Зэхыхьэм фрагъэблагъэ
ХъыбарегъащIэ Жэпуэгъуэм и 30-м сыхьэт 14-м Нэфхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ библиотекэм щекIуэкIынущ «Очарование романса» музыкэ лекторийр. Абы хэтынущ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэхэр. Пшыхьыр зэхашэ Нэфхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ библиотекэм зи нэм фIыуэ имылъагъухэр гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэгъэгъуэзэным и IуэхукIэ центр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа проектыр гъэзэщIэным хыхьэу. Абы и IуэхукIэ къагъэсэбэпынущ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ творческэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ УФ-м и Президентым и грантыр.
Поделиться:
Читать также:
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
27.03.2024 - 18:39 →
ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым
|