Махуэшхуэм и щIыхькIэ

Адыгэхэм я махуэ

Зэхуэсым къригъэхьэлIащ цIыхухэр егъэджэным илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьа Молэ Лиуан, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIалэгъуалэ центрым и къудамэм и унафэщI Къумыкъу Каринэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэм и дэIэпыкъуэгъу ДыщэкI Эльвирэ, Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и методист АфэщIагъуэ Маритэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студент зэгухьэныгъэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэм и унафэщI ДыщэкI Раисэ, дыщэмрэ дыжьынымрэ елэжь КIэбышэ Алинэ, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэ Къущхьэ Iэсият сымэ, адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
ЕджапIэм и пщIантIэшхуэр екIуу ягъэщIэрэщIат, яубла Iуэхум пэджэжу. Лъэпкъ ныпыр жьым дэхуарзэу, лъэпкъ дамыгъэхэр дыгъэм пэлыду апхуэдэт гуфIэгъуэр  щекIуэкI щIыпIэр. ЕджапIэм щIэс цIыкIухэм зэхыхьэр ирашэжьащ адыгэ хъуэхъу дахэкIэ. ИужькIэ абыхэм адыгэ уэрэдхэр жаIащ, езы еджапIэм и къэфакIуэ гупым - «Бгым и бынхэр» зи фIэщыгъэм - утыкур ягъэбжьыфIащ, ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм гъэхуауэ къеджащ.
ХьэщIэхэм гукъинэж ящыхъуащ еджапIэм щагъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэхэри. Адыгэхэм пасэм щыгъуэ зэрахьэу щыта хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр, цIыхубзхэм къагъэсэбэпу щыта цIуугъэнэхэр, шым, Iэщым кIэлъызэрахьэ Iэпслъэпсхэр, нэгъуэщI куэди зэхуахьэсыжат еджапIэм щеджэхэми щылажьэхэми.
Адэ-анэхэм яфIэфIу даIыгъ еджапIэм щрагъэкIуэкI Iуэхухэр. Абыхэм IэфIу япщэфIат адыгэ шхыныгъуэхэр.
Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ «Урысей зэкъуэтым и  щIэблэщIэхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Бахъсэн щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэпщэ Темырланрэ ХьэтIохъущыкъуей дэт 3-нэ курыт еджапIэм щIэс АфэщIагъуэ Арианэрэ.
ХьэщIэхэр къызэхуэсахэм дахэу ехъуэхъуащ икIи къыхагъэщащ апхуэдэ махуэ лъапIэ ди лъэпкъым зэриIэр зэрыигъуэр.
Мыпхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, къытщIэхъуэ щIэблэр ди тхыдэм щыгъуаузэу щытынымкIэ, ди лъэпкъ хабзэр ящIэнымкIэ, фIым, дахагъэм дегъэхьэхынымкIэ.
Зэхуэсыр адыгэ джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ.
 

ТАБЫЩ Динарэ.
Поделиться: