Абхъазым макIуэЛъэпкъ Iуэху «Абхъаз лъэпкъым и хэку зауэшхуэм и ветеранхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я мурадщ дяпэкIэ нэхъ жыджэру лэжьэну. Мазэ зыбжанэ ипэкIэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу хахащ Щэрдан Тимур. Ди республикэм щыщу Куржы-абхъаз зауэм хэтахэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ зэIуагъэщIэнущ, Абхъазым и утыкум, абы ит фэеплъым я мыхьэнэр ди цIыхубэм яIэщIэмыгъэхуным, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зэфIагъэкIынущ абы хэтхэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, а зауэм хэта ди щIалэхэм я адэ-анэхэр фокIадэм и 19-м Абхъазым зыгъэпсэхуакIуэ яшэнущ. «Абхъаз лъэпкъым и хэку зауэшхуэм и ветеранхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Къэгъэзэж Заур къызэрыджиIамкIэ, адэ-анэхэр илъэс къэси Апсным ирагъэблагъэ. Мы гъэм абы кIуэнущ нэхъыжь 30-рэ ветеран 15-рэ. Абыхэм тенджыз ФIыцIэ Iуфэм зыщагъэпсэхунущ, ТекIуэныгъэм и махуэм иращIэкIыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
27.03.2024 - 18:39 →
ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым
|