АдыгэлI щыпкъэ

БакIуу Хъанджэрий Къандур Мухьэдин игъэува саугъэтыр къыщратым. Сурэтым: БакIуу Хъанджэрий, Нэхущ Чэрим, Къандур Мухьэдин, Къуиикъуэ Налбий сымэ. 1998 гъэ

 

Езым и щхьэкIэ сыхуэзэ­ным куэдкIэ и пэ къихуэу и хъыбархэмкIэ сэ ар къэс­цIыхуауэ щытащ. Ар къыщыхъуари адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр къыдэгъэ­кIыныр щызэхэдубла илъэс­хэрщ. А лъэхъэнэм лъэпкъым, хэкум, адыгэ щэнхабзэм зи гуа­щIэшхуэ хэзылъхьэ ­ады­гэлI­ щыпкъэ куэд дызэ­риIэр аргуэру зэ хьэкъ тщыхъуауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыщ зи гугъу сщIынури.

Шэрджэсым дыкIуэу, а зэманым «Ленин нуркIэ» зэджэу щыта, нобэ «Черкес хэку» цIэр зезыхьэ газетым и лэжьа­кIуэхэм дащыхыхьэкIи сыт щыгъуи зэхэсхырт жаIэу:
- Хъанджэрий мыпхуэдэу жиIащ…
 - Хъанджэрий къыддэIэпыкъуащ…
- Е, унэн, Хъанджэрий уечэнджэщыртэкъэ!
СщIэрт апхуэдиз фIэлIыкI зыхуаIэ щIэныгъэлIыр, еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI БакIуу Хъанджэрий редакцэм щылажьэхэм щIэгъэкъуэн пэжу, ныбжьэгъуфIу зэраIэр, ауэ сыщегупсыс щыIэт: зэрыжаIэу щыту пIэрэ?
Дызэхуэзэу дызэрыщIа нэужь, хьэкъ сщыхъуащ: шэрджэс устазым, си гуапэ зэрыхъуати, ныбжьэгъухэм гу зы­лъамытэ нэгъуэщI Iущагъ, ­Iэзагъ, щэн телъыджэ Iэджи къыкъуэкIащ.
БакIуу Хъанджэрий теухуа псалъэ гуапэхэр, хъуэхъухэр удз гъэгъа Iэрамэ дахэу и IэплIэ щралъхьэкIэ, си псалъэри гъэгъа дахэу абы хэзгъэувэмэ си гуапэщ.
ФIыщIэ щIыхуэпщIын Iуэху дахэ куэд бгъэдэлъщ Хъанджэрий. Псом япэрауэ, адыгэ литературэм, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм я литературэхэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр зэпкърыхыным, абы щIэуэ къыхыхьэхэмрэ зыхунэмысхэмрэ куууэ джы­ным Хъанджэрий гулъытэш­-хуэ хуещI. Зэрыщыту Урысей Ипщэ щIыналъэм и нобэрей литературэм апхуэдэу куууэ хэзы­щIыкI, ар зыдж щIэныгъэлI куэд искъым. Абы зэфIих Iуэхум псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьышхуэ зимыIэ лъэпкъ литературэхэм дяпэкIи заужьынымкIэ.
 Ди къуэпси, ди пси зы пэтми, гъащIэм зэкъуича дэ, къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ, ди литературэри зэрыщыту культурэри зэкъуэчащ, дяку дэлъ зэпыщIэныгъэ гуэрхэм арэзы утехъуэркъым. ХэгъуэгуитIми диIэщ Iэзагъ, зэчий зыбгъэ­дэлъ тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Нобэ ди къэралым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм къагъэув лъэпкъ­хэр я акъылкIэ, зэчиягъкIэ зэкъуэувэн хуейуэ. Абы ехьэлIауэ ди еджагъэшхуэхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм хэлъхьэныгъэ ин хуещI Хъанджэрий, ар щIэныгъэ къэхутэныгъэми шко­лакIуэхэм папщIэ тхылъ зэхилъхьэми. Ди литературэм и къэбэрдей, шэрджэс къудамитIыр нэхъ зэдэбыб хъуащ абы и фIыгъэкIэ.
 Хъанджэрий ныбжьэгъухэм я деж пщIэ, щIыхь, фIэлIыкI щиIэщ. ЩIэныгъэ куум къы­дэкIуэу адыгагъи - нэмыс, хабзэ, щэн дахэ - зыхэлъ цIыхур езыри и ныбжьэгъухэм яхуэ­пэжщ. Адыгэ хабзэр, ди анэ­дэлъхубзэр хъумэным, ди лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэ лъагэр гъэбэгъуэным зи гуащIи гъащIи щхьэузыхь хуэ­зыщI адыгэлI щыпкъэм со­хъуэхъу нобэ хуэдэу жыджэру, гуащIафIэу куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэуну!

 

БакIуу Хъанджэрийрэ Дэбагъуэ Мухьэмэдрэ. 1968 гъэ

 

  

БакIуум и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщ тхылъхэр.

 

И ныбжьэгъухэм я гъусэу. 2014 гъэ

МЭЗЫХЬЭ Борис, тхакIуэ.
Поделиться: