Дунейм щыхъыбархэр

Жэпуэгъуэм и 31 пщIондэ зэхэкIынущ

Европэ Зэгухьэныгъэм къыхэкIыжыным теухуа Iуэхур Инджылызым иджыри зэрехуэ. Уеблэмэ, къэралым мы зэманым къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къагъэув ар.

Къэралым и премьер-министр Джонсон Борис жиIауэ зэрыщытам тету, ар жэпуэгъуэм и кIэ пщIондэ зэфIагъэкIыну я мурадщ. Пащтыхьыгъуэм и парламентым и зи чэзу сессиер къыщызэIуахым депутатхэм защыхуигъазэм, Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм къыхигъэщащ а Iуэхур зэрыдиIыгъыр.
«Правительствэм къэрал Iуэхухэм я нэхъыщхьэу сыт щыгъуи къилъытэхэм ящыщщ жэпуэгъуэм и 31-м и пэ къихуэу ЕС-м къыхэкIыжыныр», - гу лъаригъэтащ абы. - Европэ Зэгухьэныгъэм къыхэкIыжа нэужь, Министрхэм я кабинетым парламентым къыщыхилъхьэнущ сатум, Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхум, мэкъумэш IэнатIэм, бдзэжьей къэубыдыным, щIэпхъаджагъэхэм ебэныным хуэунэтIа законопроект 26-рэ. ЕС-м Инджылызыр декIуэкIынущ зэгъунэгъуфIхэм, зэлэжьэгъуфIхэм яку дэлъ хабзэхэм тету.
Брюссель щригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэхэм яужькIэ, Инджылызым дичыхащ ЕС-м нэхъ пасэу хуигъэувауэ щыта мардэ гуэрхэмкIэ. Апхуэдэу щытми, Европэ Зэгухьэныгъэмрэ Пащтыхьыгъуэ Зэгуэтымрэ зэкIэ зэгурыIуэфыркъым таможням ехьэлIа IуэхухэмкIэ.
Дигу къэдгъэкIыжынщи, Инджылызыр ЕС-м афIэкIа хэмытыным теухуа Iуэху къыхалъхьэри, абыкIэ референдум а къэралым щрагъэкIуэкIауэ щытащ 2016 гъэм и гъэмахуэм. Абы хэтахэм Iэ зэраIэтам къызэригъэлъэгъуамкIэ, процент 51,9-р и телъхьэщ апхуэдэ лъэбакъуэ ячыным. Мы гъэм гъатхэпэм и 26-м къыщыщIэдзауэ къэралыр а зэгухьэныгъэм хэмытыжыну траухуауэ щытат, ауэ Инджылызым и премьер-министру щыта Мэй Терезэ хузэфIэкIакъым зэгухьэныгъэм къыхэкIыжыным теухуа Iуэхухэу Брюссель арэзы зытехъуахэр парламентым щыпхигъэкIын.
Иджырей премьер-министр Джонсон Борис мызэ-мытIэу жиIащ я къэралыр а зэгухьэныгъэм къыхэкIыжыным щхьэусыгъуэ лъэпкъ иIэ зэрымыхъунур, ядэ-ямыдэми ар абы афIэкIа зэрыхэмытынур. Ауэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр я парламентым къыщыдаIыгъакъым. ФокIадэм и 6-м депутатхэм къащтащ Инджылызым ЕС-р апхуэдэ щIыкIэкIэ ибгынэныр зымыдэ унафэ.
Европарламентым и унафэщI Сассоли Дэвид жэпуэгъуэм и 8-м хэIущIыIу ищIащ Инджылызыр а Iуэхум иджыри зэ егупсысыжын щхьэкIэ, пIалъэр аргуэру хуагъэIэпхъуэну зэ­рыхьэзырыр. Пащтыхьыгъуэм и премьер-министрым епсэлъа нэужьщ апхуэдэу щыжиIар. Абы къикIыр сыт? Джонсон жиIам темытыжу хьэмэрэ зэпсэлъахэм зым и Iуэху еплъыкIэр адрейм къыгурымыIуауэ ара?
Дауэ щымытми, мы мазэм и кIэ пщIондэ Инджылызыр а зэгухьэныгъэм къызэрыхэкIыжыну хабзэм теухуа зэгурыIуэныгъэхэр къыхимылъхьэмэ, а къэралыр ЕС-м хэмытыжу къалъытэнущ.

Москвадэс щIалэ цIыкIу 26-м
Хьэбиб фIащащ

Мы гъэм зэрыщIидзэрэ Москва къыщалъхуа сабийхэм фIаща цIэхэм щыхэплъэм гъэщIэгъуэн пщыхъун хъыбархэр наIуэ къэхъуащ.

Дызэсэжа къызэрыгуэкI цIэхэм къадэкIуэу, сабийхэм, зэрыжаIэу, махуэ къэс узримыхьэлIэхэри фIащауэ къыщIэкIащ.  Псалъэм папщIэ, щIалэ цIыкIухэм фIащахэм ящыщу цIыхухэм нэхъ телъыджэ къащыхъуар Добрыня, Хьэбиб цIэхэрщ. Хъыбархэм къыхэщыж пелуаным зэреджэр сабий 34-м, спортсмен цIэрыIуэ Хьэбиб ейр 26-м фIащащ.
Мыри яфIэгъэщIэгъуэну къыхагъэщащ а къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм - Хьэбиб теухуа тхыгъэщ интернетым «Яндекс»-мкIэ илъэс кIуам нэхъыбэ дыдэрэ къыщалъыхъуар. Абы кIэлъыкIуэр Урысейм футболымкIэ и командэ къыхэхам и гъуащхьэтет Акинфеев Игорщ.
Къалащхьэм къыщалъхуа хъыджэбз цIыкIухэм я нэхъыбэм София цIэрщ фIащар  - сабий 2400-м я адэ-анэхэм аращ нэхъ яфIэдахэр. ЩIалэхэм я деж Александрырщ бжьыпэр щызыубыдар – москвадэс цIыкIу 2200-м апхуэдэу еджэнущ.

Нобэ

♦ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
♦Ерыскъым и дунейпсо махуэщ
♦Анестезием и дунейпсо махуэщ
♦IуэхущIапIэм и унафэщIым и махуэщ
♦Армением и прессэм и махуэщ
♦1853 гъэм
Тыркум Урысейм зауэ кърищIылIащ.
♦1929 гъэм Таджик ССР-р къызэрагъэпэщащ.
♦1941 гъэм советыдзэхэм Одессэ къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыхуагъанэу икIуэтын хуей хъуащ.
♦1946 гъэм, Нюрнберг судым и унафэкIэ, нацист щIэпхъаджащIипщIым я щхьэхэр палъауэ щытащ. Ахэр Гитлер нэхъ гъунэгъу дыдэу бгъэдэтахэу Риббентроп Иоахим, Кейтель Йохан Густав, Кальтенбруннер Эрнст, Розенберг Альфред, Франк Ганс, Фрик Вильгельм, Штрейхер Юлиус, Заукель Фриц, Йодль Альфред, Зейсс-Инкварт Артур сымэт.
♦1962 гъэм лэжьэн щIидзащ «Юность» радиостанцым.
♦1964 гъэм Китайм япэ атом бомбэр щагъэунэхуауэ щытащ. Ар къыщагъэуащ Лобнор гуэлым пэмыжыжьэу иIэ полигоным.
♦1968 гъэм СССР-мрэ Чехославакиемрэ Iэ традзащ Совет Союзым и дзэ гуп ЧССР-м зэрыщыIэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я съезд.
♦2002 гъэм зэфIэкIащ УФ-м цIыхуу исыр бжыным теухуауэ а илъэсым ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр.
♦1868 гъэм къалъхуащ Каир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Шэукъий Ахьмэд.
♦1888 гъэм къалъхуащ США-м щыщ драматург цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Юджин О’Нил.
♦1917 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къардэн Бубэ.
♦1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, литературэдж, критик, публицист ТIымыжь Хьэмыщэ.
♦1961 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик ШэджыхьэщIэ Юрий.
♦1962 гъэм къалъхуащ оперэ уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Хворостовский Дмитрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 24-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зэзри зи хущхъуэ щыIэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ