БАКIУУ Хъанджэрий: Бзэм и къэкIуэнур лъэпкъым дэлъытыжащ

- Хъанджэрий, лъэпкъ публицистикэм, литературэм, тхыдэм я зыужьыныгъэм хуэпщIа хэлъ­хьэныгъэ инхэм щыгъуазэщ абыхэм япыщIа дэтхэнэ зыри. Литературэм и илъэсу ягъэува 2015 гъэм ирихьэлIэу, дауэ уеплъ­рэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэ игъуэта адыгэ литературэм?
- ЖыпIэнурамэ, сэ си гъащIэр, дэнэ щIыпIэ сыщылажьэми, зэпхауэ екIуэкIыр лъэпкъ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс) литературэр, хэхэс адыгэхэм я литературэр джынырщ, ахэр зи лъабжьэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэ­кIы­нырщ. А Iуэхугъуэхэм ехьэлIащ си къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, монографие щхьэ­хуэхэри яхэту. Апхуэдэ къэхутэныгъэхэр нэхъ шэщIауэ езгъэ­кIуэ­кIын мурадыр си гъуэгугъэлъа­гъуэт егъэджэныгъэмрэ адми­нистративнэ къалэнхэмрэ къэз­гъанэу, щIэныгъэ-къэхута­кIуэ институтыр къыщыхэсхами. Абы Iэмал къызитащ лъэпкъпсо мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм нэхъ шэщIауэ селэжьыну.
Адыгэ литературэм къикIуа гъуэ­гуанэм уриплъэжмэ, нэры­лъагъу мэхъу ди лъэпкъ къуэпсищми я зыужьыныгъэм ехъу­лIэныгъэфIхэри Iуэхугъуэ къиинхэри зэщхьэщыкIыныгъэ ин яхэ­мылъу зэрыщыIэр. Совет зэ­ма­ным, шэч хэмылъу, зыу­жьыныгъэ ин игъуэтащ ди литературэм. Апхуэдэу хъуми, къэралым щытепщэу щыта партым и гуп­сысэ нэхъыщхьэхэр бэм яхэзы­хьэфын тхакIуэ, усакIуэ гуп къыхагъэбелджылыкIри, ахэращ илъэс куэдкIэ утыкум итар. Дауи, абыхэм ябгъэдэлъащ зэчиишхуэ, хуа­щIа пщIэри гулъытэри яхуэфащэ дыдэт. АрщхьэкIэ мащIэу гулъытэншэ хъуащ а ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыжьхэм къакIэ­лъы­кIуа литературэ щIэблэр. Ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм елъытауэ нэсу, яхуэфащэу джа хъуатэкъым адыгэ тхакIуэ лъэрызехьэхэу Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас, IутIыж Борис, Къуиикъуэ Налбий, Бемырзэ Мухьэдин сымэ, нэ­гъуэщIхэми я творчествэхэр. АтIэ зэрымыщIэкIэ дэхуэха хъуа а Iуэхугъуэхэр къэIэтыжыныр, зы­хуей хуэгъэзэжыныр лъэпкъ щIэ­ныгъэлIхэм ди къалэнти, абыхэм ехьэлIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд дунейм къытехьакIэщ.
- Абыхэм ящыщщ, дауи, уи къа­лэмыпэм иужьрей илъэсхэм къыпыкIа лэжьыгъэшхуэхэм языхэз «IутIыж Борис. УсакIуэ. Драматург. Публицист» тхы­лъыр. СызэрыщыгъуазэмкIэ, а монографием пщIэшхуэ щиIэщ ди хэкуми адыгэхэр зыщыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми.
- IутIыж Борис си ныбжьэгъуфIу щытащ. Абы и творчествэм теухуа монографием селэжьыну мурад сщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым сызэрыуву. Хуабжьу сыдихьэхауэ зэфIэсхащ а лэжьыгъэр, илъэситхукIи селIэлIащ. IутIыжым хуэдэу зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа, усэми, прозэми, драматургиеми, адыгэбзэми, сурэт щIынми, пхъэм сурэт къыхэIущIыкIынми хуэIэижь цIыху иужь­рей илъэс пщIы бжыгъэм къытхэкIауэ сщIэркъым. А цIыху щэджащэм хэлъа Iэзагъыр наIуэ къэсщIынращ си къэхутэныгъэ­хэм къалэн нэхъыщхьэу щызы­хуэз­гъэувыжауэ щытар. Шэч хэ­мылъу, Борис адыгэ драматургием и классикщ, арщхьэкIэ гъуэ­зэджэщ абы и усэхэри, новел­лэхэри, сонетхэри, гушыIэ­хэ­ри, абыхэм я лъапIагъри зыкIи нэхъ лъахъшэкъым.
ХэкулI нэсым, хэкупсэ къабзэм и творчествэм иужькIи зэ къытезгъэзэжащ. «Адыгэ литературэ: гушыIэмрэ ауанымрэ» си тхылъми щIыпIэ хэха щеубыд Борис и творчествэм.
А тхылъым щызэпкърысхащ блэкIа лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург пашэхэм я тхыгъэхэм гушыIэмрэ  ауанымрэ щыхуащIа гулъытэр, а жанрым зэрызрагъэужьар. Iыхьищу зэхэт лэжьыгъэм щIызгъужащ IутIыж Борис и гушыIэ сурэтхэр, шаржхэр, эпиграммэхэр. Къи­нэмыщIауэ, къыдэкIыгъуэм зи ­ауан, гушыIэ, комедиехэр щы­зэпкъ­рысхахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэр­джэсым я усакIуэхэу, тха­кIуэхэу Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, АбытIэ Владимир, Мыжей Мамыржан, Абыкъу Хъалид, Бещтокъуэ Хьэбас, Шортэн Аскэрбий, Дудар Хьэутий, Нало Ахьмэд­хъан, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Хьэнфэн Алим, Журт Биберд, Нало Заур, КIуантIэ Iэзид, Хьэх Сэфарбий, ЛIыгъур Чэрим, Елгъэр Кашиф сымэ, нэгъуэщIхэри.
Литературэдж щIэныгъэм, теорием, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я гугъу щысщI, Бещтокъуэ Хьэбас ехьэлIа гупсысэхэр, зауэм теухуа лирикэр, нэгъуэщI си тхыгъэ зыбжани щызэхуэхьэса нэгъуэщI лэжьыгъи къытехьащ дунейм.
- Адыгэ литературэм и закъуэкъым уи къалэмыр зыхуэбгъэлажьэр, Хъанджэрий. Уэ уи гупсысэхэри IуэхущIафэхэри еп­хащ лъэпкъым и пащхьэ къит нэгъуэщI къалэн гугъухэми. Ап­хуэдэщ, къапщтэмэ, лъэпкъ лIакъуэхэр джыным, бзэм епха уи лэжьыгъэхэри. Абыхэм укъыт­хутепсэлъыхьамэ, ди гуа­пэт.
- Ди институтым щолажьэ лъэпкъ­хэм, унагъуэцIэхэм, къуа­жэхэм я тхыдэхэр зыдж къудамэ щхьэхуэ. Генеалогие щIэныгъэ хьэлэмэтым сыдригъэхьэхауэ щы­тащ а къудамэм и унафэщIу щыта Махъсидэ Анатолэ (и ахърэтыр нэху ухъу). Абы архив­хэм хэлъу къысхуигъуэтауэ щытащ си адэшхуэм и адэ Мысхьуд и Iэпэ зыщIэлъ, 1903 гъэм ятха тхылъыр. ИужькIэ Iуэхум нэхъ гъунэгъуу сыхашащ архивхэм къэху­тэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI щIэныгъэлIхэу Сокъур Валерэрэ Мам­хэгъ Астемыррэ.
ЖыпIэнурамэ, хуабжьу удэзы­хьэхщ, узыIэпызышэщ а къэху­тэныгъэ лIэужьыгъуэри. Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэд архивхэм къыщызгъуэтыжащ сыкъызыхэкIа лъэп­къым, Жьакуэ, Хьэгъундыкъуей къуажэхэм я тхыдэхэм ятеухуауэ. ЗэфIэзгъэувэжащ БакIуухэ я тхыдэр. Иджы дыдэ къэзгъуэтащ Тыркум 1888 гъэм Iэпхъуэжахэр. Абыхэм я Iуэху зесхуэурэ, тхыгъэ гъэщIэгъуэныщэхэр къысIэры­хьащ (си ныбжьэгъухэм, псом хуэмыдэу Мамхэгъ Астемыр и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу) Адэмо­къуэхэ, Акъхэ, Хьэтыкъуэхэ ятеухуауэ. Си гъунэгъу хьэгъунды­къуейхэри IэщIыб сщIыркъым.
БлэкIа жыжьэр кIэ зимыIа зауэхэм я сахуэм хэ­кIуэдащ. Тхыбзэ зэрыдимыIами и зэранышхуэ хэлъщ цIыху куэдым къызыте­хъукIахэр зэрамыщIэжым. Ди къэху­тэныгъэхэр къытехуащ «Кав­каз Ищхъэрэм и генеало­гиер» журналым. КъытщIэхъуэ щIэб­лэм я адэжьхэр яцIыхун ­хуейщ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ ди лъэпкъ тхыдэр хъума хъунымкIэ.
- Ди анэдэлъхубзэм и нобэрей щытыкIэм дауэ уеплърэ, Хъанджэрий?
- Тхыдэм уриплъэжмэ, наIуэу къыхощ адыгэхэр илъэс щитIым нэскIэ алфавит зэрылъыхъуар. БгъэдыхьэкIэу къагупсысауэ щы­тахэр зэхэплъхьэжмэ, дунейм зы лъэпкъи теткъым апхуэдизрэ и алфавитым елIэлIауэ. Совет лъэхъэнэхэм щыгъуэ алфавитыр щэнейрэ яхъуэжащ. Адыгей тхакIуэ Еутых Аскэр и романым хэт лIы­хъужьым жиIэрт: «Ди къуажэр щэнейрэ пщыхьэщхьэкIэ гъуэ­лъы­­жырт, тхэкIэ-еджэкIэ ящIэу, ауэ пщэдджыжькIэ тхэкIи еджэ­кIи зыми ямыщIэжу къэушырт». Абы куэд къыбжеIэ…
Лъэпкъым и лъабжьэу щыт анэдэлъхубзэм и Iуэхум узыгъэ­пIейтей куэд хэлъщ. Дуней псом щикъухьа адыгэхэм ди тхыбзэр тIууэ зэщхьэщыкIащ: адыгеибзэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэу, куэд хъуащ ди бзэм и диалектхэри. КъинэмыщIауэ, ди республикэм къэралыбзэу щалъытэ адыгэбзэм абы ехьэлIауэ игъэ­зэщIапхъэ къалэнхэр куэд хъуркъым. ХэщI зэпытщ курыт еджапIэхэм абы щыхухах сыхьэт бжыгъэхэми.
СызэреплъымкIэ, адыгэбзэм и къэкIуэнур зи IэмыщIэ илъхьэн хуейр республикищым щыпсэу­хэм я унафэщIхэмрэ бзэмкIэ щIэныгъэлIхэмрэщ. Адыгэм ди къэкIуэнур, къытщIэхъуэ щIэблэм я гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр зэлъытар ди бзэм гъащIэм щиу­быд увыпIэрщ. Ар нэхъ лъагэ ­хъуныр, анэбзэр зыIурылъ, абы пщIэ хуэзыщI бын къытщIэ­тэ­джэныр зэлъытыжари дэращ, езы лъэпкъырщ.
- Уи гъащIэ гъуэгум уриплъэжмэ, дауи, уолъагъу уи щIыбагъ къыдэлъу узэрыгушхуэ, узэрыпагэ Iуэхугъуэхэр, къэхъукъащIэхэр, цIыхухэр… Зи гугъэмрэ зи гъащIэмрэ зэтехуа­хэм уащыщу зыкъэплъытэжрэ?
- Ныбжь гуэрым ущынэсам  деж, Iэмал имыIэу узоплъэ­кIыж­ри, къэп­кIуа гъуэгуанэр къыбопщытэж - и бгъуагъкIи и кIыхьагъкIи.
ГъащIэр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэ­хэлъщ, дэтхэнэми езым и нэщэнэхэр иIэжу. Си сабиигъуэр хиубыдащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм, «зауэм и бынхэр» псалъэ хьэлъэхэр зыхужаIахэри сэ схуэ­дэхэращ. Си адэ Ильяс и псэр тыхь хуищIащ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм. Фызабэу къэна си анэ Щамхъаний и быным къытхуиIэ хъуэпсапIэхэмрэ и псалъэ IэфI­хэмрэ си гъуэмылэу балигъ гъащIэм сыхыхьащ, си гур сымыгъэкIуэду.
ЩIалэгъуэр гъащIэ псом и IэфIыпIэщ. Пушкиным зэрыжиIауэ, «пщэдджыжь пшагъуэу, пщIы­хьэпIэу» щыт, щIэх дыдэуи блэ­лъэт а ныбжь дахэм тыгъэ лъапIэ куэд къытхуегъанэ. Апхуэдэщ гурыщIэ къабзэхэр, ныбжьэгъу пэжхэр, цIыху насыпыр зэры­зэхэлъ Iыхьэхэм я нэхъыбапIэр. Абы къыкIэлъокIуэ а псори щебгъэфIакIуэ, абыхэм зыщебгъэужь лъэхъэнэр. Абы къыхощ мура­дыщIэхэр, ехъулIэныгъэхэр, лъапIэныгъэхэр, гъэсэнхэр, н.къ.
Зи гугъу сщIы цIыху насып Iыхьэхэм ящыщ гуэрхэр къызы­лъысахэм сащыщщ сэри. Языныкъуэхэр езыр-езыру къызэуэлIащ, адрейхэм салъэIэсащ си гуа­щIэкIэ, си акъылкIэ - псори Тхьэм и Iэмырщ. Абы къыхэкIыу зызолъытэж сынасыпыфIэу, зи гугъэм­рэ гъащIэмрэ зэтехуэу дунейм тетхэм сащыщу.
- Упсэу, Хъанджэрий. IутIыж Борис зэрыпхуитхауэ, «къэнэжа гъищэр щыпкъэу уигъэгъа­кIуэ».

 

Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться: