Зи IэщIагъэм хуэIэижь къегъэлакIуэхэр

Абы хэтащ Урысей МЧС-м, УФ-м ТранспортымкIэ,  ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэхэм, «Газпром» ПАО-м я гупхэр, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэхэу Урысейм и щIыналъэхэм щыIэхэм я гупи 10.  
Гупу, зи закъуэу увыпIэ пэрытхэм хущIэкъуа спортсменхэр ерыщу щызэпеуащ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэу 4-м.  
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ (ГПС-мкIэ) Борисов Вячеслав зэхьэзэхуэхэм кърикIуахэр зэхилъхьэжу къыщыпсалъэм, спортсменхэм фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэхэм екIуу зэрыхэтам, къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм папщIэ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ мафIэсгъэункIыфI-лIыхъужь Максимчук В. М. и щIыхькIэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI урысейпсо зэпеуэхэр я лэжьакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр, цIыхухэр къегъэлын Iуэхум зэрыхуэпэжыр щIэблэщIэм  зыхащIэнымкIэ щапхъэу зэрыщытыр.
Зэхьэзэхуэхэм я судья нэхъыщхьэ, Урысей МЧС-м и  спорт клуб нэхъыщхьэм и унафэщI  Филиппов Владислав жиIащ зэхьэзэхуэхэр екIуу зэрекIуэкIар икIи абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ.
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ ехъулIэныгъэфI къэзыгъэлъэгъуахэмрэ иратащ щIыхь тхылъхэр, медалхэмрэ кубокхэмрэ, саугъэт лъапIэхэр.  
Гуп зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Санкт-Петербург къалэм щыIэм, етIуанэ хъуащ Мэзкуу къалэмщыIэ Управленэ нэхъыщхьэр, ХМАО-Югра  щыIэ Управленэр ещанэщ.

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: