Къурш гъуэгуанэхэм мы гъэм турист мин 17-м щIигъум къыщакIухьащ

 

Туристхэмрэ альпинистхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щеух. Иджыпсту дунейм и дахэгъуэщи, зыплъыхьакIуэхэр нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ Iуащхьэмахуэ  курортым иджы щыщIэдзауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI бгы лыжэр фIыуэ зылъагъухэр тэмэму къызэрырагъэблэгъэным хуэгъэзауэ.

2019 гъэм и япэ мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхь туристхэр 450-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу 17500-р Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIащ икIи абы и щIыпIэ дахэхэм я нэгу зыщрагъэужьащ, Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм дэкIащ.  Илъэсыр къызэрыунэхурэ апхуэдэ мурадкIэ къэкIуа гуп 2613-рэ МЧС-м и лэжьакIуэхэм ятхащ. ХьэщIэхэм ящыщу мини 6-м нэблагъэр Великобританием, Испанием, Канадэм, Къэзахъстаным, Китайм, Польшэм, США-м, Германием, Белоруссием, Швейцарием, Франджым къикIащ.

 

«Iуащхьэмахуэ» курорт» акционер зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: