ЗыгъэпсэхупIэр къызэIуахыжДзэлыкъуэкъуажэ зыхуей хуагъазэри къыщызэIуахыжащ цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэу щыт «Зэныбжьэгъугъэ паркыр». Ар зыхуей хуэгъэзэным пыщIа лэжьыгъэхэр мы гъэм хагъэхьауэ щытащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къалэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIауэ иубзыхуа программэм. Бюджетым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа ахъшэу мы Iуэхум сом мелуани 6,5-м нэблагъэ трагъэкIуэдащ. ЗыгъэпсэхупIэр къыщызэIуахыжым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Р. Хь., районым и цIыху пашэхэр, еджакIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|