуэ зиIэ а дакъикъэм, шэхэр къызэрелъэлъэхым хуэдэу, Иллазаров Исай зыкъиIэтащ, хьэуэ, зыкъиIэтакъым, автомат гъэпкIар иIыгъыу къыщылъэтри, кIиящ: «ЯпэкIэ, ди Хэкум папщIэ!» Бийр здэщыIэмкIэ илъащ... Иллазаровым зимыгъэгувэу командир къалэныр и пщэм дилъхьэжат, бийм зэpaтeкIуэнyp я фIэщ ищIри, зауэлIхэри зригъэдэIуащ. И щхьэкIэ лIыхъужьыгъэшхуэ къигъэлъагъуэу, дзэ пакIэм унафэ тэмэм зэрыхуищIыфыр къигъэнаIуэу япэкIэ илъащ. Шынэ зымыщIэ Иллазаровыр япэ итщ, абы тегушхуэныгъэшхуэ хэлъу къызэщIиIэтэри, ди зауэлIхэр, шэр бийм трагъэлъалъэу, абы и щIытIхэмкIэ зэрехьэжьащ. Иллазаров хахуэр зауэлIхэр щIыгъуу щIытIхэм нэсащ. Шэм къела нэмыцэхэр IэпщэрыбанэкIэ зэтраукIэурэ, япэ зыхуэза щIытIыр къызэранэкIащ. Абдежым Иллазаровым унафэ ещI, яхэщIыр яхэщIу, бийм и ужьыр хун хуейуэ. АбыкIи нэрылъагъу ещI зауэм и Iэмал щIэуэ къежьахэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр…»
 АдэкIэ полкым и командирым итхырт Иллазаровым и сэбэпкIэ Карташи къуажэр къызэращтар, бийм и зэуапIэ IэнатIэр зэпрытхъа зэрыхъуар, а зэхэуэ гуащIэхэм Иллазаровым и IэкIэ фашист куэди зэрыщыхигъэщIар.
 ЗауэлI хахуэм хуэфащэ гулъыти къыхуащIыжащ - 1945 гъэм гъатхэпэм и 24-м дунейм къытехьащ ар Совет Союзым и ЛIыхъужь зэрыхъуамкIэ унафэр. Ауэ Иллазаровыр абы щыгъуэ псэужакъым - латышхэм я щIыналъэр хуит къэзыщIыжхэм яхэту 1944 гъэм фокIадэм и 6-м къаукIащ. Ар щыщIалъхьащ зауэлIхэм я кхъэу Баускс къалэм щыIам.
 Налшыкдэсхэм ягу ихуркъым я хэкуэгъу лIыхъужьыр. ЯгъэлъапIэ, яIэт абы и пщIэр. Иллазаровыр зыщеджа епщIанэ курыт еджапIэм зэрехьэ абы и цIэр. Налшык щыIэщ Иллазаровым и цIэр зезыхьэ уэрами. Ригэ, Минск, Налшык къалэхэм Хэку зауэшхуэм теухуауэ къыщыдэкIа тхылъхэм Исай и гъащIэм, зэрихьа лIыхъужьыгъэм ятеухуа тхыгъэхэм укъыщеджэнущ.
 Илъэсхэр макIуэ, гъащIэми зэхъуэкIыныгъэ Iэджэ къыщохъу, ауэ Хэкум зыщигъэгъупщэркъым Иллазаровым хуэдэ и бын пажэхэр, гузэвэгъуэ махуэр къыщысым лъахэм зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIахэр. Абыхэм я фэеплъ щIыпIэхэм яхьыну удз дахэхэр сыт щыгъуи мэгъагъэ.

 

Пщыхьэщхьэ къэс

Налшык пединститутым къыщыдеджахэми, иужькIэ дзэм къулыкъу къыщыдэзыщIахэми Оганьянц Грант нэмысышхуэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ щIалэу щытауэ ягу къагъэкIыжырт - гупыр игъэгупыфырт, ныбжьэгъур игъэпэжыфырт, езым и щхьэм темылъ трилъхьэртэкъым, ауэ зыми шыбгъэ зыкърыригъэлъхьэнутэкъым.
Спортыр фIыуэ илъагъурт. Ар яхэтащ 1937 гъэм кхъуафэжьейхэмкIэ Тэрч техьэу псы гъуэгу защIэкIэ Мэзкуу нэса цIыхуиблым. Упелуану, гушхуи пкIуэцIылъу ущытын хуейт Тэрчрэ Каспий тенджызымрэ къызэбнэкIыу, иужькIэ Индыл утехьэу, ар зи кIыхьагъым кхъуафэжьейкIэ удэсеин щхьэкIэ. ИкIи дэсеяхэщ. Мэзкууи гуапэу иригъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр...
Институт нэужьым Оганьянцыр Дзэ Плъыжьым къулыкъу щищIэну ираджэ. Къэрал гъунапкъэм пэгъунэгъу Береза-Картусскэ къалэм къулыкъу щищIащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Брест и гъунэгъуу лъэсыдзэм зыщегъасэ. Зегъасэ Iэщэми хуэIэижьу. Унэм къигъэхьауэ щыта письмохэм ящыщ зым абы щетх: «Нобэ гъэунэхупIэ сихуащ - япэу къэрэгъулым сыщыIащ. ФокIадэм и 5-м нэщанэ еуэнымкIэ дыкъапщытати, фочкIэ къибуд хъуну бжыгъэ 30-м щыщу 30-р къизудащ. Пулемётри фIы дыдэу згъэуащ ...».
Куэтэншы Хьэмидрэ Грантрэ зы полк хэтащ. Полкым и еджапIэри къыздаухащ. Абыхэм ныбжьэгъу къахуохъу Логвинов Иван. Абы игу къигъэкIыжырт: «Институт къэзыуха Хьэмидрэ Грантрэ къулыкъур къатехьэлъакъым. НыбжьэгъуфI схуэхъуа а щIалэхэм сэри сащIыгъуу, илъэсым дджынур мазитIым зэдгъащIэри, щыри училищэ дыщIагъэтIысхьащ...»
А еджапIэм щагъэхьэзырхэм къахэкIын хуейт кхъухьлъатэзехуэ дзэхэм папщIэ политлэжьакIуэхэр. Кхъухьлъатэм епха Iуэху псори - ахэр зэрызэпкърылъым деж къыщыщIэдзауэ зыгъэлъатэ, къэзыгъэтIысыж IэмэпсымэхэмкIэ иухыу - зрагъэщIэну я къалэнт. ИкIи зрагъэщIат. Ауэ училищэр зауэм къаригъэухакъым. Абы зэпэIэщIи ищIащ.
... Лейтенант Оганьянц Грант занщIэу зауэм ягъэкIуакъым. Абы щыгъуэм дзэр нэхъ зыхуэныкъуэ танкист IэщIагъэм хурагъэджащ.
ЕпщыкIузанэ къэзакъ шу дивизием и 71-нэ танк полкым хэту Грант зауэм Iуохьэ. Взводым и командиру къыщIидзэри, танк ротэм и унафэщI хъуауэ щытащ.
Оганьянц и взводыр сыт щыгъуи нэхъ пэрытхэм, ебгъэрыкIуэхэм ящIыгъут. Шууейхэм я гъащIэр ихъумэу езым Iэджэрэ шэпэIудз зищIащ.
... Ар къыщыхъуар Кальмиус псы зэпрыкIыпIэм дежщ. АдрыщI ныджэр зыIэщIэлъ бийм и топхэмрэ пулемётхэмкIэ шу гуп къызэрыкъуэххэм яхэуэурэ хьэлэч зэтрищIэрт. Уанэгу пцIанэ хъуа шыхэр щыщу губгъуэм илъэдэжхэрт. Абы щыгъуэм ди танкхэм сытыт ящIэр? ЕбгъэрыкIуэну хуежьэрт, ауэ утыку пцIанэм зэрынэсу топышэхэмрэ лагъымхэмрэ къатещащэу щIадзэрти, къимыкIуэтыжу хъуртэкъым.
Грант лъэныкъуэкIэ бийм къыпикIухьыну хуожьэ, ауэ зэпрыкIыпIэ игъуэтыркъым. Toпым къыхиудауэ гъуэгум телъ псей жыгыжьхэм зэуэ гу лъетэ. ПсынщIэу танкым къолъэ, и гъусэхэр зэщIегъэуIуэри, псым зэпрыууэ жыгитI трелъхьэ. ИкъукIэ дзыхьщIыгъуэджэт абы утехьэну, уецIэнтхъуэхыу къуэм укъыдэнэнкIи хъунут, ауэ танкист хахуэр къикIуэтакъым - езыр псом япэ зэпрыкIащ. Ныджэ лъагэм щыдригъэзейм, абы кIэлъыплъу щытахэм я псэр IукIат. Къэхъуар сытыт? Жыг лъэдакъэр гусеницэ ижьым къыкIэщIэщэтри, танкыр ещIащ, ауэ зэуэ илъри, лъагапIэм щхьэдэхащ.
Адрей танкхэр апхуэдэ мыл тримыгъэхьэныр нэхъ къищтэри, Грант езым еймкIэ километр зыбжанэкIэ зызыукъуэдия биидзэм и щIыб дыхьащ. Псом япэу абы яхуиунэтIащ зэпрыкIыпIэм еуэ топхэмрэ пулемётхэмрэ.
... МыдэкIэ ди генералыр нэрыплъэкIэ плъэуэ зы Iуащхьэ гуэрым тетщ, радистми унафэ хуещI: «Полкым и командирхэм яжеIэ зэкIэ ебгъэрыкIуэн щагъэтыну... Пщэдей кхъухьлъатэхэр къедджэнщ. Зэт, зэ увыIэт... Сыт мобыкIэ къыщыхъур?»
ИкIи игъэщIагъуэу генералым егъэунэху зэпрыкIыпIэм къеуэу щыта топхэм «я жьэр» зэраубыдар. Нэмыцэхэр икIуэтрэ?.. Хьэмэрэ?.. Ар и нэм щIоIуэтыхь, аргуэру нэрыплъэр зыIуелъхьэж. Я Iэхэр Iэтауэ зы нэмыцэ гуп цIыкIу псыхъуэм къызэрыдэхуащ, ахэр ди танк гуэрым къеху.
Генералым унафэ ещI шуудзэр псынщIэу ебгъэрыкIуэну.
А щIыпIэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ Оганьянц Грант 1943 гъэм и фокIадэм къратащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр.
Езы Грант абы щыгъуэ унэм итха письмом мыпхуэдэу укъыщоджэ: «Дыздежьа лъэныкъуэмкIэ щыдокъутэкI. Мыбдежым зы гупыфI цIыкIу щыхэгъэщIэн хуейщ, ди гъуэгур хуит хъун папщIэ. Иужьрей зэманым бийм я курыкупсэм дыщыхыхьэф къохъу икIи фашистхэм я нэкIухэр шынэм зэкIэщIишауэ долъагъу. АпхуэдизкIэ я гур идохри, автомат дыдэр яхуэмыгъэуэжу мащтэ. Зэгуэрым, сытегушхуэри, танкым зыкъисшиикIащ икIи автоматкIэ сахэуэу щIэздзащ... Апхуэдэм деж зэбгрожхэр, я Iэхэр яIэтурэ. «Фу, цIыхумэ», жызыIэу щыта фашистхэр аракъэ къызэрынэжар?..»
Абы и ужькIэ Грант хэтащ Днепр зэпрыкIыу Корсунь-Шевченкэ деж бийр къыщызыухъуреихьахэм.
1944 гъэм и гъатхэм къэзакъ шуудзэр Карпат къуршхэм къыщыхутащ.
Карпат бгы лъапэхэм деж щыщIидзащ гъэмахуэ псом екIуэкIа зауэ гуащIэм. ЛъэныкъуитIри ебгъэрыкIуэну хэту, ауэ зыр адрейм пэмылъэщу куэдрэ зэрыудынахэщ. Абдежым бийм и Iуэху щынэхъыфIт: зыхъумэжыпIэ ищIа зы щIыпIэм икIмэ, къыкIэлъыкIуэ быдапIэхэри и хьэзырт. ЗэрикIуэта щымыIэу ди дзэхэм къапэтIысыжырт. Апхуэдэ зэуэкIэм ди сэбэп зэрыхэмылъыр къызыгурыIуэ ди дзэ Iэтащхьэхэм унафэ ящI бийм кIэщIу и ужь иту ебгъэрыкIуэн хуейуэ.
Ротундэ-Ажюдень щIыпIэхэм пэгъунэгъуу Серет ущызэпрыкIыныр Iуэху гугъут. Бийм къуршылъэ щIыпIэр хъарзынэу къигъэсэбэпырт. А псым нэсмэ, ди дзэхэр нэщанэуапIэ хъун хуэдэу и дзэр къигъэтIысат икIи ди танкхэр гъунэгъу зэрыхъуу и топхэмрэ миномётхэмкIэ къэуэн щIидзащ. Ротэм и унафэщIым къыгурыIуэрт абдеж зыщралъэфыхьмэ, хэщI зэраIэнур. ЕбгъэрыкIуэу мыдрей ди дзэхэр къекIуэлIэху псы зэпрыкIыпIэр иубыдыну мурад ещI. «СыкъаукIынщ» жиIэу мышынэу езыр хохьэри, псым и кууагъри къепщытэ.
Фашистхэм я пщIыхьэпIэ къыхагъахуэртэкъым а дзэ пакIэ цIыкIум къарикуну. Зэуэ танкхэр къуэгъэнапIэхэм къызэрыкъуэхри, шэр къазэрытелъалъэм хуэдэу, зэрехьэжьауэ псым зэпрокIхэр. Нэмыцэхэр икIуэту хуежьащ. Асыхьэтым къекIуэлIа ди лъэсыдзэри танкхэм яужь иуващ. АрщхьэкIэ кIуэ пэтми нэхъ хьэлъэ хъурт къуршылъэ щIыпIэм танккIэ ущызэуэну. 1944 гъэм шыщхьэуIум и 26-м капитан Оганьянц и ротэр зауэ гуащIэ хэхуащ. Лагъымхэр зыщIалъхьа, быдапIэ лъэщу иращIэкIа щIыпIэр къызэнэкIын хуейт. Абы унафэ ещI топхэмкIэ еуэурэ кIуэцIрыкIыпIэ пхракъутыкIын хуейуэ. Апхуэдэуи ящI. Езыр зэрыс танкыр япэ иту дэкIыпIэмкIэ яунэтIри, бий къапэтIысахэр ирахужьэ.
Шэджагъуэ нэужь хъуауэ ахэр нэсащ фашистхэм ягъэхьэзыра «лагъым губгъуэм». Капитаныр и танкым къикIащ щIыпIэм еплъыну. ЩIым теува къудейуэ шэ фий макъ къэIуащ. Командирыр ещIащ.
Ротэм хэтхэм ар бийм хуагъэгъуакъым. Я танкхэм итIысхьэжхэри ахэр ежьащ фашистхэр зэтраукIэу, зэтрапIытIэу. Иджы ахэр къэзыгъэувыIэжын къару щыIэтэкъым.
ЦIыхухэм, хэкум я хуитыныгъэм щIэбэну дунейм ехыжа щIалэ хахуэм къыхуагъэфэщащ Хэкум и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр - 1945 гъэм гъатхэпэм и 24-м абы къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Ноби ЛIыхъужьыр Хэкум щыгъупщэркъым. Абы зэрихьа хахуагъэм ди щIэблэр щыгъуазэ ящI, Грант я щапхъэу къагъэтэдж. 1966 гъэм СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и унафэкIэ Оганьянц Грант игъащIэкIэ хэтыну танкыдзэ гуэрым хатхащ. Абы къикIыращ: пщыхьэщхьэ къэс танкист сатырхэм хэтхэр ябжыну щыщIадзэкIэ, Грант и унэцIэр псом япэу къраIуэ. АбыкIэ жаIэну зыхуейращ: «Оганьянц Грант иджыри къулыкъу ещIэ».
 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: