Сом мелуан 790-рэ

«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2019 гъэм цIыхухэм щIыхуэу яритащ сом мелуан  790-м щIигъу. БлэкIа мазибгъум къриубыдэу - мелуан 94-рэ къызэщIэзыубыдэ кредит 53-рэ.

Банкым щIыхуэ тыкIэр ирегъэфIакIуэ, цIыхухэм ар тыншу къагъэсэбэпын хуэдэу.
Банкым и къудамэм и унафэщI Атакуев Заур зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм нэхъыбэу щIыхуэ къыщIащтэр фэтэр къащэхун папщIэщ.

Пенсэ тIысыжахэм
ядолажьэ

 
«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2019 гъэм пенсионерхэм кредит 600-м щIигъу яритащ сом мелуани 155-рэ хуэзэу.

Иджыпсту банкым къегъэсэбэп пенсэ ныбжьым итхэм папщIэ игъэбелджыла Iуэху щхьэхуэ. ЩIыхуэ ират лажьэхэм, апхуэдэуи щIыхуэр ипшыныжыныр щиухым зи ныбжьыр илъэс 75-м щхьэдэмыхыну мылажьэ пенсионерхэм. Зи пенсэр филиалым и счётым зыгъакIуэхэм щIыхуэм щхьэщатыкIыр нэхъ мащIэщ.
«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м зэфIих Iуэхутхьэбзэхэм щыгъуазэ зыщыфщIыфынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IуэхущIапIэхэм, апхуэдэуи езым и  сайтым: www.rshb.ru.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: