Кэнжэдэсхэр жыжьэ маплъэЛъэпкъ Iуэху Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ди республикэм щыIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщ зыт Кэнжэ щекIуэкIар. Пшыналъэ дахэр къыдэIукIрэ щIалэгъуалэр адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пщIантIэм жылэдэс нэхъыжьхэр, нэгъуэщI щIыналъэ къикIа хьэщIэхэр щрагъэблагъэрт. Уардэунэм и пэIущIэ пэшым Къаскъул Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэр щыфIэдзат, хьэщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуа гъэлъэгъуэныгъэ ин хъуат ар. ГуфIэгъуэ пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Къанкъул Ислъамрэ Къуэныкъуей Залинэрэ. Курыт школхэм сабийр бзэм дихьэхыу щрагъэджапхъэщ. Ауэ унагъуэм ущемыгугъумэ, а дакъикъэ 40-м зыри къикIынукъым. Адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр мащIэщ жыпIэу псалъэмакъ пщIынри къезэгъыркъым, сыту жыпIэмэ, физикэмрэ математикэмрэ иратри нэхъыбэкъым. Адыгэбзэр еджапIэхэм зэрыщаджыр щIэныгъэ къудейуэщ, гъэсэныгъэ тIэкIу и гъусэу. Аращ унагъуэри абы дэIэпыкъун щIыхуейр. Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм проектыщIэ щедгъэжьэнущ. «Анэбзэ» аращ а Iуэху дахэм фIэтщар. Сабий гъэсапIэм дыгурыIуэнурэ, абы щыIэ цIыкIухэри, зи сад кIуэгъуэ мыхъуахэри къекIуалIэу дерсхэр къызэIутхынущ. Адыгэ джэгукIэ, псэлъэкIэ, дуней тетыкIэ и цIыкIугъуэм щегъэжьауэ едгъэщIэну ди мурадщ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|