МЭРЕМ ПШЫХЬХЭР

Псалъэ пэжхэр
Бгъэдэт гу къабзэкIэ ныбжьэгъум, акъылкIэ бгъэдэтыф уи бийм

ЦIыхур къэпцIыхун папщIэ е удэлэжьэн, е удэшхэн хуейщ.
ГушыIэ здэщымыIэ Iэнэм щысыгъуейщ.
Нэхъыжьым жиIэм емыдэIуэфым, нэхъыщIи къигъэдэIуэфынукъым.
Дуней жэнэтым ухуеймэ, зэгурыIуэ здэщыIэ къэлъыхъуэ.
Адрейхэм дазэрыкIэлъыплъым хуэдэу ди щхьэм дыкIэлъыплъыжатэмэ, гъащIэр нэхъ IэфIыж хъунут.
ЦIыху тэмэмым пцIы къыбжиIэми уи фIэщ мэхъу, бзаджэнаджэм пэж гуэр къыбжиIэми, шэч къытыбохьэ.
Уэ уныбжьэгъуфIмэ, уи ныбжьэгъухэри фIыщ.
УиIэ мащIэмкIэ уарэзымэ, икъукIэ укъулейщ.
Бгъэдэт гу къабзэкIэ ныбжьэгъум, акъылкIэ бгъэдэтыф уи бийм.
Уи къулеягъым хэхъуэху, уи нэпсеягъэми хохъуэ.
УзылъэщIэмыхьэнум укIэлъымыжэу, къыплъэщIэмыхьэм укъыдэжэмэ нэхъ тыншщ.
Щхьэцыр Iув щхьэкIэ, акъылыр пIащIэ дыдэт.
ТекIуэныгъэ ин ущиIэр уэ узытекIуэжмэщ.
Уи напэр пщэжкIэ къулей ухъунукъым, ари ящэхуни-ямыщэхуни.
ЦIыхум хуэпщIэр щыгъупщэжми, епщIэр щыгъупщэжыркъым.
Джэдым псы есыкIэ бабыщым иригъащIэрт.
Быныр анэгъагъщ икIи адэгъэгуIэщ.
Псори зэхуэдэу фIыуэ зылъагъуф щыIэкъым.
Уимыпсэуэгъу и чысэ уи псэр зэи иумылъхьэ.
Уи нэр изыщI псори пэжым хыубжэ хъунукъым.
УзыфIрэ зауэфIрэ щыIэкъым икIи щыIэнукъым.
Дунейм и купщIэр цIыхурщ, цIыхум и купщIэр акъылырщ, акъылым и купщIэр псалъэрщ, псалъэм и купщIэр и кIэщIагъырщ.

КIурашын Алий.

Мелардырыбжэхэр
Ахъшэмрэ унагъуэмрэ

Дуней псом щынэхъ къулей Слим Элу Карлос теухуа хъыбарыр гъэщIэгъуэн зыщIыр абы и мылъкур и лэжьыгъэкIэ, щIэныгъэкIэ, гуащIэдэкIкIэ, текIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэмкIэ къызэрилэжьыжарщ. Абы и щапхъэм дерсу къыхэхыпхъэр лэжьыгъэм хуиIа лъагъуныгъэм и гъащIэм щиIа увыпIэрщ, и адэ-анэм къыбгъэдалъхьа ущииныгъэрщ.
Слим Элу Карлос 1940 гъэм щIышылэм и 28-м Мехикэ къыщалъхуащ. Унагъуэм къахэхъуа сабийхэм я еплIанэт ар. Къыхэгъэщыпхъэщ абы и адэр хьэрычэтыщIэ Iэзэу зэрыщытар. Ар Ливаным къикIыу Мексикэм къэIэпхъуэжа нэужь, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIу къызэIуихащ. ИкIи илъэсипщIым къриубыдэу и Iуэхур фейдэшхуэ къыхуихьу зэрызэтриублам нэмыщI, Мехикэ и кум бгъэIэпхъуэ мыхъу коммерцэ мылъку 11 къыщищэхуащ.
Унагъуэшхуэм я адэ бжьыфIэ, хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ Слим Дон Хулио къыщIэхъуа щIэблэр хуигъэсащ лэжьыгъэмрэ мылъку зэхуэхьэсынымрэ. Уеблэмэ хьэкъ ящищIыфащ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр унагъуэм илъ зэхущытыкIэр зэрыарар.
Слим Элу Карлос псэукIэр егъэфIэкIуэным пасэ дыдэу хуигъэсащ и адэм. Хулио и бынхэр иджыри цIыкIуу тетрадь зырыз яхуигуэшри, къахэхъуэмрэ ягъэкIуэдымрэ ирыригъатхэу хуежьащ. ИужькIэ зэадэзэкъуэхэр зэгъусэу хэплъэжырти, къапщытэжырт. Апхуэдэ дерс къызэрыгуэкIым щIалэхэр хуигъэIущащ я мылъкур зэрагъэкIуэфу.
А илъэсхэм къыщыщIэдзауэ ахъшэ хъумэнымрэ ар зы Iуэху гуэрым хэлъхьэнымрэ и гъащIэм щыщ Iыхьэу къекIуэкIащ Карлос. И ныбжьыр илъэс 12 щрикъум акцэхэр къызэрищэху счет къызэIуихат абы. Илъэс 13 щыхъум и адэр дунейм ехыжащ.
ЩIалэм Мехикэ дэт Лъэпкъ автономнэ университетыр 1961 гъэм къиухащ, инженер IэщIагъэр зригъэгъуэтри. И ныбжьыр илъэс 25-рэ ирикъуауэ Grupo Carso и империер ухуэн щIидзащ.
Зи гугъу тщIы хьэрычэтыщIэм и дежкIэ зэман угъурлыуэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэр. А лъэхъэнэм ар унэтIыныгъэ куэдым щыцIэрыIуэ хьэрычэтыщIэт, къищынэмыщIауэ, 1966 - 1980 гъэхэм къриубыдэу компание зыбжанэ къызэIуихащ, IуэхущIапIэ лъэщ зыкъоми къищэхуащ.
1982 гъэм Мексикэм кризисышхуэ щызэщIэплъащ икIи хьэрычэтыщIэхэм я мылъкухэр псынщIэу ящэурэ къэралым икIащ. Акцэхэр улъэщIэмыхьэу пуд хъурт. Ар къигъэсэбэпри, Карлос къищэхуу щIидзащ уасэншэ хъуа компаниехэр. Мис аращ ар къулей дыдэ зыщIар - Карлос дежкIэ кризисыр апхуэдэу шынагъуэтэкъым.
1990 гъэхэм Слим фейдэшхуэ зыпылъ зэгурыIуэныгъэм Iэ щIедзри, Telmex (Telefonos de Mexico) телекоммуникацэ компание ехьэжьар зыIэрегъэхьэ. Дауэ жыпIэмэ, доллар мелард 12 зи уасэ а компаниер Карлос мелуан 400-кIэ къищэхуауэ щытащ. Куэд тепсэлъыхьащ а Iуэхум, къулыкъущIэхэри иужь ихьащ къэхъуар зищIысыр зэхагъэкIыну, къэралым и президентым дежи нэсащ. Ауэ зыри къикIакъым. ХьэрычэтыщIэ Iуэхур зебгъэкIуэнымкIэ сэбэпышхуэ къыпхуохъу, къулыкъушхуэ зыIыгъ уи ныбжьэгъумэ.
Апхуэдэ мылъкушхуэ зыкъуэлъ Слим Карлос Мексикэр «къезэвэкIыу» хуожьэри, и Iуэхум дуней псом зыщрегъэубгъу. Grupo Carso компаниер латиноамерикан къэрал псоми къыщацIыху. Абы активхэр къыщещэху Бразилием, Перум, Гондурасым, Аргентинэм, Колумбием, Сальвадорым…
Слим Карлос и Iуэхухэм къакIэримыгъэхуу гулъытэшхуэ хуищIырт и унагъуэмрэ бын гъэсэнымрэ. Абы и щхьэгъусэр 1999 гъэм дунейм ехыжащ, езым сабиих къыхуэнэри. Нэхъыжь дыдэращ иджыпсту Grupo Carso и унафэщIхэм я советым и Iэтащхьэр. Марко, Антонио, Патрик сыми адэм и Iуэхум пэрытщ.
Куэд хилъхьащ Карлос унагъуэ дахэ иIэным, икIи ахъшэракъым абыхэм ягъэнэхъыщхьэр. Дэтхэнэми пщIэрэ лъагъуныгъэрэ я зэхуаку дэлъыным зэрыцIыкIурэ хуигъэIущащ и сабийхэр. Ар зэи и мылъкум щысхьакъым псапэ щIэнымкIэ. Уеблэмэ зэман гъунэгъум Латин Америкэм и зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуфынущ.
Мелардырыбжэм ахъшэшхуэ трегъэкIуадэ егъэджэныгъэмрэ цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ. Ар и щапхъэщ цIыху къулейхэм ахъшэм зрамыгъэтхьэкъуу псапэ зыпылъ Iуэху куэд зэрахуэщIэнум.

Къэбарт Мирэ.

ГушыIэ
Абы нэхъ пэж сыхуэмей

Хьэблэ гуэр щыIэт, жаIэ, дэсхэр зэрыгъэсэжауэ, пцIы яупс фIэкIа, пэж къыбжезыIэфын яхэмыту. Абы и хъыбар яхэмыIуэу къэнакъым цIыхухэм. А гъэщIэгъуэныр щызэхихым, «Уэлэхьи, сэ абы зы пэж гуэр къапызмыхауэ сымыувыIэн!» - жиIэри кIуат абы я деж щIалэ гуэр.
«Пэжу пIэрэ цIыхум жаIэр? - егупсысырт ар. - Пэж жызыIэ щызмыгъуэтыну ара а щIыпIэм?»
Хьэблэм дэсыр къызэхуэсати, яхэупщIыхьащ, мыпхуэдэ Iуэху зэхэзгъэкIыну сыкъэкIуащи, пэжыр къызжефIэ, жиIэри.
- Уэлэхьи, тщIэмкIэ дыбдэгуэшэнмэ, - жеIэри я нэхъыжьыIуэр къоув.
ЛIыжь цIыкIум хужыIэр жиIэри, иджы уэ уи чэзущ, къригъэкIыу, къыбгъэдэтым хуеплъэкIащ. Адрейми зимыгъэгувэу абы къыпищащ, ещанэми, еплIанэми… епщIанэми зыгуэр кърагъэкIуэкI. ХьэщIэм и фIэщ хъун гуэри къыхэкIыртэкъым, шыпсэм хуэдэт зэхих псори. ЖиIэнур имыщIэу яхэплъэрт ар къызэхуэсахэм. Гупым я нэхъыщIэр къопсалъэ:
- Уэлэхьи, ди хьэщIэ лъапIэ, уэ пэж лъыхъуэ укъежьауэ арамэ, ди деж апхуэдэ щумыгъуэтыну. Зэман умыгъэкIуэду, кIуэи нэгъуэщI щIыпIэ щылъыхъуэ а уи пэжым.
- Уэ къызжепIам нэхъ пэж сыхуэмызэнкIэ тхьэ соIуэ! - жиIэри хьэблэ пцIыупсым я хьэщIэр ежьэжащ. Ар арэзы хъуат: Тхьэ иIуар игъэпэжат - къапихат пцIыупс хьэблэм пэж.

Нэхущ  Хьэжпагуэ.

Унэгуащэхэм папщIэ
Хужьыр  халъхьэркъым

ЩIыIалъэм къыдэпхыжа лыр псым хыумылъхьэу хуэмурэ къэбгъэвыжмэ, нэхъыфIщ. Абы щыгъуэм лым и IэфIыр нэхъ къызэтенэнущ.

* * *

Бдзэжьейр нэхъ зэпкърымыхуу пхуэгъэжьэнущ, ар хьэкум тебгъэувэным дакъикъи 10 - 15 иIэу шыгъур щыпхуэмэ.

* * *

Шэр къэбгъэкъуэлъэным ипэкIэ кIэструлым псы щIыIэ ибгъэжыхьмэ, кIэрисхьэнукъым.

* * *

КIэртIофыр псынщIэу бгъэвэнумэ, псым маргарин бжэмышх хэплъхьэ хъунущ.

* * *

Балыджэ фIыцIэм къыхэщIыкIа салатыр нэхъ IэфI хъунущ, сэхуран дагъэкIэ гъэжьа бжьын хэплъхьэмэ.

* * *

Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI щтахэр къыщагъэвыжкIэ, япэщIыкIэ псы щIыIэм халъхьэ, сыхьэт зы-тIу дэкIа иужь, абы къыхахыжри, мащIэу шыгъу зыхэдза псым хагъэлъ.

* * *

Кхъуейр щIыIалъэм дэфлъхьэным ипэкIэ ар мыгъун папщIэ, тхылъымпIэпсым кIуэцIыфлъхьэ.

* * *

Кхъуей гъуар шэм хэбгъэлъмэ, щабэ хъужынущ.

* * *

Лы хьэжам джэдыкIэм и хужьыр халъхьэркъым, абы котлетыр гъущэ икIи быдэ ещI.

* * *

Джэшыр щыбгъавэкIэ сэхуран дагъэ тIэкIу хэпкIэмэ, нэхъ щаби, нэхъ IэфIи ещI.

Фэ фщIэрэ?
Ныбжьым елъытакъым

США-м щыщ шахматист Фишер Бобби 1958 гъэм, и ныбжьыр илъэс 14 фIэкIа мыхъуу, гроссмейстер нэхъ щIалэ дыдэ хъуауэ щытащ.

* * *

Балтимор (США) щыIэ Макъамэ консерваторэм студент нэхъыщIэ дыдэу щIэтIысхьар илъэситху зи ныбжь Амос Торищ.

* * *

Инджылыз актёр Гринстрит Сидни и япэ дыдэ роль нэхъыщхьэр щигъэзэщIар и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирикъуа нэужьщ. 1941 гъэм ар щыджэгуащ Мальтийский сокол“ фильмым.

* * *

Австрием щыщ композитор Моцарт Вольфганг илъэси 4 щыхъум зэуэну макъамэр сыхьэт ныкъуэм и кIуэцIкIэ зригъащIэрт.

* * *

Комедиехэм щыджэгу инджылыз актёр Клиз Джон и ныбжьыр илъэс 12 щрикъуам и лъагагъыр сантиметри 180-рэ хъурт.

* * *

Сабий Iущ дыдэ Сидис Вильям Гарвард университетым щIэтIысхьащ и ныбжьыр илъэс 11 фIэкIа мыхъуу. Ар къыщыхъуар 1909 гъэрщ.

* * *

Гольф джэгуным цIэрыIуэ ирихъуа Хепборн Катаринэ абы щыдихьэхам илъэситху ирикъуа къудейт.

* * *

Совет композитор Прокофьев Сергей и япэ оперэр итхащ и ныбжьыр илъэси 9-м иту.

Сабий джэгукIэхэр
Дамэкъуэшэс

ДжэгукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи гугъущ. Илъэс 14 - 18-хэм ит щIалэхэр иризэдэджэгуу щытащ, ауэ зи къарум къигъэгугъэ нэхъыжьхэри иризэпеуэ хъурт. Джэгум дамэкъуитI и Iэ зырызымкIэ къещтэ, ахэр и зэхуэдитIым деж щиIыгъыу щIым трегъэувэ. ИтIанэ, и лъакъуэхэр зэбгъурыту я пIэм зэритым хуэдэу, дамэкъуэхэр гъуэрыгъуэу игъэIэпхъуэурэ щIым зыдеукъуэдий, дамэкъуитIымрэ и лъапэхэмкIэ фIэкIа щIым темыту.
Ар зыщIыфахэм джэгукIэр нэхъ гугъу, нэхъ гъэзэщIэгъуей ящI. Абы щхьэкIэ, игъэIэпхъуэну щIым къытрича дамэкъуэмкIэ ар игъэувыжыным ипэкIэ адрей щIым тетым йотIыркъ, итIанэ егъэбакъуэри егъэув. Апхуэдэххэурэ аргуэру щIым зыдеукъуэдий. Ари зэфIагъэкIыфа иужь нэхъри нэхъ гугъу ящI: щыкIуэкIи къыщагъэзэжкIи дамэкъуэхэр зэрагъэтIыркъ.
Апхуэдэу зыщаукъуэдийми къыщызэфIэувэжми зэрагъэтIыркъыурэ щIалитI-щым дамэкъуэшэсыр яхузэфIэкIа нэужь, нэхъ лъэщ дыдэр къращIэну дамэкъуэхэр зэригъэтIыркъыурэ щIым зыдэзукъуэдиям и гупэм пыIэ ягъэтIылъырти, ар дзапэкIэ кърагъащтэрт (зэи, тIэуи, нэхъыбэкIи, зэрыхуейм хуэдизрэ), ауэ пыIэр къищтэу игъэтIылъыжа нэужь, дамэкъуэхэр зэригъэтIыркъыурэ къызэфIэувэжын хуейт. КъызэфIэмыувэжмэ, нэхъ мащIэрэ пыIэр дзапэкIэ къищтами, къызэфIэувэжыфа щIалэр текIуэрт.
МафIэдз Сэрэбий.

Хъыбар кIэщIхэр
ФIыр къызэрыбгурыIуэщ

Мы хъыбарыр къыщыхъуар ижь зэманырщ. КхъуэщынышхуитI фIэкIа, иIэшхуи щымыIэу, зы бзылъхугъэ и закъуэу псэурт. Махуэ къэскIэ пхъэхьым и кIапитIым кхъуэщынхэр фIэдзауэ цIыхубзыр псыхьэ кIуэрт. Ауэ Iуэхуракъэ, зы къуэщыныр гъуанэти, псыр къижырт, адрейм изыбзэу псыр унэм къихьэсырт. Псыежэхыр гъунэгъутэкъыми, гъуанэ зиIэ кхъуэщыныр сыт щыгъуи ныкъуэу фIэкIа унэм къэсыртэкъым. ИлъэситIкIэ апхуэдэу екIуэкIащ, дагъуэншэ кхъуэщыным зыхуэарэзыжу уардэу и щхьэр иIэтырт, мыдрей тхьэмыщкIэр укIытэурэ и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжырт, къызыхуигъэщIам и ныкъуэм фIэкIа зэрыхузэфIэмыкIыр и гуныкъуэгъуэт.
Апхуэдэурэ зэманыр екIуэкIыурэ, и дагъуэр фIыуэ къызыгурыIуэж кхъуэщыным, и сэбэпыншагъэр хуэмыхьыжу, махуэ гуэрым бзылъхугъэм зыхуегъазэ: «Си ныкъуэдыкъуагъым хуабжьу сытоукIытыхь, уэру къибгъэхъуа псыр унэм укъэсыжыхукIэ си ягъэкIэ йокIыкIыжри». Зи ныбжьыр хэкIуэта бзылъхугъэр мащIэу пыгуфIыкIри, жиIащ: «Уэ гу лъыптауэ къыщIэкIынкъым сыт щыгъуи уздэсхь лъэныкъуэмкIэ удз гъэгъа куэду къызэрыщыкIым. Уи ныкъусаныгъэм сыщыгъуазэти, сэ а лъэныкъуэмкIэ удз гъагъэм и жылэхэр щыхэссащ. Уэ махуэ къэс а цIыкIухэм псы ящIыбокIэри, гъащIэ ябот. А зэманым къриубыдэу сэ удз гъэгъахэр къыпызупщIурэ си унэм щIэзгъэувэрти, си гукъыдэжыр къаIэтырт, дэрэжэгъуэ къызатырт. Уэ а узэрыщытым хуэдэу ущымытамэ, апхуэдиз дахагъэри щыIэнутэкъым, си гукъыдэжри фIыуэ нэхъ мащIэнут».
Псоми щхьэхуэныгъэ яIэжщ, ахэращ зыми емыщхь, щIэщыгъуэ дызыщIыжыр. Дэтхэнэми фIагъыу бгъэдэлъыр хуэдгъэдахэрэ ар зэрыдгъэбэгъуэнум иужь диту дыкъызэдекIуэкIыпхъэщ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ