ГущIагъщIэлъхэр макъамэм къезыгъэIущэщ

Урысейм  и  композиторхэм  я  зэхуэсым.  Молэ Владимиррэ ХьэхъупащIэ Хьэж­бэчыррэ  Армением  и лIыкIуэхэм  яхэту.
1970 гъэ.

УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, композитор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Джэрмэншык къуа­жэм 1940 гъэм къыщалъхуа Молэ Владимир Лил и къуэм Саратов дэт къэрал консерваторэм щеджэу итхауэ щытащ Акъсырэ Залымхъан и пьесэр зи лъаб­жьэ «Дахэнагъуэ» оперэр. Абы и япэ актыр еджапIэр къыщиух илъэсым (1965 гъэм) ягъэлъэгъуат. Що­джэнцIыкIу Алий и поэмэр и лъабжьэу Шортэн Аскэрбий итха «Къамботрэ Лацэрэ» пьесэм къытращIыкIа оперэр зейри Молэращ. Абыхэм къакIэлъы­кIуащ «Бгыхэм я хъыбар» балетыр (либреттэр Шортэн Аскэрбий ейщ), Антокольский  Александр и пьесэмкIэ итха «Люсэ цIыкIу - аслъэным ипхъу» сабий оперэр, Шортэн Аскэрбий и пьесэр зи лъабжьэ «Лъыхъу къагъэпцIахэр» опереттэр, симфоние поэмэ инхэр, уэрэд куэд. Апхуэдэуи Молэм уэрэдхэр зэрыт тхылъу плIы къыдигъэкIащ, музыкэ пьесэ куэд итхащ. Абы макъамэ ящIилъхьащ КIыщокъуэ Алим, Гъубжокъуэ Ли­уан, Къагъырмэс Борис сымэ, нэгъуэщI лъэпкъ тхакIуэ куэдми я усэхэм.
Молэ Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и унафэщIу щытащ, илъэс 18-кIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ къулыкъур ирихьэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмрэ ­гъуазджэхэмкIэ училищэм и тхьэмадэу лэжьащ. Дызэрыт мазэм композитор цIэрыIуэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъуащ
.
 

Хэбгъэзыхьмэ, сеньор  министр  Бергилис  Клаудио нэхърэ  сынэхъ къулейщ

ЦIыхур зыхущIэкъур къехъу­лIэ хабзэщ, ерыщу, гугъу зыдригъэхьу, къару ирихьэлIэу абы    еувалIэмэ. Молэ Владимир  цIыху насыпыфIэщ хужыпIэну къезэгъ къыщIэкIынщ, адэ-анэм я лъа­гъу­ныгъэр, унагъуэм и IэфIагъыр, ныбжьэгъухэмрэ лэ­жьэгъухэмрэ я пэжагъыр нэсу зыхищIащи. Апхуэдэу зелъытэж абы.
… Молэр нэ­фIэгуфIэу къыспежьащ. НэгъуэщIуи си нэгу къы­щIэз­гъэхьэртэкъым. ТелефонкIэ къыз­жиIауэ щытми, иджыри зэ къытригъэзэжмэ зэрыфIэфIыр с­лъа­гъуу, Тэрч щIыналъэм щыщ­хэм ар къызэрымыкIуэу зэрахуэ­гуапэр къыхигъэщурэ унэм сы­щIишащ. Пианинэ е нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэ зэуэ сыIуплъэн ­хуейуэ къыщIысщыхъуар сщIэр­тэкъым, арщхьэкIэ слъэгъуар ­нэгъуэщIщ: «Мыхэр, къытхуэбгъэгъунщ, ауэ ди пхъурылъхум мып­хуэдэурэ и унафэм дыщIэтщ», - жиIэри Владимир и Iэр хуишиящ щыгъэ зэфIэблахэм ебгъэщхьыну мыIэрысэ гъэгъуахэм. Ахэри Владимир и гъуазджэм щыщт.
Композиторым и пэшым кIыхьу ущIытепсэлъы­хьын щыIэу къыщIэ­кIынкъым, сыту жыпIэмэ, ар­мырами гурыIуэгъуэщ - ар нотэхэрщ, тхылъ­хэрщ (езым къыдигъэкIахэри яхэту), зыIущIа цIыхушхуэхэм, унагъуэм я гъусэу зытригъэха сурэтхэрщ зэрыгъэнщIар, макъамэ къыщемыуэми, абы къыщIэ­IукI хуэдэщ музыкэ лъагэр. АбыкIэ ­езгъэлеями сщIэркъым, ауэ апхуэдэу къысщыхъуащ Молэм сы­зэрыбгъэдэса сыхьэт бжыгъэм…
ЦIыху къэс гъащIэ зырыз яIэщи, ар зэрекIуэкIыр, хуей-хуэмейми,  абы и гум иреубыдэ. Зыкъом дэкIа нэужьщ абы къикIуа гъуэгуанэм и мыхьэнэуэ щытар щызэригъэ­зэ­хуэжыр, щызригъэпщэжыр, къы­щы­гурыIуэжыр. Шэч хэлъкъым Мо­­лэ Владимир хиша лъагъуэр зэрыбгъуфIэм, зэрыкупщIафIэм. А псом ар нобэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ щыхъуам, хуоплъэкIыж икIи и нэгу щIэкIар пычыгъуэ-пычы­гъуэурэ, Iыхьэ-Iыхьэурэ и гум ­къредзэж:
- Сэ усэ, рассказ стхын щIэздзат 3 - 4-нэ классхэм сыщIэсу. Нэ­хъыщ­­хьэу абы хэлърати, усэм макъамэ щIэслъхьэжырт. Абы и фIыгъэкIэ сэ къэс­цIыхуат ди щэнхабзэр а зэманым зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша цIыхуфIхэр: ­КIуащ БетIал, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ. Япэ гъуэгуанэмкIэ сэбэп къысхуэхъуар Къашыргъэ ХьэпащIэт. Абы школым адыгэбзэмкIэ дыщригъа­джэрти, дзыхь хуэсщIри, си тхыгъэхэм къезгъэджат. ХьэпащIэ къызжиIащ КIуащ БетIал зыхуэзгъазэрэ си IэдакъэщIэкIхэм хэз­гъап­лъэмэ нэхъ зэрыфIэкъа­былыр. Арати, ди адэм (ар Япэ ­дунейпсо зауэм хэтат, генерал Корниловым и унафэм щIэт шуудзэми щыщащ, зэкъуэшищрэ зэ­шып­хъуиплIрэ ­дапIырти, дэтхэнэми и нэIэ къыт­тетащ, адыгэм жиIэну тIэкIу ­емы­кIу­­ми, фIы дыдэу ­   абы сыкъи­лъа­гъурт, цIыху щэджащэт) выгукIэ сешэ КIуащым и деж. «Мы щIалэр е усакIуэ, е тхакIуэ хъу­ну къыдоныкъуэкъури, зыгуэр къыже­фIамэ арат», - дыкъы­зы­текIу­хьар БетIал хуиIуэтащ. «Сыт а жыпIэр? Абы нэхъыфI пщIэнкъым, сыту фIыт къызэрыпшар», - жиIэри си тхыгъэхэр зэрыстха тет­радь цIы­кIуитIыр зэпиплъыхьащ. Еджэн иуха нэужь, КIуащыр къэ­тэджри, си дамэм къытеуIуэурэ: «НтIэ, Молэ и къуэ, Чеховым нэхъ­рэ унэхъ Iэзэщ уэ», - жиIащ. Сэ абы и псалъэхэр гушыIэм зэры­хуэсхьар къыщилъагъум, абы ды­щIи­гъу­жащ: «Пэжщ сэ жысIэр. Рассказ нэхъ кIэщI дыдэхэр зытхыфу щытар Чеховырщ. Уэ абы нэхъ­рэ нэхъ кIэщIыжу уотхэ. Ауэ ар иджыри къупщхьэщ, лы телъ­хьэ­жын хуейщ».
БетIал и псалъэхэм куууэ сагъэгупсысами, ар иджыри си гъащIэ гъуэгуанэ зэхэгъэкIыпIэтэкъым. Сэ шыпхъуиплI сиIащ. ЗэрыжаIэу, сызыпIари ахэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, си шыпхъухэм ящыщу зы закъуэщ иджыпсту дунейм тетыжыр. Зэ­шыпхъухэм я етIуанэм жьы къы­пиубыдырт. Ар щIэхъуэп­сырт медицинэ щIэ­ныгъэ зэзгъэгъуэту згъэхъужыну. Абы и жыIэр си дежкIэ унафэти, медучилищэм сы­щIэтIысхьэну сы­кIуат а махуэм. Си къуэш нэхъыжь Щыхьэрбий «Кутузов» кхъухьым къулыкъу щи­щIэрти, матросхэм ящыгъ плIэм хуэдэ къысхуихьауэ сиIэт, ар сщыгът, мандолинэ къызитари си пщэм фIэдзауэ, зэрыжаIэу, «щIалэ зыкъизыхт». Е сэ апхуэдэу къысщыхъужрэт?! Япэ экзаменыр ттауэ ХьэтIохъущо­къуэм и жыг хадэм зыщыдгъэп­сэхурт. Иджы хуэдэтэкъым ар. Абы цIыхур куэ­ду итт, уеблэмэ нэху къыщекIи ­къэ­хъуу. АтIэ, ШащIэхэ ящыщу къыс­фIо­щIыж, зы хъы­джэбз ди гъу­сэти, «Володя, уэ му­зыкэм ­удехьэх, мыр уфIэгъэщIэ­гъуэн­къэ?» - жиIэри хъыбарегъащIэ тхылъымпIэр сигъэлъэгъуащ. Абы итт ­Налшык Музыкэ училищэ ­къы­­зэ­рыщы­зэIуахыр, щIалэгъуа­лэр абы зэры­рагъэблагъэр. Гуп­сысапIи зэз­­­мытыжу зисчащ, еджапIэ жы­хуа­Iэм и Iуэхур зытетыр зэзгъэщIэну. ИкIэм-икIэжым, Iуэры­Iуатэдж, ком­­позитор, пианист цIэ­рыIуэ Шей­блер Трувор, Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал филармонием и унафэщIу щыта, тхакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, композитор Къардэн Хьэсэн сымэ я пащ­хьэм сыкъихутащ. «Сыт хуэдэ унэтIыныгъэм ­ухуеджэну ухуей? Сыт пхуэщIэрэ?» - къызэупщIащ ахэр псом япэу. Сэри зызмыIэжьэу: «Мес мо пшынэ фIыцIэшхуэм сеуэфу зезгъэсэну сыхуейщ», - жыс­Iэри, си Iэпэр хуэсшиящ ­гъу­­нэгъуу щыт фортепианэм. Нэхъ ипэкIэ зэи апхуэдэ дыдэу гъунэ­гъуу слъэ­гъуа­тэкъым фортепианэр, сымы­щIэххэр абы зэреджэрт. Къэп­щытакIуэхэр пыгуфIыкIащ си жэ­уапыр зэрызэхахыу. АрщхьэкIэ сэ ар къызыфIэзмыгъэIуэхуу си мандолинэм сеуэурэ уэрэд жысIэн щIэздзащ, абы щыгъуэми къэ­фэ­кIэ гуэрхэри згъэлъагъуэу. Къыс­­щыхъурт сэр фIэкIа нэгъуэ­щIым апхуэдэу хуэмыщIэу. ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр укIытэри сыкъигъэувыIэжащ: «Умуслъымэнмэ, Молэ, зэ къызэтеувыIэж, хъунщ ар, укъыдощтэ, укъыдощтэ», - жиIэри. Шей­блер абы щыгъуэм къыпищащ: «Флъагъуркъэ, щы­Iэщ зэ­фIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр. Дэ ­къуа­жэхэм дыщолъыхъуэ, абы щы­гъуэм мыбы хуэдэ цIыкIухэм уэрамым къыщакIухь».
- Абы щыгъуэ щыIа щэнхабзэр инт…
- ЗэрыжысIауэ, школым иджыри сыщIэсу щэнхабзэмрэ гъуазджэм­рэ сыдахьэхат. ФIыуэ слъагъурт ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезы­хьэ ди Къэбэрдей къэрал дра­мэ теа­т­рым игъэлъа­гъуэ­хэр: «Дахэна­гъуэ», «Къамбот­рэ Лацэрэ», «Къан­­щобийрэ Гуащэ­гъагърэ» жыпIэми, адрейхэрами. Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ абдежщ псоми къыщыщIидзэр. Училищэм сыщIэсу япэ дыдэу стхар «Налшык пап­щIэ» (псалъэхэр Щоджэн Хьэбас ейщ), «СыпхуэзэхукIэ щэхуу укъызоплъ» (Балъкъэр Фоусэт), итIанэ «Лэскэн хъыджэбз» уэрэдхэрщ. «Налшык папщIэ» уэрэдыр сIыгъыу (1957 гъэм) Къэбэрдей-Балъкъэрым Уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым сыкIуат. Абы щыгъуэм гупым я пшынауэ Iэзэхэр Къашыргъэ КIурацэрэ ТIэш Ла­кIушкэрэт. КIурацэ, нобэ хуэдэу сощIэж, занщIэу къысщыгуфIы­кIат: «НэгъуэщI мыхъуми, адыгэ щIалэ цIыкIум итхауэ макъамэ деуэнщ», - жиIэри. Абыи щхьэусыгъуэ иIэт, дауи. Урыс, журт лъэпкъхэм щыщхэм ятхахэм ахэр еуэн хуей хъурти арат.
Егъэлеяуэ щэнхабзэ къулей зы­хэлъыр ди адыгэ уэрэдыжьхэрат. Псалъэм папщIэ, Ало ЛутIэ и ­«Куп­сэ» уэрэдыр сыт и уасэт?! Ахэр гукIэ тщIэрт. Щэнхабзэм и IуэхукIэ абы щыгъуэм Шейблер Трувор, Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин, Блэ­науэ Быцэ, Шэрий Иринэ, Къуэ­дзокъуэ Владимир, нэгъуэщI­хэми ящIам уасэ иIэтэкъым.
… 1982 гъэм Бразилием и Саль­вадор къалэм «Кабардинка»-м концертищ щитауэ (сэри са­щIыгъут) пресс-конференц ираг­ъэ­кIуэкIырт. Къэрал 15-м къикIа лIыкIуэхэм сыт хуэдэ упщIи ­къуа­тыфынут. Хэти фIэхьэлэмэтт ады­гэхэм ди щыIэкIэ-псэукIэр, нэгъуэщIхэр щIэупщIэрт адыгэ защIэ фIэкIа зыхэмыт ансамблыр абы нэс дауэ ягъэкIуами. «Трибуна да Байя» газетым и зы корреспондент къызэупщIащ: «Сеньор министр, сыт хуэдэ къулеягъ ущиIэ ­ уи лъахэм? Уэ икIи укомпозитор цIэрыIуэщ», - жиIэри. Сэ занщIэу жысIащ ди республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ ­нэхъ къулей дыдэу сызэрыщытыр. «Хэб­гъэзыхьмэ, щэнхабзэмкIэ фи  министр Бергилис Клаудио нэхърэ сынэхъ къулейщ, хъыджэбзиплI сиIэщи. НэхъыщIэ дыдэ Линэ цIыкIу дыкъе­жьэн ипэ къытхэхъуа къудейщ», - жысIат. Бергилис пыгуфIыкIри жэуап къызитыжат: «Пэжу, унэхъ къулейщ, сэ пхъуищ сиIэу аращ икIи абыхэм иджыпсту саугъэт къуа­тынущ», - жиIэри, фэеплъ тыгъэхэр къысхуащIат. Ар сэ гуапэ сщыхъуат.
Си гукъэкIыжхэм напэкIуэцIы­фIу хэтщ «Кабардинка» ансамб­лым и гъусэу сыздэщыIа щIы­пIэ­хэр. Псом хуэмыдэу Бахрэ Бетховенрэ я лъахэр зэрыслъэгъуар, Лейпциг деж щIалэ цIыкIухэм я хор цIэрыIуэм Бах и лэжьыгъэ ­нэхъ инхэр игъэзащIэу зэрызэхэсхар си композитор лэжьыгъэм сэбэп хуэхъуащ. «Кабардинка» къэфа­кIуэ гуп цIэрыIуэм лъэкIар Iуэху­гъуэ щхьэхуэщ. «Нэмрэ тхьэ­кIу­мэмрэ псэм и гъуджэщ», - жаIащ зэгуэрым. Си дэтхэнэ гъуэгуанэми сэ зыщысIэтащ, зы­щызужьащ.
- Ефэнды Джылахъстэнрэ уэрэ куэдрэ фызэдэлэжьащ. А зэманхэр сыт хуэдэт?
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ щыта Ефэнды Джылахъстэн ­ дэ сыт щыгъуи ди щIэгъэкъуэну, уеб­лэмэ ди ущиякIуэу къекIуэкIащ. Ди Iуэху зэхуэхъуми-зэхуэмыхъу­ми хэплъэну абы зэман къыхуиг­ъуэтырт, емызэшыжу ди дерсхэм, концертхэм, спектаклхэм, нэ­гъуэщI щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм къа­кIуэрт, къыдэплъырт, ди лэжьыгъэр къыддиIыгъырт. Чайковский Пётр жиIащ: «Музыкэр къызэрыбгъэщIын хуейр ипэкIэ уплъауэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубэм ар илъэс куэдкIэ ягу къинэжын хуэ­дэущ». Абы ещхьу дигъэ­ла­жьэрт Ефэнды Джылахъстэни. Абы дзыхь къысхуищIурэ махуэш­хуэхэр, зэIущIэхэр зэрекIуэкIынур сигъэгъэхьэзырырт, ди литературэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьа­кIуэхэм я зэфIэкIыр гъу­нэгъу щIыналъэхэм щыщагъэлъэ­­гъуэ­ну зэ­хуэсхэм си­гъакIуэрт. ЦIыху цIэрыIуэхэм, щэнхабзэм и лэ­жьа­кIуэхэм, композиторхэм зэпымыууэ уащыхэткIэ, сэри си лэжьыгъэ ехьэлIауэ нэхъыбэжым зеспщы­тыфырт. Ап­хуэ­дэурэ 1966 гъэм СССР-м и ­Композиторхэм я зэгухьэныгъэм сы­­ха­гъэхьат. Абы щы­­гъуэм РСФСР-м и Компози­торхэм я союзым и секретариа-тым и зэIущIэм Кавказ Ищхъэрэм и композиторхэм я лэжьыгъэхэр хагъэхьат. Программэм хэтт си «Дахэнагъуэ» опе­рэри. Абы гулъытэ хъарзынэ къыхуащIат Урысейми Кавказ Ищхъэрэми щыщ композитор цIэ­рыIуэхэм.
1967 гъэм си жылагъуэ гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и художественнэ уна­фэщI сащIри. Гъуазджэм къы­щыс­хуащIа дзыхьыр си дежкIэ нобэми лъапIэщ, гуапэу сигу ­къы­зогъэкIыж. «Во­ло­­дя, - зы­­къысхуигъэзащ абы щыгъуэм Джылахъстэн. - Уэ щIэ­ныгъэфI уиIэщ, икIэм-икIэжым, укомпозиторщ. Уи зэфIэкIыу ­хъуар­ иджы епхьэлIэн хуейщ оркестрым и программэщIэми филармонием нэгъуэщI и гупхэм я лэжьыгъэми. КуэдкIэ дыпщогугъ. Псом хуэ­мыдэу сыхуейт симфоние оркест­рым хэтхэм я бжыгъэр блыщIым нэблагъэ тщIыну. Ар, сощIэ, къалэн тыншкъым. Ауэ ди оркестрыр Iэмал имыIэу Кавказ Ищхъэрэм, уеблэмэ Урысей Ипщэ псом щынэхъыфI дыдэ хъун ­хуейщ. Егупсыс. ДыбдэIэпы­къунщ». Ефэн­­дым уиущия нэужь, пхузэ­фIэмыкIын щымыIэу къыпщы­хъуу гурыщIэ гуэр къып­хыхьэрт. Сэ сфIэгъэщIэгъуэну а лэжьыгъэр згъэзэщIэну иужь сихьащ. ГъуазджэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм я Iуэху нэхъыщ­хьэхэм, я репертуархэм, програм­мэщIэ­хэм­, пьесэхэм, уэрэдхэм, оркест­рым игъэзащIэ макъамэхэм - псоми кIэлъыплъын ху­нэ­сырт Джы­лахъстэн. Художественнэ, му­зы­кэ, драматургие лэжьыгъэщIэхэр къэрал за­казкIэ къэу­нэхуа зэрыхъуным нэ­­­­­гъуэщI зы республикэ, область елэжьу щытакъым а зэманым Къэбэрдей-­Балъкъэрым хуэдэу. Ар и фIыгъэт Ефэнды Джылахъ­­с­тэн зэгъэ­кIуауэ лэжьыгъэр зэ­рызэтриуб­лэм.
Гугъэшхуэхэр къызипхыу, 1970 гъэм Тбилиси къэрал консерваторэм и аспирантурэм сыщеджэну сызыгъэ­кIуари аращ, Ефэндырщ. Си насып кърихьэкIри, си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуэну Iэмал сиIащ СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, куржы, дунейпсо классикэм фIыуэ хэ­зыщIыкIыу щыта Баланчивадзе  Андрей и деж. Шортэн Аскэрбий и тхыгъэм къытестхыкIа «Бгырыс­хэм я хъыбар» балетым ар си унафэщIу елэжьын щIэздзауэ щытащ. А еджапIэ дыдэм «Лъыхъу къэгъэпцIахэр» опереттэр щыстхащ.
БлэкIам зыщыхуэзгъэзэжкIэ, Ефэнды Джылахъ­стэн фIы­щIэ куэд хуэсщIыну къыстохуэ. Иджып­сту согупсысыжри, къызгуроIуэж 1976 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щэнхабзэмкIэ и минис­трым и япэ къуэдзэ сыхъуным езыр зэ­рыхэлIыфIыхьар. Министерствэм сызэрыщылэжьам щхьэ­­­хуэу нэху щыху утепсэ­лъы­хьы­фынущ, ауэ къыхэзгъэщынурат: а зэманым ­гъуазджэмрэ щэн­хабзэмрэ гулъы­тэшхуэ хуэт­щIырт. Музыкэ школ къудейуэ 39-рэ республикэ псом къы­щы­зэIутхауэ щытащ. Джы­лахъ­стэн и Iуэху зехьэкIэкIэ, гурэ псэкIэ лэжьыгъэм етауэ зэры­щытымкIэ псоми къахэщырт. Щхьэх иIэтэкъым, зыгуэр зэфIэгъэкIын хуеймэ, ар зи къалэнхэр зэхуишэсырти, щIэн хуейм зыры­зыххэу къытеувыIэурэ яху­зэпкъ­рихырт, итIанэ я лэжьыгъэм жыджэру еувэлIэну пщэрылъ ящищIыжырт.
Зэи къэхъуакъым республикэм зы гуфIэгъуэ гуэр щаIэту сэ а Iуэхум теухуауэ уэрэд сымытхыу. Абыи сы­хуэзыгъэсар Джылахъ­стэнт. Дызэ­дэлажьэм и мыза­къуэу, дызэныбжьэгъут, куэдрэ ­    си хьэщIэт, уна­гъуэкIэ ды­зэ­­кIэ­лъыкIуэрт. Мы зыри сигу къокIыж: Комсомолым и комитет нэхъыщхьэм щылажьэу, ар ягъэ­кIуат Азие Курыт псом и респуб­ликэхэм я прессэр иунэтIыну. А Iуэхум хэт псори Джылахъстэн ицIыхурт, и лэжьыгъэр фIыуэ къехъу­лIэрт. Мэлбахъуэ Тимборэ игъэлъапIэрт апхуэдэ цIыхухэр икIи партым и къалэ комитетым и япэ секретару къишэжауэ щытащ, Москва къришыжри. Зэпымыууэ и нэIэ къыстетащ Джылахъстэн, си мызакъуэу, псоми я лэжьыгъэр ефIэкIуа зэрыхъуным хущIэкъурт. Сыт и лъэ­ныкъуэ­кIи сыхуэарэзыщ абы.
- Владимир, шэч къытесхьэркъым ноби гъэщIэгъуэну узэ­лэжь гуэр узэриIэм…
- СыкъэпщIащ (мэдыхьэшх). ТхакIуэ Къэжэр Хьэмид и редактору тхылъ згъэхьэзыращ. Абы ­ихуащ нобэр къыздэсым сызэлэжьахэри (радиом сыщыIутам Iуэху къыщесхьэкIахэри хиубыдэу), сэ стеухуауэ зэман зэмылIэужьы­гъуэхэм си ныбжьэгъухэм, лэ­жьэгъухэм схуатхахэри.
Нэхъапэм стха уэрэдхэм щегъэжьауэ «Къамботрэ Лацэрэ», «Дахэнагъуэ», «Люсэ цIыкIу - аслъэным ипхъу» (Антокольский Александр ейуэ) оперэхэр, ораториехэр - сэ зы лэжьыгъи сиIэкъым адыгэ IуэрыIуатэр и лъабжьэу къэзмыщтауэ. Макъамэ IуэрыIуа­тэм къыщыщIэдзауэ япэ лъэпкъ опе­рэм деж щыщIэкIыжу къы­зэ­щIиубыдэнущ тхылъыщIэм. Абы гулъытэ щахузощI Темыркъан зэ­къуэшхэм я творчествэми.
- Уи анэри пшынауэ IэкIуэ­лъакIуэу щытауэ жаIэж. Уэ уи щIэблэми яхэт сфIощI гъуазджэм дихьэха…
- Си пхъуитIри пианисткэщ. Нэхъыжь Мадинэ диплом плъыжькIэ Налшык Музыкэ училищэр къиухащ, Майе Москва консерваторэм пианисткэу щеджащ, и щхьэгъусэ­ри баянист цIэрыIуэщ. Лианэ доху­тырщ, нэхъыщIэ Линэ КъБКъУ-м сервисымрэ туризмэмкIэ и факультетыр къиухащ, и IэщIагъэм иролажьэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, Владимир. ДяпэкIи уи щхьэгъусэм­рэ уэрэ фехъулIэу, унагъуэр фыу­зыншэу фызэдэпсэуну ди гуапэщ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Молэ  Владимир

 

Молэ  Владимиррэ  ХьэхъупащIэ  Хьэжбэчыррэ.  Москва, 1982 гъэ

Зэдэлъхузэшыпхъухэр. Щысхэр: Барэсбий, Щыхьэрбий, Сэфарбий (Владимир), щытхэр: Кулижан, Жанпагуэ, Жангуащэ, Жангулэз. 1962 гъэ

Владимир  и  унагъуэр. 1970 гъэ

Адыгей  композитор  Бэсыдж  Муратрэ Бэрэгъун  Владимиррэ  я  гъусэу. 1965 гъэ

 

Лъэпкъым и  налкъут

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ компози-­ тор щэджащэщ Молэ Владимир. Шэч хэмылъу, псэ мызагъэу, цIыхухэм яхуэпэжу, пщIэшхуэ къэзылэжьу дунейм тета и адэ Молэ Лил и хьэл- щэным фIы куэд къыхихащ Владимир. Макъамэр фIыуэ лъа­гъуныр, ар псэм къыб­гъэдэкIыу къэгъэщIыныр и анэ СэIихьэт, пшынауэ Iэзэу щытам, къыбгъэдихащ.

Молэ Владимир и творчествэм щымыгъуазэ къэгъуэ­тыгъуейщ. Макъамэр куууэ къызыгурымыIуэ цIыхухэ­ми абы и уэрэдхэр фIыуэ ялъагъу, я гуапэу зэпадзыжу жаIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Лэскэн хъыджэбз», «Бланэ щалъху мэкIуэж», «Мазэгъуэ жэщ» уэрэдхэр.
И лъэпкъ щэнхабзэр егъэфIэкIуэным, профессио­наль­нэ макъамэм зегъэужьыным лэжьыгъэшхуэ тригъэ­кIуэдащ композиторым. Илъэс зыбжанэ ипэ дэ ар Нарткъалэ дэт курыт школ №3-м къедгъэблэгъат. Пэжыр жыпIэмэ, абы хущIыхьэгъуэ зэримыIэр тщIэрти, къэмыкIуэфынкIэ зэрыхъунум дыщыгъуазэт. АрщхьэкIэ сабийхэр абы IущIэну хуабжьу пэплъэрт, и уэрэдхэри зэрыжаIэнум хуэдэу зыгъэхьэзырат. ДыкъигъэщIэ­хъуатэкъым Владимир, нэфIэгуфIэу, куэд щIауэ дыкъицIыхум хуэдэу къытхыхьат. Сабийхэм гуапэу зэрепсэ­лъам, и уэрэдхэр зэрызэхэтхам псоми дэрэжэгъуэ къыдитат. Псом хуэмыдэу сэ згъэщIагъуэрт Владимир лъэпкъ литературэм куууэ зэрыхищIыкIыр…
Ди лъэпкъ макъамэр оперэм нэзыгъэсыфар, дауи, лIыгъэшхуэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Ди уна­гъуэр дрихьэлIэри деплъат «Къамботрэ Лацэрэ» оперэм щыщ пычыгъуэ. Асыхьэтым сызэгупсысар зыт: урысей композиторхэм зыкIи къакIэрыхуркъым, уеблэмэ нэхъ лъэрызехьэщ Молэ Владимир. Ди жа­гъуэ зэрыхъунщи, ди щIалэгъуалэм апхуэдэ макъамэ ­куухэр зыхащIэркъым. Ахэр зэдаIуэр утригъэууэ къежьа уэрэд мыхьэнэншэхэрщ. Сыт атIэ цIууэ ягъэщIэрэщIа, ауэ жыжьэ нэмыс уэрэдхэм налкъутналмэсыр щIыпеддзыхыр. Дыхуейт Молэ Владимир и оперэхэр телевизоркIэ къатыну. Абыхэм ди щIэблэр щыгъуазэ тщIыну щхьэпэт, гъэсэныгъэрэ купщIэрэ зыхэлъ защIэщи.

ШЫПШ  Марие,
Нарткъалэ  дэт курыт школ №3-м и егъэджакIуэ.

 

 

 

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: