Мысыр усыгъэм и неоклассик аль-Баруди Мыхьмуд (Наурзокъуэ)

(ПэщIэдзэр №68, 69-хэм итщ).

Хэти хуэмыдэу, абы щхьэжэ щыхъуат революцэр къазэремыхъулlap. А Iуэхугъуэм теухуауэ усэ куэд абы щитхащ Цейлоным. ЯгъэтIысауэ хыхъуанэм здэщыIэми усакIуэм и фIэщ хъурт и хэкур хуит зэрыхъужынури, дунеифI къызэрыунэхунури. Революционер нэсти, а псомкIи игурэ и щхьэрэ зэтелът икIи дзыхэртэкъым. А псори щыболъагъу а лъэхъэнэм Баруди итхахэм. Сыт хуэдиз фIэщхъуныгъэ яхэлъ мы сатырхэм:

ЛIыгъэр зи бащэращ текIуэнур -
Гугъуехьи шэи щымышынэр.
Гугъуехьи пцIыри спэмылъэщу
СкIунщ текIуэныгъэм и гъуэгуанэр.
Сыхуэпэжынщ сэ си мурадым,
Ныбжьэгъу щIэгуфIэу, бийр щIызэгуэудым.
ЗыкъэзыIэтхэм япэIэщIэ хъуахэм
Я гуауэр щагъэвыжыр ягухэм.
БзаджащIэм ар зэ щIэбгъэкIуауэ щытмэ,
Си Iуэхущ зэгуэр щхьэхуит уэ ухъумэ.

Баруди игъэлъапIэрт къызыхэкIа и адэшхуэхэм, мамлюкхэм яхэлъа лIыхъужьыгъэр, Мысырыр лIэщIыгъуэкIэрэ зыхъума а лIыхъужьхэм ягъэхъахэм фIыуэ щыгъуазэт, зэгуэрым Кавказым къиIэпхъукIыу Мысырым къэIэпхъуа и лъэпкъэгъухэм я къекIуэкIыкIам и тхыдэр иджыжырт. Усэ зыбжанэм абы къыщегъэлъагъуэ мамлюкхэр цIыху пэжхэу, псэемыблэжу, лIыгъэшхуэ яхэлъу зэрыщытар.

Сыт хуэдэ бийри хагъащIэу
ЛIыгъэр я бащэу нартыжьхэт...
Фызыхуэзгъадэ щымыIэу
Фи щIыхьыр лъагэу соIэт.
Фэ фыхуэпэжти фи псалъэм,
ДзитI зыIулъ къамэу вгъэдалъэ!..
Фи шы лъэ макъым бийр дэгулэзу
Фэ фыпсэуащи, сэ фызинабдзэщ.

И адыгэ лъэпкъым хуигъэпса сатырхэр-щэ?! Ахэр псэм и щIасэщ, гум и гуапэщ:

Сызыщыщ лъэпкъым и нэхъыжьым
И къамэр къыщрихкIэ, дунейр зэтоувыIэ.
Тхыдэжьри къызоплъэкI, псоми ящIэнур ямыщIэу,
Поплъэ адэкIэ къэхъунур зищIысым...

Иджырей мысыр тхакIуэ бзылъхугъэ ЛатIифэ аз-Зийат мыр къыхегъэщхьэхукI: «Классикэ поэзием къызыхэхъукIын щIы игъэхьэзыру касыдэм и тхыкIэр Имру-ль-Къейс иузэщIамэ, мыдэкIэ Башшар ахэр иригъэфIэкIуэн хузэфIэкIамэ, Баруди нэхъыбэж зригъэхъулIащ - а поэзиер щIэращIэу дунейм къызэрытехьэжар абы и фIыщIэщ».
Апхуэдэу щIыжиIэми щхьэусыгъуэ иIэщ. Мыхь­муд Сэми усэбзэр къабзэ ищIащ, иIущIащ, хьэрып литературэ дэхуэхар къиIэтыжри, лъэкIыныгъэшхуэ абы иригъэгъуэтащ. ЖыпIэ хъунущ Баруди иджырей мысыр поэзием и лъабжьэр игъэтIылъауэ. ИужькIэ къэунэхуа хьэрып усакIуэшхуэ Ахьмэд Шэукъий, Хьэфиз Ибрэхьим сымэ я гъуэгур Баруди яхуиузэщIащ.

ХьэфIыцIэ  Мухьэмэд.

 

НАУРЗОКЪУЭ Мыхьмуд

 

СИ ПАСЭРЕЙ АДЫГЭ

Сыт хуэдэ бийри хагъащIэу
ЛIыгъэр я бащэу нартыжьхэт…
Фызыхуэзгъадэ щымыIэу,
Фи щIыхьыр лъагэу соIэт.
Фэ фыхуэпэжти фи псалъэм,
ДзитI зыIулъ къамэу вгъэдалъэт…
Фи шылъэмакъым бийр дэгулэзу
Фэ фыпсэуащи, сэ фызинабдзэщ.

* * *
Сызыщыщ лъэпкъым и нэхъыжьым
И къамэр къыщрихкIэ, дунейр зэтоувыIэр.
Тхыдэжьри къызоплъэкI,
Псоми ящIэнур ямыщIэу -
Поплъэ адэкIэ къэхъунур зищIысым.

ЛЪАГЪУНЫГЪЭ

ЖэщкIэрэ си нэр зэтеспIэм,
ПщIыхьэпIэ дахэу къыспежьэу,
Гъунэгъу къысхуищIу спэжыжьэр,
КъыщотIысэх си гъуэлъыпIэм.

ФIыщэурэ-фIыщэу сэ слъагъум
Ныжэбэ сыкъыумыбгынэ.
Ажалыжь бзаджэр Iэпэгъуу
СыкъыщIумынэ мы унэм.

Нэхэм я плъэкIэ гуакIуэхэм
Бэлыхь хамыгъэкIыу псэхэр,
Къохъури, уи нэ мэракIуэхэм
Къегъэлыт си псэр, си дахэ.

Псэ лъащIэм щысхъумэ уи псэр
Си нэпсхэм ямыгъэпскIамэ,
Сигу мафIэ лыгъэм хисхьэри,
И яжьэр япхъэнкIыжакIэт.

ИтIани гущIэгъу къысхуэпщIкъым.
ИгъэудэIуну мы си псэр,
ЗыхулъэкIынур пIащIэркъым,
ХэпщIащи си гум и къуэпсым.

Ныбжь фагъуэу, псэ схэмытыжу
Къыщохъу тхьэрыкъуэ степыхьэм.
И нэпсхэр хуэмыубыдыжу,
Къогъыхыр уэсэпскIэ бжьыхьэр.

Акъужьыр къыстопсэлъыхьыр,
Жыг тхьэмпэм си щэху хуиIуатэу.
Тхьэрыкъуэ къэзылъэтыхьым
А щэхур псынщIэу епхъуатэ.

Гухэлъым и хъыбар пэжыр
Дамэншэу щIым щегъэлъатэ.
УсакIуэр къегъэушыжыр,
Сатырхэр къыхуигъэбатэу.

ЩегъэпщкIур и гум и лъащIэм
А щэхур щауэ къуданым,
ГъэпщкIуауэ щиIыгъщ щхьэлъащIэм
Псэм щыукъубей архъуанэм.

Узыфэ къысхуумылъыхъуэ,
СощIэж сэ езым си узыр.
НэгъуэщIи щымыIэ хущхъуэ, -
Схуэхъунур сэбэп уэ зырщи.

Узыфэу си фэр изыхыр
Щхьэ апхуэдизу си гуапэ?
Щхьэр лъахъшэу изогъэзыхыр
Узыфэу схуэхъуам тхьэнапэ.

Аслъэным и макъ шынагъуэм
Щышынэу къыпимыкIухьу,
Сигу пцIанэм мэз абрагъуэр
Щыхь пагэу къызэхекIухьыр.

Зибг псыгъуэр лантIэ щхьэлъащIэ,
Шылэджэдыр зыщIэфэгъуэкI,
Уи плъэкIэм есщIэнщ сымыщIэр, -
НэкIэ си гум лъагъуэ ходыкI.

Уи гур мывэми къигъэчэну,
Нэ ладитIым мафIэ къащIех.
Хэт Iэхъулъэхъур хузэпычыну,
ТхьэIухудым уищIам Iэпхлъэпх?!

Си дахэ, симыIэу лажьэ,
Уи губжьыр сыт щхьа къыстихуэт?
Дыкъигъэнэну щхьэлажьэу,
Хэт бзэгукIэ ди Iуэху зезыхуэр?

Жагъуэгъум, щIилъыкIыу и бзэр,
Ди Iуфэр къекIухьыр щэхуу.
Ди Iуэхур щызэхэмыбзыр
Бзэгузехьэм и IутIыж махуэщ.

ЦIыху хейхэм я кум Iужажэу
Бзэгузехьэр дэмытыгъамэ,
И къуэшым и къуэш еижу
КъэхъункIэ хъунут мы гъащIэм?!

Мо уэгум ит дыгъэр мазэм
Сыт щыгъуэ щыхуэзэфынур?
Дэ тIури дызэхуишэну
Зы лъагъуэ дэнэ къитхыну?

КъыщIэкIыжынуми пцIыуэ,
Зэ закъуэ сыгъэщIыт гугъэ.
Си гугъэ-си щхьэгъэпцIэжым
ХэлъынкIэ хъунщ си хущхъуэгъуэ.

Уи щэхури, зым къезмыгъащIэу,
Схъумэнщ, къызэгъэзи уи дзыхь.
Псэм щысхъумэнщ игъащIэкIэ,
Сигу къабзэри уи щхьэузыхьщ.

Дащымышынэу бзэгузехьэм,
Гухэлъхэр къэдгъэгъэнаIуэ.
Ди якум пцIы къыдэзыхьэр
Къремыбакъуэ бжэщхьэIум.

КIыфIыгъэр пэлъэщкъым нэхум,
Уэ дыгъэм упэслъытакъэ!
Ди бийхэм схуаIуатэ «щэхум»
И сахуэр псым хэскIутакъэ!

Зи гущхьэм фIы лъэпкъ къэмыкIыр
Зэижыр и псэр аракъэ?!
КъимыкIыу абы и кIэныр,
Псэуну къыхуиухакъэ!

Сыт ущIэшынэр уэ? КъакIуэ
Умыгузавэу си дежкIэ,
Жагъуэгъу плъэIуакIуэ-дэIуакIуэр
Жэщ гъуэгум хэту щыжейкIэ.

Жагъуэгъухэу фIы зигу къэмыкIхэм
Я гыбзэр тохуэжыр я щхьэм.
Я гугъэм я Iэр хуэкIэщIу
Гъэпсэухэ ахэр, дэ ди тхьэ!

Къабзагъэрщ, нахуагъэрщ ди псэр
Игъэдэхэн зылъэкIынур.
Гурыщхъуэр пхуэхъуамэ щIасэ,
Уэ гузэрыдзэрщ къыпхуэнэр...

Гъуэжькуий кIэрахъуэм и щIагъым
Жьуджалэ къыщумылъыхъуэ.
Къэбубыдыну уи гугъэу
Жьым зэи укIэлъымыпхъуэ.

Мысыр, Каир

 

ХЬЭРЫП УСАКIУЭХЭМ Я ЭМИРЫР

 

«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ, зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Ахьмэд Шэукъий, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щитхащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм. Тхылъыр 1956 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Ар къызэIуех Шэукъий и поэзиемкIэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа нэгъуэщI усакIуитIми - Мыхьмуд Сэми аль-Барудирэ Исмэхьил Сабрирэ - я усыгъэхэр ихуащ а тхылъым.
Мысырым и поэзием классицизмэм щигъуэта зыужьыныгъэм Ахьмэд Шэукъий и усыгъэхэр и лъагапIэщ икIи и дахапIэщ. Общественнэ гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр къигъэлъагъуэурэ, цIыхухэр зыщIэхъуэпси, зыхунэсаи, абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэри зыубгъуауэ и тхыгъэхэм къыщиIуэтащ, иджырей цивилизацэм и мыхьэнэр япэ дыдэу къэзыгъэлъэгъуэфа хьэрып усакIуэхэми ар ящыщ зыщ.
Хьэрып поэзием и гъэфIэныр, и шу пашэр 1868 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Каир дэс адыгэ унагъуэ хуэщIам къыщалъхуащ. ЩIэныгъэфI зригъэгъуэтынымкIи зыщыщIэ щыIакъым. Ахьмэд и адэшхуэр Кавказым икIри Мысырым Iэпхъуат Мухьэмэд Алий щытепщэ лъэхъэнэм. Аббас Езанэм и зэманым таможнэу Мысырым иIам и унафэщI къулыкъур абы кърат.
ИлъэсиплIым иту Ахьмэд пэщIэдзэ еджапIэм щIагъэтIысхьэ, и ныбжьыр илъэс пщIыкIутхум нэсауэ курыт еджапIэр къеух.
«Си къуэм юристу къулыкъу ищIащэрэт», - жызыIэ и адэм йодаIуэри, ар щIотIысхьэ Мадрасат-аль-хукъукъым - хабзэм хуэлэжьэнухэм я лицейм. Шэукъий студенту усэ тхын щIедзэ, яфIэмыIейуэ абы и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм традзэ.
Тауфикъ хедивым и мылъкукIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну 1887 гъэм ар Франджым ягъакIуэ. УсакIуэ ныбжьыщIэм хабзэхэр щедж Марсель, Монпелье, Париж къалэхэм, гъунэгъуу нэIуасэ захуещI франджы литературэмрэ театрымрэ, музейхэр зрегъэлъагъу, Инджылызым макIуэ. Адыгэ мамлюкхэм я псэукIам теухуауэ Париж абы щетх «Алий-бек ЦIыхушхуэр» драмэр. Франджы гъащIэм теухуауэ усэ Iэрамэрэ шыпсэхэмрэ мыбы къыщыдегъэкI.
ИужькIи абы куэдрэ къыхуихуащ Европэм кIуэну. Мысырым и щIэныгъэлIхэм я лIыкIуэу «КъуэкIыпIэ къэралхэр зыджхэм» я дунейпсо конгрессхэм Шэукъий тIэунейрэ хэтащ - зэм Женевэ щыщекIуэкIам (1894 гъэм), етIуанэм - Афинхэм щызэхэтам (1912 гъэм).
1892 гъэм Тауфикъ хедивыр дунейм ехыжри, тахътэм тетIысхьащ Аббас ЕтIуанэ Хьилмийр. ИпэкIэ тетахэм заригъэщхьу, абы Шэукъий зрешалIэ, пщIантIэдэт усакIуэ ещI. «Хьэрып литературэщIэм и тхыдэ» зыфIища и лэжьыгъэм академик А. Е. Крымскэм къыщыхегъэщ а гъэхэм Шэукъий муслъымэн диныр гъэлъэпIэным куэду зэрытетхыхьыр. УсакIуэм зэриукъуэдиймкIэ, а диным лъэпкъ Iэджэхэр зэкъуэш зэхуищIырт икIи муслъымэнхэм я жэнэт щIыналъэм хуэдэ щымыIэу хедивыр зи тет Мысырыр къигъэлъагъуэрт. Урыс академикыр адэкIэ щытопсэлъыхь хабзэншэу Мысырым тепщэгъуэр щызыубыда инджылызхэми, тырку сулътIан Абдул-Хьэмид ЕтIуанэми Ахьмэд Шэукъий щытхъу «пшыналъэхэр» яхуигъэшу зэрыщытам. Ауэ иужькIэ а щытхъу нэпцIхэр Шэукъий и тхыгъэщIэхэм нэхъ мащIэ щохъу. ЕпщыкIубгъуанэ, етIощIанэ лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм адыгэ щIалэм и усыгъэ лIэужьыгъуэхэр одэрэ элегиерэт. Зым зэфIэкI зиIэ цIыхушхуэхэм щытхъу щахуигъэшырт, адрейм, зэрыхабзэти, нэщхъеягъуэхэр гущIыхьэу къыщигъэлъагъуэрт. Абы и диван «Аш-Шэукъийятыр» 1898 гъэм Каир къыщыдэкIащ. А тхылъым ихуат 1888 - 1889 гъэхэм итхахэр. И пэщIэдзэ псалъэм усакIуэр щытепсэлъыхьырт поэзиер къызэрыщыхъум, къыщиIуэтэжырт и гъащIэр къызэрекIуэкIари.
1890 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Шэукъий и къалэмым къыщIокI хьэрып пасэрей гъащIэм теухуа сюжетхэмкIэ итхыжауэ повестхэр, хъыбархэр. Гу лъыботэ «Жэщ минрэ зым» ижь абыхэм къазэрыщIихуами, классицизмэм и хабзэхэм тету ахэр зэрыузэщIами.
ЕкIуэкI политикэм зыдезыгъэкIуф цIыхуу зыкъилъытэж пэтми, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Ахьмэд Шэукъий итха усэхэм яхыболъагъуэ империализмэм и бий Iуэху еплъыкIэхэри, мысыр цIыхубэр и щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнри. И лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къызыщыгъэлъэгъуа, гупсысэ куухэр къыщиIуатэ и усэхэм ящыщу тхылъеджэхэр нэхъ егъэпIейтей «Данышуай теухуа гукъэкIыжхэр» жыхуиIэм. Абы усакIуэм гуузу къыщеIуэтэж 1906 гъэм инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм Данышуай жылэ цIыкIур Iисраф зэращIар. Империализмэм и бийуэ гъэпсащ «Мустэфа Камал», «Нил», «Кромер деж», «Хэкур сфIэгуэныхьу» усэхэр. Иужьрейм усакIуэм щитхырт:

Загъэбэлыхьми а зылъэкIхэм
Ер къыщытлъихьэм дыхыфIадзэ.
Сахэткъым ахэм я сатырхэм -
ЗапыIузодзыр хьэIуцыдзхэм.
Аргуэру соIуэ си фIэщ хъууэ:
МафIэсым щIы исар
Зывэжхэм бжьыр зытрадзауэ
Мылъку лейкIэ удэфар
Хагуэну ялъэкIыну.

1914 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м Британием хъыбар игъэIуащ Мысырыр и унафэм зэрыщIэувэмкIэ. Хедивыр ягъэкIуэдыжат. Инджылызым и бий тхыгъэхэр зэрытригъэдзам къыхэкIыу Ахьмэд Шэукъий къэралым ирагъэкIащ. ИлъэсихкIэ ар ирагъэхьэжакъым и хэкум. Андалусиер зи хэщIапIэ усакIуэр Iэджэуи хуэзышырт фIыуэ илъагъу и лъахэм. Ар къыщеIуатэ а лъэхъэнэм итха усэ куэдым.
Мысырым къигъэзэжа нэужь, Шэукъий тепщэгъуэр зыIэщIэлъхэм запищIэжакъым. УсакIуэр Iущ хъуат. Абы и нэгу щIэкIырт цIыхубэм и дуней еплъыкIэм икъукIэ зэрызихъуэжар, лъэпкъыр щхьэхуит щIыжыныр псоми я гухэлъу бэнэныгъэм зэрызыхуагъэхьэзырыр.
Иджы, и напэр къемыдэуэжу, усакIуэм зыхуейр, и псэм фIэIэфIыр итх хъунут. И усыгъэ нэхъыфIхэри а зэманращ къыщигъэщIар. «Бэрэдэ псым теухуа уэрэд», «Властыр цIыхубэм етын!», «ЩIалэгъуалэм зыфхузогъазэ», «Хэку», «Нил аузыр зыщ» усэхэм, «Хуитыныгъэ плъыжь» поэмэм усакIуэм къыщеIуатэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ къэралхэм зэрахьэ лейр, ялэжь мыхъумыщIагъэхэр, хьэрып къэралхэр зэкъуэувэу абыхэм я бжьыр зытрадзын зэрыхуейр.

ЖызоIэ сэ: цIыхубэм властыр хуейщ къищтэн,
ИтIанэ пщылIыпIэм дэ дыкъикIыжынщ, -

щыжеIэ усакIуэм «Властыр цIыхубэм етын!» зыфIища усэм.
Шэукъий и пщIэм зиIэтырт, усакIуэшхуэу и хъыбарыр щIыпIэ жыжьэхэм щыIуат. Каир и «Пащтыхь оперэм» 1927 гъэм абы и щIыхькIэ къыщызэIуаха гуфIэгъуэ зэIущIэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэрал псоми я лIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ ар хахащ «Хьэрып усакIуэхэм я эмиру».
ТхакIуэ цIэрыIуэ икIи критик Тахьэ Хъусейн, иужькIэ (1933 гъэм) «Хьэфизрэ Шэукъийрэ» лэжьыгъэр зытхам, а пщыхьэщхьэ гуимыхужым адыгэ щIалэм щхьэкIэ жиIат ар «муслъымэн Мысырым игъащIэ лъандэрэ къыщалъхуахэм я нэхъ акъылыфIэ дыдэу икIи Абу-ль-Ала Маари и зэманым къыщыщIэдзауэ хьэрып литературэм апхуэдэ усакIуэ къыщымыунэхуауэ». Абы ипэжкIи, 1925 гъэм, хьэрып IуэхухэмкIэ IэщIагъэлI нэмыцэ Г. Кампсмейр Мысырым щыIа нэужь, мыпхуэдэу итхыжат:«Мысырым щыпсэууэ хъуам я бзэгупэм телъщ Шэукъийрэ Хьэфиз Ибрэхьимрэ я цIэхэр»... Ардыдэр щыжеIэ «Мысырым и ныбжьхэр» зыфIища и тхылъым Америкэм щыщ еджагъэшхуэ Т. Холл. 1928 гъэм Нью-Йорк къыщыдэкIа а тхылъым иужьрей едзыгъуэм а усакIуитIым фIыкIэ щатопсэлъыхь, инджылызыбзэкIэ езым зэридзэкIауэ я усэхэри тредзэ.
Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ нэхъ къэмынэжауэ Ахьмэд Шэукъий драматургием зрет. Пэжщ, псэуху абы усэ тхыни щигъэтакъым. 1932 гъэм фокIадэм къызэIуаха «Аполлон» литературэ хасэм ар и тхьэмадэу хах. УсакIуэ романтикхэр зэзышэлIа а хасэр сэбэпышхуэ хъуащ хьэрып поэзием зиужьынымкIэ. Ауэ а IэнатIэм ар пэрытакъым. 1932 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м дунейм ехыжащ «хьэрып усакIуэхэм я эмирыр».
И псэр пытыху Шэукъий къалэмыр игъэтIылъакъым. Езыми гъащIэшхуэ къыхуэнэжатэкъым, мазищ къудейт зэрыпсэужынур, фIыуэ илъагъу и ныбжьэгъуфI, усакIуэшхуэ Хьэфиз Ибрэхьим дунейм щехыжам. Ар и гум щIыхьауэ Шэукъий етх «Хьэфиз Ибрэхьим и лIэныгъэм теухуауэ» усэр, гъыбзэ щIыкIэу гъэпсар.
Езыр щымыIэжми, Шэукъий и поэзие телъыджэр уахътыншэщ. Талантышхуэ зыбгъэдэлъа а усакIуэм и гъащIэмрэ и псэукIамрэ хъыбар Iэджэ теIукIащ. Хъаннэ аль-Фахьури зэрыжиIэмкIэ, къару иниплI бгъэдэлъати, а цIыхур адрейхэм яхуэмыдэ хъуащ. Япэ къарум къежьапIэ хуэхъурт ар хуабжьу зэрыгурыхуэр, абы и фIыщIэкIэ тхэным хуэIэзэ хъуащ. ЕтIуанэ къарууэ бгъэдэлъащ зэ зэхихар, зэджар щымыгъупщэжу игу ириубыдэфу зэрыщытар. Абы и щхьэм усэрэ уэрэду Iэджэ щихъумэрт.
Ещанэу, Ахьмэд щыпсэуа лъэхъэнэм и цIыхут, и усакIуэт. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэр куууэ зыхищIэрт. ЕплIанэ къарут зэрыгумызагъэр, зыри япэ иригъэщыну зэримыгугъэр. Фыгъуэтэкъым, ауэ хьэрхуэрагъ хэлът, зы усакIуи зытримыгъэкIуэну. Арагъэнщ абы щIыхузэфIэкIар мы дунейр къызэрыхъурэ сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ лъэпкъми къыщыунэхуа усакIуэшхуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъуну.
ЗэфIэкIышхуэ зиIэ а адыгэ щIалэр тхэн щыщIидза япэ зэманхэм ахъшэ хуримыкъущэу псэуащ. Абы къыхэкIкIэ хъер къызыпих усэхэр - щытхъукIэ лIыщхьэхэр «щIигъанэу», куэду итхащ. Ауэ абы куэдрэ жиIакъым зи гупкIэ исым и уэрэд. И акъылыр тIыса нэужь, лъэпкъым, хэкум, цIыхубэм яхуэлэжьэныр къалэн зыщищIыжауэ, и къалэмым тхыгъэ щэджащэхэр къыщIэкIащ.
Шэукъий, хьэрып литературэм къыдэкIуэу, Европэм ейри фIыуэ ищIэрт. Псом хуэмыдэу ар дихьэхырт франджы литературэм. Хьэзабым хэту гъащIэм и пэжыр къэлъыхъуэныр къызыхэщ и тхыгъэхэр къапщтэмэ, ахэр зыкъомкIэ ящхьщ Мюссе пэжыр къызэрилъыхъуэм. И лирикэр Ламартин ейм нэхъ хуокIуэ, псалъэ шэрыуэхэр къызэригъэсэбэпымкIэ Лафонтен нэхъ ещхьщ, и драмэхэм Корнель и пьесэ тхыкIэр уигу къагъэкIыж. Ауэ псом хуэмыдэжу Шэукъий нэхъ пэгъунэгъущ Виктор Гюго. Франджы цIыхубэр хуитыныгъэм къэмыланджэжу зэрыхуриджэм, хъыжьагъэ хэлъу ем зэрыпэщIэувэфым, и лъэпкъыр зыгъэин образ мыкIуэдыжынухэр къызэригъэщIым къадэкIуэу, а франджы тхакIуэм бзэри Iэзэу игъэшэрыуэрт, и усэхэр гъащIэм къыщыхъу псоми пэджэжырт. А псоми дихьэхат Шэукъий. Шэч хэмылъуи, тхакIуэр зэрыщытын хуейм и щапхъэр абы щилъагъурт Виктор Гюго деж.
ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр дунейм къыщыхъу лъэхъэнэм псэуащ Ахьмэд Шэукъий. И хэкум ирагъэкIын и пэкIэ зэрыпсэуа зэманыр, ирагъэкIа нэужь хузэфIэкIар, хэкум къигъэзэжа нэужь и Iуэху еплъыкIэхэм зэрызахъуэжар - а псори зэпэплъыта, зэбгъэпща нэужь, усакIуэм и IуэхущIафэр Iыхьищу зэпыбгъэщхьэхукI хъунущ: адрей усакIуэхэм запищIыжу щыщытар - зыуэ, тхэкIэщIэм щыхуэкIуар - етIуанэу, и поэзием щIэщыгъуэу зыщиузэщIар - ещанэу.
ГъащIэм и Iейри ифIри, цIыхухэм я псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ къэхъугъэхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ къэгъэсэбэпауэ, къэгъэлъэгъуэныр Шэукъий нэрыгъ ещI тхэкIэщIэм щыхуэкIуа, и усыгъэм зыщиузэщIа лъэхъэнэхэм. Ущие зыхэлъ, романтикэкIэ гъэнщIа, гумрэ псэмрэ зыхуэпабгъэхэм зыщаузэщIа усэхэм цIыхухэм къыхахын акъыл щагъуэтырт. Апхуэдэ зы усэм, «ЩIэныгъэм хущIэкъум», щыщу мы сатырхэр ищхьэкIэ щыжыIахэм я щапхъэщ:

Къэплъыхъуэжу уи пэжыр - утехьамэ уэ гъуэгу,
Къаруушхуэ уимыIэм укъинэнущ утыку.
«ЛIыгъэ зиIэр мурадым лъокI лъэIэсын,
Мис апхуэдэм цIыхубэм и щытхъур лъысынщ.
Псэм фIэфI псори бгъэзащIэу дунейм утемыт,
Уохъу ухыгъэм и гъэр, Iэнэ шхын зытемыт.
УлIэжынущ зэгуэр, ущымыщтэ абы...
Абы хэт щышынами, мэхъу ажалым и пщылI.

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: