Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр

Хэхэс адыгэхэм я Iуэху нэхъ щыдэкIыу, я бзэр нэхъ щахъумэфу къалъытэ Иорданиер. Абы куэдрэ тхутопсэлъыхь Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, Иордан Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм и сенатор, а къэралым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, нэ­гъуэщIхэри. «Адыгэ псалъэ» редакцэм и хьэщIэщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Шыфэкъуж (ХьэфIыцIэ) Данэ.
Данэ къыщалъхуари къыщыхъуари Налшыкщ, КъБКъУ-р къиухащ, Амман щыщ адыгэ щIалэ дэкIуауэ абы щопсэу. Абы къэралитIыр зэ­рызэпищIар, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, Урысеймрэ Иорданиемрэ адыгэ пща­щэм и гъащIэм щаубыд увыпIэр гъэщIэгъуэнщ. Абы и адэр ди республикэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
Дызэрыщыгъуазэщи, абы Iуэхушхуэ ирегъэкIуэкI хэхэс адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм дыщигъэгъуэзэным, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри зэпыщIа хъуным теухуауэ. Мухьэмэд и щхьэ IуэхукIи хэхэс адыгэхэм япыщIа хъуат Иорданием щыпсэу Нэгуэрхэ малъхъэ щахуэхъуам. Мухьэмэдрэ абы и япэ щхьэгъусэу щыта Нансирэ япхъущ Данэ.
 Данэ зыпIа и адэм и IэщIагъэр и гум дыхьэу къыщIэкIынти, филологие щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, и насыпыр здэщыIэр арати, и анэр щыпсэу къэралым унагъуэ щихьащ. Данэ къэкIуэжауэ дыхуэзэри, депсэлъащ, езыми и гуапэу ди упщIэхэм жэуап къаритащ.

- БалигъыпIэ уиувэху ущыпсэуа щIы­пIэр щыпхъуэжам гугъу уе­хьа?­
- Къыщалъхуа щIыпIэр ихъуэ­жы­ныр зым и дежкIи тыншу къыщIэкIынукъым. Ауэ Амман сыкIуа нэужь, зэман гуэр дэкIри, цIыхухэми сесащ, бзэри зэзгъащIэри, си Iуэхур фIы хъуащ. Мазийм къриубыдэу хьэ­рыпыбзэр зэзгъэщIащ. АбыкIэ хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ зан­щIэу лэжьэн зэрыщIэздзар. БзэмкIэ си дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ хъуар, дауи, езгъаджэ сабийхэрщ. А цIыкIухэм хьэрыпыбзэкIэ зыгуэр щажесIэкIэ, сыщыуамэ, гу лъызагъэтэжырт, сэри адыгэбзэр езгъэджу арати, яфIэгъэщIэгъуэну япхъуа­тэрт.
ИтIанэ щыуагъэншэу бзэм срип­сэлъэф хъуа нэужь, тхэн, еджэн щIэздзащ. Хьэрыпыбзэр гугъущ, хьэрфыр здэщытым елъытауэ и къэпсэлъыкIэм зехъуэж, ауэ школым къыщыздэлажьэ егъэджа­кIуэ­хэри къыздэIэпыкъуурэ, япэщIыкIэ цIыкIухэм я цIэ-унэцIэхэм сы­къеджэ­фу, итIанэ псысэ сакъыхуе­джэу щIэздзащ, ауэрэ газетхэм сы­щIэджыкIыу сыхъуащ. Зы илъэс нэужьым бзэр тыншу схуэгъэ­шэ­рыуэрт.
- Уэ ущыпсэуну, ущылэжьэну укIуати, нэхъуеиншэу зэбгъащIэрт бзэр. Ебгъаджэ цIыкIухэм дауэ къа­щыхъурэт анэдэлъхубзэр?
- Зы псалъэухакIэ уи упщIэм жэуап ептмэ, 3-нэ классым нэса цIыкIухэм адыгэбзэкIэ диктант щезгъэтхкIэ, инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ нэхърэ нэхъыфIу ятх. Илъэс 17 ­хъуауэ сыщолажьэ школми, гу лъы­зотэ адыгэбзэр нэхъ псынщIэу къы­зэрапхъуатэм.
Сабийхэр школым къэкIуа нэужь, япэ класситIым дерсхэр джэгукIэ щIы­кIэм тету едгъэкIуэкIыу аращ. Ещанэ классращ хьэрфхэр зэгъэ­щIэным иужь дыщихьэр. Сэ а цIыкIухэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэныну, къызэрыдэсхьэхыну, зэрытез­гъэгуш­хуэну Iэмалхэр къэсщIа нэужь, тхылъитI къыдэзгъэкIауэ абы­кIэ изогъаджэ. ПэщIэдзэ клас­схэм щIэсхэр зэреджэ тхылъыр къэрэндащ зэмыфэгъукIэ ялэхэм хуэдэщ. ПсалъэкIэ нэхъ гурыIуэ­гъуей хъунущи, а тхылъ цIыкIум ит сурэтхэр ялэурэ зрагъащIэ, ахэр зищIысыр, апхуэдэурэ адыгэбзэр къагурыIуэу, мащIэу ирипсэлъэфу йосэ. ЕтIуанэ классым кIуэ цIыкIухэр тхылъкIэ мэлажьэ, сурэт иту, ар зищIысыр кIэщIэтхауэ. Ещанэ класс хъуа нэужь хьэрфхэри зыдогъащIэ, псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпагъэувэ, ауэрэ школ программэм дытохьэри, я къэухьым зиужьурэ макIуэ. Япэ класситIым инджылызыбзэмрэ хьэ­рыпыбзэмрэ ядж сабийхэми, къатемыхьэлъэн, зэхамыгъэзэрыхьын папщIэ дэ а­лыф­бейм и гугъу тщIыркъым, еща­нэм деж щыщIэдзауэ нэхъ ­тын­шщи, абы дытетщ.
- Хамэ къэралхэм адыгэ лIакъуэ­хэр щызэхэпхъащ. Диалектхэр егъэ­цIыхуным щхьэхуэу иужь фит?
- Хьэуэ. ДызэгурыIуауэ зэредгъа­джэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэ жы­хуэтIэращ. Мейкъуапэ никIауэ зы егъэ­джакIуэ диIэщи, абыи аращ зэрыригъаджэр. Арыншауи хъунукъым, зэхагъэзэрыхьынущ. ЛIакъуэ­хэр щызэхэпхъащ жыхуэпIэр пэжщ, языныкъуэхэм деж къэхъур пщIэрэ? Сэ адыгэбзэкIэ яжесIар е зрагъэ­щIэну естар етIуанэ махуэм къокIуэ­ри, бжьэдыгъубзэкIэ къызжаIэ! Ап­хуэдэхэм сапэрыуэркъым, ныбжьы­щIэм и адэ-анэр нэхъ зыхуэ­шэрыуэ бзэмкIэ ирагъащIэу аращ усэр.
- Школыр  къэзыух адыгэ сабийм анэдэлъхубзэр ищIэрэ, ирип­сэ­лъэфрэ? Уи гугъуехьым, уи лэжьыгъэм къыпэкIуэм арэзы укъищI­рэ?
- Си жагъуэ зэрыхъущи, сыт хуэдизу семыгугъуми, сабийр адыгэбзэ­кIэ псэлъэныр зэлъытар сэракъым, атIэ ар къыщыхъу унагъуэрщ. Сэ хьэрфри, тхэкIэри, еджэкIэри язогъащIэ. Ауэ и унагъуэм щымыпсалъэмэ, и адэ-анэр абы емыгугъумэ, сабийр къэуву адыгэбзэкIэ къопсэлъэнукъым, дерсым тэмэму ­жэуап щит щхьэкIэ. Унэм адыгэбзэкIэ къыщемыпсалъэмэ, абыкIэ къэрал экзамен имытмэ, дэ дызы­хуей гулъытэ анэдэлъхубзэм игъуэ­тыркъым. Сабийхэм зэи укъагъап­цIэркъым, абыхэм къыщызжаIэ щыIэщ: «Сэ дыгъуэпшыхь унэм сыщеджэну сыхуеят, ауэ си анэм идакъым, хьэрыпыбзэм, есэпым е ин­джы­лызыбзэм нэхъ егугъу, ар нэхъыщхьэщ» жиIэри. Абыхэм быдэу яжы­зоIэ: «Псом нэхърэ нэхъыщхьэр фи анэ­дэлъхубзэращ, фи адэ-анэ­хэр иримыпсэлъэфмэ, сэ фэзгъащIэхэр фыкIуэжурэ абыхэми евгъэлъагъу».
КъищынэмыщIауэ, ди Iуэхур нэхъ гугъу зыщIхэм ящыщщ адыгэбзэмкIэ дерсхэм хухэха сыхьэт бжыгъэр зэрагъэмэщIар. Нэхъапэм адыгэбзэр тхьэмахуэм тхуэ хэту щытащ. ИужькIэ инджылызыбзэмкIэ иджы­ри зы предмет къыхагъэхьэри, ди дерсхэр ягъэмэщIащ. Иджы 1-7-нэ классхэм тхьэмахуэм дерси 3, 8-10-нэ классхэм сыхьэтитI яIэу аращ.
Дэтхэнэ адыгэ унагъуэми и быныр ди деж къигъэкIуэну пылъщ. Бзэр щызрагъащIэкIэ къохьэлъэкIхэр, адэ-анэхэри абы и лъэныкъуэкIэ сабийхэм гугъу ядохь, ауэ къызыхэкIар зищIысыр ищIэжу ныбжьыщIэр къэтэджын папщIэ, а школым Iэмал имыIэу кIуэн хуейуэ ягъэув.
Сэ цIыкIухэм сытым дежи яжы­зоIэ: «Фи курткэм, футболкэм «адыгэ» псалъэр тету, адыгэ бэракъыр фIыгъыу, хьэрыпыбзэкIэ «сы­адыгэщ» жыфIэу фыдэмыт. Абы къикIыркъым фэ фызэрыадыгэр. Бзэр фщIэмэ, хабзэр зефхьэмэ - фыадыгэщ, занщIэу фыкъацIы­хунущ, дакъикъипщIкIэ къывбгъэ­дэтым фи адыгагъэр здынэсыр ­игъэунэхунущ. Аращ нэхъыщхьэр».
- Адыгэ защIэ фи еджапIэм щIэ­сыр, хьэмэрэ хьэрыпи яхэт?
- НыбжьыщIэ миным щIигъу щIэсщи, проценти 3 хуэдизыр хьэрыпу къыщIэкIынщ. Зы классым зы-тIу щIэсынкIэ мэхъу. Апхуэдэхэм я нэхъыбэм я анэр урысщ, е адыгэщ, е кавказ лъэпкъхэм ящыщщ, ауэ я адэр хьэрыпщ. Ди школым зи адэри зи анэри хьэрып къыщыщIагъэ­тIыс­хьэ щыIэщ. Иорданием исхэм фIыуэ ящIэ адыгэхэм пащтыхьым деж        къулыкъу зэрыщащIэр, абыхэм я пэжагъымрэ къабзагъымрэ, я дуней тетыкIэмрэ я цIыхугъэмрэ ­щыт­хъу зэраIэр. «Фэ фхуэдэу ди бы­ныр вгъэсэну дыхуейщ», - жаIэурэ къы­щытхуашэ щыIэщ хьэрып цIыкIухэр.
Зы лIы гуэр къэкIуат и къуитIыр ­къишэри, «сэ адыгэхэм куэдрэ сахуо­зэ, абыхэм хуэдэу акъыл гъэ­тIыса зиIэ, зи бын дахэу зыгъасэ срихьэлIакъым, си сабийхэри ап­хуэдэу къэхъуну сыхуейти, мы школым къэсшащ», - жиIэри.
- Псоми жаIэ Иорданием адыгэ­хэм пщIэшхуэ зэрыщыхуащIыр.
- Ар пэжщ. Иорданием сыщыкIуа­гъащIэм «дэнэ ущыщ» жаIэмэ, «Урысейм сыкъикIащ» жысIэрт. Ауэ Урысеймрэ урысхэмрэ нэхърэ нэхъыфIу шэрджэсхэр къыщацIыху абы икIи фIыуэ къыщалъагъу. Сыт хуэдэ зэхыхьэ сыкIуэми, хьэрып дапщэ ныбжьэгъу схуэхъуми, си щхьэр ­лъагэу сагъэлъагъуж, адыгэхэр яфIэ­щапхъэщи. Сыщылажьэ школым щыIэ гупыр къапщтэмэ, зэгуры­Iуэрэ зэдэIуэжу, зыр зым ечэн­джэ­щыжу, дэIэпыкъуу апхуэдэхэщ. ­Зы пса­лъэкIэ жыпIэмэ, адыгагъэ яхэлъщ, аращ хьэрыпхэри нэхъ къы­дэзыхьэхыр. Щылажьэхэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, зи анэдэлъхубзэр зыхуэмыгъэшэрыуэми, Iэмал имыIэу адыгэ хабзэр зэрехьэ.
- Къэралхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм ящыщу нэхъ иныр Амман щыIэ ФIыщIэ Хасэращ. УкIуэрэ абы?
- Пэжщ, икIи инщ икIи лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI АФIХ-м. Абы и нэIэ щIэтщ сэ сыщылажьэ школри, абы къепхыжа сабий гъэсапIэри. Хасэм и лэжьакIуэхэм балигъхэми сабийхэми я нэIэ трагъэтщ, нэхъыбэу зытрагъащIэр бзэр хъумэ­нырщ, адыгэ щэнхабзэр зехьэнырщ, хабзэр яхэлъынырщ, зэрыадыгэр ящымыгъупщэу псэунырщ. Къищы­нэмыщIауэ, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри къызэщIиубы­дэу ­къудамэ щхьэхуэхэр иIэщи, абы ­нэхъ тынш икIи куу ещI адыгэ гъащIэм ­теухуа лэжьыгъэр. Сэ щIэх-щIэхыурэ сахохьэ абыхэм, къызэрагъэпэщ махуэшхуэхэм сыхэтщ. ЩIысфIэфI­ри си адэм и ныбжьэгъу куэд щыIэщи, ахэр слъагъуну сыт щыгъуи си гуапэщ. Хэкум никIахэм абы сащыIуощIэ.
- МыбыкIэ щыпсэухэмрэ абы­хэм­рэ зэбгъапщэмэ… Дауэ къызэтена Иорданием ис адыгэхэр, уэ узэреплъымкIэ?
- ЩызэрыIыгъщ абы адыгэхэр, я зы хъугъуэфIыгъуи зэрамыгъэ­мэ­щIэным иужь иту. НэгъуэщI къэрал щымыпсэуам ищIэнукъым: хамэхэм уащыхэтым  деж  уи бзэр зыIу­ры­лъыр, уи хабзэр зезыхьэр уи ­шыпхъу, уи дэлъху пэлъытэщ. Хэкум апхуэдэу щызыхэпщIэркъым ар. Уи лъэпкъым ухэсщи, а зи гугъу сщIыхэм уегуп­сы­сыххэркъым. Адэжь лъахэм ущы­пэ­IэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щы­зыхэпщIэр. Къалэнышхуэ ягъэзащIэ абы и лъэныкъуэкIэ Хасэхэм. Аращ хэхэсхэм адыгэ жьэгу яхуэ­хъур.
Налшык сыкъыщыкIуэжкIэ си гум зимыгъэнщIу хэкужьым и хьэуамкIэ собауэ, си адэм, си благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ гу ящызмыхуэу сабгъэдэсщ, дунейм и дахагъри аращи, къалэ жыг хадэм сокIуэ, абы ит дэтхэнэ жыгри мыбыкIэ сыкъыщыгупсысэкIэ си нэгу къыщIэзгъэ­хьэжыфын хуэдэу сигу изубыдэну сыхэтщ.
- Налшык укъэIэпхъуэжыну къып­щыхъурэ зэгуэр  хьэмэрэ абы уигу щыбгъэтIылъа?
- Си IэщIагъэр, си лэжьыгъэр, сызыхэт гупыр сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ абы сигу щызгъэтIылъынымкIэ. Ауэ си гущIэм щэхуу илъ гуэрщ а укъызэрызэупщIар, ар нобэкъым, пщэдейкъым къыщыхъунур, ауэ дыпсэумэ…
- Уи пщащэ цIыкIур мащIэу къэдгъэцIыхут. Сытым нэхъ дихьэхрэ, сытхэр и мурад?
- Санэ ебгъуанэ классым макIуэ. IэщIагъэ хуэхъунур иджыри къыхихакъым, ауэ сурэт ищIыну хуабжьу фIэфIщ. Еджэным дехьэх, сэ сыщылажьэ школращ щеджэри, аращ Санэ сэрэ ди адыгэ дунейр щытлъагъур, адыгэбзэр щызэхэтхыр. КъищынэмыщIауэ, ныбжьэгъу­хэр, благъэхэр диIэщи, дакIэлъокIуэ, къытхуоблагъэ. Нэхъапэм ха­сэм кIуэурэ адыгэ къэфэкIэ зригъэщIащ, иджы баскетбол джэгуну фIэфIщ.
- ПIалъэ-пIалъэкIэрэ фIэкIа умы­лъагъу щIы­пIэм зэрызихъуэжар уи нэгу нэхъ къыщIедзэ. СыткIэ­ нэхъ дахэ е нэхъ Iей хъуа Налшык?
- Сэ илъэсиблкIэ сыщымыIауэ сыкъэкIуэжати, псоми гупсэхугъуэ къызатырт. Сани апхуэдизкIэ итхьэкъуащ хэкуми, «си анэ, Иорданием щыдиIэ благъэхэмрэ ныбжьэ­гъу­хэмрэ мыбы къэIэп­хъуэжыну щы­тамэ, сыту фIыт Налшык ущыпсэуну» жиIэрт. Къэбэрдейм щыпсэу и адэшхуэмрэ и анэшхуэмрэ зыпищI щыIэкъым, мыбы дыщыIэху пщэдджыжь къэс и анэшхуэм и гъусэу паркым кIуэурэ къикIухьащ.
Налшык куэдкIэ нэхъ дахэ хъуащ. Уэрамхэм ущрикIуэкIэ, нэм илъагъу псоми гур хагъахъуэ. Ауэ цIыхухэр нэщхъейуэ къысщохъу, нэхъ нэжэгужэу саIуплъэну сыхуейт. Къур­Iэ­ным итщ мыпхуэдэу: «ЦIыхум мылъкукIэ удэIэпыкъуфмэ, дэIэпыкъу, ар пхузэфIэмыкIмэ, псалъэ дахэ жеIэ, псалъэ дахэ пхужемыIэрэ - хуэгуфIэ». Гуапагъэщ ар, узэщыгуфIыкI­мэ, уигухэри нэхъ зэгъунэгъу мэхъу. Сэ къызгуроIуэ: гуныкъуэгъуэ, ­гугъуехь гуэр зимыIэ щыIэкъым, ауэ а псор уи нэгум къищ зэпыту упсэу хъунукъым. УщыузыншэкIэ, пшхын щыбгъуэткIэ, адрейхэр псори хуэмурэ къыбдэхъунущ. Нэхъ гумащIэу, гупцIанэу дызэхущывгъэт цIыху псори.

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: