Нало Заурбий (Заур) Мыхьэмэт и къуэр

Нало Заур бадзэуэгъуэм и 15-м Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 14 ныбжьым иту абы колхозым лэжьэн щыщIидзащ. 1952 гъэм, Къэбэрдей къэрал егъэджакIуэ институтыр къиуха нэужь, зэфIэкI зиIэ щIалэщIэр ирагъэблэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм. 1954 гъэм къыщыщIидзэри, псэуху, Нало Заурбий щылэжьащ Гуманитар къэ­ху­тэныгъэхэмкIэ институтым, 1979 - 1987 гъэхэм Заурбий IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ.

Налом ди къэралым, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа конференцхэм, зэIущIэхэм щищIа докладхэр, и щIэныгъэ, литературэ-критикэ, публицистикэ тхыгъэхэр 200-м щIегъу. Абыхэм яхэтщ адыгэ филологиемрэ щэнхабзэм и тхыдэмрэ ехьэлIа монографиеу, тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэу блы. Апхуэдэу Налом и унафэм щIэту дунейм къытехьащ «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр», «Адыгэхэм я цIыхубэ уэрэдхэмрэ абыхэм зэрыдежьу Iэмэпсымэхэмрэ», «Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр». Абыхэм къадэкIуэу щIэныгъэлIым игъэхьэзыращ икIи къыдигъэкIащ ­«Бахъсэн щэнхабзэ узэщIакIуэхэм я щэнгъасэ» тхылъыр (1991), КIуащ БетIалрэ Елбэд Хьэсэнрэ я лэжьыгъэхэр (1991), Нало Жансэхъу (2004), Къылышбий Исмэхьил сымэ (2009) я IэдакъэщIэкIхэр.
Нало Заурбий зэхуихьэсащ, зэригъэзэхуащ икIи зэхилъхьащ «Къэбэрдей поэзием и антологиер» (1957), «Адыгэ литературэ пасэм и антологиер» (2010). Ар яхэтащ IуэрыIуатэр зэхуахьэсыжу адыгэ щIыналъэхэм щылэжьа щIэныгъэлI гупхэм. ИкIи цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэ хъыбар куэд итхыжащ. Ахэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэ архивым и гъэтIылъыгъэ лъапIэ хъуащ. Налом къэбэрдей сабий литературэм и антологиер къыдэгъэкIыным, адыгэ таурыхъхэр литературэ пщалъэм къигъэзэгъэным, дунейм щыпсэу лъэпкъхэм я таурыхъ нэхъыфIхэр зэ­дзэкIыным ехьэлIауэ зэфIигъэкIам и мыхьэнэр зыхуэдизыр къыпхуэлъытэнукъым.
Нало Заурбий и лэжьыгъэхэм уагъэлъагъу ар IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI, куэдым щыгъуазэ щIэныгъэлIым зэриIэдакъэщIэкIыр. Абы IуэрыIуатэм, цIыхубэ гъуазджэм, мифологием, тхыдэм, литературэм триухуа тхылъхэр иджырей кавказ щIэныгъэм и лъагапIэхэм ящыщщ. Абыхэм Налор щIэныгъэлI цIэрыIуэ дыдэхэм хабжэ ящIащ.
Лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ и мыхьэнэр нэхъ цIыкIукъым Налом и литературэ лэжьыгъэми. Абы и новеллэхэмрэ и усэхэмрэ адыгэ литературэм и классикэм щыщ хъуащ. Ахэр адыгэхэм я тхыбзэ гъуазджэм и щапхъэу къалъытэу школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щадж. ТхакIуэм къигъэщIа образхэм философие купщIэ ин яIэщ, и бзэр адыгэбзэм и фIыпIэщ.
ЩIэныгъэ ин зыбгъэдэлъа лIы щэджащэм Iуэры­Iуатэм, литературэм телэжьэн щIэбли игъэсащ. Ар лъэпкъ IуэрыIуатэр зэрыджын хуей щIыкIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа цIыхущ.
Нало Заурбий гулъытэшхуэ яхуищIырт егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха Iуэхухэм, курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ ищхьэхэмрэ зэрыщрагъэджэн хуей щIыкIэм теухуа тхыгъэ куэди и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Абы апхуэдэу зэхилъхьащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа, пэщIэдзэ, курыт классхэм щIэс сабийхэм яджын Iуэры­Iуатэ, литературэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр.
Нало Заурбий зи хэкумрэ зи лъэпкъымрэ, нэгъуэщI лъэпкъхэри фIыуэ зылъагъу цIыхут. Абы зыхищIэрт лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ я Iуэху зыхуэкIуэнумкIэ, щалъхуа республикэм зиужьынымкIэ жэуаплыныгъэ и пщэ зэрыдэлъыр. Къэралым и Iуэху зэблэкIыгъуэ хъуа 1990 гъэм и пэщIэдзэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату щыщытам, ар къэуващ адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэ щIэинымрэ хъумэным нахуэу къыщхьэщыжахэм ящыщу, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ унафэщI хъуащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яхэтащ. Интеллигент нэсу, ерыщагъ хэлъу пэжымрэ захуагъэмрэ щIэбэну, и лъэпкъым и сэбэп зыхэлъхэм лIыгъэ къигъэлъагъуэу хуэлажьэу сыт щы­гъуи псэуащ.
И гъащIэм и иужьрей махуэр къэсыху Нало Заурбий мыувыIэу лэжьащ. Абы мурадхэр, гупсысэщIэхэр и куэдт. Ар лэжьыгъэкIэ жыджэрагъ мыкIуэщI, хьэл-щэн дахэрэ нэмысрэ зыхэлъ цIыхут, егъэджакIуэм фIы и лъэныкъуэкIэ ехьэлIа псом и щапхъэу.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: