ПсэукIэр егъэфIэкIуэным телажьэ хьэрычэтыщIэхэм я щIыналъэ проект нэхъыфIыр къыхэхыным хуэунэтIа зэпеуэ

«КъБР-м хьэрычэт Iуэхур дэIыгъынымкIэ и центр» щIыналъэ фондым социальнэ IэнатIэм инновацэхэмкIэ и центрым и экспертхэм къызэрагъэпэщ «Илъэсым и социальнэ проект нэхъыфI» етхуанэ урысейпсо конкурсым и щIыналъэ Iыхьэр. Мы зэпеуэр егъэ­кIуэкIынымкIэ жэрдэмыр Урысейм и къэрал социальнэ проектым къыхилъхьауэ щытащ икIи ар даIыгъащ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ Социальнэ жэрдэмхэмкIэ агентствэмрэ.

Конкурсыр хуэунэтIащ жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, бжыгъэхэр зи лъабжьэ экономикэм, экологием, нэгъуэщI IэнатIэхэм щыгъэзэщIэным хуэунэтIа хьэрычэт лэжьыгъэ нэхъыфIхэр хэIущIыIу щIыным.
Зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэт хъунущ коммерцэм и IуэхущIапIэхэри хьэрычэтыщIэ щхьэхуэхэри. Абыхэм я заявкэхэр 2019 гъэм фокIадэм и 30-м нэсыху къыIахынущ.
ТекIуахэр конкурсым и федеральнэ Iыхьэм хэтынущ, апхуэдэу абыхэм консалтинг, маркетинг дэIэпыкъуныгъэхэр иратынущ.
Зэпеуэр къызэрагъэпэщ «Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэт лэжьыгъэр дэIыгъыныр» лъэпкъ проектым хиубыдэу.

Поделиться: