Зэпеуэм хэтынухэм я тхылъхэр къыIах

Къафэ, сурэтыщI гъуазджэхэм зегъэужьынымкIэ «Илзе Лиепа» псапащIэ фондым хъыбар фегъащIэ сабий, ныбжьыщIэ къафэхэм хухаха Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэм хэтынухэм я тхылъхэр къыIахын зэрырагъэжьар. КъызэгъэпэщакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъущ Президент грантым и фондыр.

Къафэм зэфIэкI щызиIэ щIалэгъуалэр къы­хэхыным, абыхэм ядэIэпыкъуным, сабий, ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ къэфакIуэ творчествэхэм УФ-м и щIыналъэхэм зыщегъэужьыным хуэунэтIа щэнхабзэ-узэщIыныгъэ, егъэджэныгъэ проектщ ар.
Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэр Iыхьищу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ: заочнэ щIыналъэ Iыхьэ, очнэ щIыналъэ Iыхьэ, зэхьэзэхуэм кърикIуахэр щызэхалъхьэж иужьрей Iыхьэу Москва къыщызэрагъэпэщынур.
Урысейпсо зэпеуэм и очнэ Iыхьэр УФ-м и щIыналъэ псоми фокIадэм и 20-м щыщIэдзауэ щокIуэкI икIи ар жэпуэгъуэм и 31-м зэхуащIыжынущ.
Зэхьэзэхуэм хэтынухэр къыхахын папщIэ щIыналъэ экспертхэр щылажьэ центрхэр къызэрагъэпэщынущ:
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ Мэхъэчкъалэ, Ставрополь, Грознэ, Налшык, Владикавказ къалэхэм.
Сыбыр федеральнэ щIыналъэм и Красноярск, Кемеровэ, Новосибирск, Иркутск, Омск къалэхэм.
КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ щIыналъэм щыщ Владивосток, Хабаровск, Улан-Удэ, Якутск, Южно-Сахалинск къалэхэм.
Ищхъэрэ-КъухьэпIэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ Санкт-Петербург, Петрозаводск, Архангельск, Мурманск, Псков къалэхэм.
Урал федеральнэ щIыналъэм и Екатеринбург, Тюмень, Ханты-Мансийск, Челябинск, Курган къалэхэм.
Приволжскэ федеральнэ щIыналъэм щыщ Самарэ, Новгород Ищхъэрэ, Уфа, Къэзан, Пермь ­къалэхэм.
Курыт федеральнэ щIыналъэм хыхьэ Воронеж, Владимир, Тулэ, Тверь, Ярославль къалэхэм.
Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и Астрэхъан, Волгоград, Краснодар, Севастополь, Дон Iус Ростов къалэхэм.
Зэхьэзэхуэм хэтынухэм фи тхылъхэр къызэгъэпэщакIуэ комитетым и vesnakonkurs@mail.ru электрон пощтым евгъэхь хъунущ, тхыгъэм и темэм федеральнэ округым и фIэщыгъэмрэ щIыналъэ къэпщытакIуэхэр щылажьэ гъунэгъу къалэмрэ Iэмал имыIэу къыщыхьауэ. Ахэр зыщIымыгъу тхылъхэм и ужь дыдэущ щыхэплъэнур.
Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэм и Iыхьэхэр зэрагъэзэщIэну пIалъэм, зэпеуэм и положенэм, абы и Iыхьэхэм я положенэхэм, евгъэхьыну тхылъыр зыхуэдэм теухуа хъыбархэм зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ зэпеуэм и напэкIуэцIым - vk.com/ vesnakonkurs2010, «Илзе Лиепа» псапащIэ фондым и сайтым – www.ilzeliepafund.ru сайтым, фондым и напэкIуэцIхэу социальнэ сайтхэм щылажьэхэм.

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: