«Арыншауэ Кавказыр щызкъым»

Мэхъэчкъалэ щызэхуащIыжащ Дагъыстэным и «Тарки-Тау 2019» еянэ тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы утыку къыщрахьащ Кавказ Ищхъэрэм, Москва, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм я къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр.

Налшык къалэм щыIэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм зэрыщытекIуам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъыр, «Адыгэ идэ. Золотое шитьё черкесов» къыдэкIыгъуэм  папщIэ. Сурэтылъэ щхъуэкIэплъыкIэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Иуаныкъуэ (Дохъушокъуэ) Мадинэ лэжьыгъэм  илъэс пщIы бжыгъэкIэ пэрытащ. Ар хагъэхьащ Урысей Федерацэм и къыдэкIыгъуэ нэхъыфI дыдэу къалъытахэм икIи «Лучшие книги года-2018» 28-нэ зэпеуэм и щIыхь тхылъыр къратащ.
КъыдэкIыгъуэм и ехъулIэныгъэхэр абдежым щиухыркъым. Дагъыстэным щекIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм щIэупщIэ ин щиIащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм. Ар икIи гурыIуэгъуэщ - Урысей Федерацэм тхылъ тедзапIэ щызиIэхэм ящыщу щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, этнографием, орографием телажьэу  щыIэр абы и закъуэщ. Дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ Котляровхэ къыдагъэкI «Кавказ» серием том пщIы бжыгъэхэр, революцэм и пэкIэ псэуа, иджырей тхакIуэхэм я тхыгъэ купщIафIэхэр къызэщIеубыдэ, адыгэхэм, балъкъэрхэм, дагъыстэнхэм, ингушхэм, осетинхэм, шэшэнхэм я псэукIам ухагъэгъуазэу, лъэпкъ, щэнхабзэ цIыкIу зэрыщымыIэм  и щыхьэту.
Публицист цIэрыIуэ, «Дагестанский писатель» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ахмедов Мурад къелъытэ Котляров зэщхьэгъусэхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъу, зэфIэкI ин яIэу икIи абыхэм я лэжьыгъэхэр куэдым щIэщыгъуэ, щхьэпэ ящыхъуу. «Налшыкдэсхэм я тхылъхэр дэтхэнэ зы щIэныгъэлIми и библиотекэм щехъумэ; арыншауэ Кавказыр щызкъым».


 

БжьыхьэлI Розэ.
Поделиться: