МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГукъэкIыж
Телефон

Ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Валерэ бауэбапщэу къыдэлъэдащ пщIантIэм. Абы хъыбар гуапэ къызэрытхуихьыр и нэгум къищырт. «Хьэмыщэ нобэ къуажэкум телефон кIапсэ пхришынущ!» - зэкIэлъигъэпIэщIащ абы. Къаншыуей жылэм телефон дэнэ къэна, ток къудеи абы щыгъуэм яIэтэкъым. ЗэрысщIэжымкIэ, 1953 гъэ пщIондэ апхуэдэ Iуэхухэм яужь ихьатэкъым.
Зэныбжьэгъу цIыкIухэм - ПIытIатIэ (Володя), Сэлэдин (Вовэ), сэ, Валерик - сымэ, «телефон мастер» цIэр зытедгъэIукIа Хьэмыщэ къытхэту, зи гугъу сщIы зэманым илъэситху-хы ныбжьым диту арат. Хьэмыщэ и ныбжьым хуумыгъэфэщэну нэхъыжьыфэ епплъырт. Илъэситху щыхъуам, абы еджэкIэ езым зригъэщIэжат. ИкъукIэ щIалэ губзыгъэ цIыкIут. Хьэлэмэтрати, абы япэу къищта тхылъыр алыфбейратэкъым, атIэ радио зэрызэпкъралъхьэм теухуарт.
ЗэрыцIыкIурэ сымаджэрилэти, ар зэпымыууэ унэм щIэсын хуей хъурт. Дэ, зэрытлъэкIкIэ, Хьэмыщэ къызэрыдэтхьэхынум иужь дитт, и адэ Шэмсэдин (Хэку зауэшхуэм хэтат) зэпымыууэ абы къыхуихь хьэпшып гъэщIэгъуэнхэм ящыщ дэри зыIэрыдгъэхьэну дыхуейти. Зэгуэрым ди ныбжьэгъум и адэм тыгъэ къыхуищIащ нэмыцэ рацэрэ телефон трубкэрэ. Хьэмыщэ дызэрыщымытхъуа къэдгъэнакъым, нэхъыщхьэрати, и лIыгъэр зыхуэдэр къыхэдгъэщырт. Iуэхум хьилагъэ хэлъу дэнэ щищIэнт абы, псалъэ дыгъэлхэм я ужькIэ, езыри къэгумащIэрти, дызыхуейр къытIэрыхьэрт. ТфIэхьэлэмэту зэпэтплъыхьырт Шэмсэдин къыхуагъэфэща орденхэмрэ медалхэмрэ. Езы Шэмсэдини куэд къыджиIэжырт зауэм теухуауэ: тIасхъэщIэх зэрыкIуар, «бзэгу» къаубыдауэ зэрыщытар, иужькIэ а псом дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыпэкIуар.
Зы махуэ гуэрым ар къыдэлъэIуащ радиоприемникхэмрэ передатчикхэмрэ зэпкърилъхьэнымкIэ Хьэмыщэ дыдэIэпыкъуну. ТщIэн къэдгъуэтаиххэ жытIэщ, дыгуфIэри, телефон кIапсэр зытешыхьа шэрхъышхуэр къетхьэжьащ. Абы ди хадэкIэм къыпылъ къуэкIийнэфым и Iуфэм зыщедгъэубгъуащ. Мураду диIэр кIапсэр кIарц жыг щхьэкIэхэм фIэтщIэнырт. Дыерыщми, сабий къарур а Iуэхум зэрыпэмылъэщынур къыщыдгурыIуэжым, нэхъыжьхэр къедджэн хуей хъуащ…
КъуэкIийнэфыр езыр щIыпIэ хьэлэмэтт. Абы удыхьэмэ, куууэ псынэпс щIыIэмыл къабзэу къыщыщIэжырт. И кIыхьагъкIэ къуэкIийр метр 400-м нэблагъэ хъурт. Абы и IуфитIымкIэ кIарц жыг баринэ лъагэхэмрэ хьэцыбанэхэмрэ екIуэкIырт. Бжьыхьэм жыгхэр пцIанэ хъуа нэужь, абыхэм пащIыхьа къуалэбзу абгъуэ куэдыкIейхэр къыщIэщыжырт. Абы псыхэуэхэми ущрихьэлIэнут, хьэндыркъуакъуэ, блэ е шындырхъуо къаубыдыну къуэкIийнэфым къыщыдэзэрыхь щыIэти. Зэзэмызэ абы къыщыхутэрт бабыщ джэдыкIэхэм ещэ бажэ дыгъуэгъуакIуэхэри. Зи абгъуэмрэ зи шырхэмрэ «хахуэу» зыхъумэ бабыщ анэхэри къикIуэтынутэкъыми, бажэхэм абыхэм гъунэгъу зыкъыхуащIыртэкъым, къызэрагъэлъеинур ящIэ хуэдэ. КIарц гъэгъам, хьэцыбанейм, псым къыщыкI аIуудзым (лилие) къапих мэ IэфIым дунейм тет гъудэ-бадзэр къришалIэрти, къуэкIийнэфыр мэз дыдэу къыпфIагъэщIырт. Сабийхэр абы дысакъыу дыкъыпекIуэкIырт, къуэкIийнэфым удэхуэмэ, къуацэ-чыцэмрэ хьэдзыгъуанэмрэ «узэрызэхафыщIэнум» фIыуэ дыщыгъуазэти.
… ПкIэлъей нэхъ кIыхь дыдэр (зы метри 10 хуэдэ хъууэ) къетлъэфэлIащ телефон кIапсэм зыщедгъэшэщIыну щIыпIэм. АрщхьэкIэ, ар апхуэдизкIэ кIыхьти, жыгым едупсеину тхузэфIэкIакъым. Ди ныбжьэгъу щIалэ нэхъыжь зытIущ къыIухьащ. Заур, Ахьмэд, СулътIан, Бидон, ПIетIро, Мыцэ сымэ къыддэIэпыкъури, пкIэлъейр дгъэуващ, кIарц жыг щхьэкIэхэм кIапсэм зыщедгъэшэщIын щIэддзащ. Ауэрэ, шэджагъуэхуэкIуэ хъури, ди адэм и къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэрэ Хьэмыщэ и адэ Шэмсэдинрэ къытхыхьэжащ.
Махуэ псом пкIэлъейр зэм зы жыгым, зэм адрейм едгъэувалIэурэ телефон кIапсэм зедгъэубгъун тхузэфIэкIащ. Телефонхэр Хьэщхъуэжь Валерикхэ, ди деж, ПIытIатIэхэ щIэдгъэуващ. Сигналыр къэзыт Iэмэпсымэр (передатчикыр) Хьэмыщэхэ я деж щIэтт. Щхьэж и унэ екIуэлIэжащ, икIи япэу а махуэм ди адэ-анэхэр телефонкIэ зэпсэлъащ. ЩытхъукIэ дэри къытлъэIэсащ, дауи. ИтIанэ, сабийхэм чэзур къытлъысри, зыр зым деж дыпсэлъэн щIэддзащ. СыхьэткIэрэ дызэпсалъэу телефоныр тIыгът, уеблэмэ къуажапщэми къуажэкуми къикIыурэ цIыкIуми инми, зэрыжаIэу, ар къагъэсэбэп хъуащ. Зыгъэпсэху диIакъым махуэ зыбжанэкIэ - цIыхур чэзууэрэ ди деж щызэблэкIырт. Ауэ тхьэмахуитI дэкIри, цIыхухэр нэхъ сабырыжащ, зы мазэ хуэдэкIэ телефонхэр тетхыжри, Хьэмыщэ Iэрыдгъэхьэжащ. Телефонхэр къэзуужыртэкъым. Пэжыр жыпIэмэ, Хьэмыщэ и закъуэт ар зи жагъуэ дыдэ хъуар.
Абыхэм я пIэкIэ зэгъунэгъуу псэу зэныбжьэгъухэм къэдгупсысащ мафIэдз пхъуантэ нэщIхэр Iуданэ IувкIэ зэпыщIауэ абыкIэ «дызэпсэлъэну». Апхуэдэ Iэмэпсымэм урипсэлъэфыну жыпIэныр тIэкIу егъэлеят. Ауэ механикэ макъхэр абы иризэхэпхырт. Къэнэжыр Морзе и азбукэр къыдгурыIуэнырти, Хьэмыщэ ари дигъэщIащ. Зы мазэ хуэдэкIэ ар къэдгъэсэбэпу дежьэжащ.
1954 гъэм зэныбжьэгъухэр зэгъусэу япэ классым дыкIуащ. Хьэмыщэ школым мыкIуэми (унэм щрагъаджэрт), дэ псори дызэхэту дыкъапщтэмэ, ар и IущагъэкIэ къыттекIуэрт. ПэщIэдзэ классхэр къыщыдухым, ар щIагъэтIысхьащ курыт еджапIэм. ЕгъэджакIуэхэм зэпымыууэ Хьэмыщэ щапхъэу къытхуахьырт. Ар Iэсэлъасэт, щэныфIэт, псом нэхърэ нэхъыфIу еджэрт. Хьэмыщэ щIэныгъэлI Iэзэ хъуну траIуэрт, дэ, къуейщIейхэм, Iэщыхъуэ фIэкIа къытхэмыкIыну къыджаIэрти, мащIэу дризэгуэпырт.
Хьэмыщэ школым щIэсу ди щIыналъэм щумыгъуэтыну передатчик нэхъ лъэщ дыдэ зэпкърилъхьэфауэ щытащ. Школыр ехъулIэныгъэ иIэу къиухри, ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и радиотехникэ факультетым щIэтIысхьащ. Абы къыхуагъэлъэгъуат университетым егъэджакIуэу щылэжьэну, арщхьэкIэ къуажэм къигъэзэжауэ щытащ. Мы зэманым абы радиоэлектроникэм хурегъаджэ, Налшык щопсэу.
Сабиигъуэм зэрыIыгъа зэныбжьэгъухэр гъащIэм дызэбгридзащ, ауэ ди гукъэкIыжхэм «дызэпащIэу» согугъэ.

КIэрашэ Михаил.

ФщIэн папщIэ
ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь

Адыгэ тхыдэм и къуэпсыр жыжьэ дыдэ къызэрыщежьэм щыхьэт тохъуэ нарт эпосми нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэми куэдрэ узыщрихьэлIэ «уащхъуэ» псалъэр. Тхьэ яIуэн (псалъэ быдэ ятын) хъумэ, адыгэхэм нобэр къыздэсым я псэлъафэщ ар - «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ!» «Мыващхъуэ кIанэр» гурыIуэгъуэщ, хэт (сыт) хъуну «уащхъуэр», сыт абы и цIэкIэ тхьэ щIаIуэр - псалъэ быдэ щIатыр? ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, «уащхъуэ» псалъэм хьэткIэ зэджэ пасэрей лъэпкъыжьым и тхыдэм унешэс.
Илъэс миниплI ипэкIэ къыщIедзэ хьэтхэм я тхыдэм - апхуэдиз я ныбжьщ Хьэт къэралыгъуэми хьэт щэнхабзэми. Куэд щIакъым хьэт тхыдэр джын зэрыщIадзэрэ - лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуакъым. Хьэт тхыдэр зыдж щIэныгъэлIхэм иджы шэч къытрахьэжыркъым хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ зы къудамэу зэрыщытым. Тхыдэм къелакъым хьэтхэм я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ я лъэужь куэд, къела мащIэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэтхэм я бзэмрэ адыгэбзэмрэ я лъапсэр зыщ: хьэтыбзэм къытепщIыкIыжащ адыгэбзэри, абхъазыбзэри, убыхыбзэри. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, абы и щыхьэтщ адыгэбзэм къыщызэтена «уащхъуэ» псалъэр: хьэтхэр УащхъуэкIэ еджэу щытащ уафэм и тхьэм - я тхьэшхуэм. Хьэтхэм я къэралыгъуэм и гъунапкъэм жыжьэ зиукъуэдияуэ щытащ - нобэрей Тыркум и къуэкIыпIэм къыщыщIэдзауэ ТэманыкIэ нэс хы Iуфэр къызэщIиубыдэу. Хьэт къэралыгъуэр лъэлъэжа нэужь, хы Iуфэм къыIунащ иужькIэ абхъаз, убых, адыгэ хъуа хьэт лъэпкъхэр. Хьэтхэм я къэралыгъуэм и лъэхъэнэм адыгэхэм зэрахьа лъэпкъыцIэм - кашкэм - и къуэпсыр къэсащ ди деж: гъунэгъу лъэпкъ зыбжанэр, псалъэм папщIэ, осетинхэмрэ сонэхэмрэ, адыгэхэм ноби къызэреджэр кашкэщ. «Кашкэм» къытекIыжащ курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм зэрахьа «касог» цIэри - а цIэр адыгэ лъэпкъхэм зэрахьащ «шэрджэс» псалъэр къэунэхуху. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Кавказ» псалъэми лъабжьэ хуэхъуар пасэрей адыгэхэм я лъэпкъыцIэрщ - «кашкэрщ».

Къартул Хьисэ.

Фэ фщIэрэ?
ТхылъымпIэр къыщагупсысар

1962 гъэм ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэса студентхэм я бжыгъэр плIыкIэ нэхъыбэт, Инджылызым, Италием, ФРГ-м зэгъусэу щеджэм нэхърэ. А лъэхъэнэм ди хэкум исхэм ящыщу цIыхуиплIым я зыр еджэрт.

* * *

ГъущI лъэмыжхэр япэ дыдэу ухуэн щыщIадзар Китай къэралыгъуэм и бгылъэ куейхэрщ. Лъэмыж нэхъыжь дыдэу къалъытэр абы щыIэ Тату псым зэпрыкIыу фIащIарщ. Ар иджыри къэс мэлажьэ, щаухуар 1706 гъэрщ.

* * *

ТхылъымпIэм ещхь гуэрхэр япэу къыщагупсысар ди эрэм и 105 гъэхэрщ.

* * *

Аммиакыр промышленностым и лIэужьыгъуэ мини 2-м къыщагъэсэбэп.

* * *

Нэхум и псынщIагъыр япэ дыдэу къэзыхутар астроном Ромерщ. Ар къыщыхъуар 1675 гъэрщ.

* * *

Курыт лIэщIыгъуэхэм европэ къэрал псоми чырбыш щызэтралъхьэкIэ е блыным сэху щраткIэ, кхъуейлъалъэ е джэдыкIэпс халъхьэу щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар куэдкIэ нэхъ быдэ хъурт бетоным нэхърэ.

* * *

ЦIыхухъухэм жьакIэупс къагъэсэбэпын зэры­щIадзэрэ илъэс мини 5 мэхъу. Абы щыхьэт тохъуэ археологхэм Месопотамием къыщагъуэта мывэ пIащIэ IулъыкIар.

* * *

Сабыныр къэзыгупсысар Вавилон щыпсэуа гуэрщ. Ар къыщыхъуар илъэс мини 5 ипэкIэщ.

* * *

Пощт Iуэхутхьэбзэ нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэр здэщыIэр Индонезиеращ, Палан, Надинэ хытIыгухэм я зэхуакум щызокIуэ. Пощтзехьэм и къалэныр зыгъэзащIэр лъэныкъуитIми еуалIэ псыращ. Письмор птулъкIэм иралъхьэри, сыхьэт 24-рэ зэрыдэкIыу ар адрей хытIыгум и Iуфэм нос.

Къэбарт Мирэ.

ЗэвгъащIэ
Жьы хъуа псалъэхэр

Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауэ гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къригъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ нысэр унагъуэ ихьа иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьа унагъуэм уасэр зэхуахьэсыху.
Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.

Интернетым дыкъыщоджэ
ЦIыхубз псоми я щэхур

Еуэри, зы уэркъыжь гуэрым къуищ иIэт. Щыри фызкъэмышэт. «ЦIыхубзхэр зыхуеймрэ зыщIэхъуэпсымрэ къэзыхутэм си мылъкур зэрыщыту къыхуэзгъэнэнущ», - жиIащ адэм. ЩIалэхэр ежьащ цIыхубзыр зыхуейм и жэуап къагъуэтыну. Мазэ бжыгъэкIэ къакIухьауэ, щIалэ нэхъыщIэр мэзым щIэту уд фызыжь ирихьэлIащ. ЩIалэр игъэхьэщIащ, игъэшхащ, иужьым къеупщIащ:
- Сыт уэркъ щауэм уи закъуэ мэзым щыпщIэр? - жиIэри.
ЩIалэр къыщIежьар хуиIуэтащ удым.
- Уэ пщIэрэ, ди анэ, цIыхубзхэр зыхуейр?
- СощIэ! - и нэр къилыдыкIащ.
- КхъыIэ, къызжеIэ! - лъэIуащ щIалэ къуданыр.
- БжесIэнщ, ауэ абы щхьэкIэ щхьэгъусэу сыкъэпшэнущ.
Щауэр гупсысэщ-гупсысэри, арэзы хъуащ.
- ЦIыхубзхэр щIохъуэпс езыхэр зэрыхуейм хуэдэу псори сыт щыгъуи щытыну.
- ГурыIуэгъуэщ. АтIэ, сэ сежьэжынщ, мыпхуэдэ махуэм фызышэр къыпкIэлъыкIуэнущи, хьэзыру щыс, - жиIэри, щIалэр шэсыжащ.
ЩIалэм ихьа жэуапым уэркъыжьыр арэзы ищIати, и пщыгъуэри и мылъкури и къуэ нэхъыщIэм къритащ, фызышэри удым кIэлъигъэкIуащ. НысащIэр къыщашам щIалэр къэуIэбжьат - абы нэхърэ нэхъ дахэ дунейм темыт жыхуаIэм хуэдэу тхьэIухуд хъуати. Псоми ягъэщIагъуэрт щауэм щхьэгъусэу къыхуашам и дахагъэр. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIри, щауэр лэгъунэм щIыхьэжащ. НысащIэр уд хъужауэ къежьэу щыст.
- Иджы сэ зы упщIэ уэстынущи, къызэдаIуэ, - жиIащ удым. - Хэдэ, ухуеймэ игъащIэ псокIэ нобэ сыкъызэрыплъэгъуам хуэдэу дахэу сыщытынщ, ухуеймэ, уду сыкъэнэнщ.
- Уэ узэрыхуейм хуэдэу щIы! - жэуап итащ щIалэм.
- ЦIыхубзхэр дызыхуейр  къыбгурыIуащи, дахэ сыхъужынщ, - жиIащ жи удым.

ЗэзыдзэкIар  Къаныкъуэ  Анфисэщ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ