Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм Заур фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI, и лэжьыгъэм и мыза­къуэу, илъэс куэдкIэ жылагъуэ-политикэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтам щхьэкIэ.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Нало Заур ди республикэм къы­щыхъу демократие зэхъуэкIыныгъэхэм, жылагъуэ щы­тыкIэр егъэфIэкIуэным жыджэру хэлэжьыхьащ, ди ­гъунэгъу щIыналъэхэм узыгъэгузавэу къыщыхъухэм и псалъэ, и Iуэху дахэ хилъхьащ. Ди Iуэры­Iуатэмрэ хабзэмрэ, нэмысымрэ бзэмрэ джыным, ар щIэ­б­лэм я ­пащхьэм илъхьэным теухуауэ илэжьам гъунэ иIэкъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ адыгэ лъэпкъымрэ я тхы­дэщIэм дыщэпскIэ хатхэнущ Нало Заур и цIэр, щIэблэм зэрыщымыгъупщэнури си фIэщ мэхъу, ди щIыналъэм и зыужьыныгъэмрэ абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ и зэман емыблэжу къаруушхуэ тригъэкIуэдащи.

ГубэщIыкI Жантемыр, Налшык и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
Поделиться: