Дунейм щыхъыбархэр

«Жыжьэ фыкIуэну фыхуей - фызэгъусэу фыкIуэ»

Сочэ къалэм жэпуэгъуэм и 23 - 24-хэм щызэхэтащ «Урысей – Африкэ» зыфIаща зэхуэсышхуэр. Дунейпсо тхыдэм къриубыдэу апхуэдэ зэIущIэ япэ дыдэу зэрырагъэкIуэкIам и закъуэкъым абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъар - апхуэдиз къэралым я лIыщхьэхэр нэхъапэм зы зэIущIи щызэхуэсакъым. Абы кърихьэлIащ Африкэ континентым хыхьэ къэрал 54-ми я лIыкIуэ минипщIым щIигъу. Къэралхэм я унафэщI нэхъыщхьэу 40-м щIигъу къэкIуащ я щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэну Iуэхухэм щытепсэлъыхьыну саммитым. Езыхэм ящыщ куэд дыдэри иджы япэу зэIущIауэ аращ.

Африкэр IуэхугъуэщIэхэр къыщыхэплъхьэ хъуну щIыналъэу къалъытэ, ауэ абы нэгъуэщI зыгуэруи йоджэ - зэныкъуэкъуныгъэр щытепщэ, тхьэмыщкIагъэм къыхэмыкI хэку хужаIэ. ЩIэпхъаджагъэу щалэжьымкIэ, зыхэт зауэхэм я бжыгъэмкIэ щIыналъэр ящыщщ дунейм бжьыпэр щызыIыгъхэм. Я фIыр къызэрыдрагъэуеину, зыхэт гугъуехьхэм къыхэкIа зэрыхъуну хэкIыпIэхэр къалъыхъуэн мурадырщ ахэр мы зэIущIэм къезышэлIар. АбыкIэ IэмалыфIу къалъытэри, ди IэщIагъэлIхэм къыхалъхьащ экономикэр Урысеймрэ Африкэм хыхьэ къэралхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм лъабжьэ хуащIыну. Лъэныкъуэхэм я фейдэ хэлъу зэрызэдэлэжьэфынум и щапхъэу къахьащ урысей-мысыр зэпыщIэныгъэхэр, абыхэм зэгъусэу ягъэзащIэ проектышхуэхэр. А зэдэлэжьэныгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэным теухуауэ щытащ къэралитIым я Президентхэу Путин Владимиррэ Абдель Фаттах ас-Сисирэ я зэIущIэр. Нэхъ пасэу зэрызэгурыIуахэм ящыщщ урысей кампаниехэм атомнэ электростанц Мысырым щащIынри, промышленнэ IуэхущIапIэхэр абы къыщызэIухынри. Абыхэм япкъ иткIэ зэращIылIащ доллар мелуани 190-рэ зыхалъхьэну контрактхэр, иджыри доллар мелардиблым нэблагъэм къищI лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну я мурадщ.
А Iуэхухэр щIэгъэпсынщIэным зэрыщыгугъым къыдэкIуэу, Мысырым и унафэщIыр къытеувыIащ къэралитIым я туристхэр нэхъ зыщIэупщIэми - кхъухьлъатэхэмкIэ ди цIыхухэр зэкIэлъыкIуэу зэрыщытам хуэкIуэжыныр. Ари зэман гъунэгъум зэфIэкIыну Iуэхуу зэрыщытыр жраIащ Абдель Фаттах ас-Сиси.
 «Урысей хьэрычэт IэнатIэм кIуэ пэтми мылъку нэхъыбэ хелъхьэ Африкэ къэралхэм щищIэ Iуэхухэм. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу урысей-африкэ сату зэпыщIэныгъэхэр хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ икIи доллар мелард 20-м и уасэ зэрагъэкIуэкIащ, - жиIащ Путин Владимир зэIущIэшхуэм къыщыщыпсалъэм. - Дауи, ар егъэлеяуэ куэд дыдэкъым икIи Iуэхур абдежым къыщыувыIэ хъунукъым. Дэ къэралхэм яхуедгъашэр Iэщэм и закъуэкъым. Уеблэмэ апхуэдэ сатур нэхъ мащIэ хъуащ, мэкъумэш продукцэ лIэужьыгъуэхэм хэдгъахъуэри - Iэщэу африкэ къэралхэм щытщар доллар мелард 15 и уасэмэ, мэкъумэшхэкIыу яIэрыдгъэхьар доллар мелард 25-рэ хуэдиз и уасэ мэхъу. Шэч къытесхьэркъым илъэсиплI-тху дызыхуэкIуэхэм сатууэ зэдэтщIым хуэдитIкIэ зэрыхэдгъэхъуэфынум. Ар я нэхъ мащIэрамэ».
Зэхуэсышхуэм урысей кампаниехэм къыщыхалъхьэ проектхэр икъукIэ гъэщIэгъуэн къащыхъуащ хьэщIэхэм икIи щIэупщIэшхуэ яIэщ. Псалъэм папщIэ, Эфиопием и мурадщ я деж атом электростанц щегъэухуэным теухуа зэгурыIуэныгъэ Урысей Федерацэм кърищIылIэну. Руандэм ядернэ щIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я центр урысей IэщIагъэлIхэм яригъэщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэр егъэхьэзыр. Экваторым пэгъунэгъу Гвинеемрэ Маврикиемрэ щIыдагъэ къыщIэшын IэнатIэм Урысейм къыщыдэлэжьэну хуейщ. Япэхэми хуэдэу, икъукIэ щIэупщIэшхуэ иIэщ урысей Iэщэми.
ЗэIущIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэ дыдэу хьэщIэхэми бысымхэми къалъытар къэралхэр зэкъуэту я зыужьыныгъэм телэжьэн зэрыхуейрщ. Мыбдежым икъукIэ къыщезэгъыу къагъэсэбэпащ африкэ псалъэжьри: «ПсынщIэу фыкIуэну фыхуеймэ - фи закъуэу фыкIуэ. Жыжьэ фыкIуэну фыхуей - фызэгъусэу фыкIуэ». Щхьэж и къэралым и экономикэ фейдэ къызэрыхахыным яужь зэритынум и мызакъуэу, Африкэ щIыналъэшхуэм хыхьэ къэралхэр зэкъуэувэн зэрыхуейм Сочэ щекIуэкIа зэхуэсышхуэм зэрыригъэгупсысынум, абы дерс щхьэпэхэр къызэрыхахынум шэч хэлъкъым.

Нобэ

ЦIыхубзхэр мамырыгъэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и таможенникым и махуэщ. 1653 гъэм, Романов Алексей Михаил и къуэм и пащтыхьыгъуэм, Урысейм таможеннэ IэнатIэ къыщызэрагъэпэщащ, абы и устави къащтащ. 1991 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м РСФСР и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ Къэрал таможеннэ комитет къызэгъэпэщыным теухуа унафэм.
Литвам и Конституцэм и махуэщ
1936 гъэм Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Адыгэ АО-м и Урыс драмэ театрыр. Иджыпсту ар Адыгэ Республикэм Пушкин А. С. и цIэр зезыхьэ и Урыс къэрал драмэ театрырщ.
1941 гъэм къызэрагъэпэщащ зыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетыр.
1944 гъэм Днепропетровск, Днепродзержинск къалэхэр нэмыцэдзэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
1955 гъэм «Tappan Company» америкэ фирмэм микроволновэ хьэку къызэрыщIигъэкIар хэIущIыIу ищIащ.
1976 гъэм Лондон къыщызэIуахащ Пащтыхьыгъуэм и Лъэпкъ Театрыр.
1977 гъэм «СССР-м и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
1990 гъэм Къэзахъстаным и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ зи бжыгъэкIэ адрей лъэпкъхэм куэдкIэ ебэкI къэзахъ лъэпкъым а къэралым бжьыпэр сыт и лъэныкъуэкIи щиIыгъын зэрыхуейр.
1990 гъэм япэу ягъэлъэгъуащ иджыпсту цIэрыIуэ дыдэ хъуа «Поле чудес» теленэтыныр. Ар иригъэкIуэкIат и къызэгъэпэщакIуэ Листьев Владислав.
1990 гъэм СССР-м къыщащтащ зыхуей диныр къыхихыну цIыхур хуит зыщI законыр.
1990 гъэм Къэзахъстаным и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
2001 гъэм УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ УФ-м ЩIым теухуа и кодексым.
1881 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ Пикассо Паблэ.
1825 гъэм къалъхуащ Австрием щыщ композитор, скрипач, дирижёр Штраус Иоганн-къуэр.
1911 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Елмэс Хьэжбий.
1915 гъэм къалъхуащ парт, къэрал къулыкъущIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим.
1917 гъэм къалъхуащ шапсыгъ тхыдэдж, «СССР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфэща Нэпсо Фазиль.
1926 гъэм къалъхуащ Урысей оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, «Хэкум пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща Вишневская Галинэ.
1928 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэдкIэ щыта Мырзэкъан Суфян.
1940 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, СХьР-м и парламентым и депутату, Адыгэ фIыщIэ хасэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа Абазэ Шараф.
1938 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Сёминэ Тамарэ.
1946 гъэм къалъхуащ урысей политик, УФ-м и Президентым и Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщIу, СНГ-м и къэрал секретару щыта Бородин Павел.
1950 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, «Smokie» инджылыз гупым хэта Норман Крис.
1976 гъэм къалъхуащ фигурист, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Урысейм, Европэм, дунейм я чемпионатхэм мызэ-мытIэу щытекIуа, Солт-Лейк-Сити (США) къалэм 2002 гъэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм чемпион щыхъуа Сихарулидзе Антон.
1979 гъэм къалъхуащ урысей актёр, сценарийхэр зытх Галустян Михаил.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 17, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жагъуэгъурэ щIасэгъурэ зимыIэ щыIэкъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр