Хьэрып усакIуэхэм я эмирыр

Шэукъий и лъагъуныгъэ лирикэр «зэмыфэгъущ» икIи удэзыхьэхщ. Абы зэм щызыхыбощIэ лъагъуныгъэ гуащIэм псэр хьэзаб зэрыхигъэтыр, зэм щызэхыбох гухэлъ дахэ зыIуатэ ныбжьыщIэхэм я макъ насыпыфIэхэр, зэми къыщыболъагъу нэгъуэщI цIыху фIыуэ зылъагъур щхьэжагъуэ хъуауэ гъащIэр фIэмыIэфIыжу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, мы усэхэр: «Сэ сощIэж», «Пагэу ущызблэкIкIэ», «Си гум уихужыркъым», «Пощт маркI», «Махуэхэм я гъащIэр», нэгъуэщI куэди. «Пагэу ущызблэкIкIэ» усэм щыщ мы сатырхэр плъыфэ дахэу зэрызэхэджар щыболъагъу:

Уи нэкIухэм, нэхэм зэ Iуплъар
КъэпIейтеинщ, телъыджэ укъыфIэщIу,
Жэнэтым къыщыхъунщ иплъа...
Арщхьэ щыуэнщ... НэкIу дыхьэрэнхэр
Жыхьэнмэ мафIэщ, къыпщIэнэну.

Лъагъуныгъэ къемыхъулIам цIыхур гуитIщхьитI зэрищIыр къыхощ «Сэ сощIэж» усэм:

Телъыджэ гуэр дунейм щыслъагъум,
Уэ си гум укъокIыж.
БлэкIар къызодэуэж.
Сопыхьэ, сихьу лъагъуныгъэм -
ПыIэгъуэ симыIэж.
АтIэ хьэзабыр сыт щIэзгъэвыр,
СэркIэ а уи гур мывэм?

ГъащIэм куэдрэ къыщыхъу хабзэщ пщащэр куэдым я гулъытэм щигъэкIыу. «СощIэж» жыхуиIэ усэмкIэ Шэукъий фIыуэ илъагъуу щыта хъыджэбзым ирехъуэныж ар къызэрепэгэкIар:

БлэкIащ щIэщыгъуэу гъащIэр щыдгъэкIуар,
ПщIэжын зэгуэрым къысхуэкIуауэ тхьэ?

Сыныпхуэзамэ, уи напIэр епхьэхауэ,
СумыцIыхужу фэ зытыбогъауэ.
Гулъытэ куэдым уэ ущагъэкIащ,
ЗыкъыпфIэщIыжри, къаплъэнэф ухъуащ.

Шэукъий и IуэхущIафэм, лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щеубыд дунейм и теплъэр, и къэхъукъащIэхэр, и хъугъэхэр, псэ зыпытым яхуэдэу, къэгъэлъэгъуэным. Абы къилъытэрт Iущыгъэшхуэ хэлъу дунейр зэтегъэувауэ икIи дунеягъэм и «щIыкIэ-ухуэкIэ» хъуар къызэриIуэтэным пылът. «Хьэрып усакIуэхэм я эмирыр» мис мыпхуэдэу тетхыхьащ Мысырым и псышхуэ, щIылъэр зыдэщIэращIэ Нил:

Сыт щыгъуи тетщ гъуэгу,
ГъащIэ жылэр щIым хисэу.
Уафэр щIоплъэ и нэгу,
Мэуфафэ хы ину...
Ар шкIурэжу зэм йожьэ,
Игъахъэу, ихъу-илъу...
Аслъэн ин къэгурыму,
Толъкъун пщэцхэр еIэт...

Ахьмэд Шэукъий, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, усэ тхыныр и къалэн нэхъыщхьэу ибжырт, псэухуи нэхъыбэу аращ зыхуэлэжьар. Ауэ абы къыщIэнащ пьесэфI зыбжани. Ар щыпсэуа лъэхъэнэм Мысырым и драматургиер къыкIэрыхурт. Академик И. Ю. Крачковскэм и «тхыгъэ къыхэхахэм» (Мэзкуу - Ленинград, 1956 гъэм, ещанэ том) щетх: «ЕщэщIанэ гъэхэм усакIуэшхуэ Ахьмэд Шэукъий аргуэру зэ къигъэщIэрэщIэжыну хуожьэ классикэ нэпцIыр зи щапхъэ трагедиехэр; хьэрып, мысыр пасэрей гъащIэм къыхихауэ абы итхащ пьесэ зыбжанэ («Клеопатрэ», «Камбиз», «Меджнун», «Андалусием и тепщэ гуащэ», нэгъуэщIхэри); иджыри къэс тепщэгъуэр мысыр литературэм щызыIыгъ классикэм тету усэ зэщIэжьыуэхэмкIэ тха зэрыхъуам къыхэкIыу ахэр хьэрып тхылъеджэхэм хуабжьу ягу ирохь».
Дунейм ехыжыным мазэ зыбжанэ нэхъ имыIэжу Ахьмэд и «лъым и джэ макъ» зэхех, икIи къызыхэкIа и адыгэ лъэпкъым хуэфэщэн гуэркIэ етэну лэжьыгъэм зрет. НэхъапэIуэкIэ итха «Алий-бек ЦIыхушхуэр, е Мамлюкхэм я къэралыгъуэр» пьесэр, щищIалэгъуэм къемыхъулIауэ къилъытэр, щIэрыщIэу иузэщIыжыну йотIысылIэ. ПIэхэнэу зэрыщытым хуэдэу, усакIуэ сымаджэр илъэс ныкъуэкIэ псэхугъуэ имыIэу лэжьащ, и тхыкIэкIи, и щIыкIэкIи пьесэр зэрихъуэкIыжу, иригъэфIакIуэу.
Пьесэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр Каир, Акъкъэ, Силихьийе къалэхэм щокIуэкI. Ар топсэлъыхьыж адыгэ Алий-бекрэ абы и телъхьэ хъуахэмрэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и бийуэ зыкъаIэту текIуэныгъэр къызэрахьам, Мысырыр хуит къызэращIыжам. Апхуэдэу абы къыхощыж Алий-бек и малъхъэ Мухьэмэд абу Зэхьабрэ мамлюк Мурад-бекрэ къызэрепцIыжар. Тхыдэ «къуэпс» кIуэцIрышам къещIэкIауэ, къыIущауэ драмэм дыщрохьэлIэ лъагъуныгъэ, щхьэхуещэ Iуэхухэми. Псалъэм папщIэ, гукъинэж къыпщохъу Мурад-бекрэ гъэр цIыхубз Амалрэ я лъагъуныгъэр. А лъагъуныгъэр къызэщIэстурэ зэуэ къызэпоуд - фIыуэ зэрылъэгъуахэр зэдэлъхузэшыпхъуу къыщIокI.
Мы тхыгъэм наIуэ къищIащ Шэукъий къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэми, и псэукIами фIыуэ щыгъуазэ цIыхуу зэрыщытар. Абы адыгэхэм я шыфэлIыфэр IупщIу дегъэлъагъу, лъэпкъым и хьэл-щэныр, и псэукIамрэ и зэхэтыкIамрэ ди нэгу щIегъэкI. Апхуэдэуи тхакIуэшхуэм ибзыщIакъым мамлюк къэралыгъуэми лей щызекIуэу, гъэпцIагъэ щызэрахьэу зызэман къызэрекIуэкIар.
Хьэрып усыгъэм и дахапIэр къэзыгъэщIа усакIуэшхуэм мы тхыгъэр и ехъулIэныгъэшхуэу къабжащ ар фIыуэ зылъагъухэм. Абыхэм къалъытащ ар усыгъэм и телъыджэу, Iэзагъышхуэ хэлъу гъэпсауэ.
Шэукъий и драмэхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхур зэрыщытын хуейр, абы и хьэл-щэн нэхъыфIхэр - акъылыфIагъыр, пагагъыр, лIыхъужьыгъэр, хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейр, хуитыныгъэр хъумэным, пщылIыпIэр гъэкIуэдыным яIэ мыхьэнэр, нэгъуэщI куэди.
Ахьмэд Шэукъий хьэрып драматургием и «адэу» игъащIэкIэ щытынущ, сыту жыпIэмэ иджырей театрым хуэлэжьэн ар ищIащ, пасэрей фащэжьыр щихри, къэунэху гъащIэм екIун «щыгъын» щитIэгъащ, нобэрей гупсысэкIи щIэщыгъуэ ищIащ.
Хъаннэ аль-Фахьури «хьэрып усакIуэхэм я эмирым» мы дунейм щиубыд увыпIэр щиубзыхукIэ, мыр тэмэму жеIэ: «Ар цIыхушхуэщ, абы къыщымынэжу, тхьэм псом я лейуэ хиха усакIуэщ, дунейм усакIуэшхуэ дыдэу къытехъуахэм нэхърэ мынэхъ цIыкIуу, ауэ и зэчийм щыщ куэд абы пщIэншэу игъэкIуэдащ зыхуейр итхыну щыхуимыта лъэхъэнэм»...
МыкIуэдыжын образхэр, усыгъэ хьэлэмэтыщэхэр зи къалэмым къыщIэкIа тхакIуэр дуней псом къыщацIыху. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум уей-уей щыжезыгъэIа, хьэрып усыгъэр къэзыгъэщIэрэщIэжахэм ящыщ зы, усакIуэ Iэджэм я щапхъэ хъуа, ноби куэдыр зыдэплъейщ  Ахьмэд Шэукъий. Абы и усыгъэхэр мыкIуэдыж фIыгъуэу игъащIэкIэ яIэнущ Мысырым ис цIыхухэм. Захъуэжынщ зэманми дунейми, къызэкIэлъыкIуэнщ щIэблэщIэхэр, ауэ зы зэмани къэхъункъым поэзие нэсым, Ахьмэд Шэукъий къыбгъэдэкIам, и хэкуэгъухэр димыхьэхыжу, и хэкуэгъухэм яфIэмыIэфIу.

Барудирэ Шэукъийрэ я лэжьыгъэм пызыщахэр

Барудирэ Шэукъийрэ я гъукIэгъэсэну, абыхэм ирагъэжьа лэжьыгъэм хуэпэжрэ ар япэкIэ зэрагъэкIуэтэным я гъащIи, я гуащIи зэрыхуэгъэпсар нехьэкI-къехьэкI хэмылъу жаIэу щытащ Джэрым Алийрэ (1881 - 1949) Абазэ Хьэзизрэ (1899 - 1969). А тIури адыгэт икIи псэухукIэ пщIэшхуэ хуащIу, ялъытэу къэгъуэгурыкIуащ хьилмышхуэ зыбгъэдэлъу щыта я хэкуэгъу нэхъыжьхэр. Апхуэдэ зэхущытыкIэм и лъэужь хыболъагъуэ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэбгъапщэкIи.
Джэрымыр ящыщащ Кавказ зауэм и илъэс хьэлъэхэм хэкур зыбгынахэм, и бжьэдыгъу унэцIэри ихъумащ. Абы дэгъуэу ищIэрт и анэдэлъхубзэр икIи адыгэ хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI лIыуэ щытащ.
Хьэрып литературэр зыджхэм иужьрей усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ Джэрымыр.
ЩIэныгъэ абы щызригъэгъуэтар Инджылызырщ, нэхъ зыпыщIауэ щытари егъэджакIуэ лэжьыгъэрщ. ИужькIэ щылэжьащ Мысырым щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм.
Алий ящыщщ Каир Хьэрыпыбзэм и академие къыщызэIузыхахэм. Бзэм теухуауэ абы къыдигъэкIа лэжьыгъэшхуэу томищ хъури гъэхуа псэлъэкIэм зэрызыхуагъасэ тхылъри КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыцIэрыIуэщ. Абы къытригъэдзащ «Аль-Муджмал», «Муфассал» щыщ классическэ тхыгъэхэр, X лIэщIыгъуэм псэуа усакIуэ Ибн Фарис и псалъалъэрэ аз-3амахъшар и грамматикэмрэ (XI - XII лIлI.). 1934, 1940 гъэхэм Джэрымым къыдигъэкIыгъащ Баруди и тхыгъэхэр нэхъыбэу щызэхуэхьэса диван. АрдыдэмкIи къигъэлъэгъуащ хьэрып усыгъэм увыпIэ лъагэ щызиIэ Баруди и хьилмым пщIэуэ хуищIыр зэрыиныр.
Алий и усэхэм нэхъыбэу яхыболъагъуэ ахэр классикэ къупхъэм Iэзэу зэригъэтIысхьар, зэхэщIыкI куурэ хэплъыхьа дахагъэкIэ зэрыгъэпсар.
1938 - 1939 гъэхэм Каир къыщыдигъэкIа дивану томищ хъур щыхьэт зэрытехъуэщи, абы нэхъ къигъэсэбэпыр усэ бзыпхъэ нэхъ инхэрщ. УсакIуэм и бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ щIыпIэцIэхэм, бзэм хэкIуэдыкIыжа псалъэхэм, курыт лIэщIыгъуэм щыIа классикхэм я цIэхэм къытепщIыкIауэ къигъэсэбэп фIэщыгъэхэм.
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр 3-нэ нап.)

Хьэрып тхылъеджэм деж Джэрым Алий цIэрыIуэ щыхъуащ критикэм иIэту зыщытхъуа тхыдэ романхэмкIи. Андалусием щытепща иужьрей хьэрыпхэм абы яхуиусащ «УсакIуэ-пащтыхь» тхыгъэшхуэр. Мыбдеж, шэч пщIы зэрыхъунумкIэ, Стэнли Лэнпул и IэдакъэщIэкI «Маврхэр - Испанием» жыхуиIэм ижь къыщIихуагъэнущ абы. Ар хьэрыпыбзэкIэ икъукIэ Iэзэу зэридзэкIауэ щытащ езы Алий.
Адрей тхыдэ романхэу «Чэщанэхэм я гуащэ», «ЩIыхьщIэкъу усакIуэ», «Рашид и пщащэ» жыхуиIэхэр теухуащ зи цIэ ину Iуахэм: фатIимид и ужьрей тепщэхэм, МутIэнэбби усакIуэм, Бонапарт Наполеон и зекIуэм, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Мысырыр яхузэрымыгъэгуэшу Инджылызымрэ Франджымрэ ирагъэкIуэкIа зэныкъуэкъум.
Абазэ Хьэзиз икъукIэ щIалэу щIидзащ усэ итхын. Адыгэ мамлюкхэм я щIэж щIалэщIэр, Мысыр курыхым и къуажэ тхьэмадэм и унагъуэ къыщытэджар, ирагъэцIыхуащ Ахьмэд Шэукъий. ЩIалэм и япэ лъэбакъуэхэр узыншэу къилъытащ усакIуэ щэджащэм. ИужькIэ Абазэм пкърышыпсыхьащ Барудирэ Шэукъийрэ я усэ гъэпсыкIэм хэлъ Iэзагъхэр, абы къыдэщхьэлъащ икIи дэгъэгъащ, а щIыкIэмкIи ар хъуащ иджырей хьэрып усыгъэм и тхьэгъуш нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы.
30 гъэхэм Абазэм газетхэм, журналхэм къыт­рыригъэдзащ неоклассическэ усэ зыбжанэ. Ахьмэд Шэукъий и чэнджэщкIэ абы итхащ усэу зэхэлъ пьесэ «Къеисрэ Лубнэрэ» жыхуиIэр.
1943 гъэм къыдигъэкIащ «Гужьеям и гурым макъ» диван закъуэр, дунейм ехыжа и щхьэгъусэм хуиусар. А тхылъым щызэхэухуэнащ Мысырым щыпсэухэм я гъащIэм хэлъ гугъуехь псори.
ИужькIэ Абазэ Хьэзиз и Iэдакъэ къыщIэкIащ драматическэ тхыгъэ зыбжанэ. Абы и нэхъыбэр теухуащ ислъам тхыдэм ипэ къихуэ лъэхъэнэм. Ахэр «Аль-Абасэ» (1947), «ЛIыхъужь» (1950), «Шэджэрат ад-Дурр» (1951). «Андалусием и къухьэжыгъуэ» (1952), «Шахрийар» (1954), «Чырэм и нур» (1961), «Къейсэр» (1963) пьесэхэрщ. Иджырей къэхъукъащIэхэм теухуащ «Бжьыхьэ тхьэмпэхэр» (1957), «Захьрэ» (1968) жыхуиIэ пьесэхэр.
Абазэ Хьэзиз и тхыгъэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ, иджыри кIэлъоплъ хьэрып критикэр, ауэ усакIуэ-драматургым и IэдакъэщIэкIхэм ар зэреплъыр, занщIэу жытIэнщи, къуэлэнущ.
Литературэм традиционализмэм и лъабжьэр хуэзыгъэбыдэхэм ящыщу Аль-Аккад, Тахьэ Хъусейн, аль-Уэкиль сымэ ягъэзахуэ Абазэм и гупэр зэманым къыщIэнахэм нэхъ щыхуэгъэзам деж. Реалистическэ еплъыкIэм и телъхьэхэм ар мытэмэму къалъытэ. Абыхэм ящыщу аль-Алим, ан-Нэкъаш сымэ зэрагъэувымкIэ, Абазэм и усыгъэр буржуазие жьгъейм и философием ипщэкIэ кIуэркъым икIи зэрыщыту зэран хуохъу жылагъуэ зыужьыныгъэр IупщIу плъагъуным.
Баруди хуэдэу, Абазэ Хьэзизи и гъащIэр тхэн къудейркъым зытриухуар. Каир дэт университетым и юридическэ факультетыр къиуха нэужь, ар лэжьащ генеральнэ прокуратурэм и департаментым и унафэщIым и къуэдзэу.
30 гъэхэм Абазэр парламентым хагъэхьэ, ар Къэлюбие, Фаюм, Минья, Порт-Саид, Асьют вилайетхэм я тхьэмадэу щытащ. 1946 гъэм къулыкъу щIэныр IэщIыб ещI, литературэм и къару псомкIи зритын папщIэ.
Абазэ Хьэзиз Хьэрыпыбзэм и академием куэдрэ хэтащ. Мысырымрэ Сириемрэ я гъуазджэмрэ литературэмрэ я Хасэ ищхьэм деж усыгъэмкIэ щыIэ къудамэм и унафэщIт, къэралым ис усакIуэхэм я Ассамблеем и тхьэмадэт. Абы и ныбжьэгъуфIт Джэрнуси Хъалид. А тIум ассамблеем хэт адрей цIыху 27-ри я акъылэгъут, а псоми литературэр традиционализмэм хэкIыкIын хуейуэ къалъытэрт.
Мыбдеж Джэрнуси щхьэкIэ псалъитI-щы щыжыIапхъэщ. УсакIуэ хъуну щIалэ цIыкIур къыщалъхуащ адыгэ офицерым, Ахьмэд Араби и зэщIэхъееныгъэм лIыгъэ къыщызыгъэлъагъуэу хэтам, и унагъуэм.
Каир дэт университетыр къиуха нэужь, ар лэжьащ журналисту, курыт еджапIэм щригъэджащ. 1936 гъэм Мысыр радиом иригъэкIуэкIащ поэзием и зэхьэзэхуэ. Абы хэта цIыху 346-м ятекIуэри, Джэрнуси къихьауэ щытащ япэ саугъэтыр. «Гупсысэм и хуитыныгъэ» - арат ар цIэрыIуэ зыщIа усэм зэреджэр. Илъэс 19 дэкIа нэужь усэу диваниплI къыдэзыгъэкIа Джэрнуси Хъалид Каир ХьэрыпыбзэмкIэ и академием 1951 - 1952 гъэхэм усыгъэм теухуауэ иIа етIуанэ саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
И гугъу щIыпхъэщ нэгъуэщI зы усакIуэми - Исмэхьил Сабри (1854 - 1923), адыгэ мамлюкхэм я щIэблэм, Ахьмэд Шэукъий, Хъалил МутIран, Мустэфа Камил, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэм я ныбжьэгъуу щытам.
Академик И. Ю. Крачковскэм къызэрилъытэмкIэ, Сабри, Баруди хуэдэу, и тхыгъэхэм къыщигъэщIэрэщIэжащ пасэрей усыгъэр икIи Мысырым и усакIуэ нэхъ инхэм ящыщу къалъытэ.
Исмэхьил Сабри щхьэкIэ хьэрыпхэм «усакIуэхэм я щихъ» жаIэ. Абы и усыгъэм зэпещIэ традиционализмэмрэ романтизмымрэ. Сабри и творчествэр лъэхъэнитIу зэпауд. Япэ лъэхъэнэм курыт лIэщIыгъуэхэм я поэзие акъужькIэ бэуащ ар, етIуанэм къызэригъэпэщащ романтикэкIэ гъэнщIа лирикэ, уэрэд куэд, итхащ социальнэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа усэхэр.

Мы дунеижьым хабзэу къыщокIуэкI:
Гужьейм, дзыхьмыщIым гъащIэр дызокIуэкI.
Уи хэкур хамэм хэутэн ищIам,
Уи лъэпкъыр ещхькъэ бзэншэу бжьым щIэщIам.
Хьэзаб мыухщи, поткIукI гуIэ нэпс,
Имылъагъужу ди нэм дыгъэ нэпс.
ДыхэмыкIыжщи апхуэдэу бэлыхь,
Ди щыгум джатэр щхьэщагъэджэгухь.
ИтIани аркъым: тщIынщ зэтес дунейр,
ЩIэныгъэр, гуащIэдэкIыр хъум дыдей.
ЛIэщIыгъуэрыбжэу кIыфIыгъэм хэтар
Плъагъунщ, ныбжьэгъу, дыгъэпсым хэтшау.
ИтIанэ зауэм щIэбэг тепщэу хъуар
Iэпхлъэпх ищIынут ди къару бэгъуам, -

апхуэдэу щитхащ Исмэхьил Сабри «ГупсысапIэ» зыфIища и усэм.
Мысырым щыщ адыгэ къилъхуа усакIуэхэм ятеухуа ди хъыбарыр духынщ Айшэ Теймур (1840 - 1902) и IуэхущIафэмкIэ. Теймур унэцIэр зэрихьэу литератор цIэрыIуэ хъуахэм къахэкIа бзылъхугъэм и адэ Исмэхьил политическэ Iуэхузехьэт. Абы и пхъум щIэныгъэфI щригъэгъуэтащ и унагъуэм. Айшэ уэрсэру ищIэрт бзэ зыбжанэ, хьэрыпыбзэкIэ, къэжэрыбзэкIэ, тыркубзэкIэ усэ итхырт. Журналхэм, газетхэм куэдрэ къытехуэрт абы и хъыбархэри, нэгъуэщI тхыгъэхэри.
Теймурым и япэ диваныр Истамбыл къыщыдигъэкIащ. Прозэми усыгъэми абы нэхъ щищIасэр классическэ тхэкIэрт.
ХIХ лIэщIыгъуэм хьэрып гъащIэм щызекIуэу щыIа хабзэхэр къэплъытэмэ, усыгъэ уафэм къыдэшэсея вагъуэщIэр зэрыцIыхубзым псори къигъэуIэбжьырт, ар муслъымэн Iэдатымрэ къекIуэкI хабзэмрэ къызэпызыуду ягъэувырт, ауэ а псоми пэувыфащ адыгэ бзылъхугъэр икIи КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и цIыхубз псоми япэ журналхэм, газетхэм и тхыгъэхэр трыригъэдзэн щIидзащ. «ЦIыхубзыр. Абы и бэнэныгъэр, и гуащIэдэкIыр» зыфIища и тхылъым хьэрып еджагъэшхуэ Ахьмэд Тахьэ Ахьмэд къыщегъэлъагъуэ цIыхубз зэщIэхъееныгъэм япэу хуэхъуэпскIар Теймурыр арауэ. 1896 гъэм Айшэ къэуват муслъымэн цIыхубзхэр гъэрыпIэм къишауэ щхьэхуит щIын хуейуэ, Европэм щыщ адрей бзылъхугъэхэм нэхърэ ахэр щIэнэхъыкIэн щымыIэу. ИужькIэ абы хиша гъуэгум ирикIуахэщ нэгъуэщI хьэрып усакIуэ цIыхубзхэри. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэхэщ Уардэ аль-Иазиджирэ Марьянэ Маррашрэ. Абыхэм я усэхэм, новеллэхэм щыщ куэди, публицистическэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и мызакъуэу, траухуэу щытащ социальнэ Iуэхугъуэ гуащIэхэм.
Айшэ Теймур и публицистикэр икъукIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуауэ щытащ Мейй (Мариам Зияд), хьэрып цIыхубз тхакIуэ цIэрыIуэм икIи иджырей КъуэкIыпIэм я цIыхубзхэу фIэлIыкI нэхъ ин дыдэ зиIэхэм ящыщым и творчествэр зэфIэувэным. 1925 гъэм тхыдэ-литературэ тхыгъэ щхьэхуэ абы хуитхауэ щытащ и адыгэ егъэджакIуэм.
Ди хъыбарым и къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэр тедухуащ адыгэ мамлюк ахъырзэманхэм къатепщIыкIыжа мысыр прозаикхэм. Абыхэм я цIэр хьэрып литературэм къуэпс быдэкIэ хэкIащ, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр ядж курыт еджапIэхэм щIэсхэми, студентхэми, къызэрыгуэкI тхылъеджэхэми.
Мысыр новеллэм и япэ вагъэбдзумэр къэзыхьауэ къалъытэр Мухьэмэд Теймурщ (1892 - 1921). Ар Ахьмэд Теймур-пэщэ филолог лъэрызехьэм, хьэрып классическэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къэхутакIуэм, пасэрей тхылъыжьхэмрэ Iэрытххэмрэ я зэхуэхьэсыжакIуэм и унагъуэм къыщалъхуащ. Я анэр пасэу щылIэм, Мухьэмэд щIалэ цIыкIуми абы и къуэшхэми я гъэсэныгъэр и пщэ дилъхьэжащ я адэ шыпхъу Айшэ Теймур.
ТхакIуэ хъуну щIалэ цIыкIур и сабиигъуэм щыщIэдзауэ литературэ Iуэхум хэша мэхъу, я унагъуэм исхэм литературэм пщIэуэ хуащIыр зэрыиным и фIыщIэкIэ. А псор, дауи, лъэужьыншэ хъуакъым Мухьэмэд и дуней еплъыкIэр щызэфIэувэм. Курыт щIэныгъэ абы щызригъэгъуэтащ европэ курыт еджапIэхэм ещхьу Каир дащIыхьам. А илъэсхэм белджылы къэхъуащ литературэмрэ гъуазджэмрэ абы лъагъуныгъэ зэрыхуиIэр. Апхуэдэ гукъыдэжыр сыт и лъэныкъуэкIи къыдаIыгъащ и адэмрэ Айшэ Теймуррэ. ИлъэсипщI щыхъум къыдыщIидзащ абы усэ тхын. Усыгъэм лъагъуныгъэу абы хуищIар зыкIи ужьыхакъым и гъащIэ мащIэр иухыху.
Абы къыдэкIуэу Мухьэмэд дихьэхырт гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэми. Псом хуэмыдэу фIыуэ илъагъурт театрыр. ЕджапIэм щыщIэс зэманым ар куэдрэ кIуэрт спектаклхэм, езым я унагъуэ театрым щыджэгурт, абы щагъэлъэгъуэну пьесэхэр итхырт. Мухьэмэд и къару щеплъыжащ публицистикэми. Абы къытрыригъэдзащ социальнэ-жылагъуэ икIи морально-этическэ къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ тхыгъэ зыбжанэ.
Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, ар Париж макIуэ. ИлъэсищкIэ абы щедж европэ литературэр, щыгъуазэ зещI франджы щэнхабзэ гъащIэм, я хьэл-щэнхэм, хабзэхэм кIэлъоплъ. И нэгу щыщIэкIахэр, гукъинэж нэхъ щыхъуахэр Мухьэмэд щызэхуихьэсыжащ «Париж теухуа гукъэкIыжхэр» тхыгъэм.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Адыгэ мамлюк сулътIан Къанщауэ Гъур иригъэщIа мэжджыт. Каир къалэ

 

 

 

 

 

 

Шэукъи Ахьмэдрэ (сэмэгумкIэ щысщ) и ныбжьэгъу щIалэмрэ. 1930 гъэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Шэукъи Ахьмэд. Мысыр пощт маркэ. 1938 гъэ

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: