Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэ ЕгъэджакIуэм и махуэм ирихьэлIэу «Гум и щIалэгъуэ» фIэщыгъэр зиIа пшыхь Налшык къалэ щрагъэкIуэкIащ. Ар щызэхэтащ Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм.

 Адыгэбзэмрэ литературэмрэ зи дуней, ар зи гъащIэ Iыхьэу щыт егъэджакIуэхэм гулъытэ хэха яхуэщIыныр хабзэ хуэхъуащ Адыгэбзэ Хасэм. ЦIыху щитхум нэс щызэхуэса зэIущIэм хэтащ ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм и лэжьакIуэ Мыз Маринэ, щIыналъэхэм щыIэ щIэныгъэ управленэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, республикэм щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
 Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр къыдэкIуэтей щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным и мызакъуэу, ахэр хэкупсэ нэсу гъэсэныр зи пщэрылъ, лъэпкъым и къэкIуэнур зэлъыта цIыхухэщ.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм деж къэпсэлъа Мыз Маринэ ехъуэхъуащ пшыхьыр зыхуэгъэпсахэм: - Фызыпэрыт IэнатIэр махуэ къэс вгъэзащIэ къалэн мыхъуу, фи гум, фи псэм щыщ Iыхьэ цIыкIу зыхэфлъхьэ лэжьыгъэу зэрыщытыр нэрылъагъу ящI зыIэрывгъэхьэ ехъулIэныгъэхэм, фи Iуэху зехьэкIэ екIум. Фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжыр, щIэблэр гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм фи къару фемыблэжу хуэфщI хэлъхьэныгъэр республикэм и унафэщIхэм гулъытэншэ ящIыркъым. Зи цIэр фIыкIэ Iун щIэблэ гъэса куэд къыфщIэхъуэу, ехъулIэныгъэхэр фиIэу илъэс куэдкIэ узыншэу фылэжьэну сынывохъуэхъу!
Дызэрыщыгъуазэщи, Адыгэбзэ Хасэм зэпеуэ ирегъэкIуэкI анэдэлъхубзэр езыгъэджхэр, абыхэм я гъэсэнхэр хэту. Абы къыхэжаныкIхэр илъэс етIуанэ хъуауэ хамэ къэрал зыгъэпсэхуакIуэ ягъакIуэ. Мы гъэм апхуэдэ «зекIуэ» щыIахэри кърихьэлIат пшыхьым. Абы къыщыпсэлъащ гупым хэта егъэджакIуэхэу Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Багъ Светланэ, Урыху дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Мэрзей Зое, Анзорей дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ КъарэцIыкIу Анжелэ сымэ. Абыхэм пэшым щIэсхэм жраIэжащ гъуэгу зэрытехьа, зэрытета щIыкIэхэр, гъэщIэгъуэну, гукъинэжу зекIуэм халъэгъуахэр, апхуэдэу ирашэжьа сабийхэм я дуней еплъыкIэм, адыгагъэм хуаIэ щытыкIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэм.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр щыз хъунтэкъым, егъэджакIуэхэм гукъыдэж езыт концерт абы хэмытамэ.  Гъэ къэси хуэдэу, хуабжьу хуэнэжэгужэу махуэшхуэр къыддагъэлъэпIащ ди республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Мэремкъул Ибрэхьим, Теркъул Астемыр, ГъукIэ Ислъам, Дэгу Каринэ, «Бзэрабзэ» гупым, пшынауэ Жыгун Эдуард, «Шагъдий» къэфакIуэ гупым.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и гуращэхэр къехъулIауэ жыпIэ хъунущ: пшыхьыр нэгузыужьу сыхьэтищым нэскIэ зэхэтащ.
 

 

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
Поделиться: