Дунейм щыхъыбархэр

Аргентинэм и президенту хахащ
Фернандес Альбертэ

Жэпуэгъуэм и 27-м Аргентинэм щекIуэкIащ президент хэхыныгъэхэр. Абы щытекIуащ хэхыпIэхэм къекIуэлIахэм я процент 47-м щIигъум Iэ зыхуаIэта Фернандес Альбертэ. Къэралым и иджырей президент Макри Маурисио и телъхьэ хъуари мащIэтэкъым – процент 40-м щIигъум я дзыхь кърагъэзат абы.

ЦIыхубэм къулыкъур нэхъ зыхуэфащэу къалъытам ехъуэхъуащ ар зыщхьэщахар икIи, апхуэдэ Iэмал игъуэтмэ, президентыщIэм сыткIи щIэгъэкъуэн хуэхъуну къигъэгугъащ.
Макри къулыкъур щIыIэщIахам щхьэусыгъуэшхуэхэр иIэщ икIи ар езыми ещIэж, дауи, 2015 гъэм езыр президенту щыхахым бэр куэдкIэ къигъэгугъат абы – экономикэр иригъэфIэкIуэжыну, цIыхухэм я псэукIэр зыхуэдэми зэпымыууэ и нэIэ тригъэтыну. Япэ лъэбакъуэхэм ящыщу абы Дунейпсо валютэ фондым къэралым хуиIэу щыта зэпыщIэныгъэхэр зэтригъэувэжащ, ауэ ари сэбэп къыщыхуэхъуакъым хэхакIуэхэм ярита псалъэр игъэпэжынымкIэ. Доллар мелуани 5-рэ ныкъуэм щIигъу мылъку зыбгъэдэлъ, США-м и иджырей президент Трамп Дональд илъэс куэд хъуауэ и ныбжьэгъу икIи и лэжьэгъу Макри цIыхухэм я псэукIэр зэрыригъэфIэкIуэжыфынум куэдым шэч къытрахьатэкъым, ауэ псори гугъэ нэпцIу къыщIэкIащ. Абы и тетыгъуэм къэралыр нэхъри нэхъ кууужу кризисым хыхьащ - инфляцэр процент 55-м щынэблэгъащ абы. ЦIыху мелуан 40 щыпсэу Аргентинэм цIыху мелуанищым нэблагъэм ирикъуу яшхын яIэкъым.
Апхуэдиз щымэжэщIалIэ, IэнатIэ куэдым зэфIэмыхьэныгъэхэр здэщыIэ къэралым и унафэщIу щытыным цIыхур щIыщIэхъуэпсыр, а къулыкъум щIыщIэбэныр сыту пIэрэ? Хэкум илъ тхьэмыщкIагъэ къызэрымыкIуэр зэуэ зыгъэкIуэдыжыфынури хэт? А упщIэхэм, дауи, иджыпсту жэуап иратыфынукъым къэралым и унафэщIу щытами иджы а къулыкъур зылъысами.
 Макри къэралым щригъэкIуэкI политикэр ягу зэрытемыхуэжыр гуащIэу жаIэу хуежьат  икIи фокIадэ кIуам Буэнос-Айрес и уэрамхэм цIыху губжьахэр къыдыхьащ, къэралыр тхьэмыщкIагъэм зэрызэщIищтам къыхэкIыу къызэрымыкIуэ щытыкIэ Аргентинэм щыгъэувыным къыхураджэу. Экономикэ щытыкIэр адэкIэ кIуапIэ имыIэжу зэрызэIыхьар къалъытэри, къэралым и парламентым и депутатхэр арэзы техъуащ ерыскъыпхъэкIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным теухуа законопроектым. Абы ипкъ иткIэ, псом япэрауэ, ахъшэ хухахынущ илъэс 14 иримыкъуахэр, уэндэгъухэр, ныкъуэдыкъуэхэмрэ зи ныбжьыр хэкIуэтахэмрэ ерыскъыкIэ къызэгъэпэщыным. Процент 50-кIэ нэхъыбэ ящIынущ курыт еджапIэхэм, цIыху куэд зэкIуалIэ шхапIэхэм ахъшэу хухахыр. А законыр 2022 гъэ пщIондэ лэжьэнущ.
Президент къулыкъур зыхуагъэфэща Фернандес Альберти фIыуэ яцIыху - Макри и правительствэм и унафэщIу лэжьащ. Аргентинэм щыпсэухэм я дежкIэ нэхъыщхьэращи, ар фIыуэ щыгъуазэщ къэралыр щытыкIэ гугъум къызэрипшыфыну Iэмалхэм, а хэкIыпIэхэр нэсу къэгъэсэбэпыным яужь итын хуей къудейуэ аращ.

Я прунжыр бэв хъуащ

Прунж щагъэкI щIыпIэ нэхъыщхьэу Урысейм иIэ Краснодар щIыналъэм щызэфIэкIащ ар Iухыжыныр.

Мы гъэм прунжу абы къыщрахьэлIащ тонн мин 950-рэ. Ар тонн мин 200-кIэ нэхъыбэщ илъэс кIуам къайхъулIам нэхърэ. Нэхъыбэ хъуащ прунжыр щыхасэ щIыпIэхэри. Псори зэхэту  гъавэр щызэщIакъуэжащ гектар мини 125-м. Прунж хэзысэ район псоми - Красноармейскэ, Калининскэ, Абинскэ, Крымскэ, Славянскэ, Северскэ, Темрюкскэ щIыналъэхэмрэ Краснодар къалэмрэ – ар бэву къыдэхъулIащ.
Краснодар щIыналъэм къыщагъэкI прунжым щIэупщIэшхуэ щиIэщ дунейм - ар къэрал 25-м иращэ. Абыхэм ящыщщ Тыркур, Монголиер, Украинэр, Азербайджаныр, Къэзахъстаныр. Мы гъэм прунжу ящар процент 20-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрейм елъытауэ. Илъэсыр къызэрихьэрэ хамэ къэралхэм щащам къыпэкIуащ доллар мелуан 35,3-рэ, нэгъабэ и иджы хуэдэ лъэхъэнэм а бжыгъэр доллар мелуан 29,4-рэт зэрыхъур.
Иужьрей илъэсипщIыр къапщтэрэ зэпэплъытмэ, гектарым къытрахыр центнер 45-м икIри, центнерым 75-м нэсащ. Я губгъуэхэм щагъэкIри езыхэм къагъэхъужа жылэрщ.
ПрунжгъэкIхэм защIэгъэкъуэным гулъытэшхуэ щыхуащI Краснодар крайм. Илъэсищ зэкIэлъыкIуэм абыхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэшхуэ ягъуэтащ. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм ахэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, псыжапIэхэр укъуэдииным, жылапхъэ къэщэхуным трагъэкIуэдэным щIыналъэм и унафэщIхэм хухахащ сом мелуани 156-рэ. 2018 гъэм ар сом мелуан 215-рэ, 2019 гъэм - сом мелуни 240-рэ хъуащ.
Дагъыстэнми процент 16-кIэ нэхъыбэ щыхъуащ прунжу къыщрахьэлIэжыр. Абы къыщагъэкI къэралым прунжу щыхасэм и процентийр. А IэнатIэм республикэм зыщегъэужьыным къэралым мы гъэм хилъхьэнущ сом мелуан 500.

Нобэ

Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ. 1696 гъэм Пётр Езанэм тригъэчыныхьри, Пщыхэм я Думэм къищтащ «Тенджызым тетыну кхъухьхэр щIыным теухуауэ» унафэр. Ар Урысейм и дзэ-тенджыз флотыр къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэ.
Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1990 гъэм Москва и Лубянкэ утыкум деж, политикэ залымыгъэм ихьа цIыху мелуанхэм я фэеплъу, щагъэтIылъащ Соловки къраша мывэ ентIырыр.
Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр
Спортым цIыхухэр хуэзыгъасэм и махуэщ
1711 гъэм Къэбэрдей отрядым Мурад-СулътIан зи пашэ тыркудзэр хигъэщIащ.
1888 гъэм США-м щыщ Лауд Джон шариковэ ручкэ къызэригупсысам теухуа япэ патентыр иратащ. Шакъэм хагъауэурэ зэрытхэу щыта къалэмым и пIэ ар занщIэу къимыувами, цIыхухэм абы Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуищIауэ къалъытэу, нобэми и цIэр ящыгъупщэркъым.
1905 гъэм Урысейм и пащтыхь Николай ЕтIуанэм къыдигъэкIащ «Къэрал хабзэхэр егъэфIэкIуэным и IуэхукIэ» унафэр. Абы щыубзыхуат цIыхум и хуитыныгъэхэр, Къэрал Думэр хэхыным теухуа хабзэхэр.
1941 гъэм Севастополь къалэр бийм щыхъумэным теухуа зауэшхуэм щIидзащ. Къалэр къебгъэрыкIуэ нэмыцэдзэхэр Iэрамыгъэхьэу махуэ 250-кIэ яхъумащ. А зауэр гуащIэ дыдэу зэрыщытам, абы дэсхэр бийм хахуэу зэрыпэщIэтам и щыхьэту, 1945 гъэм Севастополь «Къалэ-лIыхъужь» цIэр фIащащ. Фашисты­дзэм абдеж щыфIэкIуэдауэ щытащ зауэлI мин 300-м щIигъу.
1735 гъэм къалъхуащ США-м щыщ къэрал лэжьакIуэ, абы и етIуанэ президенту щыта Адамс Джон.
1917 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта, Совет Союзым и Маршал икIи и ЛIыхъужь Огарков Николай.
1908 гъэм къалъхуащ СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь, Совет Союзым и Маршал Устинов Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу.
1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущIэ, штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд.
1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и ЛIыхъужь, къэралым и Парламентым и депутат Шурдым Ихьсан.
1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил.
1960 гъэм къалъхуащ Аргентинэм щыщ, дуней псом щыцIэрыIуэ футболист Марадонэ Диегэ.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 – 16, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Махуэ гъуэгу утехьэмэ,
махуищ гъуэмылэ здэщтэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ