МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ Iущхэр

♦Къэзыщэхум фIэлъапIэщ, зыщэм фIэпудщ
♦Шхыныр хуэмышууэ ящIамэ, зыщIам ещхьыжу жаIэ.
♦Гуащэр щытепщэм, пщыр щеудыхащ.
♦Лъагъуныгъэм и нэр нэгъуджэ зэи хуэныкъуэкъым.
♦Ахъшэр щытемыпщэу пщыгъуэ зэи щыIакъым.
♦Насыпыр сыт хуэдизкIэ жыжьэ щымыIами, абы псори дыкIэлъожэ.
♦ЦIыху гъэсэным гъащIэ псо токIуадэ.
♦Сыт хуэдэ псалъэри и жыIэгъуэр къэмысауэ умыутIыпщи нэхъыфIщ.
♦Псори ебгъэджэну ухуежьэмэ, емыкIу куэд къэпхьынщи, псом я деж ущеджэмэ, акъыл куэд къыхэпхынщ.
♦ЦIыхур дапхуэдэу дунейм тетынуми зэлъытар гъэса зэрыхъуаращ.
♦ГъащIэ гъуэгум утезышэр уи мурадращ.
♦Щхьэмыузым боз къепшэкIмэ, мис итIанэщ ар щыузыр.
♦Иджырей зэманым пIэщIэкIам хуэдизщ къыпIэщIалъхьэжынур.
♦Акъыл зиIэми, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъми, къулыкъушхуэ зыIэщIэлъми адыгагъэ ябгъэдэмылъмэ, мыхьэнэ иIэкъым.
♦Мыщэм щыхьым къыкIэлъейущыхь къиубыдын и гугъэу.
♦Зэман блэкIам нэхъыфI зэманым яхэткъым.
♦Уи кхъухьым и инагъыр зэлъытар уи псым и куууагъырщ.
♦Хъарбызым и теплъэмкIэ и кум илъыр зыхуэдэр къыпхуэщIэнукъым.
♦Хэгъэрейр къыбдэмышхэмэ, уэри умышхэ.
♦Къэзыщэхум псори фIэлъапIэщ, зыщэм псори фIэпудщ.
♦Уи мыIуэху зепхуэн нэхъ Iуэху тынш щыIэкъым.
КIурашын Алий.

Гуртуев Эльдар
Хьэсэн и сурэтхэр

Япэ классым зэрыщIэс лъандэрэ Хьэсэн сурэт щIыным дихьэхырт. ЯпэщIыкIэ абы трактор зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэр ищIу къыщIидзащ: цIыкIуу ухуей, ину ухуей, ауэ трактор дыдэм ещхьыркъабзэу.

ИужькIэ нэгъуэщIхэми зритащ. Жыгхэр, бгыхэр, адакъэжьыр, жэмыр, тхьэкIумэкIыхьыр, дыгъужьыр... Уеблэмэ зэгуэрым и къуэш Алим и сурэти ищIащ. Пэжу, езы Алим игу ирихьатэкъым.
ИтIанэ Хьэсэн и ныбжьэгъу Асхьэт и сурэтыр ракетэм ису ищIащ.
- Сэщхьщ, - жиIащ Асхьэт, щхьэгъубжэм къищым щхьэрыгъ шлемым и нэ лъэныкъуэмрэ и пэмрэ фIэкIа къыщIэмыщми.
Асхьэт сурэтыр игу ирихьащ, Хьэсэни и ныбжьэгъур къызэрыщытхъуар гуапэ щыхъуащ.
КIэлъыкIуэу Мэхьмутрэ Тамарэрэ я сурэтхэри къыщIригъэдзащ. Тамарэ и Iупэхэр зэтежу гуфIэу сурэтым къищырт, ауэ и щхьэц ухуэнар бжьакъуэ цIыкIухэм нэхъ ещхь хъуат. Тамарэ къелъэIури, Хьэсэн сурэтыр тыгъэ хуищIыжащ. Хъыджэбз цIыкIум и лъэIур абы гуфIэжут зэригъэзэщIар.
Гъатхэпэм и 8-р къэсыным махуищ фIэкIа къэмынэжауэ Хьэсэн гукъэкI ищIар езым игу ирихьыжащ. «Сеуэнщи, мамэ и сурэтыр сщIынщи, езым тыгъэу естыжынщ. ЗыкIэ и гуапэ хъунущи ар абы!»
Унэм къызэрысыжу Хьэсэн и Iэр егугъупэу къабзэу итхьэщIщ, шхэри и Iуэху иужь ихьащ. Альбом щIэрыпсыр къызэгуихри, и анэм и сурэтыр ищIу щIидзащ. ЯпэщIыкIэ и нэ къуэлэнхэр, итIанэ и пэр, и Iупэхэр. И Iупэхэр къэрэндащ плъыжькIэ илащ. Мамэ и щхьэцыр папэ ейм хуэдэу фIыцIэкъым. Фом и плъыфэщ. Езым жиIащ. Апхуэдэ плъыфэр зэхэплъхьэну тыншкъым. Ауэ Хьэсэн егугъурт. Ар зэрищIри гъэпщкIуауэт.
Сурэтыр щиухам мамэ гуфIэу сурэтым къитт. Ар сыт щыгъуи дахэщ, ауэ щыгуфIэм деж нэхъ дахэж мэхъу. Хьэзыр ищIа сурэтым еплъыжри, нэхэм нэбжьыц тIурытI къахуэту къыщыхъури, ари япищIыхьыжащ. И щIагъым кIэщIитхэжащ: «ФIыуэ слъагъу мамэ хуэсщIа тыгъэщ». Игу мызагъэу аргуэру питхэжащ: «Гъатхэпэм и 8-мкIэ сынохъуэхъу!».
Нэху къекIмэ махуэшхуэу, Хьэсэн нэхъ жьыуэ гъуэлъыжащ. Телевизор дыдэми пщыхьэщхьэм еплъу щысакъым. Ар нэхъыжьхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ:
 - Сыту жьыуэ угъуэлъыжрэ?  - щIэупщIащ гузавэу мамэ.  - Умысымаджэу пIэрэ?
 - Хь-хьэуэ. Пщэдджыжь нэхъ жьыуэ сыкъэтэджыну сыхуейщи аращ. Iуэху сиIэщ.
 - Арамэ, хъунщ,  - жиIащ мамэ, ауэ игу мызагъэу и Iэр и къуэм и натIэм трилъхьащ, мыпщтыру пIэрэ, жыхуиIэу. ИтIанэ игу зэгъауэ щIэкIыжащ.
«СыкъимыщIамэ арат,  - здыIурихым егупсысащ Хьэсэн.  - Пэмыплъагъэххэу тыгъэ хуэсщIмэ, …»
Ауэ пщэдджыжьым Хьэсэн къыщыушам, мамэ щIэкIат. Ар фермэм жэмыш дэкIат. «Махуэшхуэми зыгъэпсэхупIэ щхьэ имыIэрэ мамэ?»  - балигъ хуэдэ Хьэсэн игукIэ шхыдащ. Ауэ иужьым къыгурыIуэжащ жэмхэр махуэ къэс къэшын зэрыхуейр.
«Уеблэмэ ар нэхъыфIыххэщ. Сурэтыр адрейхэми ялъагъуу фермэм деж щестмэ зэфIэкIакъэ».
Фермэр жыжьэтэкъым. Жэмышхэр зыщIэс унэм нэжэгужэу цIыхубзхэр щIэтт. СтIолыщхьэм удз гъэгъа тетт. Псори гуфIэрт. Хьэсэн къыщалъагъум нэхъ щэху хъуахэщ.
 - А-а-а, мыр Назифэ и къуэ нэхъыжьырщ!  - жиIащ жэмышхэм ящыщ зым.  - КъакIуэ, Хьэсэн, къакIуэ, си псэ. Сытуи инышхуэ ухъуа! Нэгъэсауэ улIщ!
 - Фи махуэшхуэмкIэ псоми сынывохъуэхъу!  - жиIащ Хьэсэн зэпIэзэрыту.
 - Упсэу!  - къэгуфIащ хъыджэбзыр, пэшым щIэт адрейхэри нэжэгужэ къэхъуащ.
 - Дэнэ щыIэ мамэ?
 - Иджыпсту къэкIуэжынущ уи анэр. Жэмхэр зикI игу пыкIыркъым. Ар жэмыш пашэщ. Зыри дылъэщIыхьэркъым абы. Иджыри зы медаль къихьыну къыщIэкIынщ.
 - ВгъэукIытащ щIалэр. Зыгуэр евгъэшхи нэхъыфIщ абы нэхърэ,  - жиIащ жэмыш нэхъыжьхэм ящыщ зым.
Шэ хуабэмрэ бранычымрэ Хьэсэн игу ирихьауэ ишхырт Назифэ къыщыщIыхьэжам. И къуэр къыщилъагъум ар къэгузэващ:
 - Сыт къэхъуар, щхьэ укъэкIуа?..
Хьэсэн и пIэкIэ хъыджэбз-жэмышым жэуап къитащ:
 - Умыгузавэ. МахуэшхуэмкIэ къыдэхъуэхъуну къэкIуауэ аращ. Ар нэгъэсауэ лIыщ!
 - Мыри сыт зэкIуэцIылъ?  - щIэупщIащ мамэ.
 - Мыри? Мыр … саугъэтщ. Уэ къыпхуэсхьащ.
Сурэтыр къыщалъагъум, жэмышхэр зэщIэщымащ. Хъыджэбзхэм ящыщ зыр зэ сурэтым, зэ Хьэсэн и анэм еплъырт.
 - Назифэ-э! Уэщхьыркъэпсщ! Уи набдзэр нэхъ кIыхьщ, итIанэ уэ унэхъ нэкIущхьэплъщ, армыхъумэ уэщхьщ…
Хьэсэн кIэщIитхам къыщеджам, анэм и нэпсхэр къекIуат. Пэжу ахэр гуфIэгъуэ нэпст. ЦIыхубзхэр аращ сытым щыгъуи. Ауэ ар гъакъым. И къуэр быдэу зрикъузылIэри, щэху цIыкIуу къиIущэщащ:
 - Упсэу…
ЗэзыдзэкIар Мэлей ФатIимэщ.

ЦIэрыIуэхэр

Франджы гъуазджэм и вагъуэ

Тхыдэм хэтауэ къыщIэкIынкъым зи творчествэм апхуэдизрэ тепсэлъыхьа сурэтыщI. Пикассо Пабло теухуауэ зэи зыри псэлъакъым шыIэныгъэ хэлъу: хэти абы и цIэр уэгум нэс еIэт, хэти хужимыIэ къигъанэркъым. Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдэкIащ Пикассо теухуа тхылъ куэд. Абы тетхыхьащ Аполлинеррэ Элюаррэ, Маяковскэмрэ Арагонрэ, нэгъуэщIхэри.

Дуней псом тет къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм - Парижрэ Прагэрэ, Токиорэ Риммрэ, Нью-Йоркрэ Стокгольмрэ, Мехикэрэ Цюрихрэ, Сан-Паулурэ Амстердамрэ, Москварэ Берлинрэ - щекIуэкIа абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр къэхъукъащIэ телъыджэ гуэрым хуагъадэрт. Пабло и лэжьыгъэм дихьэхыр сурэтыщIхэм я закъуэтэкъым, атIэ абы и IэдакъэщIэкIхэм щытепсэлъыхьырт уэрамхэм, клубхэм, шхапIэхэм, метрохэм.
Франджым щыIэ Гримальди Уардэунэр Пикассо и музей ящIащ. КъищынэмыщIауэ, къэрал псоми я къалащхьэхэм дэт музейхэм пэш хэха щаIэщ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм.
Пикассо и творчествэр, абы и гъуазджэр куэдым къагурымыIуэу жаIэ. Ауэ щыхъукIи, абы и цIэр цIыху мелуан бжыгъэм ящIэ. Ныбжьэгъу куэд иIэщ Пикассо, абы нэхърэ нэхъ мащIэкъым жагъуэгъуу иIэри. Абы ипкъ иткIэ, зи гугъу тщIы сурэтыщIым цIыхухэр зэрыхущытыр тIууэ зэщхьэщокI.
Пикассо Пабло Испанием и Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Малаг къалэм 1881 гъэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Руис Хуани сурэтыщIт, уеблэмэ сурэт щIынымкIэ егъэджакIуэт. ЩIалэ цIыкIур и адэм дэIэпыкъуурэ дихьэхащ гъащIэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щыхуэхъуа Iуэхум. Хуан щыхунэмысхэм и деж сурэтыр и кIэм нигъэсыну Пабло къыхуигъанэрт. ЩIалэми ар фIэхьэлэмэту нитхысыжырт. ИужькIэ езы Пабло сурэт ищIу хуежьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм «Руис-Пикассо» жиIэу кIэщIитхэрт, иужькIэ и анэ Пикассо Марие и унэцIэр къищтащ.
Пабло и сабиигъуэр щигъэкIуар Коруньерэ Барселонэрэщ, абы художествэмкIэ школым щеджащ. ИужькIэ художествэмкIэ училищэ нэхъыщхьэ Мадрид щыщIэтIысхьащ. Абдеж щегъэжьауи мурадышхуэхэр зыхуигъэувыжат. Париж зыбжанэрэ кIуащ, живописым зэрызригъэужьыну Iэмалхэм егупсысу щIидзащ, художественнэ журнал къыдигъэкIыу хуежьащ.
В 1904 гъэм Париж Iэпхъуэну мурад ещI, а къалэр Европэм и художественнэ центру къалъытэри. «Париж сыщыщхьэхуиту къысщыхъурт», - жиIэжырт абы. А лъэхъэнэм ар ныбжьэгъу хуэхъуащ тхакIуэ цIэрыIуэу щыта Аполлинер, Жакобо Макс, сурэтыщI Брак Матисс сымэ, Франджым щыпсэунуи къэнащ.
Дуней псом ягу дыхьа абы и япэ лэжьыгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм итхауэ аращ. Иджы ахэр  - «Арлекин» е «Портрет поэта» - классикэм щыщ Iыхьэ хъуауэ ялъытэ.
Пикассо и гъуазджэр зэманым игъэунэхуну хунэсащ. Хэт иджыпсту Бёклин и IэдакъэщIэкIхэм дахьэхыжыр? Футурист Маринетти зыцIыхужыр хэт? Дадаистхэм я усэ еджэжыр хэт сымэ? Ауэ щыхъукIи, 1909 - 1959 гъэхэм Пикассо и цIэр жамыIэу екIуэкIакъым.
Языныкъуэхэр иризодауэ - Пабло испан сурэтыщI хьэмэрэ франджы? Ди деж, Урысей Федерацэм, абы и унэцIэр франджыбзэкIэ щыжаIэ - иужьрей пычыгъуэм ударенэр техуэу, адрейхэм «Пикассо» жаIэ. Дауи, Пикассо испану щытащ икIи щытщ. Абы и хэкур фIыщэу илъагъурт, къищынэмыщIауэ, и теплъэкIи, и хьэлкIи, и дуней тетыкIэкIи испанхэм ещхьыркъабзэщ. Абы зыми шэч къытрихьэркъым. Ауэ цIыхухэм зэдэуэн щыщIадзэр абы гъуазджэм щиубыд увыпIэм деж нэса нэужьщ. Иныкъуэхэм къалъытэ абы и живописым испан Iуэху лъэпкъ хэмыту, и IэдакъэщIэкIхэр Италиемрэ Франджымрэ епхауэ. Езыр испан дыдэщ, ауэ и творчествэр нэхъыбэу зэпхар франджы гъуазджэрщ. Дауэ мыхъуми, Париж и художественнэ гъащIэм хэмытамэ, ар Пикассо хъурэт?!
КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэм псэуа IэщIагъэлIхэми хуэдэу, Пабло куэдым дихьэхырт икIи зрипщытырт. Ар сурэтыщIщ икIи скульпторщ. Пабло тхылъ куэдым сурэт яхуитхащ, балет куэдым декорацэхэр яхуищIащ.
ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ.

 

 

ГъэщIэгъуэнщ

ФIэщхъуныгъэ

Зэгуэрым дыгъэм и бзийм къыжреIэ:
- Махуэ къэс щIылъэмкIэ зызогъазэри согъэхуабэ, согъэнэху. Иджы сыхуейт цIыхум игу згъэхуэбэну!
- Хъунщ,- жиIащ дыгъэм, - цIыхугум бзий хъуаскIэ ептыну ухуитщ. АбыкIэ узыхуэупсэр телъыджэ зыхузэфIэкI цIыху хъунущ. Ауэ, тыгъэ хуэпщIын папщIэ, цIыхухэм я нэхъыфIыр къыхэх.
Дыгъэ бзийм щIылъэм зыкъидзри егупсысащ: «Дауэ къэсхутэну цIыхум я нэхъыфIыр?» Абы хэту зэхихащ цIыху гуэрым и макъ нэщхъей:
- Мы гъащIэм къыщызэхъулIэркъым зыри… СурэтыщI сыхъуну сехъуапсэурэ, пхъащIэ сыхъуащ. ФIыуэ слъэгъуа хъыджэбзыр си лъэныкъуэкIэ къэплъэххэркъым.
- Ар дауэ! Уэ зэфIэкI уиIэщ  - ущIалэщ, уIэпщIэлъапщIэщ! - егупсысащ дыгъэ бзийр, икIи и нурым щыщ цIыхугум иритащ.
ЩIалэм и гум къыщылыда хъуаскIэм къигъэуIэбжьауэ и щхьэр къиIэтащ. ФIыуэ илъагъум удз гъэгъа Iэрамэ сурэту хуищIащ. «Мыр сыту телъыджэ!» - итхьэкъуащ сурэтым хъыджэбзыр.
Абы иужькIэ зыгуэрым и унэ хуилати, ари игъэгуфIащ.
- Уэ упхъащIэ си гугъэу укъезгъэблэгъат, ауэ усурэтыщI Iэзэщ. Си унэр хьэлэмэту схуэбгъэдэхащ! - къыжриIащ абы.
Дыгъэм и бзийр къекIуэлIэжа нэужь зигъэкъуэншэжу жиIащ:
- ЦIыхухэм я нэхъыфIыр къыхэсхыну къызжепIат. АрщхьэкIэ, уи чэнджэщыр сщыгъупщэжри, япэу сызыхуэзам си тыгъэр естащ.
- Уэ уи фIэщ хъуащ а цIыхум зэфIэкI зэриIэр. Уи фIэщхъуныгъэм ар псом нэхъыфI ищIащ! - гуфIащ дыгъэр.
Гъуэт Зарэ.

Интернетым дыкъыщоджэ

Нэхъ лъапIэр

ЩIалэ цIыкIу гуэрым я гъунэгъу лIыжьыр ныбжьэгъу хуэхъуауэ, сыт щыгъуи абы и деж кIуэрт, хъыбархэр жригъэIэжырт. Зэманыр кIуэурэ щIалэр къыдэкIуэтеящ, еджапIэ, лэжьапIэ, и щхьэ Iуэхум хущIамыгъэхьэурэ, гъунэгъу лIыжьым гулъытэ хуимыщIыж, ауэрэ кIэлъымыкIуэжыххи хъуащ. Зэгуэрым абы зэхихащ лIыжьыр дунейм зэрехыжар. Игу къэкIыжащ абы бгъэдэсу игъэкIуауэ щыта зэманыр. ЛIыжьым ар куэдым хуиущият. И сабиигъуэр IэфI къыщызыщIа цIыхур къызэрыфIэмыIуэхужам хущIегъуэжауэ, ар псэууэ зэримылъагъужынум иринэщхъейуэ щIалэр лIыжьым и унэм кIуащ. Зэман куэд ипэ зэрыщытам хуэдэ дыдэт унэ кIуэцIыр. Ауэ стIолыщхьэм сыт щыгъуи тету щыта пхъуантэ цIыкIур илъагъужыртэкъым. ЛIыжьым къыжриIауэ щытат а пхъуантэ цIыкIум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр зэрыщихъумэр. Ар благъэхэм ящыщ гуэрым къищтауэ хуигъэфащэри къыщIэкIыжащ.
ТхьэмахуитI дэкIауэ щIалэм гъунэгъу лIыжьым и цIэр тету тхыгъэ къыхуокIуэ. Абы щIыгъут пхъуантэ цIыкIур. Къызэтрихмэ, дыщэ сыхьэт дэлъщ. «Упсэу бжызоIэ, къыздэбгъэкIуа зэманым папщIэ»,- къыхэбзыкIат сыхьэтым. ЩIалэм къыгурыIуащ: лIыжьым и гъащIэм нэхъ лъапIэу хэтар ныбжьэгъу къыхуэхъуа щIалэ цIыкIум дигъэкIуа зэманырт.
ГуIэт Риммэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ