Дзэм ираджэм и махуэ

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Дзэм ираджэхэм я махуэ. Къэралым  IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щызыщIэнухэр егъэжьэным теухуа гуфIэгъуэм хэтащ щIыналъэ администрацэм, хабзэхъумэ органхэм, Жылагъуэ палатэм, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, Бахъсэн къалэм дэт еджакIуэхэм я лIыкIуэхэр, дзэм ираджахэр, абыхэм я благъэхэмрэ  Iыхьлыхэмрэ.

ЩIыхь зыпылъ къалэныр егугъуу ирахьэкIыну щIалэхэр къыхураджэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я  ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусен сымэ.
Дзэм ираджа щIалэхэм, зэхыхьэм кърихьэлIа хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ къалэм гъуазджэмкIэ и сабий школым щIэсхэм, республикэ, урысейпсо конкурсхэм щытекIуахэу Дэхъушокъуэ Екатеринэрэ Прощт  Веолэрэ.

    

 

 

Балъкъыз Iэминэ.
Поделиться: