ХЬЭШЫР ЧЫЛАР ТЕУХУА ТХЫЛЪЫЩIЭ

Пэжымрэ пцIымрэ

«Япэу Iуащхьэмахуэ дэкIар: къэхъуамрэ къагупсысамрэ» («Первовосходитель на Эльбрус: факты и вымысел») - ар и фIэщIыгъэу Налшык дэт «Принт-Центр» IуэхущIапIэм Хьэшыр Аскэр и IэдакъэщIэкIыу тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.

ТХЫЛЪЫР дунейм къы­техьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар япэу Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэ щIалэ Хьэшыр Чылар къызыхэкIа лъэпкъым иризэдауэр куэд зэрыхъуарщ. Губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьа Аскэр 1829 гъэм екIуэкIа генерал Эммануэль и экспедицэм теухуауэ щыIэ дэфтэрыжьи дэфтэрыщIи зэхуихьэсыжри, псори зэуIуу зы тхылъым иригъэзэгъащ. Абы нэхъыфIи пхуэщIыну къыщIэкIынкъым. Кавказ лъэпкъ псоми ягъэлъапIэ Iуащхьэмахуэ ехьэлIа тхыдэ къудамэ екIум лъэпкъхэр щIызэпэщIэувэжын щхьэусыгъуэ къыхэмыгъэкIынращ къохъулIэным я нэхъыфIыр.
УрысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, куржыбзэкIэ, нэ­мыцэбзэкIэ къыдэкIа дэфтэрхэм ущрохьэлIэ тхылъым. Абы ихуащ экспедицэм япэу тепсэлъыхьа газетыжьхэм я сурэтхэри, нэхъ кIасэу абы и гугъу зыщIа щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэри, тхылъеджэм зыхуейр къабыл ищIыну хуиту. Акъыл зиIэм къыгурыIуапхъэщ цIыху цIыкIум къехъулIа дэтхэнэ зы Iуэхушхуэри, - псалъэм папщIэ, бгым дэкIыныр, - ущIызыкъуэувэн щхьэусыгъуэу къэбгъэщхьэпэным и псапэр куэдкIэ зэрынэхъ иныр. НэгъуэщI бгъэдыхьэкIэм Хьэшыр Чылари ар къызыхэкIа лъэпкъри игъэлъапIэркъым.
НапэкIуэцI 700-м щигъу тхылъым тхыдэм пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ зыри щыгуфIыкIынущ, къызэрыдэкIар урысыбзэщ.
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: