МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГъащIэм куэд къыщохъу

Сурэт

Аушыджэр щыщ бзылъхугъэ гуэрым щхьэгъусэншэу ипIа и къуэр жыIэмыдаIуэу къэхъуат. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым абы зыгуэр зэхимыщIыхьу. Сытми, ерагъыу школыр къригъэухри, лэжьапIэ игъэувыну мурад ищIащ анэм. АрщхьэкIэ дэнэт, ауэ жыжьэуи гъунэгъууи зытригъэхьакъым. ФыщIэрт, зауэрт, банэрт, хадэхэм ихьэрти, жыг къудамэхэр кърищIыкIэхырт. «Уи къуэм мыр къыдищIащ», - жаIэу мащIэ унажэ къыхуэкIуэрэт анэм.
Ауэрэ щIалэм и армэ кIуэгъуэр къоблагъэ. Гущтэгублэм хэмыкI анэм, а пIалъэр къыхуэмыгъэсу, и къуэм жреIэ:
- Е Алыхь, зэ уи щIыб къэбгъэзауэ слъэгъуащэрэт!
Куэд мыщIэу щIалэр дзэ къулыкъум даш. Мазэ зы-тIу дэкIауэ анэм письмо къыIэрохьэ. ЦIыхубзым пIащIэу письмоулъэр зэтречри къыдех… и къуэм и щIыбыр къэгъэзауэ зэрыт сурэт. НэгъуэщI зыри дэлътэкъым.
Саут СулътIан.

ГушыIэ
И ныкъуэр къэгъани, адрейр ихыж

ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи жриIащ:
- Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сикIыжынум!
- ИкIыж, - и напIэр хуэдакъым лIым, ауэ укъыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж.

И ныкъуэр сиIащэрэт
ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! – щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.

Псалъэхэм я мыхьэнэр
ГъущIкъэтхъыхь

Гущэкъуапэибзэ. Ижь зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къралъхуамэ, ар благъэ зыщIыну зи мурад, щIалэ цIыкIу зиIэр къакIуэрти, лъэныкъуитIри зэхуэарэзыуэ, хъыджэбз цIыкIум и гущэкъур ирабзэрт. А хабзэм ипкъ иткIэ, сабийхэр балигъ хъуа иужь зэрагъашэрт. Зи гущэкъу ибза пщащэм нэгъуэщI щIэупщIэртэкъым. Хабзэр зезыхьэу щытар пщы-уэркъхэрат. А хабзэр XIX лIэщIыгъуэм кIуэдыжащ.
Гущэтелъхьэ. Унагъуэм щызекIуэ адыгэ хабзэщ. Сабийр тэмэму дунейм къызэрытехьам щхьэкIэ, абы и анэшхуэм фызгъалъхуэм тыгъэ хуищIырт: бостеяпхъэ, напэIэлъэщI, дыху-сабын, н.къ. Апхуэдэ тыгъэм «ГущэтелъхьэкIэ» йоджэ.
Гущэхэпхэ. Сабий пIынымрэ гъэсэнымрэ епхауэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэщ. Сабийр япэу гущэм щыхапхэм деж благъэ, гъунэгъу цIыхубзхэр къраджэрти, ягъэхъуахъуэрт. Бзаджэнаджэ зэран къахуэмыхъун щхьэкIэ жаIэрти, гущэ лъапэм гъущIхэкI щIадзырт. Джэду япэу ирагъэтIысхьэмэ, сабийр къыхэмыщтыкIыу жеину я гугъэт. ИтIанэ и щхьэр къаблэмкIэ гъэзауэ сабийр гущэм хапхэрт. Ар игъэзэщIэну нэхъ зыхуагъэфащэр бын куэд къызыщIэхъуа цIыхубзт. Гущэхэпхэр къызэзыгъэпэщри абы хэтри цIыхубзхэращ.
ГъэфIэж. Фызышэм пыщIа хабзэщ. И адэ-анэм е и Iыхьлыхэм яфIэмыфIу хъыджэбзыр унэидзыхьэу яхьамэ, лъэпкъитIым яку зэбииныгъэ дэмылъыну къуажэ IуэхукIэ щызрагъэкIужым деж, щIалэм, уасэм щымыщу, «ГъэфIэжкIэ» еджэу, шы е абы пэкIуэ ахъшэ хъыджэбзым и адэ-анэм яритырт. ГъэфIэжым и инагъыр къэзылъытэр медэтырт (судыщIэрт).
Гъуэгубжьэ. Нысашэ зиIэ унагъуэм и Iыхьлыхэр хъуэхъуакIуэ къыщыхуэкIуэкIэ, хэгъэрей щIалэхэр куэбжэм мэуври къыдагъэхьэркъым, «Гъуэгубжьэу» фадэрэ шхынрэ кърамыту. Абы языныкъуэхэр (Дзэлыкъуэ район) «КуэбжэIухыпщIэкIэ» йоджэ. А хабзэр ди зэманми щыIэщ.
Гъуэгудэгъазэ. ХьэщIэр гъэлъэпIэным, пщIэ хуэщIыным ехьэлIауэ адыгэхэм зэрахьэу щыта хабзэщ. Гъуэгуанэ здытетым ямыцIыху хьэщIэ къахуэзамэ, пщIэ зэрыхуащIыр кърагъэлъагъуэу, къагъазэрти абы бгъурыту кIуэрт, ягъэзэжыну къажриIэху. А хабзэм «ГъуэгудэгъазэкIэ» еджэрт.
Гъуэмылэукхъуэж. Лэжьыгъэм, гъуэгуанэм е зекIуэм пыщIа адыгэ хабзэщ. Лэжьыгъэ гуэр зэфIагъэкIыну е зыщIыпIэ IуэхукIэ щыкIуэхэм деж, гупым здрихьэжа шхыным щыщу къэнар къуажэбгъум къэсыжа нэужь зэдашхыжырт. Зэдэузыншэну, гъуэгу куэдрэ зэдытехьэну зытехъуэхъухьу зэдашхыж ерыскъым «ГъуэмылэукхъуэжкIэ» еджэрт. Апхуэдэу щIащIыр унэгуащэр унэм имысу е шхын мыхьэзыру гъуэгу тетар ирихьэлIэжынкIэ мэхъу, жаIэрти аращ.
Гъуо. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа терминщ. Хэкум, жылэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ унафэхэр цIыхубэм ялъэгъэIэсыныр, яхэгъэIуэныр зи пщэрылъым «гъуокIэ» еджэу щытащ.
Совет властыр Къэбэрдейм щагъэувыным ипэ къихуэ лъэхъэнэм хабзэу щыIащ, къуажэ къэс гъуо иIэн хуейуэ. Ар цIыхубэм хъыбар зэрырагъащIэ зы Iэмалт. ИщхьэкIэ къикIауэ унафэ щыIэмэ е, къуажэдэсхэр зэхуэсу, зы Iуэхугъуэ гуэрым тепсэлъыхьын хуеймэ, гъуом ар цIыхухэм яхигъаIуэрт. Къуажэр инмэ, уэрамдыхьэ къэс увурэ гъуор кIийрт, унафэм цIыхухэр щIигъэдэIуу. Къуажэр цIыкIумэ, лъагапIэ гуэрым теувэрти и псалъэр ялъигъэIэсырт.
Гъуо къалэныр зыгъэзащIэм хьэкъэлэт (налог) ирагъэтыртэкъым. ЩIыхьэхукIэ абы и щIы Iыхьэр хуавэрт, хутрасэрт, хуIуахыжырт, мэкъу хупаупщIырт, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэри пщIэншэу хуащIэрт.
Гъуо Iыхьэ. Фызышэм хэта хабзэхэм щыщщ. НысащIэр кърагъэтIысхьауэ фызышэр пщIантIэм къыщыдэкIыжым деж, къуажэ гъуом и Iыхьэу джэд укIа, аркъэбжьэ яту щытащ. Абы «Гъуо IыхьэкIэ» еджэрт. Хабзэр кIуэдыжащ.
ГъущIкъэтхъыхь. Лъэпкъ IэзэкIэм, мажусий диным ехьэлIа хабзэщ. ЦIыху джэламэ е зэрымыщIэкIэ къэмэхамэ, абы ихъуреягъыр гъущIыпэ гуэркIэ къатхъыхьырт. Апхуэдэу ящIмэ, зэран къахуэхъуар (бзаджэнаджэр е узыр) а къатхъыхьам къинэу я гугъэт. А хабзэм «ГъущIкъэтхъыхькIэ» еджэрт.
Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ гъущIхэкIым пщIэ хуащIу, ар къабзагъэм и нэщэнэу ялъытэу къогъуэгурыкIуэ. Псалъэм папщIэ, щIэупщIакIуэ кIуэм гъуэгум гъущIыкIэ гуэр щрихьэлIамэ, ар и нэщэнэу ябжырт зыхуэкIуэ сымаджэр щIэх зэрыхъужынум. IуэхукIэ уежьауэ, нал е нэгъуэщI гъущI кIапэ къэбгъуэтынри фIыуэ ялъытэрт.
Думэн Хьэсэн.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Гу щIыIэ

Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зебгъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым - сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт…
Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэр къибдзэртэкъым. Зызэхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкърыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар бухыху. ИтIанэ-щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIыпIэ щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла гъуэгур къэбгъуэтыжри, укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ, бжэIупэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт, укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ успхъуэтэжын уфIэщIу къыщIэкIынут.
Ауэ сэ иджы сыгущIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн.
Си бжэIупэм IуищIа мылым ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури утехуащ. УкъызэфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым. Жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри укъыIузгъэхьакъым. Сылеймыгъэгъут. Сы гу щIыIэт. УэркIэ сы гу щIыIэт.
Гугъуэт Заремэ.

Тхыгъэ кIэщIхэр
ЗэкIэрыкIыркъым

А тIур зэи зэкIэрыкIыркъым. Зыр здэщыIэм адрейри щыбгъуэтынущ. Зэныбжьэгъу пэжщ ахэр. Куэд щIауэ къызэдежьауэ къогъуэгурыкIуэ Узотрэ Къызэтрэ. Зыгуэрым и Iуэху мыщIагъуэмэ, Узот занщIэу нос, доIэпыкъу. Ар хуабжьу хьэтырыфIэщ. ЛъэкI псори ищIэнущ Къызэт щхьэкIэ. Къызэти ар игъэщIэхъуркъым. Абы фIыуэ ещIэ, Узот щымыIэмэ, езы Къызэти зэрыщымыIэнур.

Зыщытхъун хуейр
Номин гуэрым иIэт зи шэгъуэ хъуа пхъуитI. Зэгуэрым абыхэм псэлъыхъу зыбжанэ къахуэкIуат. Номиныр и зы пхъум хуабжьу щытхъурт: абы нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ щымыIэу жиIэрт. Адрейр къыфIэIуэхутэкъым. Ар игъэщIэгъуащ номиным и цIыхугъэ гуэрым икIи абы бгъэдыхьэри щэхуу еупщIащ: «Уа, мыр дауэ? Мо уипхъу нэхъ дахэм ущымытхъуу, мыдрейм щытхъупсыр къыбогъэжэх…»
Абы дежкIэ зригъэзэкIри номиным жиIащ: «Уей, зи уз кIуэдын! Дахэр псоми ялъагъу, ар ямышэнкIэ сышынэркъым. Мыдахэр, ущытхъууи пхуашарэт».
Дапщэ?
Дыгъужьыр жэщкIэ чэтым куэдрэ къытеуэрт, я нэхъыбэми, плъырхэри хьэхэри зэрыкIэрыщIам хуэдэу, мэл яфIихьырти кIуэжырт. Ауэ, зэрыжаIэщи, бгъэр куэдрэ уэмэ - и дамэр мэкъутэ. Ар дыдэр къыщыщIащ щхъуэжьми: мэлыхъуэхэм яубыдри пхъэ хъарым ирадзащ.
Игу тригъэзэгъэн мурад иIэу, Дыгъужьым зыгуэр бгъэдыхьауэ йоупщI: «И-и-и, джаурыжь, пшхын иджыри мэл?!» - «Дапщэ?» - жиIащ Дыгъужьым.
Джэджьейм и щыуагъэр
Джэджьейм, джэдыкIэм къипща къудейщи, джэдыкIампIэр ауан ещI: «Уа, феплъыт мыбы - нэщIыбзэщ, зы сэбэп игъащIэкIэ иIэнукъым!»
Ар щызэхихым, джэдкъуртым жиIащ: «Е, делэ цIыкIу, апхуэдэу щхьэ жыпIэрэ? А джэдыкIампIэм уилъу укъэхъуащ уэ. Аращ, дунейм укъытехьэху, узыхъумар. Зэи ар зыщумыгъэгъупщэ».
Шыд-унафэщI
Шыдыр гъуэгубгъум ягъэуват, блэкIхэр ибжыну къалэн щащIри. Зыкъомрэ ибжащ, нэгъуэщI Iуэху зэримыхуэу. ИтIанэ блэкIхэм ятекIиеу, унафэ яхуищIу щIидзащ. «Нэхъ псынщIэу фыкIуэ! ИжьырабгъумкIэ вгъазэ! СэмэгурабгъумкIэ дэвдзых!»
Апхуэдэурэ шыдыр унафэщI хъуащ. Ауэ аратэкъым гъэщIэгъуэныр, атIэ псори абы зэредаIуэрат. Зыри пэувыртэкъым, ар уэ уи Iуэхукъым, жиIэу. Псори есат нэхъ ину кIийм едаIуэу.
Къагъырмэс Борис.

Хъыбар
Лъэпщрэ Тхьэгъэлэджрэ я баз

Зы гъатхэ гуэру, вэгъуэ зэманыр къыщысым, Тхьэгъэлэдж Лъэпщ деж кIуащ, фIэбз иригъэщIыну.
Лъэпщ апхуэдизу гъукIэ Iэзэти, «гъущIым и тхьэ» хужаIэр». Апхуэдэу къызэрыхужаIэри и напщIэ телът.
ЗэныбжьэгъуитIыр уэршэру здэщысым, Лъэпщ и щхьэ щытхъужу жиIащ:
Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъэжьэнщи, фIэбз пхуэсщIынщ.
- ПщIынкъым, - и фIэщ хъуакъым Тхьэгъэлэдж.
- СщIынщ, - жиIащ Лъэпщ.
- АтIэ, уэ пшахъуэ тумыкIутэу гъущI бгъажьэу щытмэ, сэ жылэ тезмысэу мэш хьэсэ бэв къэзгъэкIынщ, - жиIащ Тхьэгъэлэдж.
Арыххэу, зэныбжьэгъуитIыр баз зэпихьащ, Iэгу-лъэгу зэхуеуэри, зэбгъэдэкIыжащ.
Лъэпщ и щхьэ щытхъужу апхуэдэу жиIа щхьэкIэ, щIегъуэжащ. Сыт хуэдизрэ мыгупсысами, пшахъуэ тримыкIутэу гъущI игъэжьа зэрыхъунур къыхуэщIэртэкъым. Лъэпщ абы иригузавэ хъуащ.
И лIыр зэрынэщхъейм фызым гу лъитэри, «Сыт щхьэгъусэр апхуэдизу ухэзыгъаплъэр?! – жиIэри къеупщIащ.
- ДелагъэкIэ си ныбжьэгъум баз сыпихьа хъуащ. Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъажьэу фIэбз хуэсщIыну езухылIащ, - жиIащ Лъэпщ.
- Езым сыт къуиухылIар? – щIэупщIащ щхьэгъусэр.
- Езым къызиухылIар игъащIэкIэ хузэфIэмы­кIынщ. Жылэ тримысэу мэш хьэсэ бэв къигъэкIыну баз къыспихьащ.
- АтIэ, абы уримыгузавэ, лIы, базыр уэ къэпхьагъэххэщ. Сэ сынэкIуэнщи шэдыбжьым сепщэнщ, уэ узэрылажьэ хабзэу лъащэ, пшахъуи тумыкIутэ. Уи гъущIри абы щхьэкIэ нэхъыкIэ хъунукъым, - жиIащ фызым.
Лъэпщ къэгуфIэжри и ныбжьэгъум хуиIуэхуащ:
- КъакIуэ, пшахъуэ тезмыкIутэу фIэбз зэрыпхуэсщIым уеплъынумэ, - жиIэри.
Тхьэгъэлэдж къэкIуащ. Лъэпщ и ныбжьэгъур кIыщым щIишэри, псори хуиту плъагъуу, игъэтIысащ.
Лъэпщ и фызыр къакIуэри, шэдыбжьым епщэу къэуващ. Лъэпщ зэрылъащэ и хабзэм хуэдэу, ауэ пшахъуэ тримыкIутэу лажьэурэ, гъущIри игъэжьащ, фIэбзри ищIащ.
- Уи фIэщ хъуа, си ныбжьэгъу, сэ сызэрыгъукIэ Iэзэр? - жиIащ Лъэпщ.
- хъуащ, си ныбжьэгъу, сэри баз сызэрыппихьар уи нэгу щIэзгъэкIыну узогъэгугъэ!
Апхуэдэу Тхьэгъэлэдж жиIэри, фIэбзыр ихьри кIуэжащ.
Лъэпщ къэхъуар къыгурымыIуэу и фызым еупщIащ:
- Дауэ плъэкIа пшахъуэ тезмыкIутэу гъущIыр сыбгъэгъэжьэн?
- Ар мыращ уэзыгъэгъэжьар! - жиIэри пшахъуэр и IэщхьитIым къригъэлъэлъыжащ. - Сэ шэдыбжьым сыщепщэм, мащIэурэ тIуми фымылъагъуу пхутезгъэщэщащ.
- Сэ ар сигу къэкIынутэкъым. Фызым хузэфIэмыкIын щыIэкъым! - жиIащ Лъэпщ.
ВакIуэ дэкIыгъуэр къыщысым, Тхьэгъэлэдж и ныбжьэгъужьым хуиIуэхури къишащ. Губгъуэм дишри игъащIэ лъандэрэ мэш зэрызэрашэ гъуэгужьым ишащ,
Жылэ тримысэу гъуэгущхьитIыр ивэри, бжьыхьэм мэш бэв кърихьэлIащ.
КъардэнгъущI Зырамыку.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ