Зэи тщыгъупщэнукъым

Дэтхэнэ зыри и гъащIэ гъуэгуанэм щыхуозэ цIыху куэдым: фIыхэми Iейхэми, хьэлэлхэми къузгъунхэми, нэгу зэIухахэми гукъыдэжыншэхэми, гъащIэ и пIалъэ зыщIэу абы Iущ ищIахэми псэун щIэ­зыдзэгъащIэхэми. Язы­хэзри зыгуэркIэ къытхуэ­щхьэпэщ, зэхэщIыкI диIэ­нымкIэ,  гъащIэр къыд­гурыIуэнымкIэ сэ­бэ­­пышхуэ къытхуэхъуу. Я кIэн къикIащ цIыху губзыгъэм, Iущым, пэжым, дунеймрэ гъащIэмрэ хуэнабдзэгубдзаплъэм епсэлъэну Iэмал зиIахэм. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, абы и лъэ­ныкъуэкIэ сынасы­пы­фIэу зыкъызолъытэж - цIыху цIэрыIуэ, телъыджэ куэд соцIыху. Абыхэм ящыщщ нобэ зи гугъу фхуэсщIы­ну си Iыхьлы, цIыху гъэ­щIэ­гъуэн Нало Заур Мы­хьэ­мэт и къуэр.

Ар, зэрыфщIэщи, щIэ­ныгъэлIщ, IуэрыIуа­тэджщ, жылагъуэ лэжьа­кIуэщ, Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэщ. Адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ абы хузэфIэкIам куэд тра­жыIыхьащ иджыри илъэс IэджэкIэ и гугъу ящIынущ. Ауэ сэ абы сызэры­тепсэ­лъыхьынур унэ­къуэщым, Iыхьлым ехьэлIауэ сщIэм, Налохэ я нэхъыжьыфIу, цIыху Iущу зэрыщытам ипкъ иткIэщ.
Си Iыхьлы гъунэгъу дыдэу щымытми (зэрыфщIэщи, Кавказым зэблагъэ гъунэгъу дыдэу къыщалъытэ зэшыпхъу, зэкъуэш бынхэр, абыхэм къащIэхъуэжахэр), Заур и гъащIэм, и гуащIэм сыщыгъуазэт. Си адэм къызжиIэрт абы сабийхэм папщIэ итха таурыхъхэр, ар зэрытхакIуэр, IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжхэм зэращыщыр. Ауэ и щхьэкIэ зэзгъэцIыхуну къыщысхуихуар студент сыхъуа иужьщ.
НыбжьыщIэхэм ар къы­зэрыдэпсалъэр умыгъэ­щIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, дэтхэнэми абы зыкъытхуигъазэрт «си къуэш цIыкIу» гъэфIэн псалъэхэмкIэ. ЖиIэр гъэхуауэ, хэкъузауэ зэрыщытым плъэ­мыкIыу узыIэпишэрт, къыжьэдэкI псори уи псэм фIэфIт. Ауэ къызэрыгуэкIыу уедэIуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым Заур. Сэ сыкъапщтэмэ, сыумэзэхауэ сы­щыст, абы зыгуэр щыжиIэжкIэ. Мыхьэнэншэ, купщIэншэ псалъэ тафэте­лэу зы хэттэкъым, зыте­псэлъыхьым фIыуэ зэрыхищIыкIыр хьэкъыу уи фIэщ ищIыфырт. ЖьакIуа­гъэр и лъым хэту къызэралъхуам шэч къытрыуимыгъэхьэу узригъэдэIуэфырт, зы псалъэ гулъытэншэ пщIынкIэ ушынэми ярейуэ. Дэнэ щIыпIэ мыкIуэми, сыт хуэдэ гуп хэмыхуэми, ар зэрахыхьэр лъапэт, къа­зэрыхэкIыжыр напэт.
Ар сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэщIэкъуат: и теп­лъэкIэ зэкIужт, Iэчлъэчт, и IуэхущIафэкIэ пыплъхьэн щымыIэу и пщэ къыдэхуэ сыт хуэдэ Iуэхури зэфIигъэкIынут, и псалъэм зэрытебгъуэтэжынум шэч лъэпкъ хэлътэкъым. Сызэ­рыцIыкIурэ тхыдэм сыдехьэх сэ, цIыхубэм ехьэлIами, къэралымрэ сыкъыщалъхуа лъахэмрэ ейхэрами. Ди лъэпкъым щыщхэм ящIэрт Налохэ ятеухуа тхылъ Заур зэритхыр, ауэ, етхри етх жыхуаIэу, зыми гулъытэ лей а Iуэхум хуи­щIыртэкъым. Ди гугъэт Заур ар и къалэну, абы ар имыщIынуи ди нэгу къытхущIэгъэхьэртэкъым.
СощIэж щабэ дыдэу ар къызэшхыдауэ зэрыщытар си адэм и сурэт зыщIэлъэ­Iуар псынщIэу зэрыIэрызмыгъэхьам щхьэкIэ. Абы и псалъэхэр нэсу къы­щыспкърыхьар, къыщызгурыIуар тхылъыр къызэ­рыдэкIынум щыхуигъэ­хьэ­зырым щыгъуэ сыдэIэ­пы­къун щIэздза иужьщ. Ди цIыхушхуэм ныбжьыр къы­тегуплIэ зэрыхъуар, и гуа­щIэр мащIэ-мащIэурэ зэ­ры­кIуасэр слъэгъуа нэужь, сегупсысащ: Налохэ тщыщ дэтхэнэми теухуа тхылъыр дэнэ нэсауэ пIэрэ? Зэи тIэуи сыкъэкIуащ Заур деж, сэбэп сыткIэ сыхъуфынуми сеупщIащ. Сигъэлъэгъуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэлэжь тхылъыр. Нэхъыбэр зэфIигъэкIат, къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ цIэ-унэцIэхэр къыщыхьа напэкIуэцIхэмрэ компьютеркIэ тедзат. Иджы къытпэщылъыр таблицэу щIа лъэпкъ жыгыр электроннэ щIынырт. Ар Iэрытх напэкIуэцIу щэм щIигъурт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт ар абы зэрелIэлIар: IэкIэ а псор иритхъэу, цIыху къэс щыпсэуа илъэсхэр, ахэр IыхьлагъкIэ зэрызэпыщIар игъэнаIуэу. Шэч хэлъкъым ахэр абы зыбжанэрэ къы­зэрыритхыкIыжами. Сыт хуэдиз зэман и гъащIэм щыщу Заур абы тригъэкIуэдар, сыт хуэдиз махуэ ар­хивхэм щигъэкIуар, тхылъ­хэм­рэ газетхэмрэ ит тхыгъэхэр зэригъапщэу, хъыбархэр зэхуихьэсыжу, цIэ-­унэцIэу бжыгъэншэхэр зыкIэлъихьыжу, зэригъэзэ­хуэжу, гъунэгъу щIыналъэ­хэм щыщ къалэхэм, къуа­жэхэм щыщу Налохэ я гугъу зыщIыфынухэр къигъуэтрэ къигъэпсалъэу? Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ.
Егъэлеяуэ сыхуэарэзыщ сэ ди нэхъыжьыфIым дзыхь къызэрысхуищIам папщIэ. Пэжыр жысIэнщи, сэрамэ си фIэщ хъуртэкъым апхуэдэу уасэншэ Iэрытхыр зыгуэрым есты­фыну. Елэжьын щIэздза нэужьщ Заур и Iэдакъэ­щIэ­кIым къарурэ зэфIэкIыу ирихьэлIар зыхуэдизыр ­нэсу къыщызгуры­Iуар. ­Жы­пIэнуракъэ, ком­пью­теркIэ зыхуей хуэз­гъэ­­зэн фIэкIа сызэримы­къалэну а лэжьыгъэр сэ мазэ бжыгъэкIэ схуэщIа ­къудейщ (пэжщ, зэман щызиIэмрэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм­рэт сыщелэ­жьы­фыр).
Иджыри зы Iуэхугъуэ сфIэгъэщIэгъуэнащ. Нало лъэпкъыр къызытепщIы­кIар осетинхэрщ - зэман жыжьэм Къэбэрдейм къэ­Iэпхъуа дигорхэрщ. Илъэс­хэм дыкъыпхыкIыху, дэ адыгэм дахэшыпсыхьащ, нобэ дыадыгэ нэсуи зыкъыдолъытэж, ди лъабжьэр тщIэми, ди тхыдэм фIыуэ дыщыгъуазэми. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым щылэжьэху, цIыхубэ IуэрыIуатэр джыным, тау­рыхъхэмрэ Iуэтэжхэмрэ тхы­ным, анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр зэрыиныр цIыху­хэм я деж нихьэсыным яужь итащ Заур. ИкIи гурыIуэгъуэщ къызыхэкIа лъэпкъым теухуа и тхылъыр куэд щIауэ и анэдэлъхубзэ хъуа адыгэбзэмкIэ зэритхар. Адыгэбзэр фIыуэ зэрыдмыщIэм къыхэкIыу, сэри нэгъуэщIхэми тхы­лъыр нэгъэсауэ къазэрыгурымыIуэнур Заур щыжесIэм, жэуапу къызитащ: «Анэдэлъхубзэр зэвгъэ­щIэн хуейщ». Мис а псалъэхэм къагъэлъагъуэ Заур - зи хэкур, зи бзэр фIыуэ зылъагъу цIыхушхуэм - и дуней тетыкIари и Iуэху еплъыкIэри.
Сэ лъэпкъ куэдым теухуа тхылъхэр слъэгъуащи, и зэхэлъыкIэкIи, къызэщIиубыдэ IуэхугъуэкIи, пэжагъкIи дыдейм пэхъун срихьэлIакъым. Ди къежьапIэр, лъэпкъым и тхыдэр тщIэ къудейр мащIэщ, ар тхауэ уимыIэмэ, къикIIакъым, япэ къэсми абы зыгуэр хыжиIыхьыфынущ, зэрымыщIэкIэ пцIы гуэрхэри «хэпща» хъуныр зыхуэIуа щыIэкъым. Хуабжьу дыхуэарэзыщ, къыт­щIэхъуэ щIэблэми зэи ящыгъупщэ хъунукъым дэ Заур къытхуищIар. Егъэлеяуэ ди кIэн къикIат Налохэ Заур хуэдэ дызэриIамкIэ, апхуэдиз лэжьыгъэ и пщэ дилъхьэжрэ ар пщIэ пылъу и кIэм нигъэсыфу.
Си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым узыщрихьэлIэ дэтхэнэ зы унэцIэми ап­хуэдэ цIыхушхуэ иIэну, лъэпкъ тхылъ зэрагъэ­пэщыфыну, къащIэхъуэ щIэблэм абы итыр ящIэн, зэман-зэманкIэ абы дыщIагъун хуэдэу.

P.S. Налохэ Юрэ къызэрытцIыхуар зи фIыщIэр зи гугъу ищIа тхылъыр, Налохэ я лъэпкъым теухуар, урысыбзэ­кIэ зэрыригъэдзэкIыну къызэрырихьэжьарщ. ТфIэгъэщIэгъуэн хъуащ ар къызыхихар, сыту жыпIэмэ нобэрей зэман гугъум куэд урихьэлIэнукъым апхуэдэ гупыж ищIыну. КъызэрыщIэкIамкIэ, къызыхэкIа осетин лъэпкъым щыщхэми езым хуэдэу адыгэбзэр зымыгъэшэрыуэхэми къагурыIуэну, щIэныгъэлIым и гуащIэм и мыхьэнэр зыхащIэну зэрыхуейращ Iуэхум иужь изыгъэхьар. ФIэигъуэу кърихьэжьар псынщIэ щыхъуну ди ­гуапэщ

 

 

 

 

ПащIэ Бэчмырзэ и фэеплъ
Нартан къуажэм дэтым деж. 1979 гъэ.
1979 гъэ

НАЛО Юрэ, Техник ныбжьыщIэхэм я станцу Нарткъалэ дэтым, Нало Залым и цIэр зезыхьэм, и унафэщI.
Поделиться: