Барудирэ Шэукъийрэ я лэжьыгъэм пызыщахэр

(ПэщIэдзэр жэпуэгъуэм и 23-м къыдэкIа номерым итщ).

Дунейпсо зауэм и пэщIэдзэ зэманым ар ирихьэлIащ Мысырым щыIэу. Абы къехъулIакъым и еджэныгъэр и кIэм нигъэсыну, ауэ жыIэн хуейщ алъандэрэ зыхуеджами, творческэ опыту зригъэгъуэтами я фIыщIэкIэ ар пасэу къызэрыжэпхъар, Iуэху еплъыкIэ нэхъ зэрыубыда иIэ зэрыхъуар.
Зауэ екIуэкIымрэ революционнэ зэщIэхъееныгъэмрэ я толъкъунхэм зэщIищта къэралым Мухьэмэд Теймур зыщригъэужьащ щэнхабзэ Iуэху зехьэн и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIымрэ къарумрэ, ауэ адрей либерал къызэщIэтаджэхэм ещхьу. Абы печатым а зэманым къытрыригъэдза тхыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар пэIэщIэт политикэ и лъэныкъуэкIэ къабзэу икIи бзыгъэу укъуэдия еплъыкIэм; ар зыпылъар цIыху щхьэ закъуэм иIэн хуей хуитыныгъэм, демократием, зэхуэдэныгъэм къыхуеджэныгъэкIэ къыхузэщIэIэтэнырщ.
Зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэхэр абы и литературэ лэжьыгъэм и нэхъ купщIафIэ зэману уващ. Мухьэмэд етх публицистическэ лэжьыгъэ зыбжанэ, щэнхабзэм, еджэныгъэм, псом хуэмыдэу литературнэ творчествэм теухуауэ; пьесэ итхащ, къимыдэкIэ, а лъэхъэнэм ирохьэлIэ абы и хъыбар нэхъыфIхэри.
Мухьэмэд Теймур етхьэкъу драматургием. Абы етх «Хъарым ис бзу цIыкIу», «Абу ас-Саттар ефэнды», «Ныбжьэгъугъэ жумарт» пьесэхэр, икIи холэжьыхь ахэр сценэм щыгъэувыным, сыт щыгъуи пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ Париж и театральнэ гупхэм.
Абы «Ас-Суфур», «Аль-Мимбар» газетхэм къытрыригъэдза и тхыгъэхэр сэбэп хъуащ театральнэ критикэр къызэщыунымкIэ. Ар ятотхыхь ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм и драматург, актер цIэрыIуэхэу Роз аль-Юсуф, Сэламэ Хъиджази, Хьэзиз Идэ, Мунир аль-Мэхьди, нэгъуэщIхэми.
Мухьэмэд Теймур Мысырым и япэ театральнэ критик икIи тхыдэдж инщ.
Тхэн Iуэхум абы щиIэ зэфIэкIыр нэхъ къыщынэIуар новеллэхэрщ. Абыхэм я нэхъыбапIэр щитхар 1917 - 1918 гъэхэрщ икIи «Нэхэм ялъагъу псор» псалъащхьэр иIэу «Ас-Суфурым» къытрыригъэдзащ. А хъыбархэм яхыболъагъуэ кинематограф еплъыкIэкIэ къэпхъуэта хъуа теплъэгъуэхэр. КинокIэ дигъэлъагъум хуэдэу, тхакIуэм ди пащхьэ кърегъэувэ жылагъуэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэтепщIыкI лIэужьыгъуэ зыбжанэ.
Мухьэмэд Теймур новеллэ куэд дыдэ и къалэмыпэм къыщIэмыкIами (псори тIощIым ноблагъэ), ар къалъытэ мысыр литературэм и рассказ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ. Социальнэ Iэпкълъэпкъыу гъащIэм къыхигъуатэхэм реалистическэ хъыбар фащэ япэу щызытIэгъар аращ. Ар къагъэлъагъуэ хьэрып литературоведхэми, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу къэралхэм я литературэр зыдж урыс щIэныгъэлIхэу академикхэу И. Ю. Крачковскэм, А. Е. Крымскэм, апхуэдэу Э. А. Ализаде, Н. К. Коцарев, М. Ш. Хъусейн-заде сыми.
Идейно-тематическэ купщIэ и лъэныкъуэкIэ Мухьэмэд Теймур и новеллэхэр гупитI ипщIыкI хъунущ. Япэ гупым хохьэ общественно-политическэ е социальнэ Iуэхугъуэхэр къыщиIэт хъыбар кIэщIхэр («Дыгъумрэ дыгъумрэ», «МафIэгум», «ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ», «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ», «Унэ угъурлы», нэгъуэщIхэри). ЕтIуанэ гупым хохьэ морально-этическэ Iуэхугъуэм ехьэлIахэу цIыхубзым гъащIэм щиубыд увыпIэм, нэчыхьым, унагъуэм, лъагъуныгъэм теухуахэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Си тхьэ, хэт мы насыпыр къыщIэбгъэщIар!», «Уэрам... унэ №22», «Сабийуэ щытащ, щIалэ жэпхъа къыхэкIащ» новеллэхэр. ФIыуэ упхрыплъмэ, гу лъыботэ мы хъыбархэри социальнэ Iуэхухэм къуэпскIэ зэрапыщIам.
Теймурым и новеллэхэм я нэхъыбапIэм тхылъеджэм и гупсысэр хуагъэуш мылъкумрэ властымрэ, мыхъумыщIагъэмрэ Iеягъымрэ къазэрыпкърымыкIыр, атIэ цIыху Iейхэм, бзаджэхэм мылъкури властри езыхэм яй зэращIым. Апхуэдэ гупсысэхэр и нэщэнэу щытащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыIа буржуазно-демократическэ Iуэху еплъыкIэм.
Мухьэмэд Теймур узэщIакIуэ-идеалисту щытащ. Социальнэ мыгъуагъэу щыIэ псори зэрыбгъэкIуэд хъуну зы хэкIыпIэ закъуэт абы къилъытэр - ар цIыхум и зэхэщIыкIым зегъэужьын, щIэныгъэм зегъэубгъун, зылъэкIхэр зылъэмыкIхэм ядэгъэIэпыкъун. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Теймурым хуэщIауэ псэухэр къыхуриджэрт я мылъкумкIэ къулейсызхэм зыщIагъэкъуэну, ядэгуэшэну.
«Iыхьэлейм икIауэ щIыхьымрэ медалымрэ итхьэкъуа» хъыбарым тхакIуэм къызыфIигъэщI и ныбжьэгъу щIалэщIэ бейм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу мыпхуэдэу жреIэ:
- Уэ уи хэкур, ей, ныбжьэгъу, хуэныкъуэщ уэ уи хъугъуэфIыгъуэм щыщ. Хуейщ ар тхъэжыгъуэм къыхуигъэсэбэпыну. Уэ къыпщогугъ тхьэмыщкIэхэр, пщIэ зыщIамыт еджапIэ зиIэну хуейхэр; къыпщогугъ жьыкIэфэкIэ хъуахэр, узым, къулейсызыгъэм, жьыгъэм зэщIиIулIахэр. Уэ къонэцI сабий унэншэхэр. Уэрмырамэ, хэт къахузэIуихын абыхэм сымаджэщхэр, уэрмырамэ, хэт хулъэкIын ар? А зы гъуэгурщ уэ нэхъ пхуэфащэу щыIэр...
Мухьэмэд Теймур буржуазно-либеральнэ гупхэм я Iуэху еплъыкIэр хэIущIыIу ищIырт. Апхуэдэ идеологиер абыхэм я дежкIэ гъащIэм и зыужьыкIэм къилъхуа гъуазэт, абы къигъэщIа хабзэт.
«Нэхэм ялъагъу псор» тхылъым ит дэтхэнэ новеллэри къащти, Iэмал имыIэу абы ущрохьэлIэ жылагъуэм хэлъ мыгъуагъэхэм щыщ зыгуэр.
Мухьэмэд Теймур хуабжьу игъэгуейщейрт мызахуагъэу дунейм щызекIуэхэм: зылъэкIхэм зыхулъэмыкIхэр ягъэпщылIыным, тхьэмыщкIэм и лъэр бейм зэрыщIиудым, нэгъуэщIхэми. Абы и тхыгъэхэм хьэл нэхъыщхьэу яхэлъщ зэныкъуэкъу, зэпэщIэувэныгъэ жыхуэтIэхэр.
Художник набдзэгубдзаплъэр кIыфIыгъэмрэ нэхугъэмрэ зэхэгъэщхьэхукIауэ къэгъэлъэгъуэным хуэIэижьт икIи ар зи телъхьэ лъэныкъуэр сыт щыгъуи IупщIт - ар ягъэикIэхэмрэ ягъэпудхэмрэт. Теймурыр и бийт икIи екIурабгъу имыIэу ебэнырт цIыху Iейхэм, напэншэхэм.
Хъыбархэм ящыщ зыбжанэ дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езы тхакIуэм и гулъытэ жаныр гъащIэм и къэхъугъэ куэдым зэрыпыщIар. Щапхъэу къэтщтэнщ «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ» хъыбарыр. КIэщI дыдэу къэпIуэтэжмэ, мыращ Мухьэмэд и нэ къыфIэна Iуэхугъуэр.
А пщэдджыжьым езы тхакIуэр и ныбэ изу пщэдджыжьышхэ ищIри IуэхукIэ ежьащ Александрие кIуэну. Вокзалым деж ар щрихьэлIащ куэдым езыгъэгупсыса зы Iуэху: зы лIы гуэрым, зэрыпIащIэм къыхэкIкIэ IэщIэхури, шэ зэрыт и кхъуэщыныр къутащ, ауэ шэр Iисраф хъууэ кIуэдакъым - фейцейуэ хуэпа щIалэжь цIыкIухэу пэмыжыжьэ дыдэу щыIэхэр къажэри, сабэм хэлъэда шэр джэдум хуэдэу бзэгукIэ къабзеижу щIадзащ. ТхакIуэм абы игу къигъэкIыжащ пщэдджыжьышхэм кофе иримыфыфу абы хикIэн хуея шэр джэдум зэрыритыжар.
Хъыбарыр еух мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «О, азалыхьталэ, нышэдибэ кофем хэскIэн хуея шэм дауэ селъэстэуэнкIэ хъуа, мыбдежым мы тхьэмыщкIитIым сабэм хэт шэр анэ быдзышэм хуэдэу ирафу?!»
Апхуэдэ кIэуххэр хьэл зыхуэхъуа новеллэхэрщ Мухьэмэд Теймур и IэдакъэщIэкIхэр. Абы тхылъеджэр къыхуриджэ хуэдэщ езым щIыгъуу дэгупсысэну: захуэу пIэрэ цIыху лажьэншэр яубыду лъэхъуэщым ирадзэныр, лIыукIхэр, дыгъуэгъуакIуэхэр щхьэхуиту дунейм зэрытетыр («Дыгъумрэ дыгъумрэ»), цIыхум и пщIэр мылъку бгъэдэлъымкIэ къызэралъытэр («Махуэшхуэ хьэндрэфий»)?
«ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ» хъыбарым хэт цIыхуитIым я гъащIэхэмкIэ къэгъэлъэгъуа мэхъу дунеитI зэпэщIэувар. ГущхьэIыгъым и къуэр малIэри телъщ, а зэман дыдэм мыдрей пэщэм и къуэм фыз къригъэшауэ хьэгъуэлIыгъуэшхуэ хуещI. Пэщэм ауи идэркъым хьэдэ щIэзылъхьэ къулейсызым зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэну. Ар дунеитIым, гъащIитIым я плъыфэ, я щытыкIэ зырызщи, ахэр зэрызэпэщIэтым и щапхъэ нэрылъагъущ. Мылъку зиIэмрэ зимыIэмрэ щызэбгъэдэс, зым и пщIэнтIэпс адрейм щишх псэукIэм зэныкъуэкъум нэхъ зыкъыщеIэт.
«ХьэгъуэлIыгъуэмрэ дыуэщIымрэ» щекIуэкI зэныкъуэкъум уигу къегъэкIыж А. П. Чеховым и «ХэплъапIэр».
ЩIэныгъэм цIыхум и дунейр нэхъ нэху, къабзэ зэрищIыр хьэкъыу зыпхыкIа тхакIуэм и тхыгъэхэри хуигъэпсырт а мурад дахэм. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ хъарзынэщ «МафIэгум» хъыбарыр. Мы тхыгъэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуар мэкъумэшыщIэм къыщхьэщыжынырщ, абы цIыхугъэ къабзэ кIэлъызехьэнырщ. А хъыбарым Теймурым щыдегъэлъагъу адыгэ лIыжь угъурлыр, жылэм я тхьэмадэу хахар. А образыр езы тхакIуэм фIы дыдэу зэрилъагъур белджылы ещI хуэсакъыу, плъыфэхэр икъукIэ Iэзэу къызэригъэсэбэпымкIэ.
«Купем къыщIыхьащ илъэс 60 зи ныбжьын тхьэмадэ. Абы и нэхэр дахэщ, езыр нэкIущхьэплъу зэрыщытым къегъэлъагъуэ ар адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар. И пащIэ кIапитIыр тхьэкIумэ лъэдакъэхэм нэсрэ хужыпIэну йокIуэкI. Ар къэтIысащ си гупэкIэ, гъуэгуанэ техьа псоми я нэгур щIиджыкI пэлъытэу зэпиплъыхьу», - етх Мухьэмэд Теймур.
«Мыбдежи абдежи», «Мысырым щыпсэухэр гъащIэм къыщIыкIэрыху щэхухэм ящыщ зы», «Унэ угъурлы», «Уэрам... унэ №22», «Iыхьэлейм икIауэ щIыхьымрэ медалымрэ итхьэкъуа» хъыбархэм къыщыIэтащ щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ гуманистическэ Iуэху еплъыкIэ и лъэныкъуэкIэ тхакIуэм и псэр нэхъ зезыхуэхэмрэ... Гъэсэныгъэр, еджэныгъэр, буржуазнэ щIалэгъуалэ сэхъуахэу къулыкъущIэкъухэр, нэгъуэщIхэри лъабжьэ хуохъу ахэр зыхэтэджыкI щхьэусыгъуэхэм.
ГъащIэ кIэщIт Мухьэмэд Теймур - илъэс 29-рэщ къигъэщIар, абы щыщу литературэ лэжьыгъэм лъос илъэсипщI иримыкъу, а илъэсипщIми и кIэух гъэхэм хуозэ ар нэхъ купщIафIэу щылэжьа зэманыр. Сыт хуэдэ къэхъугъэхэмкIэ гъащIэр къэмыукъубеями, адыгэ мамлюкхэм къащIэхъуа тхакIуэм и цIэм игъащIэкIэ пыщIауэ щытынущ мысыр новеллэхэмрэ лъэпкъ театрымрэ.
ТхакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа псори зэхуахьэсыжри, томищ хъууэ Каир къыщыдагъэкIащ 1922 гъэм. Япэ томыр, «Псэм и лыдыкIэ» жыхуиIэр, къызэIуех Мухьэмэд Теймур и гъащIэмрэ и лэжьыгъамрэ теухуауэ абы и къуэш Мыхьмуд Теймур итха пэублэ псалъэмкIэ.
И къуэшым иригъэжьа лэжьыгъэм пызыщэну гъащIэм зыхухихауэ къыщIэкIащ Мыхьмуд Теймур. Ар хъуауэ щытащ «мысыр модернистхэм» я школым и пхыгъэкIакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ. Мыхьмуд Теймур иджырей реалистическэ новеллэ жанрым и къызэгъэпэщакIуэу, Мысырыр щыгъэтауэ, хьэрып къэрал псом къыщалъытэ.
«Мыхьмуд Теймур ди литературэм щиубыд увыпIэр ебгъапщэ хъунущ Чеховымрэ Горькэмрэ - урыс, Мопассан - франджы литературэхэм щаIыгъ увыпIэхэм», - апхуэдэу тхакIуэм хужиIауэ щытащ мысыр критик цIэрыIуэ Хаддад Абу Фарид Мухьэмэд. Мис «Хьэрып литературэр - ХХ лIэщIыгъуэм» тхыгъэм академик Крачковскэм 1946 гъэм щитхыгъар: «Новеллэр иджырей мысыр литературэм утыкур нэхъ щызыубыда жанрщ. Абы къыдэплъеящ адрей хьэрып къэралхэри. Къапщтэмэ, апхуэдэщ Иракыр. Сириер езым и гъуэгукIэ абы къекIуэлIащ Джэбран и зэман лъандэрэ, абы къыгухьэри, а зэщIэхъееныгъэр япэкIэ зыгъэкIуэтэн куэдкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ. Ауэ абыхэм я цIэрыIуагъэр я къэрал гъунапкъэм икIакъым икIи Мыхьмуд Теймур фIэкIа зыми хузэфIэкIакъым а жанрым и тхьэмадэу хьэрып къэрал псоми хэIущIыIу щыхъун».
Псэу щIыкIэ ар хъуауэ щытащ иджырей хьэрып литературэм и классик. 1947 гъэм тхакIуэм, и творчествэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту, Каир Хьэрыпыбзэм и академием и саугъэт къратащ. ИужькIэ, 1949 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м, а академием хэтыну Теймур нэхъыщIэм хуагъэфащэ.
Ар 1894 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м къалъхуащ. Ахьмэд Теймур-пэщэ тхэныр фIыуэ иригъэлъэгъуащ и къуэ гъэфIэн Мыхьмуди, нетIэ ищхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, нэхъыжьым, Мухьэмэд, и гъуэгум ирикIуащ нэхъыщIэри. Къуажэ нэхъ пхыдзахэм и зыгъэпсэхугъуэ зэманыр щигъакIуэурэ, абы анэ быдзышэу пкърышыпсыхьащ феллахьхэр зэрыпсалъэ бзэ къулейр, образнэ къэIуэтэкIэрэ IуэрыIуатэм и ауан щIыкIэкIэ узэдар. Мухьэмэд щIыгъуу абы нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуащ мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэр, икIи иужькIэ ахэр къыщигъэсэбэпыжащ и хъыбархэм, повестхэм, пьесэхэм.
1939 гъэм Мыхьмуд Теймур и хъыбархэр щызэхуэхьэсауэ къыдигъэкIа тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуащи, абы и творчествэр зэфIэувэным икъукIэ сэбэп къыхуэхъуащ и адэр, и къуэш нэхъыжьыр, и адэ шыпхъу Айшэ Теймур, абы къыдэкIуэу зэджа тхылъхэр, езым гъащIэм щызригъэгъуэта опытыр.
1914 гъэм Мыхьмуд мазэ зыбжанэкIэ Iэрызехьэу пIэм хэлъащ. Узым и зэранкIэ абы еджапIэ ищхьэр къыхуэухакъым икIи мурад ищIащ тхэн лэжьыгъэм ерыщу зритыну. Теймурым куэд щIеджыкI, едж къухьэпIэ литературэр. Псом хуэмыдэу франджыхэм яйр. И творчествэм и пэщIэдзэ лъэхъэнэм ар итхьэкъуауэ щытащ Мопассан икIи абы и жьауэм щIэтащ. ИужькIэ абы и IэдакъэщIэкIхэм къагъэлъагъуэ ар Чеховым зэрыдэплъейр.
Урыс литературэр щIэгъэкъуэн къызэрыхуэхъуам теухуауэ Мыхьмуд Теймур 1958 гъэм мыпхуэдэу итхыгъащ:
«Нобэр къыздэсым ефIэкIыныгъэр сэ Изот цIыхугъэ жумартагъкIэ Iэта урыс литературэм, Чеховыр собж новеллэ зытххэм я нэхъ Iэзэ дыдэу. Сэ псэкIэ зыхызощIэ псэкупсэ къуэпс гуэрхэмкIэ урыс литературэм, гъуазджэм сазэрыпыщIар».
20 гъэхэм я пэщIэдзэм хуозэ Мыхьмуд Теймур и япэ рассказхэр дунейм къыщытехьар. Абыхэм гъащIэр къыщигъэлъагъуэрт зэрыщыт дыдэм хуэдэу, къызыфIэгъэщI IэмыркIэ дунейм теплъэныр IэщIыб зэрыщищIыр белджылыт. И хъыбар нэхъ пасэхэм сюжет яхуэхъур езы тхакIуэр фIыуэ зыщыгъуазэ, жэщ-махуэ жыхуаIэм хуэдэу зыхэс, езым къедза «дуней цIыкIурт». «Щихъ Джумэ», «МытIу-али и адэш» япэ сборникхэм Теймурым зыкъыщигъэлъэгъуащ тхакIуэ-реалисту. Ар хуабжьу егъэпIейтей мысыр феллахьхэм, къулыкъущIэхэм, буржуазие курытымрэ жьгъеймрэ къахэхъукIа цIыхухэм я гъащIэр зыхуэдэм.
И хъыбар нэхъ пасэхэм абы къыщегъэлъагъуэ мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэм я гъащIэ псыкIэр, сыт щыгъуи къыкIэрыхуарэ зыщIэхъуэпс тIэкIуми лъэIэсыну зэфIэкI зимыIэхэр; хьэжьвакъэжьышхрэ IулъхьэкъеIыхыу псэу къулыкъузехьэхэмрэ буржуазие жылагъуэм хэлъ мыхъумыщIагъэхэмрэ сэтей къыщищIкIэ абы ирогубжь, ирогубжь фэрыщIхэм, пцIыупсхэм, Iужажэхэм, къулыкъущIэкъухэм, н.
Буржуазие цивилизацэм и щIыб зэрыхуэгъэзар псом хуэмыдэу наIуэу абы къыщигъэлъэгъуащ, къалэм теухуа и хъыбархэу къулыкъущIэхэм, сатуущIхэм, «щIалэгъуалэ дыщэм» теухуахэм.
Мыхьмуд Теймур и новеллэхэм яIурылъ бзэм теухуауэ къэгъэлъэгъуапхъэщ ар зы лъэныкъуэкIэ, къызэрыгуэкIыу, къегъэкIуэкI-негъэкIуэкI, зэрызелъафэ хэмыту зэрызэщIэлъэщIар, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, ар икъукIэ шэрыуэщ икIи купщIафIэщ. ТхакIуэм къегъуэтыф зи гугъу ищIым дэплъагъун хуей Iыхьэ нэхъыщхьэр икIи ар апхуэдизкIэ нэхуу, къабзэу уегъэлъагъури, нэм къыIуидзэр зи гугъу ищIым и теплъэ къудейркъым, атIэ тхылъеджэр негъэплъыс абы игу лъащIэм. Теймурым и новеллэхэр кIэщIщ икIи напэкIуэцI зыщыплIщ зэрыхъур. Абы къыдэкIуэу абы и рассказхэр, Мыхьмуд япэ ит адрей тхакIуэхэм ейм ебгъапщэмэ, хуэхейщ ущие еубыдылIам.
Хъаннэ Фахьури зэрыжиIэмкIэ, «Мыхьмуд Теймур иджырей хьэрып литературэм щыяпэу къигъэщIащ образ щэджащэхэр, икIи ахэр къигъэлъэгъуащ бгъуагъкIи, кIыхьагъкIи, кууагъкIи». Хъыбархэм хэт цIыхухэр щызэпсалъэкIэ гу лъотэ ахэр зи гугъу ящIым къызэщIиIэтауэ Iуэхум хуэжыджэру зэрызэпсэлъылIэхэр икIи мыбдежым, дауи, Теймур-драматургым Iэзагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр наIуэ къыщохъу.
Психологие и лъэныкъуэкIэ псоми Iэзэу гу зэрылъитэм и сэбэпкIэ, абы куууэ къыщIегъэлъэф и лIыхъужьхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр, я гупсысэр. Ауэ ар пкъынэ-пкъынэу зэпкърихыу аркъым, атIэ Iуэхум къыщыхъу-къыщыщIэхэм епхауэ цIыхум и псэм зэрызигъазэр дегъэлъагъу, абы щыгъуэми псалъэ куэди, теплъэгъуэ зыбжани къимыгъэсэбэпу зэ тегъэпсэгъуэкIэ къегъэнэхуф нэхъ хэубыдыкIауэ гу зылъыуигъэтэнур.
Мыхьмуд Теймур къыдигъэкIащ новеллэхэр зэрыт тхылъу тIощIым щIигъу. А псор зэхэплъхьэжмэ, XX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм мысыр жылагъуэм и гъащIэм реалистическэ гъуджэ хуохъу, къигъэщIа художественнэ теплъэхэр а лъэхъэнэм зэрыхалъхуар белджылыуэ къызэщIотаджэ, зэманым и фащэ ящыгъыу.
Абы и новеллэхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри къыщыдагъэкIащ Нью-Йорки, Лондони, Парижи, Мадриди, Рими... УрысыбзэкIэ щхьэхуэу къыдэкIахэм нэмыщI, «Гиених», «Уэздыгъэ щIыхухэр», «Иджырей хьэрып новеллэхэр», «КъуэкIыпIэ новеллэхэр», «Хьэрып тхакIуэхэм я рассказхэр», «КъуэкIыпIэ альманах» сборникхэм ихуащ икIи дунейм къыщытехьащ Мэзкууи Ленингради. КъызытехъукIа адыгэ мамлюкхэм Iэзэу ягъабзэу щыта джатэр къалэмкIэ зэзыхъуэкIа тхакIуэр, хьэрып литературэм и классикыр, адэшхуэхэм яхэлъа лIыгъэмрэ къабзагъымрэ хуэфащэу ирилэжьащ къалэмым. Абы и тхыгъэхэр хьэрып утыкум къикIри дунейпсо утыкум къихьащ, цIыхугъэм и пащхьэм къалэн лъапIэ зэрыщигъэзащIэм и нэщэнэу.
40 гъэхэм Мыхьмуд Теймур и творчествэм символизмэм ижь къыщIеху, фIэщхъуныгъэ зыхэмылъ цIыхупсэ ешам, нэщхъеягъуэрэ Iейрэ фIэкIа гъащIэм хэзымылъагъуэм пэгъунэгъу мэхъу. Ауэ тхакIуэр реализмэм пIалъэкIэщ зэрытебэкъукIар, абы щыгъуэми творческэ гъуэгу пхызыхыну хущIэкъум псы нэпкъ зэсылIэн къыщилъыхъуэ лъэхъэнэм IэщIэкI хабзэ щIэщхъуущ ар къэплъытэ зэрыхъунур. 50 гъэхэм я пэщIэдзэм, реализмэм и гъуэгу къытеувэжа нэужь, абы къыхуриджащ мыпхуэдэу: «ЦIыхубэм бгъэдэлъ гъуазджэр - ар гъащIэм и гъуазджэщ».
1952 гъэм бадзэуэгъуэм екIуэкIа революцэмрэ абы и ужькIэ щыIа социальнэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ лъэужьыншэ хъуакъым Теймурым дежкIэ. 1957 гъэм хьэрып къэралхэм я тхакIуэхэм Каир щрагъэкIуэкIа ещанэ конференцым абы къыщыхуреджэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэм нэхъ жыджэру хэтынхэу. Нэхъ пасэу, 1953 гъэм, абы къыдигъэкIауэ щытащ «Уэрамыщхьэ музыкант» сборникыр. Абы ит хъыбархэм щыщ «Демонстрацэ» жыхуиIэм игу щIэгъуу къыщегъэлъагъуэ монархием и бий бэнакIуэхэр. «Революционерхэр» (1955) повестыр Мыхьмуд триухуащ «офицер щхьэхуитхэу» Гамаль Абдель Насер зи унафэщIхэм къаIэта восстанэм. Хьэрып къэралхэм я цIыхубэм хамэ къэрал къикIа щIыдагъэ монополиехэм иращIэкI бэнэныгъэр темэ хуэхъуащ «Шамрухь» романым. Мы тхыгъэшхуэм мысыр литературэм щыяпэу лэжьакIуэбэ классыр къыщыгъэлъэгъуащ революционнэ къару лъэщу.
Мыхьмуд Теймур и цIэ ину Iуащ социальнэ, тхыдэ темэхэм теухуа и пьесэхэр щызэхуэхьэса сборник куэдхэмкIи. Академик Крачковскэм къызэригъэлъагъуэщи, ар «ящыщкъым ехъулIэныгъэ зэпцIагъащIэм игъэжакъуэхэм. Ар ерыщу и IэдакъэщIэкIым йолэжь: япэкIэ кIуэ къудей мыхъуу, къигъэзэжрэ къытрыригъэдза пьесэхэр, новеллэхэр, повестхэр щIэрыщIэу кхъузанэм щIигъэкIыжрэ нэхъ лъэщ ищIу, хэбгъэзыхьмэ, зэрыщыту щызэрихъуэкIыпэ къэхъуу».
ТхакIуэр гъащIэ кIэщI хъуахэм ящыщкъым, абы къигъэщIащ илъэс 79-рэ. Ар Каир щылIащ 1973 гъэм. Псэуху абы лъэкI къимыгъанэу и гуащIэ хилъхьащ Мысырым и жылагъуэ, литературнэ гъащIэр ефIэкIуэным. 1964 гъэм Мыхьмуд хах радиомрэ телевидениемрэ папщIэ тхэ драматургхэмрэ тхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу, «Аль-Киссэ» журналым и редакцэм и унафэщIу щытащ, хьэрыпыр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр щадж институт нэхъыщхьэу Каир, Александрие, Бейрут дэтхэм лекцэ къыщеджэрт. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ новеллэм и тхыдэмрэ теориемрэ теухуа къэхутэныгъэ куэд («Новеллэ зэратх щIыкIэм и Iэмалхэр», «Хьэфиз новеллэтхщ», «Гъуазджэм дэ дызэрыхуэныкъуэр», «ТхакIуэ IэщIагъэм сыхуэзыгъэуша къуэпсхэр», н.), апхуэдэу бзэщIэныгъэм, филологием я Iуэхугъуэ зыбжанэм елэжьащ.
Мысыр литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ, Мыхьмуд Теймур и ныбжьэгъуфIу икIи и ныкъуэкъуэгъуу, махуибгъу къудей фIэкIакIэ абы нэхърэ мынэхъыжьу щытащ Лашын ТIэхьир Мыхьмуд. Ар адыгэ офицер унагъуэм къыщалъхуащ 1894 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 7-м. Инженер училищэр къиуха нэужь, абы куэдрэ Iуэху щищIащ лэжьыгъэхэмкIэ департаментым. Абы Iэзэу ищIэрт къыдалъхуа и адыгэбзэр. Ар хэту щыIащ 1935 гъэм Каир къыщызэIуаха «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» хасэм. Лашын къуэшыгъэкIэ япыщIат адыгэ куэдым, апхуэдэу Сирием, Иорданиет, Тыркум икIа мухьэжырхэм. ТхакIуэ цIэрыIуэм фIыуэ ицIыхурт Амман щыщ адыгэ студентхэу Нэгуэр Наурыз, Архагъэ Хьисэ, Шурдым Ахьмэд сымэ, 40 гъэхэмрэ 50 гъэхэм я пэщIэдзэмрэ Каир щеджауэ щытахэр.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Теймур  Мыхьмуд


Каиррэ  Нилрэ.


Теймур  Мухьэмэд

Каир и зы теплъэ.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться: